ХРИСТИАНСКАЯ ЖИЗНЬ
Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. ЛІыгъэ
МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР
Алыхьым и хъыбарыр дгъэІун щхьэкІэ, лІыгъэ дыхуейщ (Апост 5:27—29, 41, 42).
Гузэвэгъуэшхуэ зэманым дэ лІыгъэшхуэ дгъэлъэгъуэн хуеинущ (Мт 24:15—21).
ЦІыхухэм щышынэным фІы лъэпкъ къихькъым (Иер 38:17—20; 39:4—7).
ДАУЭ ЗЭРЫЗЫХЭПЛЪХЬЭНЫР?
Иеговэ и лэжьакІуэхэр къригъэлу зэрыщытам егупсыс (Исх 14:13).
Алыхьым лІыгъэ къыпхилъхьэну елъэІу (Апост 4:29, 31).
Иеговэ щыгугъ (Пс 118:6).
ХъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сыт хуэдэ шынэхэм сытекІуэн хуей?
«ИЕГОВЭ ПЭЖУ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУ ПСОМИ ЗЫЩЫФХЪУМЭ. ЦІЫХУХЭМ ЩЫШЫНЭНЫР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ХъыбарыфІыр бгъэІун щхьэкІэ лІыгъэ ущІыхуейр сыт?
Притчи 29:25 сыт хуэдэ цІыхуитІ зригъапщэр?
Сыт иджыпсту щыщІэдзауэ лІыгъэм дыщІелэжьын хуейр?