Иеговэ хуэдэу гулъытэ фхэлъу, гуапэу цІыхухэм фахущыт
«ТхьэмыщкІэм дэІэпыкъу цІыхур насыпыфІэщ» (ПС. 41:1).
1. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъыр дауэ зэрагъэлъагъуэр?
ДУНЕЙ псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэр зы унагъуэм хуэдэу щытщ, ахэр къуэш, шыпхъухэм хуэдэу фІыуэ зэролъагъу (1 Ин. 4:16, 21). Иныкъуэм деж абыхэм я къуэш, я шыпхъухэм щхьэкІэ гугъуехьышхуэхэр щашэч е зыгуэр зыщыхуагъэныкъуэ къохъу. Ауэ и нэхъыбэм абыхэм я лъагъуныгъэр къагъэлъагъуэ апхуэдэуи нэрымылъагъуу щыт псалъэ гуапэхэмкІэ икІи ІуэхуфІхэмкІэ. Апхуэдэу щытщІэм деж, уафэм щыІэ ди Адэм щапхъэ тыдох (Еф. 5:1).
2. Лъагъуныгъэ гъэлъэгъуэнымкІэ дауэ Хьисэ и Адэм щапхъэ зэрытрихар?
2 Хьисэ и Адэм нэгъэсауэ щапхъэ трихт. Абы жиІащ: «ЦІыху ешаелІа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи» (Мт. 11:28, 29). Хьисэ щапхъэ тетхыу дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм гулъытэ щахуэтщІым деж, Иеговэ догъэгуфІэ, дэри насыпыфІэ дохъу (Пс. 41:1). Мы статьям щызэпкърытхынущ унагъуэм, зэхуэсым щыщхэм икІи хъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэхэм гулъытэ зэрыхуэтщІынур.
УНАГЪУЭМ ЗЫР ЗЫМ ГУЛЪЫТЭ ХУЭФЩІ
3. ЛІым и щхьэгъусэм дауэ гулъытэ зэрыхуищІыфынур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
3 Унагъуэм щІэсхэм гулъытэ хуэщІын зэрыхуеймкІэ унагъуэм и нэхъыжьым щапхъэ игъэлъэгъуэн хуейщ (Еф. 5:25; 6:4). Библием жеІэ лІым и щхьэгъусэм гулъытэ хуищІу икІи и гурыщІэхэр къыгурыІуэу щытын зэрыхуейр (1 Пет. 3:7). ЗэхэщІыкІ зыхэлъ лІым къыгуроІуэ и щхьэгъусэр и дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытыр икІи езым къызэрыщхьэщыкІыр. ДауикІ, абы къикІкъым лІыр и фызым нэхърэ нэхъыфІу (ЩІэдз. 2:18). Абы къыхэкІкІэ лІым и щхьэгъусэм и гурыщІэхэр къыгуроІуэ икІи пщІэрэ щІыхьрэ хуещІ. Канадэм щыщ ди зы шыпхъум и лІым щхьэкІэ мыпхуэдэу жеІэ: «Абы си гурыщІэхэм гулъытэ хуещІ икІи „Уи гум псори йомыгъэжалІэ!“ зэи къызжиІэкъым. ИкІи си гум илъыр щыхуэсІуатэм деж къызодаІуэ. Зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ си еплъыкІэр щысхъуэжын хуейм деж, абы ар щабэу къызжеІэ».
ЛІыр и щхьэгъусэм щІыхуэпэжыр ар фІыуэ елъагъу икІи Іейр илъагъу мыхъуу щытщи аращ
4. ЛІыр нэгъуэщІ цІыхубзхэм щепсалъэм деж, и щхьэгъусэм и гурыщІэхэм пщІэ зэрыхуищІыр дауэ къызэригъэлъэгъуэнур?
4 И щхьэгъусэм пщІэ хуэзыщІ лІым нэгъуэщІ цІыхубзхэм закъыпригъэхынукъым, гулъытэ къемызэгъ яхуищІынукъым икІи абыкІэ интернетымрэ социальнэ сетьхэмрэ къигъэсэбэпынукъым (Иов 31:1). МыхъумыщІагъэ зит сайтхэми ихьэнукъым. ЛІыр и щхьэгъусэм щІыхуэпэжыр и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъу закъуэракъым, атІэ Алыхьыр фІыуэ зэрилъагъум икІи Іейр илъагъу мыхъуу зэрыщытым щхьэкІи хуэпэжыну хуейщ. (Къеджэ Псалом 19:14a; 97:10b.)
5. Фызым зэхэщІыкІ иІэу и щхьэгъусэм дауэ зэрыхущытыфынур?
5 ЛІым и нэхъыщхьэ Хьисэ Мэссихь щапхъэ трихмэ, фызым и дежкІэ нэхъ тынш хъунущ лІым пщІэ хуищІыну (Еф. 5:22 —25, 33). Фызым и щхьэгъусэм пщІэ щыхуищІым деж и лІым и гурыщІэхэр къыгурыІуэну хущІокъу, зэхуэсым зэман куэд щытригъэкІуадэм е нэгъуэщІ Іуэхухэр щызэхигъэкІым деж. Великобританием щыщ ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэм зыгуэрым щхьэкІэ сызэрыгузавэр си щытыкІэмкІэ гу щылъитэ къохъу. Абы щыгъуэ Притчи 20:5 ит принципыр къегъэсэбэп. Иныкъуэм деж абы шыІэныгъэ хэлъу си гум илъыр „къыщрихыфыну“ зэманым йожьэ, ар сэ жысІэ хъуну щытмэ».
6. Дауэ дэтхэнэ зыми сабийхэр зэрыхуэдгъэушыфынур нэгъуэщІхэм гулъытэ хуащІыну? Сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къахуихьынур?
6 Зэщхьэгъусэхэм зыр зым гулъытэ хуищІу, пщІэ зыхуащІу щытмэ, я сабийхэм щапхъэфІ яхуэхъунущ. Абы нэмыщІ абыхэм я къалэнщ я сабийхэм нэгъуэщІхэм гулъытэ хуащІу ягъэсэну. Псалъэм папщІэ, адэ-анэхэм я сабийхэм къыгурагъаІуэ хъунущ дыщызэхуэс Унэхэм къыщыбжыхь зэрымыхъунур икІи хьэщІапІэ щыІэу шхын къыщащтэм деж, адрейхэм зэрегупсысын хуейр. Къапщтэмэ, зэхуэсым щыщхэри дэІэпыкъу хъунущ адэ-анэхэм я сабийхэр нэгъуэщІхэм гулъытэ хуащІу щагъасэкІэ. Апхуэдэу фэр щхьэкІэ сабийм бжэр Іуихамэ, фыщытхъу хъунущ. Щытхъур сыт щыгъуи гуапэщ икІи ар сабийм дэІэпыкъунущ «къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» жыхуиІэ псалъэхэр зэрыпэжыр къыгурыІуэну (Апост. 20:35).
ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЩХЭМ ГУЛЪЫТЭ ЯХУЭФЩІ
7. Зи тхьэкІумэм зэхэзымых цІыхухъум Хьисэ дауэ щабэу зэрыхущытар?
7 Зэгуэрым Хьисэ «КъалипщІ зи цІэ хэкум» щыкІуэцІрыкІым «лІы дэгу, бзагуэ гуэр цІыхухэм къыхуашат» (Мк. 7:31—35). Хьисэ а лІыр псоми я пащхьэм деж щимыгъэхъужу «цІыхухэм яхишащ». Сыт щхьэкІэ? Зэрысымаджэм къыхэкІкІэ а лІыр укІытэу къыщІэкІынт цІыхухэм яхэтыну. Хьисэ ар къыгурыІуауэ къыщІэкІынти, зыми имылъагъуу игъэхъужыну мурад ищІащ. ДауикІ, дэ цІыхухэр тхуэгъэхъужынукъым, ауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гурыщІэхэм гулъытэ яхуэтщІын хуейщ. Апостол Паул итхащ: «Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж» (Евр. 10:24). Хьисэ зи тхьэкІумэм зэхэзымых цІыхухъум и гурыщІэхэр къыгурыІуэти, щабэу хущытащ. Сыту ар ди дежкІэ щапхъэфІ!
Лъагъуныгъэращ дыхуэзыгъэушыр зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ лъэрымыхьхэмрэ дадэІэпыкъуну
8, 9. Зи ныбжь хэкІуэта, лъэрымыхь къуэш, шыпхъухэм дауэ гулъытэ зэрахуэтщІыфынур? Щапхъэ къэфхь.
8 Зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ лъэрымыхьхэмрэ гулъытэ хуэфщІ. Иеговэ и организацэм лэжьыгъэ щыдгъэзащІэр фІыуэ икІи псынщІэу зэрыдгъэзэщІэныракъым псом нэхъапэр, атІэ лъагъуныгъэ гъэлъэгъуэныращ (Ин. 13:34, 35). Лъагъуныгъэращ дыхуэзыгъэушыр зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ лъэрымыхьхэмрэ дадэІэпыкъуну дыщызэхуэс унэхэм кІуэн щхьэкІэ икІи хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ. Дэ абыхэм дадоІэпыкъу ар ди дежкІэ тыншу щымытми икІи куэд яхузэфІэмыкІынуми (Мт. 13:23). Майкл инвалиднэ креслэм исщ. Абы и Іыхьлыхэм икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм хуабжьу фІыщІэ яхуещІ, ахэр къызэрыдэІэпыкъум щхьэкІэ. Абы жеІэ: «Абыхэм я фІыгъэкІэ и нэхъыбэ зэІущІэхэм сокІуэф икІи зэпымыууэ хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтщ. Сэ псом хуэмыдэу цІыху куэд здэщыІэ щІыпІэм хъыбарыфІыр щызгъэІуну сфІэфІщ».
9 Вефиль куэдым зи ныбжь хэкІуэта, лъэрымыхь къуэш, шыпхъухэр щыІэщ. Надзирательхэм абыхэм гулъытэ хуащІ икІи ядоІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуным хэтын щхьэкІэ письмо ятхыну е телефонкІэ цІыхухэм епсэлъэну. Илъэс 86 хъу ди къуэш Билл щІыпІэ жыжьэхэм щыпсэу цІыхухэм письмо яхуетх. Абы жеІэ: «ЦІыхухэм письмо яхуэттхыну дэр щхьэкІэ пщІэшхуэщ». Илъэс 90-м нэблэгъа ди шыпхъу Нэ́нси къыддогуашэ: «Письмо тхыныр мыхьэнэ зимыІэ лэжьыгъэу сэ къэслъытэкъым, атІэ лэжьыгъэ лъапІэу собж. ЦІыхухэм пэжыр къащІэн хуейщ!» 1921 гъэм къалъхуа ди шыпхъу Э́тел жеІэ: «Узыр си гъащІэм щыщ хъуащ. Иныкъуэм деж зысхуэпэнуи къызогугъуэкІ». Абы емылъытауэ абы ифІэфІу телефонкІэ хъыбарыфІыр егъэІу, тригъэзэжурэ зэпсалъэ цІыхухэри иІэщ. Илъэс 85 хъу ди шыпхъу Ба́рбара къыддогуашэ: «Узыншагъэ сызэримыІэм щхьэкІэ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ зэпымыууэ згъэІуну къызогугъуэкІ. Ауэ телефоныр къыздоІэпыкъу Алыхьым теухуауэ нэгъуэщІхэм къезгъэщІэну. ФІыщІэ пхузощІ, Иеговэ!» Зи гугъу тщІа къуэш, шыпхъухэр зы Вефилым щолажьэ. Абыхэм зи ныбжь хэкІуэта а Вефилым щыщ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэри я гъусэу илъэс иримыкъум и кІуэцІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным сыхьэт 1228-кІэ хэтащ, письмоуэ 6265 ятхащ, 2000 хуэдизрэ телефонкІэ ящІащ икІи публикациеу 6315 ягуэшащ. Шэч лъэпкъ хэлъкъым абыхэм Иеговэ хуабжьу зэрагъэгуфІам! (Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр).
10. Ди къуэш, ди шыпхъухэм зэІущІэхэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхахыну дауэ дазэрыдэІэпыкъуфынур?
10 ЗэІущІэм къекІуалІэ къуэш, шыпхъухэм фегупсыс. Апхуэдэу щытщІэм деж, ди къуэш, ди шыпхъухэм зэІущІэхэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхахыну дадоІэпыкъу. Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, зэІущІэм дыкъыкІэрымыхуу дыкъакІуэмэ, нэгъуэщІхэм зэран дахуэхъукъым. ДауикІ, дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэм щхьэкІэ дыкъыкІэрыхункІи хъунущ, ауэ ар хьэл тхуэхъуамэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм зэран дахуэмыхъун щхьэкІэ зэрызытхъуэжыным дегупсысын хуейщ. ЗэІущІэхэм Иеговэрэ Хьисэрэ гуапэу дыкъызэрагъэблагъэр зыщывмыгъэгъупщэ (Мт. 18:20). ПщІэшхуэ яхуэтщІыну, дауикІ, абыхэм яхуэфащэщ!
11. 1 Коринф 14:40 ит принципым сыт къуэшхэр тетын щІыхуейр?
11 Абы нэмыщІ дэ нэгъуэщІхэм гулъытэ яхуэтщІынущ, мыпхуэдэ принципым дытетмэ: «Іуэху псори екІурэ зэтеухуауэ щытын хуейщ» (1 Кор. 14:40). Программэр езыгъэкІуэкІ къуэшхэр а принципым тетщ, и зэманым я пунктыр щаухым деж. ИужькІэ псалъэ жызыІэну къуэшым и закъуэкъым ахэр зэгупсысыр, атІэ зэхуэсым къекІуэлІа цІыхухэми йогупсыс. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр дыщызэхуэс Унэхэм пэжыжьэу мэпсэу. Куэдыр автобусым, маршруткэм е троллейбусым къыкІэрыху хъунукъым, лъэсу кІуэжын хуейхэри щыІэщ. Языныкъуэхэм Иеговэ и Щыхьэту щымыт я щхьэгъусэхэр унэм къащыпоплъэ.
12. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ яхуэтщІыну икІи фІыуэ тлъагъуну сыт щІахуэфащэр? («Къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм пщІэ яхуэфщІ» рамкэм феплъ.)
12 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ яхуэтщІыну икІи фІыуэ тлъагъуну яхуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм зэхуэсым дэІэпыкъун щхьэкІэ къарууэ яІэр ирахьэлІэ икІи хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтщ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:12, 13.) Фэ, дауикІ, абыхэм ящІэр фІыщІэшхуэ фощІ. Фи гум фІыщІэ зэрилъыр дауэ зэрывгъэлъэгъуэфынур? Абыхэм фадэлэжьэну хьэзыру фыщыт икІи сыт и лъэныкъуэкІи я унафэхэр дэфІыгъ, «ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цІыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкІэлъоплъри» (Евр. 13:7, 17).
ХЪЫБАРЫФІЫМКІЭ ФЫЗДЭГУАШЭ ЦІЫХУХЭМ ФЕГУПСЫС
13. Хьисэ цІыхухэм зэрахущытам сытым дыхуигъасэрэ?
13 Хьисэ теухуауэ бегъымбар Ешайа жиІауэ щытащ: «НыкъуэкъищІыкІ хъуа къамыл кърищІыкІынукъым, ерагъыу блэ уэздыгъэку игъэункІыфІынукъым» (Ис. 42:3). Хьисэ цІыхухэр фІыуэ илъагъути, «ныкъуэкъищІыкІ хъуа къамылым» икІи «ерагъыу блэ уэздыгъэкум» ещхьу зи гур иуда, къару зимыІэж цІыхухэм я гурыщІэхэр къыгурыІуэт. Абы нэгъуэщІхэм гулъытэ яхуищІт икІи гуапэу, шыІэныгъэ хэлъу яхущытт. Уеблэмэ, сабийхэри абы бгъэдэсыну хуейт (Мк. 10:14). ДауикІ, дэ Хьисэ хуэдэу цІыхухэр тхуегъэджэнукъым икІи я гум илъыр къытхуэщІэнукъым. Ауэ дэ хъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэ цІыхухэм дегупсысыфынущ. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ абыхэм дапхуэдэу, дапщэщ икІи дапхуэдизрэ депсэлъэнуми.
Ди псалъэхэм икІи ахэр зэрыжытІэм къыхэщын хуейщ цІыхухэм гуапэу дазэрыхущытыр, я гурыщІэхэри къызэрыдгурыІуэр
14. ЦІыхухэм дазэрепсалъэ щІыкІэм сыт дыщІегупсысын хуейр?
14 Дапхуэдэу цІыхухэм дазэрепсэлъэн хуейр? Нобэ нэпсей, гущІэгъуншэ сатуущІэхэм, политикхэм икІи дин пашэхэм я ягъэкІэ мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэр «мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкІыу» щытщ (Мт. 9:36). Аращи, гъэщІэгъуэнкъым цІыху куэдыр зыми дзыхь хуамыщІыжу икІи гугъэ ямыІэжу зэрыхъуар. Абы къыхэкІкІэ ди псалъэхэм икІи ахэр зэрыжытІэм къыхэщын хуейщ цІыхухэм гуапэу дазэрыхущытыр, я гурыщІэхэри къызэрыдгурыІуэр. Куэдыр хъыбарыфІым щІедаІуэр Библиер фІыуэ къазэрыгурыдгъаІуэм и закъуэкъым, атІэ ди гум къыбгъэдэкІыу гулъытэрэ пщІэрэ зэрахуэтщІми мыхьэнэшхуэ иІэщ.
15. ХъыбарыфІыр зыжетІэ цІыхухэм дазэрегупсысыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
15 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ цІыхухэм гулъытэ зэрахуэтщІын Іэмал куэд щыІэщ. Псалъэм папщІэ, цІыхум дыщепсалъэм деж, пщІэ зэрыхуэтщІыр упщІэ еттым къыхэщын хуейщ. Пионеру щыт ди зы къуэшым хъыбарыфІыр щигъэІу щІыпІэм псэлъэгъуей, укІытэх цІыху куэд щопсэу. Абы къыгурыІуащ ахэр Іэнкун зыщІын упщІэхэр имытмэ, зэрынэхъыфІыр. Абы хохьэ жэуап зрамытыфыну упщІэхэр, псалъэм папщІэ «Алыхьым и цІэр фщІэрэ?» е «Сыт зищІысыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр?». Абы и пІэкІэ къуэшым мыпхуэдэу жеІэ: «Алыхьым цІэ зэриІэр сэ Библием къыщысщІащ. Ухуей ар уэзгъэлъэгъуну?» Мыпхуэдэ бгъэдыхьэкІэр дэтхэнэ щІыпІэми хуэмыкІуэнкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэри, къыщекІуэкІ хабзэхэри зэщхькъым. Ауэ дэ сыт щыгъуи цІыхухэм дегупсысын хуейщ икІи абыхэм пщІэ яхуэтщІын хуейщ. Ар щытхузэфІэкІынур ахэр нэхъыфІу къызэрытцІыхуным иужь дитмэщ.
16, 17. ЦІыхухэм гулъытэ зэрахуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур: 1) дыщыкІуэну зэманыр къыщыхэтхым деж? 2) дапхуэдизрэ депсэлъэнуми унафэ щытщІым деж?
16 Дапщэщ цІыхухэм деж дыщыкІуэнур? ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ зыщыдгъэгъупщэнкъым цІыхухэр къызэрыдэмыжьэр. Абы къыхэкІкІэ псэлъэну нэхъ щахущІыхьэ зэманым дыкІуэмэ, нэхъыфІщ (Мт. 7:12). Псалъэм папщІэ, фи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр щыдэс махуэхэм нэхъыбэрэ жейуэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытмэ, а зэманым фэ хъыбарыфІыр уэрамым, цІыхухэр нэхъыбэу щызекІуэ щІыпІэхэм щывгъэІу хъунущ е нэхъ жьыуэ къэтэдж зытевгъэзэжын хуейхэм деж фыкІуэ хъунущ.
17 Дапхуэдизрэ цІыхум дызэрепсэлъэнур? Куэдым зэман мащІэщ яІэри, кІыхьу фазэремыпсэлъэным иужь фит, псом хуэмыдэу япэу фащепсалъэм деж. Псалъэмакъыр нэхъ щІэхыу быухым нэхъыфІщ, куэдрэ ущыт нэхърэ (1 Кор. 9:20—23). Абыхэм зэрахущІэмыхьэр къызэрыдгурыІуэр щалъагъум деж, иужькІи къыдэпсэлъэну нэхъ гукъыдэж яІэнкІэ хъунущ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэныфІхэр щыдгъэлъагъуэм деж, Алыхьым дыдэлажьэу жыпІэ хъунущ. Абы щыгъуэ Иеговэ зыгуэрым пэжыр къригъэщІэну дыкъигъэсэбэпынкІэ хъунущ (1 Кор. 3:6, 7, 9).
18. ЦІыхухэм гулъытэ яхуэтщІу, я гурыщІэхэр къыдгурыІуэу дыщытмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр Иеговэ къыдитыну?
18 Аращи, унагъуэм, зэхуэсым щыщхэм икІи хъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэхэм гулъытэ яхуэтщІын щхьэкІэ къарууэ диІэр едывгъэхьэлІэ. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ фІыгъуэ куэд къыдитыжынущ иджыпстуи, къэкІуэну зэманми. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Библием щыжыІащ: «ТхьэмыщкІэм дэІэпыкъу цІыхур насыпыфІэщ; гузэвэгъуэ зэманым Иеговэ ар къригъэлынущ. [...] ЩІылъэм насыпыфІэкІэ щеджэнущ абы» (Пс. 41:1, 2).
a Псалом 19:14: «Си жьэм къыжьэдэкІ псалъэхэри си гупсысэхэри пфІэфІу щрет, уэ Иеговэ, си Къыр, си ЩэхужакІуэ».
b Псалом 97:10: «Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм Іейр флъагъу мыхъуу фыщыт. Абы хуэпэжхэм я гъащІэр къехъумэ, ахэр гуэныхьыщІэхэм къыІэщІехыж».