ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb18 Март н. 7
  • «Фымыжейуэ фысакъ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Фымыжейуэ фысакъ»
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
  • Мыбы ещхь материал
  • Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм сытым фыхуагъасэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • «Бзаджагъэм и цІыхур къэлъэгъуэнущ»
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
mwb18 Март н. 7

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 25

«Фымыжейуэ фысакъ»

25:1—12

ХъыджэбзипщІым теухуауэ Хьисэ жиІа ущие хъыбарыр зыхуэгъэзар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэрами, абы Алыхьым хуэлажьэ дэтхэнэ зыми Іущагъ куэд къыхихыфынущ (bw556-U 12—16). «Фымыжейуэ фысакъ... махуэри сыхьэтри фщІэркъыми» — жиІащ Хьисэ (Мт 25:13). Мы ущие хъыбарыр нэгъуэщІ гуэрым къыгурыбгъэІуэфыну?

  • Щауэр (едз. 1): Хьисэщ.

  • Хъыджэбз Іущхэр (едз. 2): Алыхьым и лэжьыгъэр пэжагъ яхэлъу зыгъэзэщІэну хьэзыру щыт уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэращ; ахэр вагъуэхэм хуэдэу мы дунейм и кІэм нэс цІыхухэм къахэлыдыкІынущ (Фп 2:16).

  • Макъ къэІуащ: «Щауэр къокІуэ!» (едз. 6): Хьисэ къызэрыкІуэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр.

  • Іущагъ зыхэмылъа хъыджэбзхэр (едз. 8): Щауэм пежьэу иужькІэ пэжагъыр зымыхъумэжа уафэм кІуэну гугъэ зиІахэращ.

  • Хъыджэбз Іущхэм ядэкъым дагъэмкІэ адрейхэм дэгуэшэну (едз. 9): пэжагъыр зыхъума уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм иужьрей мыхъурыр трагъэуа иужь, ахэр пэжагъыр зымыхъумахэм дэІэпыкъужыфынукъым.

  • «Щауэр къэсащ» (едз. 10): гузэвэгъуэшхуэм и кІэр къэсыным куэд имыІэжу Хьисэ къэкІуэнущ хьэкум ищІыну.

  • Щауэм хъыджэбз Іущхэр зэщІигъури, джэгу щащІ унэм щІыхьащ, бжэри къагъэбыдэжащ (едз. 10): пэжагъыр зыхъума уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Хьисэ уафэм щызэхуешэс, пэжагъыр зымыхъумахэм я тыгъэр яфІокІуэд.

Мы ущие хъыбарым къигъэлъагъуэу жыпІэ хъунукъым уафэм кІуэну гугъэ зиІэ куэдым пэжагъыр ямыхъумэну икІи абыхэм я пІэм нэгъуэщІхэр иувэну. Абы уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр мыбэлэрыгъыну хуигъэушу аращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэтхэнэ зыми езым къыхех Іущагъ игъэлъэгъуэнрэ имыгъэлъэгъуэнрэ. Хьисэ жиІащ: «Фыхьэзырын хуейщ» (Мт 24:44). Ар хуейщ псори — сыт хуэдэ гугъэ димыІэми — Алыхьым хуэпэжу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ дигухэр тедухуэну икІи дымыжейуэ дысакъыну.

Сымыжейуэ сызэрысакъыр дауэ къызэрызгъэлъэгъуэфынур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын