Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Хьэуа фІымрэ Іеймрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэр ишхмэ, мылІэну ШейтІаным къыщигъэгугъам щыгъуэ, абы и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэуну жиІауэ арат?
ЖиІауэ къыщІэкІынукъым. Иблисым жиІакъым Алыхьым фымышх жыхуиІа пхъэщхьэмыщхьэр Хьэуа ишхмэ, лІэнур и Іэпкълъэпкърауэ, ауэ и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэуну. Блэр къигъэсэбэпри ШейтІаным Хьэуа жриІащ жыгым пытыр ишхыу щытмэ, ар мылІэххэну. Абы зыри къыщымыщІыну и фІэщ ищІыну хуейт. ШейтІаным Хьэуа къыщигъэхъуащ гъащІэ нэхъыфІ иІэну — Алыхьым и унафэм щІэмыту адэкІи щІылъэм щыпсэуну (ЩІэдз. 2:17; 3:3—5).
ЦІыхум и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ нобэ куэдым яІэ гупсысэкІэр Іэдэн жыг хадэм къыщемыжьамэ, дапщэщ-тІэ ар къыщежьар? Абы и пэжыпІэр тщІэкъым, ауэ дэ дощІэ: Алыхьым хуэлэжьэным пыщІа сыт хуэдэ пцІыри Нухь и зэманым Псыдзэшхуэ къэхъуам хэкІуэдащ. Диным пыщІа зы гупсысэ нэпцІи Псыдзэшхуэм къелакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы иужь щІылъэм къытенар Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэращ — Нухьрэ абы и унагъуэмрэ.
Аращи, цІыхум и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ нобэ куэдым яІэ гупсысэкІэр къыщежьар Псыдзэшхуэм иужьу къыщІэкІынущ. Алыхьым Бабилэным бзэхэр щызэхигъэзэрыхьам щыгъуэ лъэпкъхэр «щІылъэ псом» щызэбгырыкІащ икІи абыхэм, дауикІ, цІыхум и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ гупсысэкІэ яІэм зрагъэубгъуащ (ЩІэдз. 11:8, 9). А гупсысэ нэпцІыр дэнэ къыщемыжьами, дэ дощІэ «пцІыр къызыбгъэдэкІ» ШейтІан Иблисым ар къызэрыбгъэдэкІар. ИкІи ар хуабжьу гуфІащ а гупсысэм апхуэдизу зэрызиубгъуам щхьэкІэ (Ин. 8:44).