ФІыуэ укъэзылъагъу Алыхьыр хуейщ и нэфІ уэ къыпщыхуэну икІи гъащІэ мыухыж къыуитыну!
Зауэ, залымыгъэ, зэбииныгъэ щыщымыІэж зэман плъэгъуну ухуейт?
Ухуейт узыфэхэр, гуауэр, лІэныгъэр афІэкІа щымыІэжыну?
УщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ щымыІэжыну ухуейт?
Ухуейт гузэвэгъуэшхуэхэр афІэкІа зэи щымыІэжыну?
Ди щІылъэ дахэр къэзыгъэщІа Алыхьым дыкъегъэгугъэ гъащІэ мыухыж къыдитыну. ЦІыхухэр зы унагъуэм хуэдэу зэкъуэту икІи насыпыфІэу псэунущ. Апхуэдэ гъащІэ дахэр хъуапсапІэу аракъым, атІэ пэж дыдэу къэхъуну Іуэхугъуэщ.
КъыкІэлъыкІуэ статьяхэм мыпхуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщыпщІэнущ:
ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур сытым къыхэщрэ?
Алыхьым и Псалъэм сыт щыжыІар?
Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэм теухуауэ сыт бегъымбархэм жаІар?
Сыт тщІэн хуейр нобэ насыпыфІэу дыпсэун щхьэкІэ икІи къэкІуэну зэманым Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ гъащІэ дахэр ди нэкІэ тлъэгъун щхьэкІэ?
ЯпэщІыкІэ дытепсэлъыхьынщ Алыхьыр щабэу къызэрытхущытыр сытым къыхэщми.