ДИ ГЪАЩІЭР
«ЛутІ и фызым къыщыщІар фигу къэвгъэкІыж»
Содом къалэм къыщыдэжым ЛутІ и щхьэгъусэр щІызэплъэкІар сыт? Библием абы теухуауэ зыри иткъым (ЩІэдз 19:17, 26). Ауэ ЛутІ и щхьэгъусэм къигъэна мылъкур игу къеуауэ къызэрыщІэкІынур Хьисэ жиІа псалъэхэм къыхощ (Лк 17:31, 32). Алыхьыр дэркІэ арэзыуэ къэнэн щхьэкІэ а къапхъэным дауэ зыщытхъума хъуну? Мылъкум фи гъащІэм япэ увыпІэр щевмыгъэубыд (Мт 6:33). Хьисэ жиІащ: «Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкІынукъым фэ» (Мт 6:24). Ауэ мылъку зыхуэтхьэсын щхьэкІэ дэ Алыхьым нэхъ мащІэу дыхуэлажьэу хъуамэ-щэ? Дэ Иеговэ делъэІун хуейщ зэхъуэкІыныгъэ тщІын хуейхэр дигъэлъэгъуну икІи ахэр ди гъащІэм хэтлъхьэн щхьэкІэ лІыгъэрэ къарурэ къыдитыну.
«ВСПОМИНАЙТЕ ЖЕНУ ЛОТА» ЖЫХУИІЭ ІЫХЬИЩ ХЪУ ФИЛЬМЫМ ТЕГЪЭЩІА УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ЛутІ и щхьэгъусэм къыщыщІар зэрысщымыгъупщэр си гъащІэм дауэ къыщызгъэлъэгъуэфыну?
Ахъшэ нэхъыбэ къилэжьыну Глория зэрыхущІэкъуу щытам и гупсысэкІэр, и псэлъэкІэр, и ІуэхущІафэхэр дауэ ихъуэжа?
ЛутІ и щхьэгъусэм къыщыщІам дегупсысыным сэбэпынагъ щІыхэлъыр сыт?
Джо и унагъуэр и гъусэу Библием ит принципхэр къагъэсэбэпу щыщІадзам я гъащІэм дауэ зихъуэжа?
Анна къыдэлажьэхэр игъэныбжьэгъуу зэрыщІидзар Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм дауэ зэран хуэхъуа?
Ди гъащІэм япэ увыпІэр ахъшэм щиІыгъын хуейуэ къыщыджаІэм деж лІыгъэ щІытхэлъын хуейр сыт?
Брайнрэ Глориярэ я гъащІэм хэплъэжу Алыхьым и Іуэхур япэ зэрырагъэщыжар дауэ?
Библием ит сыт хуэдэ принципхэр мы фильмым уигу къигъэкІыжа?