Алыхьым цІыхухэр фІыуэ елъагъу
1. ДЫГЪЭР — АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ТЫГЪЭЩ
Дыгъэр щымыІамэ, щІым гъащІэри щыІэнутэкъым, пэжкъэ? Дыгъэ бзийм жыгхэм къару яретри ахэр мэгъагъэ икІи абыхэм тхьэмпэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, дэхэр, жылэхэр къапокІэ. Дыгъэм и къарум и фІыгъэкІэ жыгхэм я лъэхъцхэмкІэ псыр зыщІафри дэтхэнэ зы тхьэмпэ цІыкІуми а псыр лъагъэІэс. ИужькІэ дыгъэм и фІыгъэкІэ а псы дыдэр бахъэу жыгхэм къыхокІыжри уафэм докІуеиж.
2. УЭШХЫР — АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ТЫГЪЭЩ
Уэшхыпсыр мыхъуатэмэ, цІыхубэм ишхын иІэнутэкъым. Алыхьым къыдит уэшхымрэ гъавэмрэ я фІыгъэкІэ дэ гуфІэгъуэ къытхуэзыхь ерыскъы диІэщ.
3. ШХЫНЫМРЭ ЩЫГЪЫНЫМРЭ — АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ТЫГЪЭЩ
Адэ-анэ куэдыр гугъу ехьу мэлажьэ, я сабийхэм яшхынрэ зыщатІэгъэнрэ къыхуащэхун щхьэкІэ. Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ: «Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икІи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракІутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми... [Алыхьым] ахэр егъашхэ. Фэ абыхэм нэхърэ куэдкІэ фынэхъ лъапІэкъэ?» (Маттэ 6:25, 26).
Алыхьым и Псалъэм иджыри щыжыІащ: «Губгъуэ удз гъагъэхэр къызэрыкІым феплъыт... егъэлеяуэ зызыгъэщІэращІэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым. Губгъуэм нобэ щыгъагъэ... удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщІэращІэкІэ, абы нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэкІэ фэ фигъэщІэрэщІэнукъэ?» (Маттэ 6:28—30).
ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым шхынрэ щыгъынрэ къыщыдитыфынукІэ, адрей дызыхуэныкъуэ псори абы къыдитыфынущ. Дэ Алыхьым зыгуэр хуэтщІэну дыхущІэкъумэ, ар къыддэІэпыкъунущ е ерыскъыр езым къэдгъэкІыну е лэжьапІэ къэдгъуэту, дызыхуэныкъуэр къызэрытщэхун ахъшэ къэдлэжьыну (Маттэ 6:32, 33).
Дыгъэм, уэшхым, бзухэм, удз гъэгъахэм дыщегупсысым деж, дэ къыдгуроІуэ Алыхьыр фІыуэ щІэтлъагъун щхьэусыгъуэ куэд дызэриІэр. КъыкІэлъыкІуэ статьям уэ къыщыпщІэнущ Алыхьыр цІыхухэм епсэлъэн щхьэкІэ къигъэсэбэп Іэмалым теухуауэ.