Гъатхэпэ мазэм и 26 — Мэлыжьыхьым и 1
Маттэ 25
143-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Фымыжейуэ фысакъ» (дакъ. 10)
Мт 25:1—6. Іущу щыта хъыджэбзитхумрэ Іущагъ зыхэмылъа хъыджэбзитхумрэ щауэм пежьащ.
Мт 25:7—10. Щауэр къыщыкІуам Іущагъ зыхэмылъа хъыджэбзхэр щыІакъым.
Мт 25:11, 12. Джэгу щащІ унэм хъыджэбз Іущхэращ щІыхьар.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Мт 25:31—33. Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущие хъыбарыр къыдгурывгъаІуэ (bw556-U 27, абз. 7)
Мт 25:40. Хьисэ и къуэшхэм дазэрыдэІэпыкъур дауэ къэдгъэлъэгъуэфыну? (w09-U 15/10 16, абз. 16—18)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Мт 25:1—23
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Ещанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит зы щапхъэ къэгъэсэбэп.
ЕплІанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «Алыхьым дэр щхьэкІэ ищІар» жыхуиІэ темэр зэпкърых, абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу.
Псалъэ (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): bw556-U 27, абз. 7—10. «Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущие хъыбарым дауэ къигъэлъагъуэрэ хъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр?» жыхуиІэ темэр.
ДИ ГЪАЩІЭР
«ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Ебгъаджэм дэІэпыкъу Библие джыным зыхуигъэхьэзырыну» (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын. Шыпхъум иригъаджэм зигъэхьэзырыну зэригъасэр къэзыгъэлъагъуэ видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых. КъодэІуэнухэм еупщІ сыт иджыри абыхэм къадэІэпыкъуми ирагъаджэхэм Библие джыным зыхуагъэзырыну ирагъэсэну.
ХьэщІэхэр гуапэу къыдогъэблагъэ (дакъ. 5). 2016 гъэм, гъатхэпэ мазэм къыдэкІа дызэрылажьэ тхылъым ит статьям тегъэщІа псалъэ. 2017 гъэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыщыІа зэманым хъыбарыфІыр щагъэІум къэхъуа гъэщІэгъуэн Іуэхугъуэ зыбжанэ жыІэж. КъодэІуэнухэм ягу къэгъэкІыж гъатхэпэм и 31 дгъэлъэпІэну Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм теухуауэ щыІэ иужьрей унафэхэр.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): yc 1 урокыр
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
79-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ