ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Сентябрь н. 21—26
  • Псори зыхузэфІэкІ, ауэ гулъытэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэлъ Алыхь

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Псори зыхузэфІэкІ, ауэ гулъытэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэлъ Алыхь
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЩІАЛЭ ЦІЫКІУМ И ГУРЫЩІЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУЕЩІ
  • ГУЛЪЫТЭРЭ ЗЭХЭЩІЫКІРЭ ХЭЛЪУ ИЕГОВЭ МУСЭ ЗЭРЫХУЩЫТАР
  • ИЕГОВЭ ЛЪЭКІЫНЫГЪЭШХУЭ ИІЭЩ, АУЭ И ЛЪЭПКЪЫМ ХУОСАКЪ
  • Самуел Алыхьым сыт щыгъуи пэжу хуэлажьэрт
    Фи сабийхэр вгъасэ
  • Иеговэ Самуел йопсалъэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • ЩІалэ цІыкІум Алыхьым къулыкъу хуещІэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Сентябрь н. 21—26

Псори зыхузэфІэкІ, ауэ гулъытэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэлъ Алыхь

«[Иеговэ] фІыуэ ещІэ дызэрызэхэлъыр, ещІэж дэ сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар» (ПС. 103:14).

УЭРЭДХЭР: 30, 10

СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ ИЕГОВЭ...

  • ...ныбжьыщІэ Самуел зэрыдэІэпыкъуам?

  • ...Мусэ израил лъэпкъым и пашэу щытригъэувам щыгъуэ зэрепсэлъам?

  • ...израил цІыхухэр Мысырым къришыжу Хы Плъыжьым зэрызэпришам?

1, 2. 1) Мы дунейм тепщэныгъэ зиІэхэм елъытауэ, Иеговэ цІыхухэм дауэ зэрыхущытыр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

«МЫ ДУНЕЙМ тет тепщэхэр цІыхухэм я пщэм» дэсщ икІи хьэзаб ирагъэшэч (Мт. 20:25; Эккл. 8:9). Ауэ Иеговэ апхуэдэу зэи ищІэркъым. Абы къаруушхуэ иІэу, псори хузэфІэкІыу щытми, дэ, цІыху гуэныхьыщІэхэм, гулъытэрэ зэхэщІыкІрэ хэлъу икІи гуапэу къытхущытщ. Абы ди гурыщІэхэри дызыхуэныкъуэхэри къыгуроІуэ. Иеговэ «ещІэж дэ сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар», абы къыхэкІкІэ тхузэфІэмыкІын къытхуигъэувкъым (Пс. 103:13, 14).

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэм гулъытэ хуищІу зэрыщытам теухуауэ Библием Іуэхугъуэ куэд итщ. Абыхэм щыщу щы зэпкърытхынщ. ЯпэщІыкІэ деплъынщ Иеговэ ныбжьыщІэ Самуел зэрыдэІэпыкъуа щІыкІэм, абы дин пашэшхуэ И́лий тезыр къылъысынур щыжриІэн хуеям щыгъуэ. ИужькІэ дытепсэлъыхьынщ Мусэ израил лъэпкъым и пашэу щытыну хузэфІэмыкІыну щыжиІам щыгъуэ Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу абы зэрыхущытам. ИкІэм зэпкърытхынщ Иеговэ израил лъэпкъыр Мысырым къыщришыжым къызэрихъумам. А щапхъэхэм дыщегупсысым деж, Иеговэ хьэл-щэн дахэ игъэлъэгъуахэмрэ дэ абы дерс хэтхыфынумрэ гу зэрылъыттэнум иужь дитынщ.

ЩІАЛЭ ЦІЫКІУМ И ГУРЫЩІЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУЕЩІ

3. НыбжьыщІэ Самуел сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэным пэщІэхуа икІи абы къыхэкІкІэ сыт хуэдэ упщІэ къэхъейрэ? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

3 Самуел щІалэ дыдэу Иеговэ и шэтырым лэжьэн щыщІидзащ (1 Сам. 3:1). Зы жэщ гуэрым Самуел гъуэлъыжауэ гъэщІэгъуэн гуэр къэхъуащ (1 Сам. 3:2—10)a. Абы зыгуэр къеджэу зэхихащ. Къеджар дин пашэшхуэ Илий и гугъати абы и деж жэри жиІащ: «Сы-мис. Укъызэджа?» — «Хьэуэ, сыноджакъым»,— жэуап къритыжащ Илий. Апхуэдэу иджыри тІэунейрэ къэхъуа иужь, Илий къыгурыІуащ Самуел къеджэр Алыхьырауэ зэрыщытыр. Абы щІалэ цІыкІум жэуап итыжыныр жриІэри, Самуел апхуэдэу ищІащ. Самуел къеджэр хэтми Иеговэ сыт занщІэу щІыжимыІар? Библием абы и жэуапыр иткъым, ауэ адэкІэ къэхъуа Іуэхугъуэхэм къызэрыхэщымкІэ Иеговэ щІалэ цІыкІум хуэсакъащ, и гурыщІэхэми гулъытэ хуищІащ.

4, 5. 1) Самуел сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа Илий жриІэн хуей тезырыр къыщищІам щыгъуэ? 2) Мы Іуэхугъуэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

4 Иеговэ израил лъэпкъым ирита хабзэм итт сабийхэм зи ныбжь хэкІуэтахэм пщІэ хуащІын хуейуэ, псом хуэмыдэу тепщэныгъэ зиІэхэм (Исх. 22:28; Лев. 19:32; 1 Сам. 3:11—18). Абы къыхэкІкІэ Самуел и дежкІэ гугъуу къыщІэкІынт пщэдджыжьым Илий бгъэдыхьэу, лІыгъэ хэлъу Алыхьым къытрилъхьэну тезырыр жриІэну. Библием зэрыжиІэмкІэ Самуел Алыхьым къыжриІар «шынэт Илий жриІэжыну». Ауэ Иеговэ Илий къыгуригъэІуащ щІалэ цІыкІум къеджар езырауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ езы Илий Самуел елъэІуащ Алыхьым и псалъэхэр хуиІуэтэжыну: «Зыри сщомыбзыщІ»,— жриІащ абы. ЩІалэ цІыкІум псори жиІэжащ.

5 Илий а хъыбарыр зэхимыхауэ щыттэкъым. «Алыхьым и цІыхур» Илий и деж кІуэри, Иеговэ и тезырым теухуауэ жриІауэ щытат (1 Сам. 2:27—36). Самуелрэ Илийрэ къащыщІа Іуэхугъуэм къегъэлъагъуэ Иеговэ цІыхум и гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуищІыр икІи Іущагъ зэрыхэлъыр.

6. Иеговэ ныбжьыщІэ Самуел зэрыдэІэпыкъуа щІыкІэм сыт къыдгуригъаІуэр?

6 Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, мы Іуэхугъуэм къегъэлъагъуэ Иеговэ фызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр къызэрыгурыІуэр икІи фи гурыщІэхэр зэрызэхищІыкІыр. Фэ фыукІытэу къыщІэкІынщ фэр нэхърэ нэхъыжьым фыбгъэдыхьэу хъыбарыфІыр жефІэну е фи ныбжьхэм фахэтыну къывэгугъуэкІ хъунщ, абыхэм емыщхьу фызэрыщытым щхьэкІэ. Шэч лъэпкъ къытевмыхьэ Иеговэ къывдэІэпыкъуну зэрыхуейм. Абы къыхэкІкІэ фи гум илъ псор Алыхьым лъэІукІэ хуэфІуатэ (Пс. 62:8). Библием зи гугъу ищІ Самуел хуэдэ Иеговэ и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэм я щапхъэм фегупсыс. Къуэш, шыпхъу фи ныбжьхэри нэхъыжьхэри ныбжьэгъу фщІы. Ахэри апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуауэ щытынкІэ хъунущ икІи абыхэм къывжаІэжыфынущ Иеговэ зэрамыгугъам хуэдэу къазэрыдэІэпыкъуауэ щытар.

ГУЛЪЫТЭРЭ ЗЭХЭЩІЫКІРЭ ХЭЛЪУ ИЕГОВЭ МУСЭ ЗЭРЫХУЩЫТАР

7, 8. Иеговэ Мусэ и гурыщІэхэр къызэрыгурыІуэр дауэ зэригъэлъэгъуар?

7 Мусэ илъэс 80 щыхъум Иеговэ абы къалэн гугъу иритащ. Абы израил лъэпкъыр Мысырым и пщылІыпІэм къришыжын хуейт (Исх. 3:10). Мусэ а къалэныр къыщыІэрыхьам хуабжьу игъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар иужьрей илъэс 40-м Мадиам щІыналъэм мэлыхъуэу щытауэ аращ. Мусэ жиІащ: «Сыхэт сэ, фирхьэуным деж сыкІуэу Израилым и къуэхэр Мысырым къисшыжыну?» Ауэ Иеговэ ар къигъэгугъащ: «Сэ уэ сыуигъусэнущ» (Исх. 3:11, 12). Абы нэмыщІ израилым и нэхъыжьхэм Мусэ и псалъэхэр я фІэщ зэрыхъунури жиІащ. Ауэ Мусэ шэч къытрихьэт: «Си псалъэхэм къемыдаІуэмэ-щэ?» (Исх. 3:18; 4:1). Фегупсысыт: Мусэ езы Иеговэ пеуауэ жыпІэ хъунущ! Ауэ Иеговэ шыІэныгъэ зыфІигъэкІуэдакъым. Абы нэмыщІ Мусэ Іуэху телъыджэхэр ищІэну къару иритащ. Апхуэдэ зэфІэкІ иІэу Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм Мусэщ япэу къыщыхьар (Исх. 4:2—9, 21).

8 Абы иужьи Мусэ нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ къигъуэтащ а къалэныр имыгъэзэщІэн щхьэкІэ — тэмэму мыпсэлъэфу жиІащ. Апхуэдэу щыхъум Иеговэ къыжриІащ: «Сэ езыр ущыпсалъэкІэ сыуигъусэнущ икІи жыпІэнур бжьэдэслъхьэнущ». Абы иужькІэ Мусэ тегушхуауэ пІэрэ Мысырым кІуэну? Хьэуэ, ар Алыхьым елъэІуащ нэгъуэщІ гуэр и пІэкІэ игъэкІуэну. Абдежым, дауикІ, Иеговэ къэгубжьащ, ауэ, абы емылъытауэ Иеговэ Мусэ и гурыщІэхэр къыгурыІуэти и къуэш Хьэрун и гъусэу игъэкІуащ, и пІэкІэ псэлъэн щхьэкІэ (Исх. 4:10—16).

9. Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу, щабэу Мусэ зэрыхущытар дауэ иужькІэ абы и къалэнхэр игъэзэщІэну сэбэп зэрыхуэхъуар?

9 Мы Іуэхугъуэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр? Къаруушхуэ зиІэ Иеговэ Мусэ игъэшынэу, залымыгъэкІэ зригъэдэІуэфынут. Ауэ Иеговэ апхуэдэу ищІакъым, абы Іэсагърэ Іэдэбагърэ зыхэлъ и лэжьакІуэм шыІэныгъэ хэлъу, щабэу къыгуригъэІуащ зэрыдэІэпыкъунур. Дауэ ар Мусэ къызэрыщыхъуар? Мусэ Алыхьым и лъэпкъым и пашэфІ дыдэ хъуащ. Иеговэ къызэрыхущытам хуэдэу, езыри нэгъуэщІхэм щабэу, гулъытэ яхуищІу хущытащ (Чис. 12:3).

НэгъуэщІхэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ Иеговэ щапхъэ тефхрэ? (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Иеговэ цІыхухэм гулъытэ яхуищІу, щабэу зэрахущытым щапхъэ тетхыу щытмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къыпэкІуэну?

10 А Іуэхугъуэм дэ нобэ сыт хуэдэ дерсхэр хэтхыфыну? Фэ унагъуэм и нэхъыжьу, адэ-анэу е зэхуэсым и нэхъыжьу фыщытмэ, Иеговэ дауэ щапхъэ зэрытефхыфынур? Алыхьым апхуэдэ тепщэныгъэ къыщывитакІэ, абы хуэдэу гу лъытэ яхуэфщІу, щабэу икІи шыІэныгъэ фхэлъу фи щхьэгъусэм, сабийхэм икІи зэхуэсым щыщхэм фахущыт (Кол. 3:19—21; 1 Пет. 5:1—3). Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ тефхыу щытмэ, къуэш, шыпхъухэм я дежкІэ зыкъыфхуагъэзэну нэхъ тынш хъунущ икІи гузэгъэгъуэ ягъуэтынущ (Мт. 11:28, 29). Абы нэмыщІ щапхъэфІ дыдэ евгъэлъэгъунущ (Евр. 13:7).

ИЕГОВЭ ЛЪЭКІЫНЫГЪЭШХУЭ ИІЭЩ, АУЭ И ЛЪЭПКЪЫМ ХУОСАКЪ

11, 12. Сыт Иеговэ ищІар и лъэпкъыр Мысырым къыщикІыжым щыгъуэ зы щхьэкІи мышынэн щхьэкІэ?

11 Ди эрэм ипэ 1513 гъэм израил цІыхухэр Мысырым къыщикІыжам щыгъуэ, ахэр мелуанищым щІигъуу къыщІэкІынт. Абыхэм ящыщт сабийхэр, зи ныбжь хэкІуэтахэр, сымаджэхэр икІи лъэрымыхьхэр. Апхуэдиз цІыхур Мысырым къизышыжыфынур зэхэщІыкІ зиІэ икІи цІыхухэм гулъытэ хуэзыщІ Пашэт. Иеговэ апхуэдэ Пашэ яхуэхъуащ икІи Мусэ къигъэсэбэпу ящхьэщытащ. Аращ израил цІыхухэм шынагъэ ягу имылъу я унэу ябж Мысырым къыщІыдэкІыфар (Пс. 78:52, 53).

12 Сыт Иеговэ ищІар и лъэпкъыр зы щхьэкІи мышынэн щхьэкІэ? Япэрауэ, израил цІыхухэр Мысырым къришыжащ дэтхэнэ зыми щхьэж езым и пІэ иІэжу, зэкІэлъыкІуэу (Исх. 13:18). Ахэр зэпэщу икІи зэкъуэту Мысырым къызэрикІыжам къагуригъэІуащ а Іуэхум Иеговэ и нэІэ зэрытетыр. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ абыхэм зэригъусэр къигъэлъэгъуащ махуэм «пшэкІэ», жэщым «мафІэм и нэхумкІэ» къришэкІыу зэрыщытамкІэ (Пс. 78:14). Иеговэ мыпхуэдэу яжриІауэ жыпІэ хъунущ: «Фымышынэ. Сэ фэ сывигъусэнущ, фыкъэсхъумэн щхьэкІэ». ИкІи адэкІэ къэхъуам къызэригъэлъагъуэмкІэ израил лъэпкъыр абы хуэныкъуэт.

Хы Плъыжьым деж дауэ Иеговэ израил лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуар? (13-нэ абзацым феплъ.)

13, 14. 1) Дауэ Иеговэ Хы Плъыжьым деж израил лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуар? 2) Дауэ Иеговэ Мысырым и зауэлІхэм и къарур зарыригъэлъэгъуар?

13 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт израил лъэпкъым фыхэту (Исх. 14:19—22). ХэкІыпІэ фимыІэу къыфщыхъункІэ хъунущ. Фи щІыбагъым фирхьэуныр и дзэшхуэм и гъусэу итщ, фи гупэмкІэ — Хы Плъыжьщ. Абдежым Иеговэ и къарур егъэлъагъуэ. Пкъом ещхьу щыт пшэр мэкІуатэри, Мысырым и зауэлІхэмрэ фэрэ фи зэхуакуу мэув. Иджы фирхьэуным и дзэм и хъуреягъыр кІыфІщ, ауэ фи дежкІэ гъэщІэгъуэну нэхущ! Фэ фолъагъу Мусэ и Іэр хымкІэ ишийуэ. КъуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ къикІыу жьышхуэ къепщэу щІедзэри, цІыхухэр зэпрыкІыфын хуэдэу хыр тІууэ зэгуегъэкІ. Апхуэдэу фэри, фи унагъуэри, фи Іэщхэри хы игъущыкІам и щІэмкІэ фрокІуэ. Фэ фогъэщІагъуэ щІыр ятІэу, ущІэцІэнтхъуу щымыту, гъущэу икІи быдэу зэрыщытыр, абы урикІуэнуи зэрымыгугъур. Абы къыхэкІкІэ ерагъыу зекІуэхэри адрей хы Іуфэм тэмэму нэсащ.

14 Абдежым акъылыншэ фирхьэун пагэр къыфкІэлъыщІыхьэну хуожьэ (Исх. 14:23, 26—30). Мусэ аргуэру и Іэр хымкІэ ишия иужь, лъэныкъуитІымкІи псышхуэр къатоукІуриери, Мысырым и зауэлІхэр хым щІехъумэ. Фирхьэунми, абы и зауэлІхэми къелыну Іэмал лъэпкъ яІакъым, псори хэкІуэдащ! (Исх. 15:8—10).

15. Мы Іуэхугъуэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдгуригъаІуэр?

15 Мы Іуэхугъуэм къегъэлъагъуэ Иеговэ и Іуэху псори зэпэщу зэрыщытыр, абы къыхэкІкІэ дэ зы щхьэкІи дыгузэвэн икІи дышынэн хуейкъым (1 Кор. 14:33). Зи мэлхэр фІыуэ зылъагъу мэлыхъуэм хуэдэу, Иеговэ и лъэпкъым ІуэхукІэ доІэпыкъу. Ар къытхуосакъ икІи абы и гъусэу дыщыщытым деж, бийхэм дыщышынэкъым. Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэрихъумэм дызэрегупсысым къару къытхелъхьэ икІи дэ абы дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дуней бзаджэм и кІэухыр къос (Прит. 1:33, Гъэсэпэтхыдэхэр).

16. Иеговэ израил лъэпкъыр къызэрыригъэлар тщІэжыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

16 Ноби Иеговэ и лъэпкъым доІэпыкъу икІи хуосакъ. Псалъэм папщІэ, абыхэмрэ езымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну доІэпыкъу икІи я бийхэм пэщІэтыну къару ярет. Иеговэ апхуэдэу и лъэпкъым щхьэщытынущ куэд мыщІэу къэсыну гузэвэгъуэшхуэм щыгъуи (Апок. 7:9, 10). Абы къыхэкІкІэ гузэвэгъуэшхуэр къэса иужь Иеговэ и лэжьакІуэхэр шынэнукъым икІи гужьеинукъым, щІалэхэри зи ныбжь хэкІуэтахэри, узыншэхэри сымаджэхэриb. АтІэ абыхэм нэгъуэщІ щытыкІэщ яІэнур. Абыхэм Хьисэ и псалъэхэр ящІэжынущ: «Фытэджи, фи щхьэр къэфІэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи» (Лк. 21:28). Фирхьэуным и дзэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэщу щыт, лъэпкъ зэгухьэнухэр къэзыгъэлъагъуэ Гогыр къатеуа иужьи Алыхьым и лэжьакІуэхэм шэч къытрахьэнукъым Иеговэ ахэр къызэрихъумэнум (Иез. 38:2, 14—16). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абыхэм ящІэ Иеговэ зэи зэрызимыхъуэжыр. Абы щыгъуи Алыхьым игъэлъэгъуэнущ лъагъуныгъэ зэрыхэлъыр икІи цІыхухэм гулъытэ зэрахуищІыр (Ис. 26:3, 20).

17. 1) Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуу щытам дызэрегупсысым сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэтхыфыну? 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

17 Иеговэ и лъэпкъым гулъытэ хуищІу икІи щабэу зэрыдэІэпыкъур, зэрыщхьэщытыр икІи къызэрыригъэлыр къэзыгъэлъагъуэ щапхъищ мы статьям щызэпкърытхащ. Апхуэдэ щапхъэхэм фыщегупсысым деж, Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр къызыхэщ, япэ щІыкІэ гу зылъывмыта Іуэхугъуэхэр зэрыфлъэгъуным иужь фит. Иеговэ фэ абы нэхъ гъунэгъу фыхуищІынущ икІи фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дытепсэлъыхьынущ ди унагъуэм, зэхуэсым щыщхэм икІи хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ цІыхухэм Иеговэ щапхъэ тетхыу я гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуэтщІыным.

a Журтхэм я тхыдэм елэжьу щыта Иосиф Флавий зэрыжиІэмкІэ, Самуел абы щыгъуэ илъэс 12 хъууэ арат.

b Армагеддоным къелахэм сымаджэхэри хэтынущ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ «уз зыпкърыт дэтхэнэ цІыхури дэтхэнэ цІыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт» (Мт. 9:35). АбыкІэ абы къигъэлъэгъуащ Армагеддон нэужьым къелынухэм щхьэкІэ ищІэнур. Ауэ цІыху къэтэджыжынухэр узыншэу щытынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын