АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛУКА 17, 18
ФІыщІэ зыщІ цІыхуу щыт
Мы Іуэхугъуэм фІыщІэ щІыным теухуауэ сытым дыхуригъасэрэ?
ФІыщІэ уи гум илъ закъуэкІэ зэфІэкІкъым; ар къэбгъэлъэгъуэн хуейщ.
Уи гум къыбгъэдэкІыу фІыщІэ зэрыпщІыр псалъэкІэ къыщыбгъэлъагъуэм деж абы уи гъэсэныгъэр къыхощ; упсэу зэрыжытІэмкІэ, дэ лъагъуныгъэ догъэлъагъуэ.
Хьисэ арэзы зыщІыну хуейхэм лъагъуныгъэрэ фІыщІэрэ цІыхухэм я деж щагъэлъагъуэ, ахэр къызыхэкІа лъэпкъымрэ яІыгъ динымрэ емылъытауэ.