ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Февраль н. 8—13
  • «Іэдэбагъыр къэфлъыхъуэ» икІи Иеговэ вгъэгуфІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Іэдэбагъыр къэфлъыхъуэ» икІи Иеговэ вгъэгуфІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ІЭДЭБАГЪЫР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
  • ІЭДЭБАГЪЫР БГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ ЩЫМЫТЫНШЫР ДАПЩЭЩ?
  • СЫТ АДЭКІИ ІЭДЭБАГЪ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ЩІЫХУЕЙР?
  • Уи пІэм укъыщрашым дежи Іэдэбагъ зыхэгъэлъ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • Фи нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Февраль н. 8—13

7 СТАТЬЯР

«Іэдэбагъыр къэфлъыхъуэ» икІи Иеговэ вгъэгуфІэ

«Дунейм тет цІыху Іэдэб псоми Иеговэ къэфлъыхъуэ... Іэдэбагъыр къэфлъыхъуэ» (СОФ. 2:3).

80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Мусэ сыт хуэдэ цІыхуу щыта икІи, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ, сыт абы хузэфІэкІар? 2) Іэдэбагъыр щІызыхэтлъхьэн хуейр сыт?

БИБЛИЕМ зэрыжиІэмкІэ, «дунейм тет цІыхухэм щыщу Мусэ псом нэхърэ нэхъ Іэдэбт» (Чис. 12:3). Абы къикІрэт ар цІыху хахуэу щымыту икІи теубыдагъэрэ тегушхуэныгъэрэ хэмылъу? Языныкъуэхэм апхуэдэущ цІыху Іэдэбыр я нэгу къызэрыщІагъэхьэр. Ауэ ар еплъыкІэ пэжкъым. Мусэ тегушхуэныгъэ, лІыгъэ, теубыдагъэ зыхэлъ цІыхут. Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ, ар мышынэу фирхьэуным пэщІэуващ, цІыху 3 000 000 хуэдиз хъу лъэпкъыр пшахъуэщІым къыщришэкІащ икІи бийхэм текІуэну журтхэм ядэІэпыкъуащ.

2 Мусэ зыпэщІэхуа Іуэхугъуэхэм хуэдэ дыпэщІэмыхуэми, Іэдэбагъыр бгъэлъэгъуэну щымытынш Іуэхугъуэхэм дэ махуэ къэс дрихьэлІэфынущ. Ауэ а хьэл-щэныр щІызыхэтлъхьэн хуей щхьэусыгъуэшхуэ диІэщ. Иеговэ дыкъегъэгугъэ: «Іэдэбхэм щІыр щІэину ялъысынущ» (Пс. 37:11). Уэ цІыху Іэдэбу зыплъытэжрэ? УкъэзыцІыхухэми ара жаІэр? Мыхьэнэшхуэ зиІэ мы упщІитІым жэуап ептын щхьэкІэ, Іэдэбагъыр зищІысыр зэхэбгъэкІын хуейщ.

ІЭДЭБАГЪЫР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?

3, 4. 1) Іэдэбагъыр сыт зэбгъэщхь хъунур? 2) ЦІыху Іэдэбым иджыри сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

3 Іэдэбагъырb сурэтым ебгъэщхь хъунущ. Сурэт дахэм плъыфэ зэмылІэужьыгъуэхэр щызэхэлъхьащ. Абы хуэдэу, Іэдэбагъым хьэл-щэн дахэ зэмылІэужьыгъуэхэр хохьэ: щабагъыр, жыІэдаІуэныгъэр, теубыдагъэр. Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуеймэ, а хьэл-щэнхэр щІытхэлъын хуейр сыт?

4 Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхум жыІэдаІуэныгъэ хэлъу Алыхьыр зыхуейр егъэзащІэ. Абы нэмыщІ Алыхьыр хуейщ щабагъ тхэлъу псоми дахущытыну (2 Тим. 2:24). Иеговэ и Іэмырыр зэрыдгъэзащІэм Иблисыр егъэлеяуэ къегъэгубжь. Абы къыхэкІкІэ, Іэдэбу икІи щабэу дыщытыну дызэрыхущІэкъум емылъытауэ, ШейтІаным и лъабжьэ щІэт цІыху куэдым дыкъалъагъу хъукъым (Ин. 15:18, 19). Аращи, дэ Иблисым дыпэщІэтын щхьэкІэ, теубыдагъэ тхэлъын хуейщ.

5, 6. 1) Иблисым цІыху Іэдэбхэр щІилъагъу мыхъур сыт? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэм жэуап еттын хуей?

5 Іэдэбагъым пагагъэр пэщІоувэ. ЦІыху пагэр тэмакъкІэщІщ икІи Иеговэ едаІуэкъым. Иблис и щытыкІэр апхуэдэщ. ГъэщІэгъуэнкъым абы цІыху Іэдэбхэр илъагъу зэрымыхъур! Абыхэм Іэдэбагъ зэрагъэлъагъуэмкІэ ШейтІаныр зэрыпагэр къыщІагъэщ. Иблис дежкІэ псом нэхърэ нэхъ Іейр ар зэрыпцІыупсыр Іэдэбхэм къызэрыщІагъэщыращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сыт имыщІами, сыт жимыІами Іэдэбагъ зыхэлъхэр Иеговэ хуэмылэжьэжу ищІыфынукъым (Иов 2:3—5).

6 Дапщэщ Іэдэбагъыр бгъэлъэгъуэну щымытыншыр? АдэкІи а хьэл-щэныр зыхэтлъхьэн щІыхуейр сыт? Мы упщІэхэм жэуап еттын щхьэкІэ, Мусэ, журт щІалищым икІи Хьисэ я щапхъэхэр зэпкърытхынщ.

ІЭДЭБАГЪЫР БГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ ЩЫМЫТЫНШЫР ДАПЩЭЩ?

7, 8. Мусэ пщІэ къыщыхуамыщІам щыгъуэ сыт ищІар?

7 Тепщэныгъэ ди ІэмыщІэм къыщралъхьэм деж. Тепщэныгъэ зыІэщІэлъ цІыхум Іэдэбагъ игъэлъэгъуэну тыншкъым, псом хуэмыдэу абы и лъабжьэ щІэтхэм пщІэ къыхуамыщІмэ е и унафэхэр ягу иримыхьмэ. Зэгуэр уэ апхуэдэ уІущІа? Уи унагъуэм щыщ гуэрым пщІэ къыпхуимыщІамэ, сытыт уэ пщІэнур? Апхуэдэ Іуэхугъуэ щыпэщІэхуам Мусэ ищІам дытепсэлъыхьынщ.

8 Иеговэ Мусэ щІыхь къыхуищІри, ар Израилым и пашэу тригъэуващ икІи и лъэпкъым щхьэкІэ унафэхэр иригъэтхащ. Шэч хэлътэкъым Иеговэ Мусэ зэрыдэІэпыкъум. Абы емылъытауэ, Мусэ и къуэш Хьэрунрэ и шыпхъу Мэрямрэ къыхуэшхыдащ абы щхьэгъусэу къыхихам щхьэкІэ. Мусэ и пІэм нэгъуэщІ зыгуэр итамэ, ар къэгубжьу и жагъуэ къэзыщІахэм яхуимыгъэгъункІэ хъунут. Ауэ Мусэ апхуэдэтэкъым, абы зышыІэныгъэ хэлът. Іэдэбагъ зыхэлъ Мусэ Иеговэ елъэІуащ тезыр папщІэу Мэрям къытехуа уэшын узыр трихыжыну (Чис. 12:1—13). Сыт Мусэ апхуэдэу щІищІар?

Моисей умоляет Иегову исцелить пораженную проказой Мариам, Аарон смотрит на нее

Мусэ Иеговэ елъэІут тезыр папщІэу Мэрям къытехуа уэшын узыр трихыжыну. (8-нэ абзацым феплъ.)

9, 10. 1) Иеговэ Мусэ сыт къыгуригъэІуар? 2) Унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ дауэ Мусэ щапхъэ зэрытрахыфынур?

9 Иеговэ къыбгъэдэкІ гъэсэныгъэр Мусэ ифІэфІу зыхилъхьэт. Илъэс 40 ипэ, Мусэ фирхьэуным и унагъуэм щыпсэуам щыгъуэ, абы Іэдэбагъ хэлъу щытакъым. Зэгуэр ар апхуэдизкІэ къэгубжьати, къуаншэу илъытэ цІыхухъур иукІащ. Мусэ и гугъащ абы ищІамкІэ Иеговэ къыхуэарэзыну. Илъэс 40-м и кІуэцІкІэ Иеговэ Мусэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы гупсысэ къыгуригъэІуащ: журт лъэпкъым и пашэу ущытын щхьэкІэ лІыгъэм нэмыщІ, Іэдэбагъи пхэлъын хуейщ. Іэдэбагъыр зыхилъхьэн щхьэкІэ Мусэ жыІэдаІуэу икІи цІыху щабэу щытын хуейт. Иеговэ къыбгъэдэкІ гъэсэныгъэр Мусэ зыхилъхьэри, лъэпкъым пашэфІ хуэхъуащ (Исх. 2:11, 12; Апост. 7:21—30, 36).

10 Унагъуэм и нэхъыжьхэми зэхуэсым и нэхъыжьхэми Мусэ щапхъэ трахын хуейщ. Пхуэфащэ пщІэр къыпхуамыщІмэ, уи пІэм укъимыкІ. Уи щыуагъэр къыщІагъэщамэ, уи жагъуэ умыщІ, Іэдэбагъ зыхэгъэлъ (Эккл. 7:9, 20). ЦІыхум уекІужын щхьэкІэ, Иеговэ къыбгъэдэкІ чэнджэщхэм тет. Уи жэуапыр сыт щыгъуи щабэу щрет (Прит. 15:1, Гъэсэпэтхыдэхэр). Апхуэдэу зыщІэ унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Иеговэ ягъэгуфІэ, мамырыгъэм хущІокъу икІи Іэдэбагъыр зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ адрейхэм щапхъэ яхуохъу.

11—13. Анание, Мисаил, Азарие сымэ дауэ щапхъэ зэрытетх хъунур?

11 Гугъуехь щыдагъэшэчым деж. Ижь-ижьыж лъандэрэ пащтыхьхэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр гугъу ирагъэхьт. Ди зэманми дымыщІа гуэр къыттралъхьэнкІэ хъунущ. Ауэ дыкъыщІрахуэкІым и щхьэусыгъуэ дыдэр «цІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэІуэн хуейщ» жыхуиІэ унафэм дызэрытетыращ (Апост. 5:29). Дэ ди пщІэр ираудыхынкІэ хъунущ, тутнакъым драдзэнкІэ хъунущ, уеблэмэ, удыни къыттралъхьэнкІэ хъунущ. Ауэ дэ дилъ тщІэжыну дыхэткъым, атІэ Иеговэ и фІыгъэкІэ Іэдэбагъ зэрыдгъэлъэгъуэным иужь дитщ.

12 Бабилэн къалэм гъэру яша Анание, Мисаил, Азарие сымэ я щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщc. Бабилэным и пащтыхьым а щІалищым унафэ къахуищІат дыщэкІэ гъэжа тхьэ нэпцІым щхьэщэ хуащІыну, ауэ абыхэм ар зэрамыщІэнур Іэдэбагъ яхэлъу жаІащ. ЩІалэхэр хьэку жьэражьэм иридзэну пащтыхьым жиІами, ахэр Алыхьым хуэжыІэдаІуэу къэнащ. Ахэр къригъэлыну Иеговэ и къалэну щІалэхэм ямыбжми, Алыхьым ахэр къригъэлащ. ЩІалищыр сытми хуэхьэзырт (Дан. 3:1, 8—28). Абыхэм я щапхъэм къегъэлъагъуэ цІыху Іэдэбхэм лІыгъэ зэрахэлъыр. Къэралым и унафэщІхэм Иеговэ депцІыжыну дыхагъэзыхьми, тезыр къыттралъхьэми, даукІыну жаІэми, «езым фІэкІа нэгъуэщІым зыми хуэлэжьэныр зымыдэ Алыхь» Иеговэ дэ хуэлэжьэн щыдгъэткъым (Исх. 20:4, 5).

13 ГъэунэхуапІэ дыщихуэм деж, Анание, Мисаил, Азарие сымэ дауэ щапхъэ зэрытетх хъунур? Дэ Іэдэбагъ тхэлъщ икІи ди фІэщ мэхъу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунур (Пс. 118:6, 7). ЗыгуэркІэ дызыгъэкъуаншэхэм дэ «Іэдэбу, Тхьэм и фІэлІыкІ дигу зэрилъымкІэ» жэуап идот (1 Пет. 3:15). Дэ мурад быдэ тщІащ ди Ныбжьэгъуу икІи фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэу щыт Иеговэ зэи демыпцІыжыну.

Супруги-Свидетели проповедуют с тележкой; когда к ним подходит агрессивный мужчина, они ведут себя мягко и с уважением

Къэгубжьа цІыхухэми пщІэ хэлъу допсалъэ. (13-нэ абзацым феплъ.)

14, 15. 1) Стрессыр дауэ зэран къызэрытхуэхъуфынур? 2) Исаия 53:7, 10 итым тепщІыхьмэ, гузэвэгъуэ гуэр дыщыхэтым деж Іэдэбагъыр зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэу щыІэм я нэхъыфІыр къытхуигъэнауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

14 Стресс щыдгъуэтым деж. Стресс къыдэзытын щхьэусыгъуэ куэд щыІэщ. Псалъэм папщІэ, школакІуэр экзаменым ипэ мэгузавэ, цІыху балигъри лэжьыгъэ гуэрым пэрыувэн ипэ мэгузавэ. Куэдыр операцэ е обследование къызэрыпэщылъ къудейм егъэгузавэ. Дыщыгузавэм деж Іэдэбагъыр дгъэлъэгъуэну тыншкъым. Япэм къытфІэмыІуэхуу щытам иджы дигъэбэмпІэнкІэ хъунущ. НэгъуэщІхэм щІыІэ-щІыІэу дахущытынкІэ хъунущ икІи псалъэ жагъуэ яжетІэнкІэ хъунущ. Зэгуэр стресс бгъуэтамэ, Хьисэ Мэссихь и щапхъэм егупсыс.

15 Хьисэ яукІыным ипэ къихуэу гузэвэгъуэ куэд ишэчын хуей хъуащ. Абы ищІэт хьэзаб куэд къызэрыпэщылъыр икІи зэраукІынур (Ин. 3:14, 15; Гал. 3:13). Хьисэ лІэным мазэ зыбжанэ иІэу и гум хьэлъэ зэрытелъыр и гъэсэнхэм яжриІат (Лк. 12:50). ИкІи Хьисэ яукІыным махуэ зыбжанэ иІэжу абы жиІащ: «Иджы согузавэ». Хьисэ и тхьэлъэІум къыхэщт абы Іэдэбагърэ жыІэдаІуэныгъэрэ зэрыхэлъыр. Абы и Адэм жриІащ: «Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысІэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкІэщ дунейм сыкъыщІэкІуар. Си Адэ, уи цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм егъэлъагъу» (Ин. 12:27, 28). Зэманыр къыщысам щыгъуэ Хьисэ лІыгъэ хэлъу Иеговэ и жагъуэгъухэр хуит ищІащ гущІэгъуншагъэрэ икІагъэрэ хэлъу ар яукІыну. Хьисэ зэрыгузавэмрэ хьэзаб зэришэчымрэ емылъытауэ, Іэдэбагъ игъэлъэгъуащ икІи Алыхьым и Іэмырыр и кІэм нэс игъэзэщІащ. Гузэвэгъуэ гуэр дыщыхэтым деж Іэдэбагъыр зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэу щыІэм я нэхъыфІыр къытхуигъэнащ. (Къеджэ Исаия 53:7, 10d.)

Иисус мягко исправляет учеников, которые спорят о том, кто из них больше

Іэдэбагъыр зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэу щыІэм я нэхъыфІыр къытхуигъэнащ. (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)g

16, 17. 1) Хьисэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр дауэ наІуэ зэрыхъуар, абы и ныбжьэгъухэр щызэдэуам щыгъуэ? 2) Хьисэ щапхъэ дауэ тетх хъуну?

16 ЩылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм Хьисэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр и ныбжьэгъухэм я дежкІэ иджыри зэ наІуэ хъуащ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэ Хьисэ а пщыхьэщхьэм ишэчын хуей хъуа гузэвэгъуэр. Ар лІэху Алыхьым пэжу къыхуэнэн хуейт. Миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм я гъащІэр абы елъытат (Рим 5:18, 19). Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи, Хьисэ ищІэнум елъытат и Адэм и цІэ лъапІэр гъэкъэбзэжа хъунрэ мыхъунрэ (Иов 2:4). Иужьрей пщыхьэщхьэм Хьисэ и апостолхэм «нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуеймкІэ зэдауэу щІадзащ». Апостолхэм я еплъыкІэ пхэнжыр яхъуэжыну Хьисэ абыхэм мызэ-мытІэу ядэІэпыкъуащ. А пщыхьэщхьэ дыдэми сыхьэт зыбжанэ ипэкІэ ахэр абы тепсэлъыхьахэт. ГъэщІэгъуэныращи, Хьисэ зэпІэзэрыту къэнащ икІи щабэу абыхэм епсэлъащ. Щабагъэ хэлъу, ауэ быдэу аргуэру абыхэм къагуригъэІуащ ахэр Іэдэбу зэрыщытын хуейр. Абы иужь Хьисэ и ныбжьэгъухэм ящытхъуащ, ахэр сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн къызэрыхуэхъум щхьэкІэ (Лк. 22:24—28; Ин. 13:1—5, 12—15).

17 Апхуэдэ Іуэхугъуэ гуэр упэщІэхуамэ, сытыт уэ пщІэнур? Зыгуэрым егъэлеяуэ уигъэгузавэмэ, Хьисэ хуэдэу зэпІэзэрыту къанэ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Зым зыр ирешыІэ» (Кол. 3:13). Мы унафэр пфІэфІу гъэзащІэ. Ар бгъэзэщІэну нэхъ тынш хъунущ, мы гупсысэр зыщумыгъэгъупщэмэ: адрейхэм ягу иримыхьын уэри щыжыпІэ икІи щыпщІэ къохъу (Прит. 12:18, Гъэс.; Екъуб 3:2, 5). Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм ящытхъу абыхэм хьэл-щэныфІхэр зэрагъэлъагъуэм щхьэкІэ (Еф. 4:29).

СЫТ АДЭКІИ ІЭДЭБАГЪ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ЩІЫХУЕЙР?

18. ЦІыху Іэдэбхэм унафэ пэжхэр ящІыну дауэ Иеговэ къазэрыдэІэпыкъур? Дэ ди лъэныкъуэкІэ сыт тщІэн хуейр?

18 Дэ унафэ пэжхэр тщІынущ. Іэдэбагъ тхэлъу щытмэ, Іуэху гугъу гуэр дыщыпэщІэхуэм деж, унафэ пэж тщІыну Иеговэ къыддэІэпыкъунущ. «Іэдэбхэр зыхуейр» зэхихыну абы дыкъегъэгугъэ (Пс. 10:17). Дызэрызэхихым нэмыщІ, Алыхьым иджыри зыгуэр къытхуищІэнущ: «Ар Іэдэбхэм ядэІэпыкъунущ унафэ ищІхэр абыхэм ягъэзэщІэну, и гъуэгум тетыну Іэдэбхэр иригъэсэнущ» (Пс. 25:9). Иеговэ и гъуэгум дытетыну дригъэсэн щхьэкІэ, абы Библиемрэ зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым къыдитхэмрэ къегъэсэбэп. Абы хохьэ зэІущІэхэр, видеороликхэр, Библием тегъэщІа тхыгъэхэр (Мт. 24:45—47)e. Дэ ди лъэныкъуэкІэ сыт тщІэн хуейр? Дэ Иеговэ къыбгъэдэкІ дэІэпыкъуэгъум дызэрыхуэныкъуэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ Іэдэбагъ тхэлъын хуейщ, абы нэмыщІ Иеговэ къыдит тхыгъэхэм деджэурэ, абыхэм итыр жыІэдаІуэу дгъэзэщІэн хуейщ.

19—21. Мусэ сыт хуэдэ щыуагъэ Кадес щищІар икІи сыт хуэдэ дерс дэ абы къыхэтхыр?

19 Щыуагъэхэм зыщытхъумэфынущ. Мусэ и щапхъэм иджыри зэ дгъэзэжынщ. Илъэс куэдкІэ ар Іэдэбу щытащ икІи Иеговэ игъэгуфІащ. Ауэ пшахъуэщІым ахэр зэритрэ илъэс 40-м щынэсым, Мусэ Іэдэбагъ щимыгъэлъэгъуэфа Іуэхугъуэ ихуащ. Мысырым и гъащІэр къыщезыгъэла и шыпхъу Мэрям дунейм ехыжа къудейт. Ар Кадес щыщІалъхьэжат. Абы хэту израил лъэпкъым аргуэру тхьэусыхэн щІидзащ. Псы зэрыхуримыкъум щхьэкІэ «лъэпкъым Мусэ еныкъуэкъун щІидзащ». Иеговэ и къарукІэ Мусэ Іуэху телъыджэ куэд ищІами, илъэс куэдкІэ псэемыблэжу лъэпкъыр зыхуей хуигъэзами, ахэр тхьэусыхэт. Ахэр щІэмыарэзыр псы зэрамыгъуэтым и закъуэтэкъым, атІэ я гугъуехь псомкІи Мусэ къуаншэу зэралъытэрат (Чис. 20:1—5, 9—11).

20 Губжьым и ягъэкІэ Мусэ Іэдэбагъыр фІэкІуэдащ. Абдежым абы фІэщхъуныгъэ хурикъуакъым. Иеговэ къызэрыжриІам тету къырым зыхуигъэзэным ипІэкІэ, абы лъэпкъым губжьауэ зыхуигъазэри, телъыджэр езым ищІыну жиІащ. Абы иужькІэ Мусэ тІэунейрэ къырым еуащ икІи абы псышхуэ къыхэжу щІидзащ. Пагагъэмрэ губжьымрэ зытригъакІуэри, абы гуэныхьышхуэ ищІащ (Пс. 106:32, 33). Іэдэбагъ зэрыхуримыкъуам щхьэкІэ Алыхьым и лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм ар ихьакъым (Чис. 20:12).

21 Мусэ къыщыщІам дэ дерс куэд къыхыдох. Япэрауэ, дэ Іэдэбагъым зэпымыууэ делэжьын хуейщ. А хьэл-щэныр зэман кІэщІкІэ тфІэкІуэдмэ, пагагъэр къыттекІуэу мыхъун гуэр дигъэщІэнкІэ е жыдигъэІэнкІэ хъунущ. ЕтІуанэрауэ, стрессым къарууншэ дищІынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ, гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж, Іэдэбу дыкъэнэн щхьэкІэ къару куэд етхьэлІэн хуейщ.

22, 23. 1) Сыт адэкІи Іэдэбагъ дгъэлъэгъуэн щІыхуейр? 2) Софония 2:3 ит псалъэхэм сыт къагъэлъагъуэр?

22 Дэ дыкъелынущ. Куэд мыщІэу Иеговэ цІыху бзаджэхэр игъэкІуэдынурэ, Іэдэбхэращ къэнэнур. Абы щыгъуэ дуней псор мамыр хъужынущ (Пс. 37:10, 11). Къэнэну цІыху Іэдэбхэм уэри уахэтыну пІэрэ? Уахэтынущ, Иеговэ бегъымбар Софоние иригъэтха псалъэхэм утету упсэумэ. (Къеджэ Софония 2:3f.)

23 Иеговэ фІыуэ зылъагъухэмрэ ар зыгъэгуфІэну хуейхэмрэ теухуауэ Софония 2:3 «фыкъелынкІэ хъунущ» щІыжиІэр сыт? Абы ахэр къригъэлыну къару имыІэу аракъым. Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ дыкъригъэлынрэ дыкъримыгъэлынрэ дэри дэлъытауэ зэрыщытыр. Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну икІи Иеговэ дгъэгуфІэну дыхущІэкъумэщ, «Иеговэ и губжь махуэм» дыкъелу гъащІэ мыухыжыр къыщытлъысынур.

ІЭДЭБАГЪЫМ ТЕУХУАУЭ МЫ ЦІЫХУХЪУХЭМ Я ЩАПХЪЭМ СЫТ КЪЫВИГЪЭЩІАР?

  • Мусэ.

  • Анание, Мисаил, Азарие сымэ.

  • Хьисэ Мэссихь.

120-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх

a Іэдэбагъ хэлъу цІыхур къалъхукъым. А хьэл-щэныр дэтхэнэ зыми зыхэтлъхьэн хуейщ. ЦІыху щабэ, цІыху мамырхэм деж Іэдэбагъыр щыбгъэлъэгъуэну тыншщ, ауэ цІыху пагэхэм деж — гугъущ. А хьэл-щэн дахэр зыхэтлъхьэну зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэ зыбжанэм мы статьям и гугъу щытщІынущ.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. ЦІыху Іэдэбыр къыщагъэгубжьым дежи зэпІэзэрыту къонэ. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур пагэкъым икІи адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу зилъытэжкъым. Иеговэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр къыхощ увыпІэ нэхъ лъагэ дыдэр зэриІыгъым емылъытауэ, лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ хэлъу нэгъуэщІхэм зэрахущытым.

c Бабилэным а щІалищым нэгъуэщІ цІэхэр къыщратащ: Седрах, Мисах, Авденаго (Дан. 1:7).

d Исаия 53:7, 10: «Абы лей къытрагъэхьэт икІи хьэзаб ирагъэшэчыну езым хуит ищІащ, ауэ и жьэр зэтрихтэкъым. Мэлым хуэдэу яукІыну ар яшэт. Зыщхэм я пащхьэм мэлым зыри зэрыжимыІэм хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихтэкъым. Иеговэ ар яукІыну хуит ищІащ икІи и псэм бэлыхь трилъхьащ. Къуаншагъэр зыпшыныж къурмэныпхъэ абы и псэр пщІымэ, абы къыщІэхъуэну щІэблэр илъэгъунущ, и махуэхэм пищэнущ икІи абы и Іэм Иеговэ и унафэу хъуар игъэзэщІэнущ».

e 2011 гъэм, мэлыжьыхьым и 15-нэм къыдагъэкІа ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьям еплъ. Абы и цІэщ: «Принимайте решения, которые прославляли бы Бога».

f Софония 2:3: «Алыхьым и унафэхэр зыгъэзащІэу дунейм тет цІыху Іэдэб псоми Иеговэ къэфлъыхъуэ, пэжагъыр къэфлъыхъуэ, Іэдэбагъыр къэфлъыхъуэ. Иеговэ и губжь махуэм фыкъелынкІэ хъунущ».

g СУРЭТЫР. Нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуейм теухуауэ зэдауэ апостолхэм Хьисэ щабэу чэнджэщ ярет.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын