9 СТАТЬЯР
Пасэрей Израилым къыщекІуэкІа лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ (ІыхьиплІым и япэр)
«Абы пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ фІыуэ елъагъу. Иеговэ и лъагъуныгъэмкІэ щІыналъэр гъэнщІащ» (ПС. 33:5).
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) Дэтхэнэ цІыхури сыт зыхуэныкъуэр? 2) Сыт шэч къызытедмыхьэр?
ДЭТХЭНЭ ЗЫРИ дыхуэныкъуэщ лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ хэлъу цІыхухэр къытхущытыну. Апхуэдэу щымытмэ, дэ зыри къытхуэмейуэ икІи хэкІыпІэ димыІэу къытщыхъункІэ хъунущ.
2 Иеговэ ещІэ дэ захуагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ егъэлеяуэ дызэрыхуэныкъуэр (Пс. 33:5). Шэч къытедмыхьэми хъунущ дэ Иеговэ икъукІэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи захуагъэм тету цІыхухэр къытхущытыну ар зэрыхуейм. Абы щыхьэт тохъуэ Иеговэ Мусэ къигъэсэбэпу Израилым ирита Хабзэр. ФІыуэ укъамылъагъумэ е лей къыплъысмэ, Иеговэ и лъэпкъыр фІыуэ зэрилъагъур Мусэ и хабзэмb къызэрыхэщым куууэ егупсыс.
3. 1) Рим 13:8—10 зэритымкІэ, Мусэ и хабзэм дыщегупсысым деж сыт абы хэтлъагъуэр? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
3 Мусэ и хабзэм дыщегупсысым деж, абы хыдолъагъуэ фІыуэ дыкъэзылъагъу Иеговэ гурыщІэ хуабэхэр къызэрытхуиІэр. (Къеджэ Рим 13:8—10.) Мы статьям Израилым яІа хабзэхэм щыщу языныкъуэхэр зэпкърытхынущ икІи мыпхуэдэ упщІэхэм жэуап еттынущ: Мусэ и хабзэм лъагъуныгъэр лъабжьэ хуэхъуауэ икІи а Хабзэм захуагъэ пхэлъу адрейхэм ухущытыну ухуигъэушу сыт жыпІэ щІэхъунур? Тепщэныгъэ зиІэхэм дапхуэдэут Хабзэр зэрагъэзэщІэн хуейр? Хэтыт псом хуэмыдэу Хабзэм къихъумэр? Мы упщІэхэм я жэуапхэм дэ гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ къыдатынущ икІи фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм нэхъ гъунэгъу дыхуащІынущ (Апост. 17:27; Рим 15:4).
ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕГЪЭЩІА ХАБЗЭР
4. 1) Мусэ и хабзэм лъагъуныгъэр лъабжьэ хуэхъуауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) Маттэ 22:36—40 зэритымкІэ, сыт хуэдэ унафитІыра псом нэхърэ нэхъапэр?
4 Иеговэ сыт имыщІэми псори лъагъуныгъэм къыхэкІыу ещІэ. Аращ Мусэ и хабзэм лъагъуныгъэр лъабжьэ хуэхъуауэ жыпІэ щІэхъунур (1 Ин. 4:8). Ар зытегъэщІар мыпхуэдэ унафитІырат — Алыхьыр фІыуэ лъагъу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу (Лев. 19:18; Втор. 6:5; къеджэ Маттэ 22:36—40). Апхуэдэу щыщыткІэ, унафэ 600-м щІигъум щыщу дэтхэнэ зыми Алыхьым и лъагъуныгъэр къыхэщт. Языныкъуэ щапхъэхэр зэпкърытхынщ.
5, 6. Иеговэ зэщхьэгъусэхэм сыт къахуигъэувыр икІи Іэмал имыІэу сытым абы гу лъитэрэ? Щапхъэ къэфхь.
5 Уи щхьэгъусэм хуэпэжу щыт икІи уи сабийхэм уи нэІэ ятегъэт. Иеговэ хуейщ зэщхьэгъусэхэм зэхуаІэ лъагъуныгъэр зэи мыужьыхыжыну (ЩІэдз. 2:24; Мт. 19:3—6). Уи щхьэгъусэм уепцІыжыныр гущІэгъуншагъэ дыдэщ. УнафипщІым щыщу ебланэм щыжыІат: «Зинэ умыщІэ» (Втор. 5:18). Зинэ зыщІэм Алыхьым и пащхьэ гуэныхь къыщехь икІи и щхьэгъусэм и гум уІэгъэ трелъхьэ (ЩІэдз. 39:7—9). А уІэгъэр илъэс бжыгъэкІэ щымыхъуж къохъу.
6 Иеговэ елъагъу зэщхьэгъусэхэр зэрызэхущытыр. Абы мыхьэнэшхуэ иритт журт лъэпкъым щыщ цІыхухъур и щхьэгъусэм фІыуэ хущытыным. ЛІым Хабзэм пщІэ хуищІмэ, и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъут икІи мыхьэнэ зимыІэм щхьэкІэ ар иригъэкІыжтэкъым (Втор. 24:1—4; Мт. 19:3, 8). Унагъуэм гугъуехьышхуэ илъмэ икІи абы щхьэкІэ лІым и фызыр иригъэкІыжыну унафэ ищІмэ, абы и фызым иритын хуейт зэрыригъэкІыжым щыхьэт техъуэ тхылъ. А тхылъым цІыхубзыр къихъумэт, абы зинэ ищІауэ пцІы къытрамылъхьэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ и фызыр иригъэкІыжын ипэ, лІым къалэм дэс нэхъыжьхэм захуигъэзэн хуейуэ къыщІэкІынт. Абы и фІыгъэкІэ нэхъыжьхэр зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр яхъумэну дэІэпыкъуфт. ЩхьэзыфІэфІагъым къыхэкІыу цІыхухъум и щхьэгъусэр щыригъэкІыжым деж, Иеговэ а Іуэхум щыхэмыІэбэ къэхъут. Ауэ абы щыгъуэми Иеговэ цІыхубзым и нэпсхэр илъагъут, и узри зыхищІэт (Мал. 2:13—16).
Иеговэ хуейщ адэ-анэхэм лъагъуныгъэ яхэлъу я сабийхэр ягъэсэну икІи япІыну, адэ-анэхэм къызэрахъумэр сабийхэм зыхащІэн щхьэкІэ. (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.)d
7, 8. 1) Иеговэ адэ-анэхэм сыт хуэдэ къалэн яритар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.) 2) Сыт хуэдэ дерс дэ абы къыхэтхыр?
7 Мусэ и хабзэм къыхощ сабийхэр фІы хуэзэну Иеговэ зэрыхуейр. Адэ-анэхэм я къалэнт я сабийхэр зыхуей зэрыхуагъазэм нэмыщІ, Алыхьым теухуауэ ирагъэджэну. Абыхэм сыт хуэдэ Іэмалри къагъэсэбэпу я сабийхэр Хабзэм ирагъэджэн хуейт икІи Иеговэ фІыуэ ялъагъуу ирагъэсэн хуейт (Втор. 6:6—9; 7:13). Иеговэ журт лъэпкъым тезыр щІытрилъхьам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыт ахэр сабийхэм гущІэгъуншэу зэрахущытар (Иер. 7:31, 33). Адэ-анэхэм я сабийхэм сыт иращІэми хъуну ябжын хуейтэкъым, атІэ ахэр «Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэину», тыгъэ лъапІэу ялъытэн хуейт (Пс. 127:3).
8 Дерсыр. Иеговэ елъагъу зэщхьэгъусэхэр зэрызэхущытыр. Ар хуейщ адэ-анэхэм я сабийхэр фІыуэ ялъагъуну икІи ахэр я сабийхэм Іейуэ хущытмэ, Иеговэ и деж жэуап щатыжынущ.
9—11. «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэ уи гум йомыгъэлъ» жыхуиІэ унафэр Иеговэ журт лъэпкъым щІритар сытыт?
9 «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэ уи гум йомыгъэлъ». УнафипщІым щыщу иужьрейм къыхуриджэт цІыхур мыфыгъуэну е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, зыгуэрым ейр зыІэригъэхьэну хэмытыну (Втор. 5:21; Рим 7:7). А унафэмкІэ Иеговэ и лъэпкъыр мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэрым хуригъэсэну хуейт: уи гур пхъумэн хуейщ, абы хохьэ уи гурыщІэхэмрэ уи гупсысэхэмрэ узэрыкІэлъыплъын хуейр. Алыхьым ещІэ Іуэхугъуэ Іейр гупсысэ мыхъумыщІэм къызэрыщежьэр (Прит. 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). Израилым щыщ гуэрым гупсысэ мыхъумыщІэхэм и гум лъабжьэ щригъэщІамэ, ар адрейхэм лъагъуныгъэ хэлъу яхущытыжтэкъым. Апхуэдэ щыуагъэщ пащтыхь Даут ищІар. Даут цІыхуфІт, ауэ зэгуэр ар нэгъуэщІым и фызым ехъуэпсащ. Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэм къыхэкІыу абы гуэныхь илэжьащ (Екъуб 1:14, 15). Даут а цІыхубзым и гъусэу зинэ ищІащ, абы и лІыр къигъэпцІэну хэтащ икІи иужькІэ а лІыр иригъэукІащ (2 Сам. 11:2—4; 12:7—11).
10 ЦІыхум и гум хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэ илъмэ, Иеговэ абы занщІэу гу лъитэт (1 Лет. 28:9). Хабзэм фыгъуэныр зэримыдэм цІыхухэр хуигъэушт гуэныхь щІэным ухуэзышэфыну гупсысэхэм пэІэщІэ зыхуащІыну. Абы ди Адэ Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ и Іущагъымрэ къыхощ.
11 Дерсыр. Иеговэ и дежкІэ цІыхум и теплъэракъым мыхьэнэ зиІэр, атІэ абы и гум илъыращ (1 Сам. 16:7). Алыхьым псори елъагъу: ди гупсысэхэри, ди гурыщІэхэри, ди ІуэхущІафэхэри. Абы фІы тхэлъым гу лъетэ икІи нэхъыфІыж дыхъуну дыхуегъэуш. Ауэ Иеговэ иджыри хуейщ ди гупсысэ къемызэгъхэм гу лъыттэну икІи абыхэм Іей гуэр дагъэщІэну хуит дымыщІыну (2 Лет. 16:9; Мт. 5:27—30).
ЗАХУАГЪЭМ УТЕТЫНУ УХУЭЗЫГЪЭУШ ХАБЗЭ
12. Мусэ и хабзэм сыт иджыри дэ къыщытщІэр?
12 Мусэ и хабзэм къыхощ Иеговэ захуагъэр фІыуэ зэрилъагъур (Пс. 37:28; Ис. 61:8). Захуагъэ тхэлъу нэгъуэщІхэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр Иеговэ дегъэлъагъу. Израил цІыхухэм Иеговэ и унафэхэр щагъэзащІэм деж, абы и нэфІ ящыхуэт. Ауэ захуагъэ зыхэлъ унафэхэм ахэр щебакъуэм деж, гузэвэгъуэ куэдым пэщІэхуэт. УнафипщІым щыщу иджыри тІум дыхэплъэнщ.
13, 14. УнафипщІым щыщу япэ унафитІым сытыт итыр икІи а унафэхэм журт лъэпкъыр зэрыхущытым сытыт къахуихьыр?
13 Иеговэ нэмыщІ нэгъуэщІым ухуэмылажьэ. УнафипщІым щыщу япэ унафитІым зэрыжаІэмкІэ, журтхэр Иеговэ закъуэт зыхуэлэжьэн хуейр икІи ахэр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ хъунутэкъым (Исх. 20:3—6). Иеговэ и фейдэ хэлъу аратэкъым а унафэхэр и лъэпкъым щІыритар, атІэ сэбэпынагъ къыхуихьын щхьэкІэщ. Израил лъэпкъыр Иеговэ пэжу щыхуэлажьэм деж, ехъулІэныгъэ иІэт. Ауэ тхьэ нэпцІхэм щыхуэлажьэм деж, гузэвэгъуэ куэдым хэхуэт.
14 Хананей цІыхухэм девгъэгупсыс. Ахэр зыхуэлажьэр Алыхь пэжыратэкъым, атІэ псэ зыІумыт тхьэ нэпцІхэрат. ИкІэм-икІэжым абыхэм я щытыкІэр нэхъыкІэ хъуащ (Пс. 115:4—8). Псалъэм папщІэ, хананейхэм я диным хыхьэт цІыху гупыр зэгъусэу зинэ щІэным зэрыхэтымрэ гущІэгъуншэу сабийхэр къурмэныпхъэу къызэрахьымрэ. А псор гущыкІыгъуэт. Израил цІыхухэм Иеговэ къагъанэу, тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэн щыщІадзэм деж, абыхэм я щытыкІэр нэхъыкІэ хъут икІи абыкІэ я Іыхьлыхэм я гум еуэт (2 Лет. 28:1—4). А псом нэмыщІ тепщэныгъэ зиІэхэри Алыхьым къыбгъэдэкІ захуагъэм ебакъуэт. Абыхэм я тепщэныгъэр тэмэму къамыгъэсэбэпу, цІыху тхьэмыщкІэхэмрэ къыщхьэщыжын зимыІэхэмрэ хьэзаб тралъхьэт (Иез. 34:1—4). Иеговэ и лъэпкъым жриІэт Іыхьэншэу къэна цІыхубзхэмрэ сабийхэмрэ гущІэгъуншэу яхущытым хьэкум зэрытрищІыхьынур (Втор. 10:17, 18; 27:19). Ауэ Иеговэ израил цІыхухэм и нэфІ ящыхуэт, ахэр абы хуэпэжу къанэмэ икІи зыр адрейм захуагъэ хэлъу хущытмэ (1 Цар. 10:4—9).
Иеговэ фІыуэ дыкъелъагъу икІи лей къыщыттехьэм деж гу лъетэ. (15-нэ абзацым феплъ.)
15. Мусэ и хабзэм сыт хуэдэ дерс иджыри къыхэтхыр?
15 Дерсыр. Иеговэ къуаншэкъым абы и лэжьакІуэу зызыбжыжыр Библием ит хабзэхэм ебакъуэу, адрейхэм зэран яхуэхъумэ. Иеговэ дэ фІыуэ дыкъелъагъу икІи лей къыттехьам гугъу дызэрыригъэхьым гу лъетэ. Анэм сабийм и узыр зэрызыхищІэм нэхърэ нэхъыбэу Иеговэ ди узыр зыхещІэ (Ис. 49:15). Ар занщІэу Іуэхум щыхэмыІэбэ къэхъуми, и зэманыр къэсмэ, хущІемыгъуэжу адрейхэм гущІэгъуншэу яхущыт цІыхухэм жэуап яригъэтыжынущ.
ХАБЗЭР ДАПХУЭДЭУТ ЗЭРЫЛАЖЬЭР?
16—18. ГъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэхэрат Мусэ и Хабзэм къызэщІиубыдэр икІи сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыр?
16 Мусэ и хабзэм гъащІэм и лъэныкъуэ псори зэщІиубыдэт. Абы къыхэкІкІэ мыхьэнэшхуэ иІэт Израилым и нэхъыжьхэм лъэпкъым и Іуэхухэр захуагъэм тету зэхагъэкІыну. Алыхьым зэрыхуэлажьэм пыщІа упщІэхэм нэмыщІ, гражданскэ, уголовнэ Іуэхухэри зэхагъэкІыну абыхэм я къалэнт. Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
17 Израил цІыхум зыгуэр иукІамэ, ар занщІэу яукІыжтэкъым. Къалэм дэс нэхъыжьхэм абы и Іуэхур зэпкърахт икІи зэхагъэкІт лІэныгъэ абы къилэжьрэ къимылэжьрэ (Втор. 19:2—7, 11—13). Абы нэмыщІ нэхъыжьхэм махуэ къэс зэпкърах упщІэ зэмылІэужьыгъуэхэм хыхьэт журтхэм мылъкур щахуэмыгуэш Іуэхухэр, унагъуэм къихьэ гугъуехьхэр, нэгъуэщІхэри (Исх. 21:35; Втор. 22:13—19). Нэхъыжьхэм захуагъэ хэлъу унафэ ящІмэ, израил цІыхухэми Хабзэр ягъэзащІэмэ, псори гъащІэмкІэ арэзыуэ псэут икІи лъэпкъым Иеговэ игъэлъапІэт (Лев. 20:7, 8; Ис. 48:17, 18).
18 Дерсыр. Сыт хуэдэ Іуэхуми дызэрыбгъэдыхьэм Иеговэ мыхьэнэшхуэ ирет. Иеговэ хуейщ цІыхухэм я деж дэ лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ щыдгъэлъэгъуэну. Дэ жытІэу хъуари, тщІэуэ хъуари Иеговэ сытым щыгъуи зэхех икІи елъагъу, ди закъуэу дыкъыщынэм дежи (Евр. 4:13).
19—21. 1) Нэхъыжьхэмрэ хьэкум зыщІхэмрэ Алыхьым и лъэпкъым дапхуэдэут зэрыхущытын хуейр? 2) Иеговэ и лъэпкъым лей къытемыхьэн щхьэкІэ сыт ищІар икІи сыт хуэдэ дерс дэ абы къыхэтхыр?
19 Иеговэ хуейт и лъэпкъыр адрей къэзыухъуреихь лъэпкъхэм къыщекІуэкІ мыхъумыщІагъэ псом щихъумэну. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ нэхъыжьхэмрэ хеящІэхэмрэ унафэ яхуищІащ нэфІ-ней яхэмылъу Хабзэр къагъэсэбэпыну. Нэхъыжьхэр лъэпкъым ткІийуэ икІи пхъашэу хущытын хуейтэкъым, атІэ лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ ягъэлъэгъуэн хуейт (Втор. 1:13—17; 16:18—20).
20 Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуэгумащІэщи аращ абыхэм лей къатемыхьэн щхьэкІэ а хабзэхэр щІаритар. Псалъэм папщІэ, Хабзэм цІыхур къихъумэт, имыщІа гуэр къытрамылъхьэн щхьэкІэ. Ягъэкъуаншэр хуитт зыгъэкъуаншэр хэтми ищІэну (Втор. 19:16—19; 25:1). Ар къуаншэу къалъытэн щхьэкІэ, абы илэжьа Іуэхум щыхьэтитІ иІэн хуейт (Втор. 17:6; 19:15). А Іуэхум теухуауэ зы цІыху фІэкІа щыхьэту къэмыувмэ-щэ? Ягъэкъуаншэр тезырыншэу къэнэну щыгугъ хъунутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ псори илъэгъуат. Унагъуэм и нэхъыжьым тепщэныгъэ иІэми, а тепщэныгъэм гъунэ иІэт. Языныкъуэхэм деж унагъуэм и зэгурымыІуэныгъэр къалэм дэс нэхъыжьхэм щызэпкърах къэхъут икІи пыухыкІа унафэр зыщІыр ахэрат (Втор. 21:18—21).
21 Дерсыр. Иеговэ ищІэу хъуам захуагъэ хэлъщ. АбыкІэ абы щапхъэ нэхъыфІ дыдэр дегъэлъагъу (Пс. 9:7). Иеговэ и нэфІ щохуэ пэжагъ хэлъу и хабзэхэр зыгъэзащІэм, ауэ и тепщэныгъэр тэмэму къимыгъэсэбэпу, Іей зыщІэм тезыр трелъхьэ (2 Сам. 22:21—23; Иез. 9:9, 10). Лей зезыхьэхэмрэ цІыху бзаджащІэхэмрэ тезырыншэу къанэу къыщыпщыхъу щыІэщ, ауэ, и зэманыр къэсмэ, абыхэм Иеговэ жэуап яригъэтыжынущ (Прит. 28:13, Гъэс.). ЩІэпхъэджагъэ зылэжьауэ хущІемыгъуэжхэм мы псалъэхэм къикІыр куэд мыщІэу къагурыІуэнущ: «Къуаншагъэ зэрыпщІам щхьэкІэ гъащІэ зиІэ Тхьэм и ІэмыщІэ уихуэныр куэду шынагъуэшхуэщ» (Евр. 10:30, 31).
ПСОМ ХУЭМЫДЭУ ХАБЗЭМ ХЭТЫТ КЪИХЪУМЭР?
Нэхъыжьхэм Іуэхухэр щызэпкърахкІэ Иеговэ и щапхъэм тету, лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ цІыхухэм я деж щагъэлъэгъуэн хуейт. (22-нэ абзацым феплъ.)e
22—24. 1) Псом хуэмыдэу Хабзэм хэтыт къихъумэр икІи сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыр? 2) Исход 22:22—24 итыр сыт?
22 Псом хуэмыдэу Хабзэм къихъумэт дэІэпыкъуэгъу зимыІэхэр — зеиншэхэр, фызабэхэр, хэхэсхэр. Израилым щыІэ хеящІэхэм хуэгъэзат мы псалъэхэр: «Хэхэсым е зеиншэм и Іуэхур щызэпкърыпхкІэ захуагъэм уемыбакъуэ, фызабэм и щыгъынри шэсыпІэу къомыщтэ» (Втор. 24:17). Къыщхьэщыжын зимыІэхэм Иеговэ щабэу и нэІэ ятригъэтт икІи абыхэм я жагъуэ зыщІхэм тезыр ятрилъхьэт. (Къеджэ Исход 22:22—24c.)
23 Хабзэм унагъуэм исхэр къихъумэт, абыхэм я благъэхэм лей кърамыхын щхьэкІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэблагъэхэр зэгъусэ хъунутэкъым (Лев. 18:6—30). Къэзыухъуреихь лъэпкъхэм апхуэдэ зинэ щІэным зыри Іей халъагъуэтэкъым икІи къезэгъыу ябжт. Иеговэ и дежкІэ а Іуэхухэр гущыкІыгъуэт икІи израил цІыхухэми апхуэдэ еплъыкІэт яІэн хуейр.
24 Дерсыр. Иеговэ хуейщ тепщэныгъэ зыритахэр адрейхэм лъагъуныгъэ яхэлъу яхущытыну. Алыхьым илъагъу хъукъым лей ехыныр. Абы и дежкІэ мыхьэнэ иІэщ къыщхьэщыжын зимыІэхэр мышынэу, хуиту псэуну икІи адрейхэр захуагъэм тету абыхэм къахущытыну.
ХАБЗЭР — «КЪЭКІУЭНУ ІУЭХУФІХЭМ Я НЫБЖЬЩ»
25, 26. 1) Лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ сыт щІебгъэщхь хъунур гъащІэмрэ бэуэнымрэ? 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
25 Лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ зэпхащ, гъащІэмрэ бэуэнымрэ зэрызэпхам хуэдэу. Иеговэ захуагъэ хэлъу къызэрытхущытыр тщІэуэ щытмэ, абы худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ. Алыхьымрэ абы къыдита хабзэхэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш захуагъэ тхэлъу адрейхэм дахущытыну.
26 Мусэ и хабзэр нэхъыфІкІэ зэхъуэкІа хъуащ Хьисэ къакІуэу ар игъэзэщІа иужь (Рим 10:4). Паул зэрыжиІамкІэ, Хабзэр — «къэкІуэну ІуэхуфІхэм я ныбжьщ» (Евр. 10:1). ІыхьиплІу зэхэлъ статьяхэм щыщу къыкІэлъыкІуэм щызэпкърытхынущ «ІуэхуфІ» хъужыр сытми икІи дытепсэлъыхьынущ лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ зэхуэсым сыт хуэдэ мыхьэнэ щаІэми.
109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
a ІыхьиплІу зэхэлъ статьяхэм щыщу мыр япэщ. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэхэр а статьяхэм къыщытщІэнущ. КъыкІэлъыкІуэ статьяищыр 2019 гъэм, накъыгъэм къыдэкІыну «ХъумакІуэ чэщанэм» итынущ. А статьяхэм мыпхуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: зэхуэсым лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ дауэ къызэрыщыдгъэлъагъуэр? Лей зырахахэм дащыдэІэпыкъукІэ мы хьэл-щэнхэр щІытхэлъын хуейр сыт? ДызыдэІэпыкъухэм дауэ гупсэхугъуэ еттыфыну?
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Иеговэ журт лъэпкъым унафэ 600-м щІигъу иритауэ щытащ. Абыхэм «ХабзэкІэ» е «Мусэ и хабзэкІэ» йоджэ. Абы нэмыщІ Библием и япэ тхылъытхуми (ЩІэдзапІэм щыщІэдзауэ Второзаконием нэс) «ХабзэкІэ» йоджэ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм и гугъу щащІым дежи «Хабзэ» псалъэр къыщагъэсэбэп къохъу.
c Исход 22:22—24: «Фызабэмрэ зеиншэмрэ я жагъуэ умыщІ. Абыхэм я жагъуэ пщІырэ, дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ ахэр къызэлъэІумэ, сэ абыхэм я гуІэ макъыр зэхэсхынущ, абы щыгъуэ си губжьыр къызэщІэнэнурэ джатэкІэ фызукІынущ, фи фызхэри фызабэ хъунущ, фи сабийхэри зеиншэ хъунущ».
d СУРЭТЫР. Израил цІыхубзым шэджагъуашхэ егъэхьэзыр икІи и пхъухэм ядоуэршэр. Адэм и къуэр мэлхэм кІэлъыплъу ирегъасэ.
e СУРЭТЫР. СатуущІэм фызабэмрэ абы и къуэмрэ лей къатригъэхьащ. Къалэ куэбжэм деж щыс нэхъыжьхэр абыхэм къащхьэщож.