ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Июль н. 30—31
  • Пэжу Хьисэ сэр щхьэкІэ и псэр итауэ ара?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Пэжу Хьисэ сэр щхьэкІэ и псэр итауэ ара?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬИСЭ И ЕПЛЪЫКІЭР
  • ПАУЛ СЫТ КЪЫДЭІЭПЫКЪУАР?
  • ИЕГОВЭ «ДИГУХЭМ НЭХЪРЭ НЭХЪ ИНЩ»
  • Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр адэкІи лъапІэу флъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • ЦІыхухэр къригъэлын щхьэкІэ Алыхьым ищІар
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
  • «Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Июль н. 30—31
Два брата проводят изучение Библии с мужчиной, у которого много татуировок и который носит браслеты и цепочки

Пэжу Хьисэ сэр щхьэкІэ и псэр итауэ ара?

ДЭ ДИ ГУРЫЩІЭХЭМ хуэдэ зиІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гум къыбгъэдэкІыу жаІа псалъэхэр Библием къыщыбгъуэтыфынущ (Екъуб 5:17). Псалъэм папщІэ, дэ ди дежкІэ гугъукъым Паул жиІа псалъэхэр къыдгурыІуэну: «ФІы сщІэну сыхуейми, бзаджагъэр сяпэм къохутэ. [...] Сыту сыцІыху тхьэмыщкІэ!» (Рим 7:21—24). Абы и гум къыбгъэдэкІыу жиІа псалъэхэр къыддэІэпыкъунущ хьэл-щэн Іей тхэлъхэм дыщебэнкІэ.

Паул нэгъуэщІ гурыщІэхэри иІащ. Апхуэдэу абы шэч къытримыхьэу Галатие 2:20 щитхащ: «[Хьисэ] фІыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкІэ итащ». Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэ? Хьисэ и гъащІэр уэр щхьэкІэ зэритар зыхэпщІэну иныкъуэхэм деж уи дежкІэ гугъуу къыщІэкІынщ.

Япэм пщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ уэ зыри уримыщІысу зыкъыпщыхъужмэ, Иеговэ фІыуэ узэрилъагъумрэ икІи къызэрыпхуигъэгъумрэ уэ уи фІэщ хъуну къогугъуэкІыу къыщІэкІынщ. Абы нэмыщІ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр уэр щхьэкІэ итауэ уи фІэщ пщІыну нэхъ гугъужу къыщІэкІынщ. Ауэ Хьисэ хуейуэ пІэрэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр уэр щхьэкІэ итауэ уегупсысыну? Хуейуэ щытмэ, ар уи фІэщ пщІыну сыт къыбдэІэпыкъунур? АдэкІэ а упщІитІыр зэпкърытхынщ.

ХЬИСЭ И ЕПЛЪЫКІЭР

Хьисэ пэжу хуейщ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр уэр щхьэкІэ итауэ уегупсысыну. Сыт абы шэч къытепхьэн щІыхуэмейр? Уи нэгу къыщІэгъэхьэ Лука 23:39—43 ит Іуэхугъуэр. Хьисэ и гъунэгъуу пкъом лІы гуэр ираІулІат. А лІым щІэпхъаджагъэ зэрищІамкІэ зеумысыж. Абы ищІа щІэпхъаджагъэр цІыкІу-фэкІу гуэру къыщІэкІынтэкъым пкъом ираІулІу яукІыну апхуэдэ тезыр щытралъхьакІэ. Ар хуабжьу мэгузавэ икІи Хьисэ йолъэІу: «Уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскІэ, уигу сыкъэгъэкІыж».

Иисус Христос на столбе мучений между двумя преступниками

Хьисэ сыт хуэдэ жэуап абы иритар? Уи нэгу къыщІэгъэхьэ Хьисэ хуабжьу узыр зэрызыхищІэм емылъытауэ, и щхьэр игъазэу цІыхухъум и нэм зэрыщІэплъэр. Ар гуапэу хуогуфІэри, щабэу жреІэ: «Пэжыр ныбжызоІэ нобэ: жэнэтым уэ ущызигъусэнущ» (Лк. 23:43, ДЩІ). Хьисэ а щІэпхъаджащІэм игу къигъэкІыжыфынут «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр... цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэ» къызэрыкІуар (Мт. 20:28). Ауэ Хьисэ апхуэдэу имыщІу, абы и гъащІэр а цІыхухъум щхьэкІэ зэритыр къыгуригъэІуащ. «НыбжызоІэ», «уэ», «ущызигъусэнущ» псалъэхэм гуапагъэ къыхощ. «Уэ» цІэпапщІэр Хьисэ къигъэсэбэпащ цІыхухъум къыпэщылъым теухуауэ щыжриІэм,— ар щІылъэм щыІэну жэнэтым зэрыщыпсэуным.

ДауикІ, Хьисэ хуейт а цІыхухъум къыгурыІуэну и гъащІэр абы щхьэкІэ зэритыр. Егупсысыт: и лъэужь ирикІуэхэм щымыщ а щІэпхъаджащІэм ар къыгурыІуэну Хьисэ щыхуеякІэ, дауикІ, ар хуейщ псым зыщІэзыгъэуа Иеговэ и лэжьакІуэм абы шэч къытримыхьэну. Сыт-тІэ къыбдэІэпыкъунур япэм гуэныхь пщІахэм емылъытауэ, Хьисэ уэр щхьэкІэ и гъащІэр зэритар уи фІэщ пщІыну?

ПАУЛ СЫТ КЪЫДЭІЭПЫКЪУАР?

Паул хъыбарыфІыр игъэІуну къалэн иІэм и фІэщ ищІт Хьисэ и гъащІэр абы щхьэкІэ зэритар. Паул итхащ: «Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Іуэхур злэжьыну лъэкІыныгъэ къызэзытам фІыщІэ хузощІ. Абы дзыхь къысхуищІу, мы Іуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкІэ фІыщІэ хузощІ. Сэ ар згъэпцІу, абы и цІыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икІи абы сыхущІэджэу щыта пэтми, гущІэгъу къысхуищІащ» (1 Тим. 1:12—14). Паул къыгурыІуэт Хьисэ абы къалэн къыщритакІэ дзыхь къызэрыхуищІыр, фІыуэ къызэрилъагъур икІи гущІэгъу къызэрыхуищІыр. Нобэ хъыбарыфІыр дгъэІуну Хьисэ дэтхэнэ зыми къалэн къытхуищІащ (Мт. 28:19, 20). А гупсысэм Хьисэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дызэрыхущытыр ихъуэжыфыну пІэрэ?

А́льберт зэхуэсым хагъэкІри, илъэс 34 дэкІа иужь къигъэзэжауэ аращ. Абы жеІэж: «Си гуэныхьхэр сыт щыгъуи си нэгу щІэтщ. Ауэ хъыбарыфІыр щызгъэІум деж сэ зыхызощІэ, апостол Паул хуэдэу, Хьисэ сэ къызита къалэныр зэрызгъэзащІэр. Абы сэ къару къызет икІи къыздоІэпыкъу си гъащІэми, си къэкІуэнуми еплъыкІэ тэмэм сыхуиІэну, абы нэмыщІ си щхьэм пщІэ хуэсщІыжыну» (Пс. 51:3).

Два брата проводят изучение Библии с мужчиной, у которого много татуировок и который носит браслеты и цепочки

Библием евгъаджэхэм я фІэщ хъуну фадэІэпыкъу Хьисэ ахэр фІыуэ зэрилъагъур икІи гущІэгъу зэрахуищІыр

А́ллан япэм щІэпхъаджащІэу икІи цІыху гущІэгъуншэу щытащ. Абы жеІэж: «Иджыри къыздэсым сигу къокІыж цІыхухэм Іей есщІар. Абы щхьэкІэ иныкъуэм деж сынасыпыншэу зыкъысщохъуж. Ауэ сэ, цІыху гуэныхьыщІэм, хъыбарыфІыр нэгъуэщІхэм яжесІэну Иеговэ хуит сызэрищІам щхьэкІэ, абы фІыщІэшхуэ хузощІ! ЦІыхухэр хъыбарыфІым едаІуэу щыслъагъум деж, абы срегъэгупсыс Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум икІи гуапэу къызэрытхущытым. ИкІи зыхызощІэ сэ сызэрыщытам хуэдэу щыт цІыхухэм садэІэпыкъуну Иеговэ сыкъызэригъэсэбэпыр».

ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, дэ ди къарур фІыкІэ къыдогъэсэбэп икІи фІым догупсыс. Хьисэ а къалэныр къыщыдитакІэ, абы дзыхь къытхуещІ, фІыуэ дыкъелъагъу икІи гущІэгъу къытхуещІ.

ИЕГОВЭ «ДИГУХЭМ НЭХЪРЭ НЭХЪ ИНЩ»

ШейтІаным и дуней бзаджэр щыІэхукІэ, гуэныхь тщІауэ щытахэм щхьэкІэ ди гум щІэх-щІэхыурэ дигъэкъуэншэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэм дапхуэдэу дызэребэнынур?

«Сэ зыкІэ согуфІэри „Тхьэр дигухэм нэхърэ нэхъ ину“ зэрыщытым щхьэкІэ!» — жеІэ ди шыпхъу Джин. Абы япэм Иеговэ и Щыхьэтхэм щахэтым деж зыуэ зищІт, ауэ мы дунейм щыхэтым деж нэгъуэщІ зыщІыкІэ иІэт (1 Ин. 3:19, 20). Иеговэрэ Хьисэрэ дэ гуэныхь зэрытхэлъыр къазэрыгурыІуэм дэри гупсэхугъуэ къыдитыфынущ. Зыщумыгъэгъупщэ: Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр цІыху дагъуэншэхэракъым щІитар, атІэ гуэныхь хэлъми, зи гуэныхьым хущІегъуэжхэм щхьэкІэщ (1 Тим. 1:15).

Щхьэщэхужыр уэр щхьэкІэ ята тыгъэу зэрыщытыр уи фІэщ пщІын щхьэкІэ, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэбгъэзэн хуейщ икІи уегупсысын хуейщ Хьисэ цІыху гуэныхьыщІэхэм зэрыхущыту щытам, абы нэмыщІ уи гум къыбгъэдэкІыу хъыбарыфІ гъэІуным ухэтын хуейщ. Абы и фІыгъэкІэ уэри Паул хуэдэу пхужыІэнущ: «[Хьисэ] фІыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкІэ итащ».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын