ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Ебгъаджэм дэІэпыкъу Библие джыным зыхуигъэхьэзырыну
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Ебгъаджэм Библие джыным зыхуигъэхьэзырмэ, абы материалыр нэхъыфІу къыгурыІуэнущ икІи игу ириубыдэнущ. Абы нэхъыбэ къыгурыІуэху икІи игу ириубыдэху нэхъ псынщІэу Алыхьым гъунэгъу хуэхъунущ. А хьэлыр абы псым зыщІигъэуа нэужьи сэбэп къыхуэхъужынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэІущІэхэми хъыбарыфІ гъэІунми зыхуигъэхьэзырын хуей хъунущ, адэкІи Алыхьым и Іуэхур япэ иригъэщын щхьэкІэ (Мт 25:13). Апхуэдэу цІыхум зэджэр нэхъ куууэ зэпкърихыу икІи блимыгъэкІыу еджэу зригъасэмэ, ар Алыхьым хуэпэжу и гъащІэ псокІэ щытыну къыдэІэпыкъунущ. Аращи, цІыхур ебгъэджэн зэрыщІэбдзэу занщІэу ебгъэсэн хуейщ Библие джыным зыхуигъэхьэзырыну.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Уэ езым щапхъэфІ гъэлъагъуэ (Рм 2:21). ЦІыху ебгъаджэр зыхуэныкъуэм уегупсысу Библие зэребгъэджэным зыхуэгъэхьэзыр (km-U 11/15 3). Уэ зэрызыбгъэхьэзыра планыр егъэлъагъу.
Зыхуигъэхьэзырыну хуэгъэуш. ЦІыхум еджэн зэрыщІидзэу къыгурыгъаІуэ Библие джыным зыхуэгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр икІи сэбэпынагъ зэрыхэлъыр. Махуэ къэс Іуэху куэд зэриІэм емылъытауэ зигъэхьэзырын щхьэкІэ дауэ зэман къыдигъэкІ хъунуми чэнджэщ ет. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я планхэм ирагъаджэр ирагъэплъ, щыщІэтхъам деж е уи гупсысэ гуэрхэр щиптхам деж темэр къыбгурыІуэну зэрынэхъ тыншыр ирагъэлъэгъун щхьэкІэ. Ебгъаджэм щытхъу, абы зигъэхьэзырауэ щытмэ.
Зэрызыбгъэхьэзыр хъуныр егъэлъагъу. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм еджэн щІэзыдзам зэрызыбгъэхьэзыр хъуныр ирагъэлъэгъун щхьэкІэ зы еджэгъуэ хухах.