ДИ ГЪАЩІЭР
Хьисэ хуэдэу Іэдэбагъ гъэлъагъуэ
Хьисэ хуэдэ цІыху зэи дунейм темытами, абы сыт щыгъуи Иеговэ игъэлъапІэт, Іэдэбагъ хэлът икІи и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжт (Ин 7:16—18). Абы елъытауэ ШейтІаным нэгъуэщІ хьэл-щэнщ игъэлъэгъуар. Псалъэм папщІэ, Иблисым къикІыр «нэгъуэщІым пцІы тезылъхьэ» жиІэу аращ (Ин 8:44). ЗыкъызыфІэщІыжа фарисей пагэхэр апхуэдэ дыдэущ зэрыщытар. Абыхэм Мэссихьыр зи фІэщ хъу цІыхухэр Іумпэм ящІт (Ин 7:45—49). Дауэ дэ Хьисэ щапхъэ зэрытетхыфынур зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн къыщыдатым деж?
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. УМЫФЫГЪУЭ ИКІИ УИ ЩХЬЭМ УЩЫМЫТХЪУЖ (ЯПЭ ІЫХЬЭР)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Алекс пагагъэ игъэлъэгъуауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. УМЫФЫГЪУЭ ИКІИ УИ ЩХЬЭМ УЩЫМЫТХЪУЖ (ЕТІУАНЭ ІЫХЬЭР)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Алекс Іэдэбагъ дауэ зэригъэлъэгъуар?
Биллрэ Карлрэ Алекс епсэлъэну ягу щІрихьар сыт?
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. ЦІЫХУ ПАГЭУ УЩЫМЫТ ИКІИ УИ ЩХЬЭМ УЩЫМЫГУГЪЫЖ (ЯПЭ ІЫХЬЭР)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэш Харрис и зэфІэкІыр здынэсыр зэрыщыгъупщар сытым къыхэщрэт?
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. ЦІЫХУ ПАГЭУ УЩЫМЫТ ИКІИ УИ ЩХЬЭМ УЩЫМЫГУГЪЫЖ (ЕТІУАНЭ ІЫХЬЭР)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэш Харрис и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжыр дауэ къызэригъэлъэгъуар?
Ди къуэш Харрис и щапхъэр Фэй дауэ сэбэп хуэхъуа?