ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Библием теухуауэ нэхъыбэ къэзыщІэну хуейхэр ди зэІущІэхэм къекІуэлІэну хуэгъэуш
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Ди зэІущІэхэм Иеговэ теухуауэ уэрэд щыжыдоІэ икІи Алыхьыр щыдогъэлъапІэ (Пс 149:1). Абы нэмыщІ ди зэІущІэхэм зыщыдогъасэ Иеговэ и мурадыр дгъэзащІэу дыпсэуну (Пс 143:10). Библиер зыджхэмрэ пэжыр къэзыщІэну хуейхэмрэ ди зэІущІэхэм къекІуалІэу щІадзэмэ нэхъ щІэхыу Алыхьым гъунэгъу хуэхъунущ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ЦІыхум Библиер иджын щІидзэху уемыжьэу, зэІущІэм нэхъ щІэх къызэребгъэблэгъэным иужь ит (Апок 22:17)
ЗэІущІэр зэрекІуэкІыр къыгурыгъаІуэ икІи къыкІэлъыкІуэ зэІущІэм щызэпкърахыным хутепсэлъыхь. АбыкІэ уэ къыбдэІэпыкъунущ зэхуэсхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр, «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» видеороликыр икІи «Воля Иеговы» брошюрэм и 5-нэ, 7-нэ урокхэр
УдэІэпыкъуну узэрыхьэзырыр жеІэ. Библие зыджыр зэІущІэр щекІуэкІ щІыпІэм къэкІуэфын папщІэ е щыгъын къезэгъ къыхихын щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу хуейуэ къыщІэкІынщ. ЗэІущІэм абы и гъусэу тІыси зэпкърытх публикациехэм кІэлъыгъэплъ. Зэхуэсым щыщ адрей цІыхухэр егъэцІыху