Алыхь насыпыфІэм хуэлажьэхэр насыпыфІэщ
«НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!» (ПС. 144:15).
1. Сыт Иеговэ и лэжьакІуэхэр щІэнасыпыфІэр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
ИЕГОВЭ И ЩЫХЬЭТХЭР цІыху насыпыфІэхэщ. Конгрессхэм, зэІущІэхэм е зэгъусэу щызэхэсхэм деж, ахэр зэрыгъэгушхуэу зэдоуэршэр икІи мэдыхьэшх. Сыт ахэр апхуэдизу щІэнасыпыфІэр? Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр «Алыхь насыпыфІэр» зэрацІыхуращ. Ахэр абы хуолажьэ икІи щапхъэ зэрытрахыным хущІокъу (1 Тим. 1:11, ДЩІ; Пс. 16:11). Иеговэ хуейщ езым хуэдэу дэри насыпыфІэу дыщытыну. Алыхьым и фІыгъэкІэ дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ куэд диІэщ (Втор. 12:7; Эккл. 3:12, 13).
2, 3. 1) Сыт насыпыр зищІысыр? 2) Сыт ди насыпым зэран хуэхъуфынур?
2 Уэ птеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? УнасыпыфІэу зыплъытэжрэ? ЦІыху насыпыфІэр и гъащІэмкІэ арэзыщ, абы зэпымыууэ гузэгъэгъуэрэ гуфІэгъуэрэ зыхещІэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и нэфІ зыщыхуа цІыхуращ нэгъэсауэ насыпыфІэ хъуфынур. Ауэ мы дунейм насыпыфІэу ущытыну тыншкъым. Сыт щхьэкІэ?
3 Псалъэм папщІэ, гуфІэгъуэр мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм тфІагъэкІуэдыфынущ: фІыуэ тлъагъу цІыхум и лІэныгъэм, нэчыхьыр зэрыкъутэжам, лэжьапІэр зэрытфІэкІуэдам, фІыуэ тлъагъур зэхуэсым зэрыхагъэкІам, унагъуэм къихьэ гугъуехьхэм. Абы нэмыщІ къыбдеджэхэр е къыбдэлажьэхэр къыпщыдыхьэшхмэ, бийхэм гугъуехь уагъэшэчмэ, уи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым уагъэтІысмэ, уи узыншагъэр мыхьэнэншэмэ, уз хэтІэса е депрессие уиІэмэ, а псор уи насыпым зэран хуэхъуфынущ. Хьисэ Мэссихь «насыпыфІэу икІи тепщэныгъэ иІэу» Библием жеІэ. Ар хуейщ гузэгъэгъуэ къыдитыну икІи насыпыфІэ дищІыну (1 Тим. 6:15, ДЩІ; Мт. 11:28—30). Дауэ насыпыфІэу дыкъэна хъуну, гугъуехьхэм дыІущІэу ШейтІаным и дунейм дызэрыщыпсэум емылъытауэ? Абы теухуауэ Хьисэ чэнджэщыфІхэр къыдитащ Іуащхьэм тету псалъэ щыжиІам щыгъуэ.
АЛЫХЬЫМ И НЫБЖЬЭГЪУУ УЩЫТЫНЫР — НАСЫПЫМ УХУЭЗЫШЭ ГЪУЭГУЩ
4, 5. НасыпыфІэ дыхъун икІи насыпыфІэу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
4 Іуащхьэм тету жиІа псалъэм Хьисэ къыхигъэщащ насыпыр япэ дыдэу зэлъытар сытми: «Гъуэгу махуэ теуващ [Тхьэм зэрыхуэныкъуэр зыщІэхэр], ахэр Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэм щІэтщи» (Мт. 5:3, сноскэ). Алыхьым дызэрыхуэныкъуэр къызэрыдгурыІуэр къыхощ Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зэрызэдгъэгъуэтым, и чэнджэщрэ и дэІэпыкъуэгъурэ дызэрыхуэныкъуэр къызэрыдгурыІуэм икІи абы хуэлэжьэныр псом япэ зэридгъэщым. Абы нэгъэсауэ насыпыфІэ дызэрищІым нэмыщІ, Алыхьым и псалъэхэр Іэмал имыІэу гъэзэщІа зэрыхъунумкІэ фІэщхъуныгъэ диІэр нэхъ быдэ ещІ. Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ «гуфІэгъуэ махуэр къызэрыкІуэнум» къару къытхелъхьэ (Тит 2:13).
5 Ди гъащІэм сыт къыщымыхъуми насыпыфІэу дыкъэнэн щхьэкІэ Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. Ди насыпыр Иеговэ епхауэ зэрыщытын хуейр къигъэлъагъуэу, апостол Паул итхащ: «Сыт щыгъуи фыгуфІэ. Иджыри зэ нывжызоІэ, фыгуфІэ» (Флп. 4:4). Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуну дыхуеймэ, абы и Іущагъым дыхуэныкъуэщ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Ежьащ гъуэгу махуэ Іущыгъэр къэзыгъуэтыр, ехъулІащ зиІэр зэхэщІыкІ... Иригъуазэ псомкІи ар гъащІэ жыгщ, ар зыІэщІэзмыгъэкІри ехъулІащ» (Прит. 3:13, 18, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Сыт щыгъуи насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, Алыхьым и Псалъэм деджэ закъуэ мыхъуу, абы итым дытету дыпсэун хуейщ
6. Насып пэжыр сыт зэлъытар?
6 Сыт щыгъуи насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, Алыхьым и Псалъэм деджэ закъуэ мыхъуу, абы итым дытету дыпсэун хуейщ. А гупсысэр къыхигъэщу Хьисэ жиІащ: «Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ» (Ин. 13:17; къеджэ Екъуб 1:25). Арыншауэ насыпыфІэ дыхъуфынукъым икІи Алыхьыр ди ныбжьэгъу тщІыфынукъым. Ди насыпым апхуэдизу зэран хуэхъу дунейм дауэ насыпыфІэу дыкъызэрыщынэфынур? Хьисэ Іуащхьэм щыжиІа гупсысэхэр адэкІэ иджыри зэпкърытхынщ.
НАСЫПЫФІЭ ДЫЗЫЩІ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР
7. Дауэ гукъеуэ зиІэхэр насыпыфІэ зэрыхъуфынур?
7 «Гъуэгу махуэ теуващ гукъеуэ зиІэхэр, абыхэм я гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыжынущи» (Мт. 5:4). Ар дауэ? Гукъеуэ зиІэхэр насыпыфІэу щытыфыну? Хьисэ зи гугъу ищІам гукъеуэ зиІэ цІыху псори хыхьэкъым. Алыхьым и лъабжьэ щІэмыт цІыхухэри ди «зэман гугъухэм» гугъуехьышхуэхэм щыпэщІэхуэм деж егъэлеяуэ мэгузавэ (2 Тим. 3:1). Ауэ ахэр щІэгузавэр я щхьэ закъуэращ икІи Иеговэ егупсыскъым. ДауикІ, гугъуехьхэм ахэр Алыхьым ныбжьэгъу хуищІкъым икІи абы къыхэкІкІэ насыпыфІи хъуфынукъым. «Гукъеуэ зиІэхэр» щыжиІэм Хьисэ зи гугъу ищІар Алыхьым зэрыхуэныкъуэр къызыгурыІуэ цІыхухэращ. Алыхьымрэ абы и хабзэхэмрэ куэдым ІэщІыб зэращІым ахэр егъэнэщхъей. ЦІыхухэр зэрыгуэныхьщІакІуэр абыхэм къагуроІуэ икІи гуэныхьым къыпэкІуэ Іей псор ялъагъу. Иеговэ апхуэдэ цІыхухэм гу лъетэ, и ПсалъэмкІэ гупсэхугъуэрэ насыпрэ ярет икІи гъащІэ мыухыж яІэу псэуну къегъэгугъэ. (Къеджэ Иезекииль 5:11a; 9:4b.)
8. Пагагъэ уигу имылъынымрэ насыпымрэ дауэ зэрызэпыщІар?
8 «Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр, абыхэм ІыхьэфІу къалъысынур щІылъэращи» (Мт. 5:5). Пагагъэ уигу имылъынымрэ насыпымрэ дауэ зэрызэпыщІар? Библием ит пэжыр къищІа иужь цІыхум фІыкІэ зехъуэж. Япэм ар цІыху пхъашэу, къаугъэ къэзылъыхъуэу, къэгубжьыгъуафІэу щытагъэнкІэ хъунущ. Ауэ иджы абы «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зришэкІащ икІи «гущІэгъунри, фІыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри» и гум илъщ (Кол. 3:9—12). Апхуэдэ цІыхум гупсэхугъуэ, лъагъуныгъэ, гуфІэгъуэ егъуэт. Абы нэмыщІ, Библием зэрыжиІэмкІэ, пагагъэ зигу имылъым щІылъэр щІэину къылъысынущ (Пс. 37:8—10, 29).
9. 1) Пагагъэ зигу имылъхэм дауэ щІыр щІэину къазэрылъысынур? 2) «Щыпкъагъэм хуэзэшхэр» сыт насыпыфІэу жыпІэ щІэхъунур?
9 Хьисэ и гъусэу уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм щІылъэр щІэину къалъысынущ жиІэм къикІыр пащтыхьу икІи дин пашэу ахэр щІым и тепщэу зэрыщытынуращ (Апок. 20:6). ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр дагъуэншэ хъунущ икІи мамырыгъэрэ насыпкІэрэ гъэнщІа гъащІэ мыухыж яІэнущ. Апхуэдэ цІыхухэм теухуауэ Хьисэ жиІат: «Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икІи хуэлІэхэр» (Мт. 5:6). Иеговэ пэжагъыр зэрызытригъэувэжыр апхуэдэ цІыхухэм дунеищІэм щалъэгъунущ (2 Пет. 3:13). Иеговэ Іей псор Іуиха иужькІэ ди насыпым зыри зэран хуэхъужынукъым (Пс. 37:17).
10. ГущІэгъу зыхэлъ цІыхуу ущытыным къикІыр сыт?
10 «Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр, абыхэм гущІэгъу ягъуэтынущи» (Мт. 5:7). ГущІэгъу зиІэ цІыхум хуабагърэ щабагърэ хэлъщ икІи нэгъуэщІым и узыр зыхещІэ. Ауэ гущІэгъур гурыщІэ закъуэу щыткъым, атІэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, гущІэгъу зыхэлъ цІыхур адрейхэм ядэІэпыкъуну хущІокъу.
ЦІыхухэм фадэІэпыкъуи, насыпыфІэ фыхъунущ (12-нэ абзацым феплъ.)
11. Самарие хэкум щыщ цІыхухъум теухуа ущие хъыбарым сытым дыхуригъасэрэ?
11 Къеджэ Лука 10:30—37. Самарие хэкум щыщ цІыхухъум теухуа ущие хъыбарым гущІэгъу пхэлъыным къикІыр наІуэу къегъэлъагъуэ. ГущІэгъу зыхэлъ самарие цІыхур лей къызытехьа журтым дэІэпыкъуащ. Ущие хъыбарым и кІэм Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Уэри кІуэи, апхуэдэу щІы». ЗэупщІыж: «Сэри апхуэдэу сщІэрэ? Самарие хэкум щыщ цІыхухъум хуэдэу сэри гущІэгъу схэлъ? Зи ныбжь хэкІуэтахэм, фызабэхэм е зи адэ-анэр Иеговэ хуэмылажьэ сабийхэм садэІэпыкъуфыну пІэрэ? Зи лъэр щІэхуахэм гулъытэ яхуэсщІыну сыхьэзыр?» (1 Фес. 5:14; Екъуб 1:27).
12. ГущІэгъу зыхэлъ цІыхур сыт щІэнасыпыфІэр?
12 ГущІэгъу зыхэлъ цІыхур сыт щІэнасыпыфІэр? Апхуэдэ цІыхур адрейхэм ядоІэпыкъу икІи, Хьисэ зэрыжиІамкІэ, «къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ». Абы нэмыщІ гущІэгъу зэрытхэлъымкІэ Иеговэ арэзы дощІ (Апост. 20:35; къеджэ Еврейхэм 13:16). НэгъуэщІхэм ядэІэпыкъу цІыхум теухуауэ пащтыхь Даут итхащ: «Иеговэ абы и нэІэ тригъэтынущ икІи и гъащІэр къихъумэнущ. ЩІылъэм насыпыфІэкІэ щеджэнущ абы» (Пс. 41:1, 2). Дэ нэгъуэщІхэм гущІэгъу яхуэтщІмэ, езы Иегови гущІэгъу къытхуищІынущ икІи игъащІэкІэ насыпыфІэу дыщытынущ (Екъуб 2:13).
«ЗИГУ КЪАБЗЭХЭР» ЩІЭНАСЫПЫФІЭР СЫТ?
13, 14. «Зигу къабзэхэр» сыт щІэнасыпыфІэр?
13 Хьисэ жиІат: «Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр, абыхэм Тхьэр ялъагъунущи» (Мт. 5:8). Зигу къабзэ цІыхухэр зыхущІэкъури къабзэщ. Абы къыхэкІкІэ ди гупсысэхэр къабзэу щытыным дыкІэлъыплъын хуейщ. Абы щыгъуэщ дызэрыхуэлажьэр Иеговэ къыщищтэнур. (Къеджэ 2 Коринф 4:2; 1 Тим. 1:5.)
14 Зигу къабзэ цІыхухэм Иеговэ хуэарэзыщ икІи Иеговэ и ныбжьэгъуу зэрыщытым ахэр насыпыфІэ ещІ. Апокалипсис 22:14 Алыхьым и псалъэхэр итщ: «Зи щыгъын зыжьыщІахэр насыпыфІэщ» (ДЩІ). Уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм я щыгъыныр яжьыщІащ жиІэмэ къикІыр Иеговэ ахэр къабзэу илъытэу, зэи мылІэжу, гуфІэгъуэ яІэу уафэм щыхуэлэжьэну хуит зэрищІыращ. ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэри Алыхьым и пащхьэм къабзэу къыщынэфынущ икІи и ныбжьэгъу хъуфынущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, абыхэм «я джанэ кІыхьхэр Щынэм илъкІэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщІыжащ» (Апок. 7:9, 13, 14).
15, 16. Дауэ «зигу къабзэхэм» Алыхьыр зэралъагъур?
15 Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ: «Сыкъэзылъэгъуа цІыхур псэууэ къэнэнукъым» (Исх. 33:20). АтІэ дауэ «зигу къабзэхэм» Алыхьыр зэралъэгъуфынур? «Ялъагъунущ» жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэм къокІ «къыбгурыІуэн, зэхэпщІыкІын, къэпцІыхун». Абы къыхэкІкІэ «Тхьэр ялъагъунущ» жиІэм къикІыр ар фІыуэ къызэрацІыхунур икІи и хьэл-щэнхэр лъапІэу зэралъытэныращ (Еф. 1:18). Хьисэ нэгъэсауэ Иеговэ щапхъэ трихт. Аращ абы мыпхуэдэу щІыжиІар: «Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапІэри илъэгъуащ» (Ин. 14:7—9).
16 Абы нэмыщІ Алыхь пэжыр къызэрыддэІэпыкъум гу щылъыттэм деж, дэ Иеговэ «тлъагъуу» жыпІэ хъунущ (Иов 42:5). Дэ Иеговэ пэжу дызэрыхуэлажьэм икІи къабзэу дыкъэнэну дызэрыхущІэкъум щхьэкІэ абы хьэлэлагъ хэлъу фІыгъуэ къытхуищІэнухэми догупсыс. ИкІи уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я тыгъэр къаІэрыхьа иужь Алыхьыр езыхэм я нэкІэ ялъэгъунущ (1 Ин. 3:2).
ГУГЪУЕХЬ ДИІЭХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ ДЫНАСЫПЫФІЭЩ
17. Мамырыгъэ зытезыгъэувэжыну хущІэкъу цІыхухэр сыт насыпыфІэу жыпІэ щІэхъунур?
17 «Гъуэгу махуэ теуващ цІыхухэр зэзыгъэкІужхэр» (Мт. 5:9). Хьисэ зэрыжиІамкІэ мамырыгъэ зытезыгъэувэжыну хущІэкъухэр насыпыфІэщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ Екъуб итхащ: «ЗэкІужыныгъэм хэтхэращ щыпкъагъэ къызыхэкІ жылапхъэр гузэгъэгъуэкІэ цІыхухэм я гум изылъхьэр» (Екъуб 3:18). Зэхуэсым е унагъуэм щыщ гуэрымрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэр дэлъмэ, дэ Иеговэ делъэІу хъунущ мамырыгъэ зытедгъэувэжын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну. Абы щыгъуэ Иеговэ и къару лъапІэр къыдитынурэ, дэ хьэл-щэн дахэхэр тхуэгъэлъэгъуэнущ икІи абы насыпыфІэ дищІынущ. Мамырыгъэ зытедгъэувэжын щхьэкІэ дэ лъэбакъуэ япэу зэрытчын хуейм мыхьэнэшхуэ зэриІэр Хьисэ къыхигъэщащ: «Аращи, Тхьэм хуэпщІ тыхьыр къурмэнщІыпІэм щыпхькІэ, уи къуэшым гукъеуэ гуэр къыпхуиІэу уи гум къэкІыжмэ, уи тыхьыр къурмэнщІыпІэм деж къыщынэ, япэщІыкІэ кІуэи, уи къуэшым екІуж. ИтІанэ тегъази, уи тыхь щІы!» (Мт. 5:23, 24).
Хьэл-щэн дахэхэр дгъэлъэгъуэну Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыддэІэпыкъунущ икІи абы насыпыфІэ дищІынущ
18, 19. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыщрахуэкІым дежи сыт щІэгуфІэр?
18 «Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикІуэм щхьэкІэ цІыхухэр къыфхуэхъущІэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ, къыфхуэмыфащэ Іей псори къыфхужаІэмэ». Сыт Хьисэ апхуэдэу щІыжиІар? Абы адэкІэ къыдгурегъаІуэ: «Фытхъэ, хуабжьу фыгуфІэ, Тхьэм уафэм ІыхьэфІу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкІэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу» (Мт. 5:11, 12). Апостолхэр щІопщкІэ яукІыу хъыбарыфІыр ямыгъэІуну къыжраІа иужь, ахэр «гуфІэу... Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщІэкІыжащ». Сыт щхьэкІэ? ДауикІ ахэр щІэгуфІар лей къызэрытрагъэхьаракъым, атІэ «цІыхухэр абыхэм Хьисэ и цІэкІэ къекъуэншэкІыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщаращ» (Апост. 5:41).
19 Ноби Иеговэ и лэжьакІуэхэм гуфІэгъуэ яфІэкІуэдкъым, Хьисэ и цІэм щхьэкІэ къыщрахуэкІым икІи гугъуехь щрагъэшэчым деж. (Къеджэ Екъуб 1:2—4.) Апостолхэм хуэдэу дэри гугъуехь зэрытшэчым гуфІэгъуэ къытхуихьу аракъым. Ауэ гъэунэхуапІэ дыщихуам деж, дэ Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэмэ, абы лІыгъэ къытхилъхьэнущ. Хе́нрик До́рникрэ и къуэшымрэ къащыщІар абы щыхьэт тохъуэ. 1944 гъэм, шыщхьэІум ахэр концлагерым ягъэкІуат. ГъэщІэгъуэнщ абыхэм я бийхэм жаІар: «Ахэр я фІэщхъуныгъэм пхутегъэкІынутэкъым. Хьэзаб зэрашэчым абыхэм гуфІэгъуэ къахуехь». Ди къуэш Дорник жеІэ: «Сэ хьэзаб сшэчыну сыхуейуэ аратэкъым, ауэ Алыхьым пэжу сыкъыхуэнэн щхьэкІэ гугъуехьхэр лІыгъэ схэлъу зэрысшэчым гуфІэгъуэ къысхуихьу арат... ЛъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зэрызыхуэзгъазэм абы гъунэгъу сыхуищІт икІи си Алыхьыр ДэІэпыкъуэгъу пэжу къыщІэкІащ».
20. Сыт дэ гуфІэгъуэ диІэу «Алыхь насыпыфІэм» дыщІыхуэлажьэр?
20 «Алыхь насыпыфІэ» Иеговэ дэркІэ арэзыуэ щыщытым деж, дэ насыпыфІэу дыщытыфынущ тепщэныгъэ зиІэхэм дыкъызэрахуэкІым, ди благъэхэр къызэрытпэщІэувэм, узыншагъэм икІи ди ныбжьыр зэрыхэкІуэтам пыщІа гугъуехьхэр дызэриІэм емылъытауэ (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Дэ иджыри «пэжыгъэ зиІэ Тхьэм» дыкъызэригъэгугъэм гуфІэгъуэ къытхуехь (Тит 1:2, Хъыб., 1993). Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псор къэхъуа иужь дэ япэм гугъуехь диІахэри гъэунэхуапІэхэри дигу къэкІыжынукъым. Къапщтэу щытмэ, дэ иджыпсту ди нэгу къытхущІэгъэхьэнукъым жэнэтым сыт хуэдэ гъащІэ дахэ диІэнуми. Абы щыгъуэ дэ насыпыфІэ дыдэ дыхъунущ! Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм «мамырыгъэкІэ загъэнщІу псэунущ» (Пс. 37:11).
a Иезекииль 5:11: «„Сыпсэущ сэ,— жеІэ Дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Зиусхьэн Иеговэ,— уи фІеягъэмкІэрэ уи гущыкІыгъуэмкІэрэ си унэшхуэр зэрыбуцІэпІам щхьэкІэ, уи бжыгъэм хэзгъэщІынущ. УсфІэгуэныхь хъууэ сыноплъынукъым икІи гущІэгъу пхуэсщІынукъым“».
b Иезекииль 9:4: «Иеговэ абы жриІащ: „Ерусалим къалэм ирикІуи, абы къыщекІуэкІ гущыкІыгъуэхэм щхьэкІэ щэІухэм икІи пыхьэхэм я натІэм дамыгъэ тедзэ“».