ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Ноябрь н. 31
  • ПщІэуэ пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПщІэуэ пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Ноябрь н. 31
Управляющий в древнем Египте следит за трудом работников

ПщІэуэ пІэрэ?

Пасэрей зэманым унэзехьэхэм сытыт я къалэным хыхьэр?

ПАСЭРЕЙ зэманым унэзехьэм зиусхьэным и Іуэхухэр зэфІигъэкІт икІи и унэм е и ІэмыщІэ илъым кІэлъыплът.

Екъуб и къуэ Исуф Мысырым щыІэу Потифар и пщылІу щыщытам щыгъуэ, ар Потифар и унэзехьэу тригъэуват. Потифар «ирилъхьащ абы езым иІэ псори Исуф и ІэмыщІэм» (ЩІэдз. 39:2—6). ИужькІэ Исуф Мысырым тепщэныгъэшхуэ щиІэ хъуащ икІи езым и унэм унэзехьэ тригъэуващ (ЩІэдз. 44:4).

Хьисэ щІылъэм щытета зэманым щыгъуэ, щІы зиІэ цІыхухэр къалэхэм дэст, щІы яІыгъхэм пэжыжьэу. Абы къыхэкІкІэ абыхэм унэзехьэхэр трагъэувэт, ящІхэм щылажьэхэм кІэлъыплъын щхьэкІэ.

Унэзехьэр сыт хуэдэ цІыхуу щытын хуейт? Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Римым дэса тхакІуэ Колуме́ллэ жиІэт унафэщІу е унэзехьэу тегъэувэн хуейр лэжьыгъэхэр «фІыуэ зэригъэзащІэр къэзыгъэлъэгъуа» пщылІу щытын хуейуэ. Ар цІыху гуапэу «фІы ищІэу щытын хуейт, теубыдагъэ зыхэлъ, ауэ гущІэгъуншэу щымыт унэзехьэу щытын щхьэкІэ». Колумеллэ жиІэт: «Псом япэрауэ ар... [унэзехьэр] мыпхуэдэу щытын хуейщ: зыри зыхимыщІыкІ Іуэхум теухуауэ псори ищІэу иремылъытэ, икІи зыхимыщІыкІыр зригъэщІэну сыт щыгъуи иужь ирырет».

Алыхьым и Псалъэм унэзехьэмрэ абы игъэзащІэ къалэнхэмрэ щапхъэу къехь, зэхуэсым щыщхэр зэрызэдэлажьэм и гугъу щищІым деж. Апхуэдэу апостол Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджащ «Тхьэм хэти и Іэм кърилъхьа лъэкІыныгъэхэмкІэ и фІагъ адрейхэм» яригъэкІыну (1 Пет. 4:10).

Лука 16:1—8 ит Хьисэ Мэссихь жиІауэ щыта ущие хъыбарым унэзехьэм и гугъу щещІ. Абы нэмыщІ Хьисэ Пащтыхьу щыщытыну зэманым теухуауэ щытепсэлъыхьам щыгъуэ, и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат «зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІут» е «зыщыгугъ хъун унэзехьэ» зэрытригъэувэнур. А унэзехьэм и къалэн нэхъыщхьэр — дунейм и кІэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зыхуэныкъуэ шхыныгъуэ и зэманым яритыну аращ (Мт. 24:45—47; Лк. 12:42). ГуфІэгъуэшхуэщ унэзехьэ пэжым игъэхьэзыр икІи къыдигъэкІ тхыгъэхэм я фІыгъэкІэ ди фІэщхъуныгъэр зэрыдгъэбыдэфыр!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын