ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Ноябрь н. 26—30
  • ЩІэвдзар икІэм нэвгъэс

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЩІэвдзар икІэм нэвгъэс
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УНАФЭ ТЩІЫН ИПЭ
  • ЩІЭДДЗАР ИКІЭМ НЭДГЪЭСЫНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР
  • Иеговэ зыгъэгуфІэн унафэхэр къафщтэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Унафэ пэж дапхуэдэу къызэрытщтэнур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • НэгъуэщІхэм къащтэ унафэхэм пщІэ хуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Ноябрь н. 26—30

48 СТАТЬЯР

ЩІэвдзар икІэм нэвгъэс

«Мы Іуэхури фыух» (2 КОР. 8:11).

35-НЭ УЭРЭДЫР ЗэхэщІыкІ гъащІэм нэхъапэр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Сыт хуэдэ Іэмал дэ Иеговэ къыдитар?

ИЕГОВЭ Іэмал къыдитащ ди гъащІэр дапхуэдэу етхьэкІынуми дэ езым унафэ тщІыну. Унафэ пэж тщІыну абы дегъасэ икІи езыр зыгъэгуфІэн унафэхэм дытетыну къыддоІэпыкъу (Пс. 119:173). Аращи, Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къыщыдгъэсэбэпым деж, дэ зыдогъасэ унафэ пэжхэр тщІыну (Евр. 5:14).

2. Унафэ тщІа иужь сыт хуэдэ гугъуехьым дыпэщІэхуэфыну?

2 Дэ унафэ пэж къэтщтами, ар икІэм нэдгъэсыну ди дежкІэ гугъункІэ хъунущ. Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Ди къуэш ныбжьыщІэм мурад ещІ Библием псоми еджэну. Абы тхьэмахуэ зыбжанэкІэ хузэфІокІ димыгъэхуу Библием еджэну, ауэ абдежым псори къыщоувыІэ. Ди шыпхъум пионер лэжьыгъэр къищтэну мурад ещІ, ауэ а лэжьыгъэр щыщІидзэну мазэр зэпымыууэ егъэкІуатэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэгурыІуэу унафэ ящІ къуэш шыпхъухэм я деж кІуэурэ ягъэгушхуэну, ауэ мазэ куэд дэкІа иужьи зыри ямыщІауэ къыщІокІ. Мы щапхъэхэр зэмыщхьми, ахэр псори зыгуэркІэ зэпыщІащ: къуэш, шыпхъухэм унафэ ящІащ, ауэ ар икІэм нагъэсакъым. Япэ лІэщІыгъуэм Коринф дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми апхуэдэ гугъуехь яІащ. Абыхэм я щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынуми дытепсэлъыхьынщ.

3. Коринф дэсхэм сыт хуэдэ унафэ ящІар, ауэ иужькІэ сыт къэхъуар?

3 Хуэгъэфэщауэ 55-нэ гъэм Коринф дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ ящІащ. Абыхэм къащІащ Ерусалим, Иудей хэкум ис къуэш, шыпхъухэр гугъу зэрехьыр, ахъши зэрыхуэныкъуэр икІи зэхахащ нэгъуэщІ зэхуэсхэм ахъшэ зэрызэхуахьэсыр абыхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ. Гуапагъэмрэ хьэлэлагъымрэ къыхэкІыу, Коринф дэсхэми мурад ящІащ ахъшэ зэхуахьэсыну икІи Паул еупщІащ дапхуэдэу ар ящІэ хъунуми. Паул зэхуэсым чэнджэщ иритащ, абы нэмыщІ Тит къалэн хуищІащ ахъшэ зэхуэхьэсынымкІэ дэІэпыкъуну (1 Кор. 16:1; 2 Кор. 8:6). Ауэ мазэ зыбжанэ дэкІа иужь Паул къищІащ Коринф дэсхэм къызэрагъэгугъа ахъшэр зэрызэхуамыхьэсар. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсхэм зэхуахьэса ахъшэхэр Ерусалим дэсхэм щратыну зэманым ирихьэлІэу Коринф дэсхэм я тыгъэр ямыгъэхьэзырыфынкІэ шынагъэ щыІэт (2 Кор. 9:4, 5).

4. 2 Коринф 8:7, 10, 11 зэритымкІэ, Паул Коринф дэс къуэш, шыпхъухэр сытым хуигъэуша?

4 Коринф дэсхэм унафэфІ къащтат икІи Паул абыхэм ящытхъуат фІэщхъуныгъэ быдэ зэраІэм щхьэкІэ, абы нэмыщІ хьэлэлагъ ягъэлъэгъуэну гукъыдэж зэраІэм щхьэкІэ. Ауэ Паул ахэр хуигъэушащ щІадзар икІэм нагъэсыну. (Къеджэ 2 Коринф 8:7, 10, 11.) Мы Іуэхугъуэм дэ къыдгурегъаІуэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэми я дежкІэ зэрымытыншыр унафэ къащтам тетыну.

5. Сыт адэкІэ зэпкърытхынур?

5 Коринф дэсхэм хуэдэу, дэри унафэ тщІар дгъэзэщІэну къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ унафэ тщІар дымыгъэзащІэу сыт щыгъуи едгъэтІылъэкІынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэр дрихьэлІэмэ, ар зэран къытхуэхъуфынущ (Эккл. 9:11; Рим 7:18). АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ сытым дегупсысын хуейми унафэ тщІын ипэ икІи япэм унафэ тщІам дыхэплъэжу, ар зэтхъуэкІын хуейрэ хуэмейрэ зэхэдгъэкІын ипэ. Абы нэмыщІ къедгъэжьар икІэм нэдгъэсыну чэнджэщ къыддэІэпыкъунухэр зэпкърытхынщ.

УНАФЭ ТЩІЫН ИПЭ

6. Унафэ тщІам сыт щыгъуэ дыщыхэплъэжын хуейр?

6 Мыхьэнэшхуэ зиІэ языныкъуэ унафэхэр дэ зэи тхъуэжынукъым. Псалъэм папщІэ, Иеговэ дыхуэлэжьэну икІи ди щхьэгъусэм дыхуэпэжыну псалъэ ттахэм дэ зэи депцІыжынукъым (Мт. 16:24; 19:6). Ауэ языныкъуэ унафэ тщІахэм дыхэплъэжын хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди Іуэхум зехъуэж. Сыт хуэдэ чэнджэщхэр къыддэІэпыкъуну унафэ нэхъыфІ дыдэхэр къэтщтэн щхьэкІэ?

7. Сыт ди тхьэлъэІум хэдгъэхьэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

7 Алыхьым Іущагъ къывитыну фелъэІу. Иеговэ Екъуб хуигъэушащ мыпхуэдэу итхыну: «Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфІагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэІу, абы акъылыфІагъэ къритынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ... и гуапэу Тхьэм цІыху псоми фІы яхуещІэ» (Екъуб 1:5). Зы лъэныкъуэ гуэркІэ дэ псоми «акъылыфІагъэ тхуримыкъуу» жыпІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ дыщыгугъын хуейщ унафэ къыщытщтэм дежи, абы дыхэплъэжын щыхуейм дежи. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ къыддэІэпыкъунущ Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэну.

8. Унафэ щытщІкІэ лъэныкъуэ псоми дегупсысыну сыт къыддэІэпыкъунур?

8 Лъэныкъуэ псоми фегупсыс. Библием чэнджэщ къыщыфлъыхъуэ, Иеговэ и организацэм къыдигъэкІ тхыгъэхэм итым феджэ икІи дзыхь зыхуэфщІхэм фепсалъэ (Прит. 20:18). Псом хуэмыдэу абы мыхьэнэшхуэ иІэщ лэжьапІэр щыпхъуэжым, нэгъуэщІыпІэ уІэпхъуэнрэ умыІэпхъуэнрэ ущегупсысым е Иеговэ ухуэлажьэу уи щхьэр ппІыжыфын щхьэкІэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтынур къыщыхэпхым деж.

9. Сыт ди щхьэр къэдгъэпцІэжын щІыхуэмейр?

9 Унафэ фщІыну сытым фыхуигъэушми фегупсыс. Унафэ тщІыну сытым дыхуигъэушми Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ (Прит. 16:2, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ар хуейщ сыт и лъэныкъуэкІи цІыху пэжу дыщытыну. Абы къыхэкІкІэ унафэ къэтщтэну дыхуэзыгъэушым теухуауэ ди щхьэр къэдгъэпцІэжын хуейкъым, нэгъуэщІхэри къэдгъэпцІэн хуейкъым. Армыхъумэ, унафэ тщІам дытетыну къыдэгугъуэкІынущ. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Ди къуэш ныбжьыщІэм пионер лэжьыгъэр къищтэну мурад ещІ. Ауэ зэман гуэр дэкІа иужь сыхьэт бжыгъэ ищІын хуейм хуэдиз ищІыну къегугъуэкІыу мэхъу икІи абы апхуэдэуи гуфІэгъуэ хихыжкъым. Абы и гугъэ хъунт пионер лэжьыгъэр къищтэну хуэзыгъэушар Иеговэ игъэгуфІэну зэрыхуейрауэ. Ауэ абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр и адэ-анэр е нэгъуэщІ зыгуэр игъэгуфІэну зэрыхуеярауэ къыщІэкІынущ.

10. Зыпхъуэжыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

10 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Библие джыныр щІэзыдза цІыхум тутын ефэныр хыфІидзэжыну хуейуэ. ЯпэщІыкІэ абы зы тхьэмахуэ-тхьэмахуитІкІэ тутын къищтэкъым, ауэ иужькІэ хуэмышэчу йофэ. Абы емылъытауэ, икІэм-икІэжым тутын ефэныр абы хыфІедзэ! АбыкІэ абы къыдоІэпыкъу Иеговэ лъагъуныгъэ хуиІэмрэ ар игъэгуфІэну зэрыхуеймрэ (Кол. 1:10; 3:23).

11. Мурад пыухыкІа дгъэувыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

11 Фи мурадхэр пыухыкІауэ щрет. Мурадхэр пыухыкІауэ щытмэ, нэхъ тынш хъунущ ар къывэхъулІэну. Псалъэм папщІэ, фэ мурад фщІащ Библием махуэ къэс феджэну. Ауэ фызэреджэну график фимыІэмэ, а мурадыр къывэмыхъулІэнкІэ шынагъэ щыІэщb. Е зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ ящІ щІэх-щІэхыурэ къуэш, шыпхъухэм я деж кІуэну, ахэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ. Ауэ зэманыр докІри, псори зэрыщытам хуэдэу къонэж. Мурад ягъэувар къехъулІэн щхьэкІэ ахэр зэупщІыжын хуейщ: «Къуэш, шыпхъухэм щыщу, псом хуэмыдэу хэт гъэгушхуэн хуейми дегупсысауэ пІэрэ? Абыхэм я деж дыщыкІуэну зэманыр тедухуауэ пІэрэ?»

12. Сыт дэ тщІэн хуеинкІэ хъунур икІи сыт щхьэкІэ?

12 ФхузэфІэмыкІын зыхуэвмыгъэувыж. ИщІэну зыхуейуэ хъуар хузэфІэкІыну зыми къаруи, зэмани, Іэмали иІэкъым. Абы къыхэкІкІэ фхузэфІэмыкІын зыхуэвмыгъэувыж. Хуей хъумэ, фызытетыну фхузэфІэмыкІ унафэхэм фыхэплъэж (Эккл. 3:6). Ауэ, псалъэм папщІэ фэ унафэ фщІа гуэрым фыхэплъэжащ, зэхъуэкІыныгъэ хэлъхьэн хуейхэр хэфлъхьащ икІи иджы фэ фи гугъэщ къевгъэжьар икІэм нэвгъэсыфыну. АбыкІэ къывдэІэпыкъуну лъэбакъуитху зэпкърытхынщ.

УНАФЭ ФЩІЫН ИПЭ

  1. Брат проводит исследование с помощью Библии и основанной на ней литературы

    Алыхьым Іущагъ къывитыну фелъэІу.

  2. Лъэныкъуэ псоми фегупсыс.

  3. Унафэ фщІыну сытым фыхуигъэушми фегупсыс.

  4. Фи мурадхэр пыухыкІауэ щрет.

  5. ФхузэфІэмыкІын зыхуэвмыгъэувыж.

УНАФЭ ФЩІА ИУЖЬ

  1. Брат молится о том, чтобы Бог дал ему сил придерживаться принятого ранее решения

    Алыхьым фелъэІу къару къывитын щхьэкІэ.

  2. Фи мурадыр къывэхъулІэн щхьэкІэ фчын хуей лъэбакъуэхэр фтхы.

  3. Къару ефхьэлІэ.

  4. Іущагъ хэлъу фи зэманыр къэвгъэсэбэп.

  5. Мурад фщІам къыпэкІуэну фІым фегупсыс.

ЩІЭДДЗАР ИКІЭМ НЭДГЪЭСЫНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР

13. Унафэ фщІам фытетыну сыт къару къывэзытынур?

13 Алыхьым фелъэІу Іуэхур икІэм нэвгъэсыну къару къывитын щхьэкІэ. Алыхьым Іуэхур «влэжьыну лъэкІыныгъэ» къывитыфынущ икІи унафэ фщІам фытетыну къару къыфхилъхьэфынущ (Флп. 2:13). Аращи, фызыхуэныкъуэ къару фиІэн щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу. Жэуапыр куэдрэ къыфІэрымыхьэу къыфщыхъуми, Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъэзэн щывмыгъэт. Хьисэ жиІащ: «[Алыхьым и къару лъапІэм щхьэкІэ] фелъэІуи, Тхьэм къывитынущ» (Лк. 11:9, 13).

14. Притчи 21:5 ит принципыр дауэ къызэрывдэІэпыкъунур мурад фщІар къывэхъулІэну?

14 Фи мурадыр къывэхъулІэн щхьэкІэ фчын хуей лъэбакъуэхэр фтхы. (Къеджэ Притчи 21:5, Гъэс.) Лэжьыгъэ гуэр бгъэзэщІэн щхьэкІэ япэщІыкІэ план зэхэплъхьэн хуейщ, иужькІэ абы утетыжын хуейщ. Унафэ тщІыхэм теухуауэ апхуэдэу жыпІэ хъунущ: мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ пчын хуей лъэбакъуэхэр птхын хуейщ. ВгъэзэщІэн хуей къалэн гугъухэр къалэн нэхъ тыншуурэ вгуэш — апхуэдэу фщІэмэ, ехъулІэныгъэ фиІэхэр флъэгъунущ. Паул Коринф дэс цІыхухэр хуигъэушат «тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс» ахъшэ гуэр ягъэтІылъыну. Паул къэкІуэхукІэ ежьэу, иужькІэ ахъшэр псори зэуэ зэхуахьэсыным нэхърэ апхуэдэу ящІэмэ нэхъыфІт (1 Кор. 16:2). ВгъэзэщІэн хуей къалэн гугъухэр къалэн нэхъ тыншуурэ вгуэшмэ, мурад вгъэувар фхуэмыгъэзэщІэну фегупсысынукъым.

15. План зэхэфлъхьа иужь сыт фщІэ хъунур?

15 Фэ план фиІэр фтхымэ, фи дежкІэ нэхъ тынш хъунущ абы фытетыну (1 Кор. 14:40). Апхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжь гупхэм чэнджэщ иратащ унафэ ящІхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыщ зым итхыну, абы нэмыщІ ар зыгъэзэщІэн хуеймрэ щагъэзэщІэн хуей зэманымрэ итхыну. Мы чэнджэщым тет зэхуэсым и нэхъыжьхэм мурад ящІахэр нэхъ къехъулІэну къыщІэкІынущ (1 Кор. 9:26). Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэ фэри къэвгъэсэбэпмэ-щэ? Псалъэм папщІэ, фщІэну фызыхуей Іуэхухэм махуэ къэс фегупсысу нэхъ мыхьэнэ зиІэхэр ипэ фтхы хъунущ. Апхуэдэу фщІэмэ, къевгъэжьар икІэм нэвгъэсынущ икІи зэман мащІэкІэ нэхъыбэ фхуэщІэнущ.

16. Сыт фщІэн хуейр мурад фщІар къывэхъулІэн щхьэкІэ икІи Рим 12:11 итыр дауэ абы щыхьэт зэрытехъуэр?

16 Къару ефхьэлІэ. План зэхэфлъхьам фытету мурад фщІар къывэхъулІэн щхьэкІэ, къару ефхьэлІэн хуейщ. (Къеджэ Рим 12:11.) Паул хуейт Тимофей нэхъ егъэджакІуэфІ хъуну. Абы щхьэкІэ абы чэнджэщ иритт щІидзар икІэм нигъэсыну икІи къару ирихьэлІэну. Паул и чэнджэщыр Иеговэ хуэлэжьэным пыщІа сыт хуэдэ Іуэхугъуэми ехьэлІащ (1 Тим. 4:13, 16).

17. Ефес 5:15, 16 ит чэнджэщыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур мурад тщІар къыдэхъулІэну?

17 Іущагъ хэлъу фи зэманыр къэвгъэсэбэп. (Къеджэ Ефес 5:15, 16.) Іуэху щІэвдзар дапщэщ фыухыну фыхуейми фегупсыс икІи а зэманыр фымыгъэкІуатэ. Фи мурадым иужь фихьэн щхьэкІэ зэман нэхъыфІ дыдэм фыпэмыплъэ — апхуэдэ зэман къэмысынкІэ хъунущ (Эккл. 11:4). Апхуэдэуи мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэм фи зэманри фи къарури евмыгъэхь, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэр къэмынэн щхьэкІэ (Флп. 1:10). Хъумэ, зыри зэран къыщыфхуэмыхъун зэман къыхэфх. НэгъуэщІхэм фелъэІу а зэманым фи гугъу къамыщІыну. Абы щыгъуэ телефоныр вгъэункІыфІ хъунущ икІи электроннэ почтэмрэ социальнэ сетьхэмрэ иужькІэ фихьэж хъунущc.

18, 19. Гугъуехь гуэрхэм дыхуэзэми ди Іэр едмыхьэхыну сыт къыддэІэпыкъунур?

18 Мурад фщІам къыпэкІуэну фІым фегупсыс. Мурад пщІар ебгъэщхь хъунущ зыщІыпІэ узэрыкІуэм. Дэ дыздэкІуэ щІыпІэм дынэсыну дыхуеймэ, дыкъэувыІэнукъым, гъуэгу дызытетыр зэхуэщІауэ къыщІэкІрэ нэгъуэщІ гъуэгукІэ дыкІуэн хуейми. Мурад тщІар абы ещхьщ: абы фІы къыпэкІуэнум дегупсысмэ, ди Іэр едмыхьэхыну ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ гугъуехь гуэрхэм дыхуэзэрэ зыгуэр тхъуэжын хуейуэ къыщІэкІми (Гал. 6:9).

19 Унафэ пэж къэпщтэну икІи абы утетыжыну тыншкъым. Ауэ Иеговэ дэ Іущагърэ къарурэ къыдитыфынущ щІэддзар икІэм нэдгъэсын щхьэкІэ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Унафэ тщІа иужь сыт хуэдэ гугъуехьым дыпэщІэхуэфыну?

  • Сыт дызэгупсысын хуейр унафэ къэтщтэн хуеймэ е унафэ къэтщтам дыхэплъэжын хуеймэ?

  • Сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр къыддэІэпыкъуну щІэддзар икІэм нэдгъэсыну?

65-НЭ УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!

a Унафэ гуэр къэфщтауэ абы фыщыхущІегъуэжа къэхъуа? Унафэ пэж къэфщтэну икІи абы фытетыжыну къыщывэгугъуэкІ щыІэ? Мы статьяр къывдэІэпыкъунущ а гугъуехьхэм фыпэлъэщыну икІи щІэвдзар икІэм нэвгъэсу зевгъэсэну.

b Библиер зэрывджын график зэхэфлъхьэн щхьэкІэ jw.org® сайтым ит «График чтения Библии» жыхуиІэр къэвгъэсэбэп хъунущ.

c Зэманыр къызэрыбгъэсэбэпыным теухуауэ чэнджэщ нэхъыбэ къыщывгъуэтыфынущ 2010-нэ гъэм мэлыжьыхьым къыдэкІа «Фыкъызэщыу» журналым ит «20 способов высвободить время» жыхуиІэ статьям.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын