Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Сызэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыбэжу Иеговэ и нэфІ къысщыхуащ
«ПИОНЕР сымыхъуу хъунукъым. Ауэ пионерым и гъащІэр гъэщІэгъуэн-тІэ?» — жысІэу сызэупщІыжт. Сэ Германием сыщыпсэут икІи си лэжьыгъэр сигу ирихьт. Африкэм щыІэ Дар-эс-Сала́м, Элизабетви́ль, Асмэ́ра жыхуаІэ къалэхэм шхын езгъашэт. Абы щыгъуэ сэ си гущхьэм къэкІтэкъым зэгуэр а щІыпІэ гъэщІэгъуэнхэм миссионеру сыщылэжьэну.
Си гурыщхъуэхэм сыпэлъэщу пионер лэжьыгъэр щІэздза нэужь, си гъащІэр сызэримыгугъауэ гъэщІэгъуэн хъуащ (Еф. 3:20). Ауэ а лъэбакъуэр счыну сыт сыхуэзыгъэушар? Ипэ дыдэм щыщІэдзауэ вжесІэжыну хуит сыфщІ.
Сэ 1939-нэ гъэм, ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр щІидза къудейуэ Берлин (Германием) сыкъыщалъхуащ. 1945-нэ гъэм, зауэр и кІэм нэблэгъауэ, Берлин бомбэ куэд къыщрадзыхт. Зэгуэр ди уэрамыми бомбэ куэд къыщехуэхат, ауэ ди унагъуэм зигъэпщкІури, къелащ. ИужькІэ си анэр къыщалъхуа Э́рфурт къалэм дыІэпхъуащ. Абы апхуэдэ шынагъуэ щыІэтэкъым.
Си адэ-анэмрэ си шыпхъумрэ я гъусэу Германием. 1950 гъэм хуэзэу
Си анэм пэжыр къилъыхъуэт. Абы философхэм я тхылъхэмрэ дин зэмылІэужьыгъуэхэм зыхурагъаджэмрэ щІиджыкІт, ауэ и упщІэхэм я жэуапхэр къыхуэгъуэттэкъым. 1948-нэ гъэм хуэзэу ди деж Иеговэ и ЩыхьэтитІ къэкІуат. Мамэ ахэр къригъэблагъэри упщІэ куэд яриту щІидзащ. Зы сыхьэти дэмыкІауэ абы си шыпхъу нэхъыщІэмрэ сэрэ къыджиІащ: «Сэ пэжыр къэзгъуэтащ!» Куэд дэмыкІыу си анэри, си шыпхъури, сэри Эрфурт щекІуэкІ зэІущІэхэм дыкІуэу щІэддзащ.
1950 гъэм дэ Берлин къэдгъэзэжри, «Берлин, Кро́йцберг» зэхуэсым щыщ дыхъуащ. ИужькІэ дэ иджыри зэ дыІэпхъуэри, «Берлин, Те́мпельхоф» зэхуэсым дыкІуэу щІэддзащ. Зэман дэкІри, мамэ псым зыщІигъэуащ, ауэ сэ а лъэбакъуэр счыну сытегушхуэтэкъым. Сыт щхьэкІэ?
СЫЗЭРЫУКІЫТЭХЫМРЭ ГУКЪЫДЭЖ СЫЗЭРИМЫІЭМРЭ СЫТОКІУЭ
СызэрыукІытэхым къыхэкІкІэ, Иеговэ и лэжьыгъэм хэсщІыхьышхуэ щыІэтэкъым. ИлъэситІ хъуауэ хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтми, сэ езым псэлъэн къезгъажьэу зы цІыхуми зыхуэзгъэзэфатэкъым. ГъэунэхуапІэ хьэлъэхэм лІыгъэ яхэлъу Иеговэ пэжу къыхуэна къуэш, шыпхъухэм сепсалъэу щыщІэздзам, псоми зихъуэжащ. Абыхэм щыщу языныкъуэхэр Германием щыІэ тутнакъхэмрэ нацистхэм я концлагерхэмрэ исащ. Хэти ягъэтІысынкІэ шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ, Библием тегъэщІа тхыгъэхэр Германием и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ щэхуу ишэт. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэр егъэлеяуэ си гум нэсащ. Сэ мыпхуэдэу сегупсысу щІэздзащ: «Иеговэрэ къуэшхэмрэ щхьэкІэ абыхэм я псэр ятыну хьэзыру зэрыщытар къэсщІа нэужь, сэ сызэрыукІытэхым дауэ сызэремыбэнынур?»
1955-нэ гъэм хъыбарыфІ гъэІуным епха компанием сыхэта нэужь, сэ тегушхуэныгъэ нэхъ сиІэу сыхъуащ. «Информатор»a жыхуаІэм ди къуэш Нейтан Норр и письмор къытрадзат. Абы щыжыІат а кампаниер зэгуэр екІуэкІахэм щыщу нэхъ ин дыдэу зэрыщытынур икІи къуэш, шыпхъуу хъуар абы жыджэру хэтмэ, ар «зэи гум имыхужын мазэ зэрыхъунур». ИкІи пэжу апхуэдэущ зэрыхъуар. 1956-нэ гъэм си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм ислъхьэри, папэрэ си шыпхъумрэ я гъусэу псым зыщІэзгъэуащ. Куэд дэмыкІыу мыхьэнэшхуэ зиІэ иджыри зы унафэ сщІын хуей хъуащ.
Куэд щІат сэ къызэрызгурыІуэрэ пионеру улэжьэным нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр, ауэ а лэжьыгъэр къэсщтэну сыпІащІэтэкъым. ЯпэщІыкІэ сэ си мурадт сатум епхауэ щІэныгъэ зэзгъэгъуэту, а лэжьыгъэм фІыуэ хэсщІыкІыу сыхъуну. Абы къыхэкІкІэ 1961-нэ гъэм сэ Гамбург къалэм лэжьапІэ сыуващ. Ар Германием кхъухьтедзапІэ здэщыІэ къалэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыт. Лэжьыгъэм зэман нэхъыбэ тезгъэкІуэдэху, пионер лэжьыгъэр нэхъ жыжьэ хъут. НтІэ, сыт сэ къыздэІэпыкъуар си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэслъхьэну?
Сэ Иеговэ фІыщІэ хузощІ лъагъуныгъэ зыхэлъ къуэшхэр къигъэсэбэпурэ си гъащІэм мурад пэжхэр сщІыну къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ. Си ныбжьэгъухэм щыщу языныкъуэхэр пионер хъуат икІи ахэр сэ щапхъэфІ схуэхъуащ. Абы нэмыщІ концлагерыр зи нэгу щІэкІа ди къуэш Э́рих Му́ндт сыхуигъэушт Иеговэ дзыхь хуэсщІыну. Абы зэрыжиІэжамкІэ, лагерым исахэм щыщу зи щхьэ щыгугъыжу щыта къуэшхэр дэхуэхащ, ауэ Иеговэ дзыхь хуэзыщІу щытахэм псори яшэчыфащ икІи иужькІэ зэхуэсым къалэн куэд щагъэзащІэу хъуащ.
Пионер лэжьыгъэр щІэздза къудейуэ. 1963-нэ гъэ
УнафэщІ гупым яхэта ди къуэш Ма́ртин Пётцингер къуэшхэм щІэх-щІэхыурэ яжриІэт: «ЛІыгъэ зэбгъэгъуэтыным нэхърэ нэхъыбэу уи фейдэ зыхэлъ зыри щыІэкъым!» Абы и псалъэхэм сегупсыса иужь, мурад быдэ сщІащ си лэжьыгъэр къэзгъэнэну. 1963-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэ мазэм сэ пионеру лэжьэн щІэздзащ. Си гъащІэм унафэу сщІахэм щыщу ар нэхъ унафэфІ дыдэт. МазитІ дэкІауэ, нэгъуэщІ лэжьапІэ къэлъыхъуэным иджыри иужь симыхьэ щІыкІэ, сэ спецпионер сыхъуну къысхуагъэфэщащ. Илъэс зыбжанэ дэкІри, Иеговэ аргуэру тыгъэ дахэкІэ сигъэгушхуащ: Галаад Школым, 44-нэ классым сыщеджэну сыкърагъэблэгъащ.
ШКОЛЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ДЕРС КЪЫХЫЗОХ
Галаад Школым мыхьэнэшхуэ зиІэ мыпхуэдэ дерс къыхэсхащ — «Уи Іэр занщІэу йомыхьэх!» Мы псалъэхэр Не́йтан Норри Лайма́н Суи́нгли къытрагъэзэжурэ жаІэну яфІэфІт. А къуэшхэм дыхурагъасэт дгъэзащІэ лэжьыгъэр дапхуэдэу гугъуу щымытми ди Іэр едмыхьэхыну. Ди къуэш Норр жиІэт: «Сыт фэ нэхъыбэу гу зылъыфтэнур? ИхъуреягъкІэ зэрыфІейра, гъудэбадзэр зэрыкуэдыра, тхьэмыщкІагъэм зэрызиубгъуара? Хьэмэрэ жыгхэра, удз гъэгъахэра, фыкъэзыухъуреихь цІыху насыпыфІэхэра? ЦІыхухэр фІыуэ флъагъуу зевгъасэ!» Зэгуэр ди къуэш Суингл языныкъуэ къуэшхэм я лэжьыгъэр къыщІагъэнам щытепсэлъыхьым и нэпсхэр къызэпижыхьат икІи къэгъыным тІэкІут иІэжыр. Теужын щхьэкІэ абы и псалъэр зэпигъэун хуей хъуащ. Ар апхуэдизкІэ си гум щІыхьати, сэ мурад быдэ сщІащ Хьисэрэ абы и къуэш пэжхэмрэ зэи я жагъуэ сымыщІыну (Мт. 25:40).
Клодрэ Генрихрэ я гъусэу миссионер лэжьыгъэр Лубумбаши (Конго) щызохьэкІ. 1967-нэ гъэ
Школыр къэдуха нэужь дыздагъэкІуэнур псоми къыщытщІам, Вефилым щылажьэхэм яфІэгъэщІэгъуэнт хэт дэнэ ягъэкІуэнуми. Щхьэж здагъакІуэ къэралыр щыжиІэм деж, ахэр гуфІэт, ауэ сэ Конго сызэрагъакІуэр жысІа иужь, ахэр щэху хъури, итІанэ жаІащ: «Уэй, Конго... Иеговэ гущІэгъу къыпхуищІ!» А зэманым хъыбарыщІэхэм къатт Конго (Кинша́са) щекІуэкІ зауэм теухуауэ. Ауэ сэ сщІэжт Галаадым сызыхурагъэджар. Школыр къэдуха нэужь, 1967-нэ гъэм, фокІадэ мазэм Ге́нрих Де́нбостельрэ Клод Ли́ндсейрэ я гъусэу Конго и къалащхьэ Киншаса сыкІуащ.
МИССИОНЕРХЭМ КУЭДЫМ ЗЫЩЫХУРАГЪЭСА ЩІЫПІЭ
Киншаса дыІэпхъуа нэужь, мазищкІэ французыбзэ зэдгъэщІащ. Абы иужькІэ дэ Лубумба́ши къалэм (япэм Элизабетвиль) дылъэтащ. А къалэр ипщэ лъэныкъуэмкІэ гъэзат икІи ар Замбие къэралым и гъунапкъэм пэжыжьэтэкъым. Къалэкум дэт миссионерхэм я унэм дэ дыщІэтІысхьащ.
Лубумбаши къалэм куэдым иджыри Иеговэ теухуауэ зыри зэхахатэкъым икІи дэ егъэлеяуэ дыгуфІэт япэу абыхэм хъыбарыфІыр зэражетІэнум щхьэкІэ. Куэд мыщІэу Библием еджэну хуейхэр апхуэдизкІэ куэд хъуати дапэлъэщыжтэкъым. Къэрал унафэщІхэмрэ полицэм щылажьэхэмрэ дэ хъыбарыфІымкІэ дадэгуашэт. Абыхэм щыщу куэдым Алыхьым и Псалъэмрэ дэ етхьэкІ лэжьыгъэмрэ пщІэ къыхуащІт. И нэхъыбэр зэрыпсалъэр суахили бзэрати, Клодрэ сэрэ а бзэр зэдгъащІэу щІэддзащ. Куэд дэмыкІыу дэ суахили бзэмкІэ екІуэкІ зэхуэсым дагъэкІуащ.
Ди лэжьыгъэр гъэщІэгъуэнт, ауэ гугъуехьыншэуи къанэтэкъым. Дэ щІэх-щІэхыурэ Іэщэ зыІыгъ сэлэт чэфхэм дахуэзэт. Абы нэмыщІ полицэм щылажьэ цІыху губжьахэм пцІы къыттралъхьэт. Зэгуэр зэІущІэр екІуэкІыу миссионерхэм ди унэм ІэщэкІэ зэщІэузэда полицейскэхэр къыщІэлъэдащ. Участокым дашэри пщыхьэщхьэм сыхьэтипщІ хъухукІэ лъэгу фІейм дыщагъэсащ. ИужькІэ даутІыпщыжащ.
1969-нэ гъэм сэ районым и нэхъыжьу сытрагъэуващ. Си районым африканскэ саваннэр хыхьэт. Зэми ятІэ защІэ лъагъуэм сэ зэман куэдкІэ срикІуэн хуей хъут, зэми удзыжь лъагэм сыкІуэцІрыкІын хуейт. Зэгуэр сэ зы къуажэ гуэрым жэщ сыкъыщыувыІат. А жэщым джэд къурт гуэрым и джэджьейхэр и гъусэу си гъуэлъыпІэ лъабжьэр тІысыпІэ ищІат. Зэи сщыгъупщэнкъым нэхущым абы и къурт макъым сыкъызэригъэушауэ щытар. Си гум ІэфІу къинэжащ пщыхьэщхьэкІэрэ къуэшхэр дызэхуэсурэ мафІэм деж дызэрыщысар икІи Библием ит пэжхэм дызэрытепсэлъыхьу щытар.
Нэхъ гугъуехьышхуэу дызыхуэзар къуэш нэпцІхэрат. Абыхэм «Китава́ла»b жыхуаІэ гупым ирихьэкІ лэжьыгъэр даІыгът. Языныкъуэхэр зэхуэсым къызэрыхыхьам нэмыщІ, пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэш хъуахэщ. Ауэ и нэхъыбэм Алыхьым хуэпэж къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ цІыхухэр къыхацІыхукІт (Иудэ 12). Зэман дэкІри, Иеговэ зэхуэсхэр игъэкъэбзащ икІи абы и фІыгъэкІэ дэ ехъулІэныгъэ куэд диІэ хъуащ.
1971-нэ гъэм Киншаса щыІэ филиалым сыщылэжьэну сыкърагъэблэгъащ. Сэ абы лэжьыгъэ зэмылІэужьыгъуэ щызгъэзащІэт: филиалым кърагъэхь письмохэм селэжьт, ди тхыгъэхэм щхьэкІэ лъаІуэхэм садэІэпыкъут икІи хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа упщІэхэр зэхэзгъэкІт. Вефилым сэ зыщезгъэсащ зызымыужьа ди къэралышхуэм лэжьыгъэ етхьэкІыр дауэ щызэбгъэпэщ хъунуми. Кхъухьлъатэ пощткІэ зэхуэсхэм яхуедгъэхь письмохэр мазэ бжыгъэкІэ гъуэгу щытет щыІэт. Кхъухьлъатэм илъыр кхъуафэжьейхэм иралъхьэт, ауэ гиацинткІэ зэщІэкІэжа псым ахэр тхьэмахуэ бжыгъэ куэдкІэ щыхэнэ къэхъут. А псом емылъытауэ, Иеговэ и лэжьыгъэр къэувыІэтэкъым.
Къуэшхэр хуэмыщІауэ зэрыпсэум емылъытауэ, конгрессышхуэхэр щекІуэкІыну щІыпІэхэр зэрагъэпэщыфт. Си дежкІэ ар икъукІэ гъэщІэгъуэнт. Сценэм щхьэкІэ абыхэм термитникхэр къагъэсэбэпт, блынхэмрэ тІысыпІэхэмрэ удзым къыхащІыкІт. Конгрессыр щекІуэкІыну унэмрэ абы щІагъэувэну стІолхэмрэ къамылым къыхащІыкІт. Сыт щыгъуи гуфІэ икІи сыт хуэдэ Іуэхуми хэкІыпІэ къыхуэзыгъуэтыф къуэш, шыпхъухэм уакІэлъыплъыну гухэхъуэт. Ахэр гукІи псэкІи фІыуэ слъэгъуащ. НэгъуэщІ къэралым сыщагъэкІуам щыгъуэ сэ абыхэм егъэлеяуэ сахуэзэшт!
КЕНИЕМ АЛЫХЬЫМ СЫЩЫХУОЛАЖЬЭ
1974-нэ гъэм сэ Найро́би (Ке́ние) щыІэ филиалым сагъэкІуащ. Дэ лэжьыгъэр ди куэдт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди филиалыр Кение пэгъунэгъу къэралипщІым щетхьэкІ лэжьыгъэм кІэлъыплът. А къэралхэм щыщу языныкъуэхэм дыщызэхуащІат. Сэ а къэралхэм мызэ-мытІэу сыщыІащ, ауэ нэхъыбэрэ сыздэкІуар Эфиопиеращ. Абы ди къуэшхэр егъэлеяуэ гугъу щрагъэхьт. Куэдым лей къатехьэт, хэти тутнакъым ирадзэт, зыгуэр щаукІыпи къэхъут. Ауэ абыхэм теубыдагъэ яхэлъу псори яшэчыфащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлът, езыхэри зэрыІыгът.
1980 гъэм си гъащІэр нэхъыфІыж хъуащ: Канадэм къыщыхъуа ди шыпхъу Гейл Ма́тесон щхьэгъусэу къэсшащ. Дэ Галаадым зэгъусэу дыщеджат икІи абы иужь илъэс куэдкІэ дызэхуэтхащ. Гейл Боливием миссионеру щылэжьащ. Илъэс 12 дэкІауэ дэ аргуэру Нью-Йорк дыщызэхуэзащ. Куэд дэмыкІыу дэ Кением дыщызэрышащ. Сэ Гейл лъапІэу солъытэ, ар сыт хуэдэ Іуэхуми Алыхьым и нэкІэ зэреплъым щхьэкІэ икІи иІэмкІэ арэзыуэ сыт щыгъуи зэрыщытым щхьэкІэ. Нобэр къыздэсым ар си дэІэпыкъуэгъущ икІи си ныбжьэгъуфІщ.
1986-нэ гъэм Гейл си гъусэу районым и нэхъыжьу лэжьэн щІэздзащ. Абы щыгъуэ сэ иджыри филиалым и комитетым сыщылажьэт. Ди филиалыр зыкІэлъыплъ къэрал куэдым дэ дыкІуэт.
Асмэра къалэм конгрессым псалъэ щыжызоІэ. 1992-нэ гъэ
Си гуапэу сигу къызогъэкІыж 1992-нэ гъэм Эритрея щыІэ Асмэра къалэм конгрессым зэрызыхуэдгъэхьэзырауэ щытар. Абы щыгъуэ а къэралым иджыри дыщызэхуащІатэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, конгрессыр щедгъэкІуэкІыну дэ къытхуэгъуэтар зы гуэн фейцей гуэрт. Абы и кІуэцІыр и щІыбым нэхърэ нэхъ Іеижт. Конгрессыр щекІуэкІыну махуэм сэ слъэгъуар телъыджэт: къуэшхэм а гуэныр Иеговэ щыбгъэлъэпІэну зыхуэфащэ унэ ящІат. Унагъуэ куэдым пІэтепхъуэ дахэхэр къахьри гуэн шынагъуэр дахэу ягъэщІэрэщІат. А конгресс гъуэзэджэм цІыху 1 279 къекІуэлІат.
Ди лэжьыгъэр щетхьэкІкІэ дыкъыщыувыІэ щІыпІэхэр зэи зэщхьтэкъым. Зэгуэр дэ тенджыз Іуфэм деж щыт унэ дэгъуэм дыщІэсащ. ГъущІым къыхэщІыкІа унэжь цІыкІу дыщыпсэуаи къэхъуащ. Абы псыунэр гъунэгъутэкъым, метрищэкІэ укІуэн хуейт. Ауэ ди дежкІэ нэхъапэр дыщыпсэуратэкъым, атІэ псэемыблэжу Иеговэ хуэлажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу махуэ псокІэ хъыбарыфІыр жыджэру зэрыдгъэІурат. НэгъуэщІ щІыпІэ дыщагъэкІуам щыгъуэ ди ныбжьэгъу куэдыр къэдгъэнэн хуей хъуащ икІи дэ абыхэм икъукІэ дахуэзэшт.
ЭФИОПИЕМ ЩЕСХЬЭКІ ЛЭЖЬЫГЪЭМ ФІЫГЪУЭ КУЭД КЪЫПОКІУЭ
1980 гъэхэм и кІэм щыщІэдзауэ 1990 гъэхэм ипэм нэс Кением и филиалыр зыкІэлъыплъ къэралхэм щыщу языныкъуэхэм ди лэжьыгъэр хуиту етхьэкІыфт. ИкІэм-икІэжым абыхэми филиал е офис щызэрагъэпэщащ. 1993-нэ гъэм дэ Эфиопие щыІэ Адди́с-Абе́ба къалэм дэт офисым дагъэкІуащ. Абы илъэс куэдкІэ дыщызэхуэщІауэ дыщытат, ауэ иджы къэралым хуитыныгъэ къыдитат.
Эфиопием районым и нэхъыжьу сыщолажьэ. 1996-нэ гъэ
Эфиопием щекІуэкІ хъыбарыфІ гъэІуныр Иеговэ хуабжьу игъэкІуэтащ. Куэдым пионеру лэжьэн щІадзащ. 2012-нэ гъэм щыщІэдзауэ илъэс къэс къуэш, шыпхъухэм щыщу процент 20-м щІигъур пионеру мэлажьэ. Школ зэмылІэужьыгъуэхэр ирагъэкІуэкІыу щІадзащ икІи дыщызэхуэс Унэу 120-м щІигъу яухуащ. 2004-нэ гъэм Вефилыр унэщІэм ягъэІэпхъуащ икІи а щІапІэ дыдэм конгрессхэр щекІуэкІ Унэ иращІыхьащ.
Эфиопием щыщ къуэш, шыпхъухэр Гейлрэ сэрэ ныбжьэгъуфІ тхуэхъуащ. Дэ ди гум дыхьащ абыхэм я лъагъуныгъэмрэ я гуапагъэмрэ. Ауэ ди узыншагъэм къыхэкІыу дэ Германием щыІэ филиалым дыкъагъэІэпхъуащ. Мыбы къуэш, шыпхъухэм я нэІэ къызэрыттрагъэтыр зыхэпщІэну гуапэщ, ауэ Эфиопием щыІэ ди ныбжьэгъу лъапІэхэми дахуозэш.
ИЕГОВЭ ХЭХЪУЭ КЪЫДИТАЩ
Пэжым и жылэр Иеговэ къызэригъэкІар ди нэкІэ тлъэгъуащ (1 Кор. 3:6, 9). Руандэ къикІауэ Конго щылажьэхэм хъыбарыфІыр щажесІэм щыгъуэ, Руандэ Иеговэ и лэжьакІуэу зы цІыху щыІэтэкъым. Ауэ иджы абы къуэш, шыпхъухэр 30 000-м щІегъу. 1967-нэ гъэм Конго (Киншаса) хъыбарыфІыр зыгъэІухэр минихт зэрыхъур. Иджы а къэралым ди къуэш, шыпхъухэр 230 000-м ноблагъэ, икІи 2018-нэ гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху мелуаным щІигъу къекІуэлІащ. Кением щыІэ филиалыр зыкІэлъыплъу щыта къэралхэм иджыпсту къуэш, шыпхъухэр 100 000-м щІегъу.
Илъэс 50-м щІигъукІэ узэІэбэкІыжмэ, къуэш зэмылІэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ Иеговэ сыхуигъэушащ пионер лэжьыгъэр къэсщтэну. Иджыри къыздэсым сызэрыукІытэхым себэнми, сэ Иеговэ дзыхь хуэсщІу зезгъэсащ. Африкэм илъэс куэдкІэ Иеговэ сызэрыщыхуэлэжьам и фІыгъэкІэ, сиІэмкІэ сыарэзыуэ зезгъэсащ икІи шыІэныгъэ зыхэслъхьащ. ХьэщІагъэ къыдахыу икІи гуфІэгъуэр яфІэмыкІуэду ди гъусэу Иеговэ хуэлэжьа ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэр иджыри къыздэсым гуапэу дигу къыдогъэкІыж. Алыхьым къысхуигъэлъэгъуа щабагъэм щхьэкІэ фІыщІэшхуэ хузощІ! Сызэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыбэжу Иеговэ и нэфІ къысщыхуащ (Пс. 37:4).
a ИужькІэ «Информатор» жыхуаІэм ипІэкІэ «Наше священное служение» жыхуаІэр къыдагъэкІыу щІадзащ. Иджы ар дызэрылажьэ тхылъ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуэтІэращ.
b «Китавала» цІэр суахили бзэмкІэ «тепщэныгъэ» псалъэм къытокІ. А гупыр зыхуейр зыт — Бельгием и лъабжьэм къыщІэкІыну. А гупым хэтхэм Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІ тхыгъэхэр зыІэрагъэхьэт, еджэт икІи нэгъуэщІхэм иратт. Абы нэмыщІ Библием зыхуригъаджэр езыхэм я еплъыкІэхэм хуагъакІуэт, Алыхьым и хабзэхэм ебакъуэу дин нэпцІым пыщІа хабзэхэм зэрытетыр ягъэзэхуэн щхьэкІэ.