8 СТАТЬЯР
ФІыщІэ тщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
«Абы фІыщІэ хуэфщІ» (КОЛ. 3:15).
46-НЭ УЭРЭДЫР ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Хьисэ игъэхъужа Самарие хэкум щыщ цІыхухъум и гум илъ фІыщІэр дауэ къызэригъэлъэгъуар?
УЭШЫН УЗ зэфыкІ цІыхухъуипщІым я Іуэхум хэкІыпІэ гуэр иІэу ялъагъутэкъым — узым абыхэм я лъэр щІихт. Ауэ зэгуэр абыхэм ЕгъэджакІуэшхуэ Хьисэ къакІуэу ялъэгъуащ. Абыхэм зэхахат Хьисэ сыт хуэдэ узри зэригъэхъужыр икІи я фІэщ хъут ар абыхэми къазэрыдэІэпыкъуфынур. «МакъышхуэкІэ къэджащ ахэр: „Хьисэ, гъуазэ, гущІэгъу къытхуэщІ!“» Хьисэ ахэр игъэхъужащ, уэшын узыр япкърытауи пщІэжынтэкъым. Хьисэ къахуищІам щхьэкІэ, дауикІ, абыхэм псоми я гум фІыщІэшхуэ илът. Ауэ абыхэм ящыщ зыращ къигъэзэжу фІыщІэ къыхуэзыщІыжар. Хьисэ игъэхъужа, Самарие хэкум щыщ цІыхухъум Алыхьым ину фІыщІэ хуищІу щІидзащ (Лк. 17:12—19).
2, 3. 1) Сыт дэ иныкъуэм деж цІыхухэм фІыщІэ щІахуэдмыщІыр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
2 Самарие хэкум щыщ цІыхухъум щапхъэ тетхыу, дэри фІы къытхуэзыщІэхэм фІыщІэ яхуэтщІыну дыхуейщ. Ауэ иныкъуэм деж дэ тщогъупщэ цІыхум фІыщІэ зэрыхуэтщІыр псалъэкІэ е ІуэхукІэ едгъэлъэгъуну.
3 Ди гум фІыщІэ илъыр псалъэкІи ІуэхукІи къэдгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр мы статьям щызэпкърытхынщ. ФІыщІэ зыщІу щытахэми щымытахэми я щапхъэхэр Библием итщ. Дэ ахэр зэпкърытхынщ икІи ди гум илъ фІыщІэр зэрыдгъэлъагъуэ хъуным дытепсэлъыхьынщ.
ФІЫЩІЭ ТЩІЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?
4, 5. ФІыщІэ тщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
4 ФІыщІэ зэрытщІын хуейм теухуауэ Иеговэ щапхъэфІ дегъэлъагъу. Псалъэм папщІэ, Алыхьым фІыгъуэ куэд яхуещІэ ар зыгъэгуфІэ цІыхухэм (2 Сам. 22:21; Пс. 13:6; Мт. 10:40, 41). Библием итщ: «Тхьэм фІыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкІэ абы и лъэужьым фрикІуэ» (Еф. 5:1). Аращи, фІыщІэ щІэтщІын хуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Иеговэ щапхъэ тетхыну дызэрыхуейращ.
5 Ауэ абы нэгъуэщІ щхьэусыгъуи иІэщ. ФІыщІэ зэрытщІыр шхын ІэфІым ебгъэщхь хъунущ: уэ езым, дауикІ, ар пшхыж хъунущ, ауэ зыгуэрым удэгуашэмэ, нэхъ гуапэщ. ФІыщІэ къыщытхуащІым деж дэ догуфІэ. Дэ нэгъуэщІхэм фІыщІэ щахуэтщІым деж ахэр догъэгуфІэ. Абыхэм къагуроІуэ къару ирахьэлІам мыхьэнэ зэриІэр. Абы и фІыгъэкІэ ди ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу.
6. Ди гум илъ фІыщІэр къызыхэщ псалъэхэр дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэм сыт щІебгъэщхь хъунур?
6 ФІыщІэ тщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Библием щыжыІащ: «Дыжьын тхыпхъэ зыхэлъ дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэм хуэдэщ игъуэм жыІа хъуа псалъэр» (Прит. 25:11). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абы и дахагъыр: дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэм дыжьын тхыпхъэ хэлъу! Ар, дауикІ, лъапІэнущ. Фэ фыгуфІэну къыщІэкІынт апхуэдэ тыгъэ къыфхуащІауэ щытамэ. Абы ещхьу, ди псалъэ гуапэхэри лъапІэщ. Абы нэмыщІ дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэр илъэс куэдкІэ хъума хъунущ. Апхуэдэу фи гум илъ фІыщІэр къызыхэщ псалъэхэр зыгуэрым игъащІэ псокІэ и гум илъынкІэ хъунущ.
АБЫХЭМ ФІЫЩІЭ ЯЩІУ ЩЫТАЩ
7. Псалом 69:30 зэритымкІэ, Даути Псаломыр зытха нэгъуэщІ цІыхухэми я гум илъ фІыщІэр дапхуэдэут зэрагъэлъагъуэр?
7 Пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я гум илъ фІыщІэр ягъэлъагъуэу щытащ. Абыхэм ящыщ зыт Даут. (Къеджэ Псалом 69:30b.) Алыхь пэжым хуэлэжьэныр абы лъапІэу илъытэт икІи ар ІуэхукІэ игъэлъагъуэт. Абы и мылъкум щыщ куэд Алыхьым и Унэшхуэр яухуэным хилъхьащ. Асаф къытехъукІахэми я гум илъ фІыщІэр ягъэлъагъуэт Иеговэ псаломхэр хузэхалъхьэурэ е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, щІыхь къыхуэзыхь уэрэдхэр. А уэрэдхэм ящыщ зым къыхощ абыхэм Алыхьым фІыщІэ зэрыхуащІыр икІи и «Іуэху телъыджэхэр» зэрагъэщІагъуэр (Пс. 75:1). Зэрытлъагъущи, Даутрэ Асаф къытехъукІахэмрэ хуейт Иеговэ къахуищІа фІыгъуэхэм щхьэкІэ фІыщІэ яІэр ягъэлъэгъуэну. Абыхэм щапхъэ дэ дауэ зэратетхыфынур?
Рим къалэм дэсхэм хуэгъэзауэ Паул итха письмом фІыщІэ зэрыщІын хуейм теухуауэ сытым дыхуигъасэрэ? (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)c
8, 9. Апостол Паул къуэш, шыпхъухэр лъапІэу зэрилъытэр сытыт къызыхэщыр? Сыт абы къыпэкІуар?
8 Апостол Паул къуэш, шыпхъухэр лъапІэу илъытэт. Абы и лъагъуныгъэр къыхэщт абыхэм теухуауэ псалъэ жиІэхэм. Къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ Паул сыт щыгъуи Алыхьым фІыщІэ хуищІт. Абы нэмыщІ и гум илъ фІыщІэр письмо яхуитххэм къыщыхигъэщт. Рим дэсхэм хуэгъэза письмом, 16-нэ псалъащхьэм, япэ едзыгъуэм щыщІэдзауэ 15-нэс Паул къуэш, шыпхъуу 27-м я цІэхэр къреІуэ. Псом хуэмыдэу, абы къыхегъэщ Акилэрэ Прискиллэрэ «езыхэм я псэхэм» щымысхьыжу ар кърагъэлын щхьэкІэ куэд зэращІар. Абы нэмыщІ Фэбэ зи цІэ шыпхъум теухуауэ Паул мыпхуэдэу жиІащ: «ЦІыху куэдым, сэри сахэту, дэІэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар» (Рим 16:2). Паул къыхигъэща къуэш, шыпхъухэр фІыуэ илъагъут икІи ахэр Алыхьым жыджэру зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ щытхъут.
9 Паул ищІэт а къуэш, шыпхъухэр цІыху дагъуэншэу зэрыщымытыр, ауэ и письмом абы къыхигъэщар абыхэм я хьэл-щэн дахэхэращ. Зэхуэсым а письмом къыщеджэм щыгъуэ, къуэш, шыпхъухэм, дауикІ, я гуапэт Паул къыбгъэдэкІ щытхъу псалъэхэр зэхахыну. Абы и фІыгъэкІэ Паулрэ абыхэмрэ я ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуащ. Уэри уи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я псалъэ гуапэхэмрэ ялэжь ІуэхуфІхэмрэ щхьэкІэ фІыщІэ яхуэпщІрэ?
10. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм фІыщІэ яхуищІу зэрыщытам сытым дыхуигъасэрэ?
10 Хьисэ Асие хэкум (Малая Азием) щыІэ зэхуэсхэм защыхуигъэзам щыгъуэ, абыхэм ялэжь Іуэхухэм щхьэкІэ фІыщІэ яхуищІащ. Псалъэм папщІэ, Фиатирэ къалэм щыщ зэхуэсым мыпхуэдэу жриІащ: «Фэ влэжь Іуэхухэр сощІэ, фи фІылъагъуныгъэри, фи фІэщхъуныгъэри, дэІэпыкъуэгъу фызэрызэхуэхъужри, теубыдагъэ фиІэу фызэрыпсэури сощІэ. Япэм нэхърэ иджы фІы нэхъыбэ зэрыфщІэри сощІэ» (Апок. 2:19). Хьисэ зэхуэсым щыщхэм нэхъыбэ зэращІэм гу зэрылъитам нэмыщІ, фІы ящІэну хуэзыгъэуша хьэл-щэнхэр зэрахэлъым щхьэкІи ящытхъуащ. Фиатирэ къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм чэнджэщ яритын хуей хъуами, абыхэм хуэгъэза псалъэхэр Хьисэ щытхъукІэ щІедзэ икІи щытхъукІэ еух (Апок. 2:25—28). Фегупсысыт: Хьисэ зэхуэс псоми я нэхъыжьщ икІи абы и къалэнкъым хуэтщІэм щхьэкІэ къытщытхъуну. Абы емылъытауэ, Хьисэ къытщытхъуным мыхьэнэшхуэ иІэу елъытэ. Ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дежкІэ щапхъэфІщ!
АБЫХЭМ ФІЫЩІЭ ЯЩІУ ЩЫТАКЪЫМ
11. Эсау Иеговэ фІыуэ зэримылъагъур икІи абы пщІэ зэрыхуимыщІыр сыт къызыхэщар?
11 Библием зи гугъу ищІ языныкъуэ цІыхухэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, я гум фІыщІэ илътэкъым. Абыхэм ящыщ зыщ Эсау (Исав). Эсау Иеговэ фІыуэ илъагъуу икІи абы пщІэ хуищІу и адэ-анэм ягъасэт, ауэ ар «Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум имылъ цІыхухэм ящыщ» хъуащ. (Къеджэ Еврейхэм 12:16.) Абы и гум фІыщІэ зэримылъыр сытыт къызыхэщыр? Эсау щыпэлъхум иІэу щыта хуитыныгъэр емыгупсысыххэу и къуэш нэхъыщІэ Екъуб зы шхыныгъуэкІэ ирищэжащ (ЩІэдз. 25:30—34). ИужькІэ Эсау щІегъуэжащ, ауэ абы и гум фІыщІэ илъытэкъыми, щыпэлъхум хуэфащэр къызэрылъымысам щхьэкІэ тхьэусыхэну хуиттэкъым.
12, 13. Израил цІыхухэм я гум фІыщІэ зэримылъыжыр сыт къызыхэщар икІи сыт абы къыпэкІуар?
12 Израил цІыхухэм Иеговэ фІыщІэ щІыхуащІын щхьэусыгъуэ куэд яІэт. Алыхьым ахэр гъэрыпІэм къыришыжауэ щытащ Мысырым тезырипщІ трилъхьэри. Абы иужькІэ ахэр къригъэлащ Мысырым и зауэлІхэр Хы плъыжьым иригъэтхьэлэри. Израил цІыхухэр Иеговэ апхуэдизкІэ хуэарэзыти, уэрэдкІэ ар ягъэлъапІэу щІадзащ. Ауэ я гум илъ фІыщІэр яхъумауэ пІэрэ абыхэм?
13 Израил цІыхухэр нэгъуэщІ гугъуехьхэм пэщІэхуа иужь, Иеговэ къахуищІа фІыгъуэу хъуар псынщІэу ящыгъупщэжащ. Куэд дэмыкІыу абыхэм я гум фІыщІэ зэримылъыжыр наІуэ хъуащ (Пс. 106:7). Библием зэрыжиІэмкІэ, «Израил лъэпкъым щыщ псори Мусэрэ Хьэрунрэ щхьэкІэ тхьэусыхэн щІадзащ», нэгъуэщІу жыпІэмэ езы Иеговэ щхьэкІэ тхьэусыхэу арат ахэр (Исх. 16:2, 8). Алыхьым и жагъуэ хъуат и лъэпкъым щыщ цІыхухэм я гум фІыщІэ зэримылъым щхьэкІэ. ИужькІэ Иеговэ жиІат тхьэусыхауэ щыта щІэблэр губгъуэ нэщІым зэрыщылІэнур, Нун и къуэ Ехьошуарэ Халеврэ нэмыщІ (Чис. 14:22—24; 26:65). АдэкІэ деплъынщ зэпкърытха щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфынуми.
ФІЫЩІЭ ЗЭРЫФЩІЫР ВГЪЭЛЪАГЪУЭ
14, 15. 1) Зэщхьэгъусэхэм зыр зым лъапІэу зэрилъытэр дауэ зэрагъэлъэгъуэфынур? 2) Адэ-анэхэм я сабийхэм фІыщІэ ящІу дауэ зэрагъэсэфынур?
14 Унагъуэм. Унагъуэм щыщ псоми фІыщІэ ящІу щытмэ, унагъуэр нэхъ быдэ мэхъу. Зэщхьэгъусэхэм я гум илъ фІыщІэр нэхъыбэрэ ягъэлъэгъуэхукІэ, нэхъ гъунэгъу зэхуохъу икІи нэхъ псынщІэу щыуагъэхэр ягъэгъуу мэхъу. ЦІыхухъум и щхьэгъусэр лъапІэу илъытэмэ, абы и псалъэ гуапэхэмрэ и ІуэхуфІхэмрэ гу зэрылъитэм и мызакъуэу, «псалъэ дахэхэр» жриІэурэ зэрыщытхъуным хущІокъу (Прит. 31:10, 28, Гъэсэпэтхыдэхэр). Іущагъ зыхэлъ цІыхубзми и щхьэгъусэр лъапІэу щІилъытэм и щхьэусыгъуэр сыт щыгъуи жиІэнущ.
15 Адэ-анэхэ, фи сабийхэм фІыщІэ ящІу дауэ зэрывгъэсэфынур? Зыщывмыгъэгъупщэ, фэ жыфІэмрэ фщІэмрэ фи сабийхэм гу лъатэ икІи щапхъэ къыфтрахыну хэтщ. Абы къыхэкІкІэ сабийхэм щапхъэфІ евгъэлъагъу — фэр щхьэкІэ зыгуэр ящІамэ, «Упсэу» яжефІэ. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэми фІыщІэ хуащІу евгъасэ. Абыхэм къагурывгъаІуэ фІыщІэ пщІын щхьэкІэ ар уи гум илъын зэрыхуейр икІи псалъэ гуапэхэм къаруушхуэ зэраІэр. Кла́ри и цІэу зы цІыхубз гуэрым жеІэ: «Си анэр илъэс 32 щыхъум сабиищ иІэу и закъуэу къэнащ. Сэ езыр илъэс 32 сыщыхъуам къызгурыІуащ си анэр абы щыгъуэ дапхуэдизу гугъу ехьами. Арати, сэ си анэм жесІащ сэри си дэлъхухэри дипІын щхьэкІэ ар гугъу зэрехьар лъапІэу зэрыслъытэр. Куэд мыщІэу си анэм жиІэжащ абы щІэх-щІэхыурэ си псалъэхэр игу къызэригъэкІыжыр икІи абыхэм ар зэрагъэгушхуэр».
Фи сабийхэм фІыщІэ ящІу вгъасэ. (15-нэ абзацым феплъ.)d
16. Ди фІыщІэр къызыхэщ псалъэхэм нэгъуэщІхэр зэрагъэгушхуэфынур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.
16 Зэхуэсым. Ди къуэш, ди шыпхъухэм фІыщІэ щахуэтщІым деж, ахэр догъэгушхуэ. Илъэс 28 хъу зэхуэсым и нэхъыжь Хо́рхе и щапхъэр зэпкърытхынщ. Зэгуэр ар сымаджэ хьэлъэ хъури мазэ псокІэ зэІущІэхэм кІуэфакъым. Ауэ иужькІэ зэІущІэхэм кІуэуэ щІидзэжами, абы пунктхэр иригъэкІуэкІыфтэкъым. Хорхе жеІэж: «Си узыншагъэм къыхэкІкІэ зэхуэсым си къалэнхэр схуэгъэзэщІэжтэкъыми, сэбэпынагъ лъэпкъ къыспымыкІыжу къысщыхъут. Ауэ зэхуэс нэужьым зы къуэш гуэр къызбгъэдыхьэри мыпхуэдэу къызжиІат: „ФІыщІэшхуэ пхуэсщІыну сыхуейт си унагъуэм щапхъэфІ дыдэ узэрыхуэхъуам щхьэкІэ. Уэ пщІэуэ къыщІэкІынкъым иужьрей илъэсхэм псалъэ жыпІауэ щытахэм дапхуэдизу дагъэгушхуами. Абыхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІащ“. А къуэшым жиІа псалъэхэр си гум щІыхьащ икІи си нэпсхэм къызыпажыхьащ. А псалъэхэм сэ зыкІэ сыхуэныкъуэти!»
17. Колоссэ 3:15 сыт тщІэну дыхуигъэушрэ икІи дауэ ар зэрытщІэ хъунур?
17 Ди Алыхь хьэлэлым фІыщІэ хуэфщІ. Иеговэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ шхыныгъуэхэр берычэту къыдет. Дэ дызыхуэныкъуэ щІэныгъэхэр зэІущІэхэм къыщытІэрохьэ, абы нэмыщІ Библием тегъэщІа тхыгъэхэмрэ сайтым къралъхьэ статьяхэмрэ ахэр къыщыдогъуэт. Къэхъуауэ пІэрэ, къуэшым игъэхьэзыра псалъэ федэІуауэ, статья гуэр феджауэ е ди интернет-телевидением феплъауэ, мыпхуэдэу щыжыфІа: «Мыр сэ иджыпсту сызыхуэныкъуэрат!» Иеговэ дауэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыфынур? (Къеджэ Колоссэ 3:15.) Псалъэм папщІэ, тыгъэ къывитхэм щхьэкІэ зэпымыууэ лъэІукІэ фІыщІэ хуэфщІ (Екъуб 1:17).
Дыщызэхуэс Унэр зэрызылъыІутхымкІэ Алыхьым фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ. (18-нэ абзацым феплъ.)
18. Дыщызэхуэс Унэ дызэриІэм щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр дауэ зэрыдгъэлъэгъуэфынур?
18 Иджыри ди гум илъ фІыщІэр дэ къыдогъэлъагъуэ дыщызэхуэс Унэхэр къабзэу зэрызетхьэмкІэ. Ар щызэлъыІуахым икІи зыхуей щыхуагъазэм деж, дэ зэпымыууэ абы дыхэтыну дыхущІокъу. Уэрэд къызэредгъауэ икІи видеороликхэр зэрыдгъэлъагъуэ аппаратурэм деж щысхэм, ар хуэсакъыу къызэрагъэсэбэпыным иужь итщ. Дыщызэхуэс Унэр фІыуэ зетхьэмэ, ар нэхъыбэрэ щытынущ икІи ремонт нэхъ мащІэрэ тщІынущ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ дыщызэхуэс Унэхэр яухуэн е ремонт ящІын щхьэкІэ ахъшэ нэхъ мащІэщ трагъэкІуэдэнур.
19. Районым и нэхъыжь ди къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ я щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну?
19 Фэр щхьэкІэ куэд зыщІэхэм фІыщІэ хуэфщІ. ЦІыхум фІыщІэ щыхуэтщІым деж, ди псалъэхэр абы къыдэІэпыкъункІэ хъунущ гугъуехь зыпэщІэхуам зэрыхущытыр ихъуэжыну. Районым и нэхъыжь ди къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ я щапхъэр зэпкърытхынщ. Зы щІымахуэ гуэрым махуэ псокІэ абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуат икІи Іейуэ езэшауэ унэм кІуэжат. АпхуэдизкІэ щІыІэти, ди шыпхъум бэлътор щимыхыу гъуэлъыжат. Пщэдджыжьым абы и лІым жриІащ тхьэмахуэ къэс зы щІыпІэм икІыу нэгъуэщІ щІыпІэм кІуэурэ хъыбарыфІыр игъэІуну къару зэримыІэжыр. А пщэдджыжь дыдэм абыхэм филиалым къитха письмо къаІэрыхьащ. Ар ди шыпхъурат зыхуэгъэзар. Шыпхъур Иеговэ хуэпэжу зэрылажьэм щхьэкІэ икІи теубыдагъэ зэрыхэлъым щхьэкІэ псалъэ гуапэхэр а письмом итт. ИкІи щыжыІат тхьэмахуэ къэс зы щІыпІэм уикІыу нэгъуэщІ щІыпІэм укІуэну зэрыгугъур. Ди къуэшым жеІэж: «А письмом ита псалъэхэр си щхьэгъусэм и гум апхуэдизкІэ щІыхьати, абы зэи афІэкІа жиІакъым а лэжьыгъэр къигъэнэну хуейуэ. Сэ а лэжьыгъэр къэзгъэнэну сыщегупсысым дежи, езым сыщигъэгушхуа къэхъуащ». А зэщхьэгъусэхэм районнэ лэжьыгъэр илъэс 40-м нэскІэ ягъэзэщІащ.
20. Сыт дэ махуэ къэс дызыхущІэкъун хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
20 Аращи, нэгъуэщІхэм махуэ къэс фІыщІэ хуэдвгъэщІ, ар ди псалъэхэми ди Іуэхухэми къыхрещ. Мы дунейм щыщ цІыхухэм фІыщІэ ящІкъым, ауэ дэ ди псалъэ гуапэхэр е ди ІуэхуфІхэр нэгъуэщІым дэІэпыкъункІэ хъунущ, махуэ къэс зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм пэлъэщыну. Абы нэмыщІ фІыщІэ зэрытщІым и фІыгъэкІэ ди къуэшымрэ дэрэ ди ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуфынущ икІи ар игъащІэ псокІэ тхуэхъумэнущ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр, фІыщІэ зыщІ, хьэлэлагъ зыхэлъ ди Адэ Иеговэ щапхъэ тетхынущ.
20-НЭ УЭРЭДЫР Уи Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ птащ
a ФІыщІэ зэрыщІын хуейм теухуауэ Иеговэ, Хьисэ икІи уэшын уз зэфыкІыу щыта Самарие хэкум щыщ цІыхухъум я щапхъэхэм сытым дыхуагъасэфыну? Мы статьям а щапхъэхэр щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ фІыщІэ тщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми икІи ди гум илъ фІыщІэр дауэ дгъэлъэгъуэнуми къэтщІэнущ.
b Псалом 69:30: «Сэ Иеговэ и цІэм уэрэдкІэ щытхъу къыхуэсхьынущ, фІыщІэ хуэсщІурэ згъэлъэпІэнущ».
c СУРЭТЫР. Рим къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Паул и письмом къыхуоджэ; Акилэ, Прискиллэ, Фэбэ икІи нэгъуэщІхэм я цІэхэр письмом зэрыхэтыр я гуапэщ.
d СУРЭТЫР. Анэр и пхъум доІэпыкъу зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъум щапхъэфІ игъэлъагъуэм щхьэкІэ фІыщІэ хуищІыну.