ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июнь н. 30—32
  • Алыхьыр арэзы абы хуэщІынут

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьыр арэзы абы хуэщІынут
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПАЩТЫХЬ ЖЫІЭМЫДАІУЭ
  • «АХЭР ИЕГОВЭ И ПСАЛЪЭМ ЕДЭІУАЩ»
  • ГУЭНЫХЬ ЕЩІЭ, АУЭ ИУЖЬКІЭ ХУЩІОГЪУЭЖ
  • ИЕГОВЭ РОВОАМКІЭ АРЭЗЫТ?
  • Пащтыхьыгъуэр тІууэ гуэша хъуащ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр ІэщІыб умыщІ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Пащтыхьыгъуэр гуэшащ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Чэнджэщ къыщыдатым деж...
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июнь н. 30—32

Алыхьыр арэзы абы хуэщІынут

ИЕГОВЭ и лэжьакІуэ дэтхэнэми ар арэзы ищІыну хуейщ. Ауэ Алыхьым и нэфІ зыщыхуэр хэт? Гуэныхь хьэлъэ ящІа пэтми, Иеговэ и ныбжьэгъуу къэнахэм я щапхъэхэр Библием итщ. НэгъуэщІхэм хьэл-щэныфІхэр ягъэлъагъуэт, ауэ иужькІэ ахэр Алыхьым и лъабжьэ щІэкІащ. Абы къыхэкІыу мыпхуэдэ упщІэ къоув: «Сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр тхэлъыну Иеговэ хуей?» Пащтыхь Ровоам и щапхъэм мы упщІэм и жэуапыр къыдитынущ.

ПАЩТЫХЬ ЖЫІЭМЫДАІУЭ

Ровоам и адэр Израилым илъэс 40-кІэ пащтыхьу щыта Сэлмэнт (1 Цар. 11:42). Ди эрэм ипэ 997 гъэм Сэлмэн дунейм ехыжащ. Ровоам Ерусалим икІри Сихем къалэм кІуащ, абы пащтыхь щащІын щхьэкІэ (2 Лет. 10:1). Дауэ уеплърэ, пащтыхь зэрыхъун хуейм иригузавэу пІэрэт ар? Сэлмэн цІыху Іущу зэрыщытар псоми ящІэт, Ровоам абы щапхъэ трихын хуейт. Куэд мыщІэу Ровоам Іуэхугъуэ зыпэщІэхуам къигъэлъэгъуащ упщІэ гугъухэр абы зэхигъэкІыфрэ зэхимыгъэкІыфрэ.

Ровоам Іуэхугъуэ гугъу ихуат. Израил цІыхухэр абы и деж къакІуэри, ахэр зыгъэгузавэ Іуэхугъуэр бгъэдалъхьащ: «Уи адэм ди бжьыр хьэлъэ ищІащ, ауэ абы къыттрилъхьа ди къарум къимыхь лэжьыгъэмрэ бжьы хьэлъэмрэ тхуэгъэпсынщІи, уэ дыпхуэлэжьэнущ» (2 Лет. 10:3, 4).

Ровоам унафэ къищтэну тынштэкъым. ЦІыхухэм зыхуейр яхуищІэмэ, езым, и унагъуэм икІи и унэІутхэм зыгуэр зыхуагъэныкъуэн хуеину къыщІэкІынт, лъэпкъми и хьэлъэр нэхъ тынш ищІын хуей хъунут. Ауэ зыхуейр яхуимыщІэмэ, абыхэм зыкъаІэтыфынут. Сыт-тІэ Ровоам ищІэныр? ЯпэщІыкІэ Сэлмэн и чэнджэщэгъуу щыта нэхъыжьхэм Ровоам захуигъэзащ. Ауэ иужькІэ и ныбжьхэм ечэнджэщу щІидзащ. Абыхэм я чэнджэщым тету, Ровоам лъэпкъым пхъашэу хущытыну мурад ещІ. Абы цІыхухэм яжриІащ: «Сэ фи бжьыр нэхъ хьэлъэж сщІынущ икІи абы щІызгъунущ. Си адэм фэ щІопщкІэ фиукІт, ауэ сэ гъущІ папцІэ зыфІэщІа щІопщкІэщ фызэрызукІынур» (2 Лет. 10:6—14).

Сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыр? Ныбжь зиІэ, Алыхьым и еплъыкІэ зэзыгъэгъуэта цІыхухэм жаІэм уедэІуэным Іущагъ хэлъщ. Унафэ тщІым къыпэкІуэфынур абыхэм ялъэгъуфынущ икІи чэнджэщыфІ къыдатыфынущ (Иов 12:12).

«АХЭР ИЕГОВЭ И ПСАЛЪЭМ ЕДЭІУАЩ»

Ровоам ищІа унафэр къыщащІэм цІыхухэм зыкъаІэтащ. Абы щыгъуэ пащтыхьым дзэ зэхуишэсащ ахэр къигъэувыІэн щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ Іуэхум къыхэІэбащ. Бегъымбар Шемаия къигъэсэбэпу Алыхьым жиІащ: «Фэ фи къуэшхэм, Израилым и къуэхэм фыкІуэу фезэуэн хуейкъым. Фи унэхэм вгъэзэж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а псор сэрат къызыбгъэдэкІыр» (1 Цар. 12:21—24)a.

Ровоам зыкъэзыІэтахэм езауэ зэрымыхъунур къыщищІам и жагъуэ хъуащ. Сыт цІыхухэм жаІэнур? Иджы дыдэ лъэпкъыр «гъущІ папцІэ зыфІэщІа щІопщкІэ» иукІыну жиІэт, ауэ иджыпсту дичыхын хуей мэхъу! (Евгъапщэ 2 Летопись 13:7.) Дауэ мыхъуами, пащтыхьыр и дзэр и гъусэу «Иеговэ и псалъэм едэІуащ икІи унэм игъэзэжащ Иеговэ зэрыжиІам тету».

Абы сытым дыхуригъасэрэ? Дэ Алыхьым дедэІуэн хуейщ, зыгуэр абы щхьэкІэ къытщыдыхьэшхми. Иеговэ дыхуэжыІэдаІуэмэ, абы и нэфІ къытщыхуэнущ (Втор. 28:2).

Ровоам и унафэм сыт къыпэкІуар? Иудэ, Вениамин лъэпкъитІым ар я тепщэу къэнащ. Абы къалэщІэхэр иухуэу щІидзащ икІи къалэжьхэр нэхъ быдэ ищІащ (2 Лет. 11:5—12). Ауэ абы нэхърэ нэхъапэращи, Ровоам зы зэман гуэркІэ Иеговэ и хабзэхэм тету псэуащ. Иеровоам и пащтыхьыгъуэ зэманым лъэпкъипщІ хъу Израилыр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэт. Ауэ абы щыщ куэдым Ровоам и лъэныкъуэр яІыгът. Абы къыхэкІыу ахэр Ерусалим Алыхь пэжым хуэлэжьэну кІуэхэт (2 Лет. 11:16, 17). Аращи, Ровоам Алыхьым зэредэІуам и фІыгъэкІэ и пащтыхьыгъуэр нэхъ лъэщ хъуащ.

ГУЭНЫХЬ ЕЩІЭ, АУЭ ИУЖЬКІЭ ХУЩІОГЪУЭЖ

Ровоам и пащтыхьыгъуэр лъэщ щыхъуам щыгъуэ, ар Иеговэ и хабзэхэм текІри тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэн щІидзащ. Сыт щхьэкІэ? Хамэ лъэпкъым щыщ и анэм и ягъэ абы хэлъу къыщІэкІынт (1 Цар. 14:21). Ровоам и пащтыхьыгъуэм щыпсэухэми абы щапхъэ трахыу щІадзащ. Аращ Иеговэ Мысырым и пащтыхь Сусаким хуит щІищІар Иудэм и языныкъуэ къалэхэр иубыдыну, ахэр Ровоам нэхъ быдэ зэрищІам емылъытауэ (1 Цар. 14:22—24; 2 Лет. 12:1—4).

Ровоам зыдэс Ерусалим къалэм Сусаким щыбгъэдыхьам Іуэхур нэхъ Іей хъуащ. Абы щыгъуэ бегъымбар Шемаия пащтыхьым и деж къакІуэри Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыр абырэ и пщыхэмрэ яжриІащ: «Фэ сыкъызэрывгъэнам щхьэкІэ сэри фыкъэзгъэнащ икІи фестащ Сусаким». Мы псалъэхэр Ровоам дауэ къыщыхъуа? Абы и къуаншагъэр къыгурыІуэжащ. Библием дыкъыщоджэ: «Израилым и пщыхэмрэ пащтыхьымрэ хущІегъуэжри жаІащ: „Захуэщ Иеговэ“». Абы щхьэкІэ Иеговэ Ровоам гущІэгъу хуищІащ икІи Ерусалим къригъэлащ (2 Лет. 12:5—7, 12).

Абы иужькІэ Ровоам адэкІи пащтыхьу къэнащ. ЛІэн ипэ и къуэхэм тыгъэ куэд яхуищІащ абы. Сыт щхьэкІэ? ИужькІэ пащтыхь хъун хуей я къуэш Авия ахэр пэщІэмыувэн щхьэкІэ (2 Лет. 11:21—23). Япэм имыІа Іущагъыр Ровоам иджы зригъэгъуэтат.

ИЕГОВЭ РОВОАМКІЭ АРЭЗЫТ?

Ровоам зэзэмызэ ІуэхуфІхэр илэжьу щытами, абы Алыхьыр арэзы ищІакъым. Ровоам и пащтыхьыгъуэр и кІэм щынэс зэманым теухуауэ Библием мыпхуэдэу жеІэ: «Абы Іей илэжьт». Сыт щхьэкІэ? «Иеговэ къилъыхъуэну мурад быдэ абы и гум илътэкъым» (2 Лет. 12:14).

Пащтыхь Даут Иеговэ и ныбжьэгъуу зэрыщытам хуэдэу Ровоам Алыхьым и ныбжьэгъуу щытакъым

Ровоам и гъащІэм сытым дыхуригъасэрэ? Зэман-зэманкІэрэ ар Алыхьым едаІуэт икІи абы и лъэпкъым дэІэпыкъут. Ауэ абы Иеговэ гъунэгъу зыхуищІтэкъым, и гъащІэмкІи ар игъэгуфІэну гукъыдэжышхуэ иІэтэкъым. ИкІэм-икІэжым Ровоам тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэн икІи Иеговэ бзаджагъэу илъытэ Іуэхухэр ищІэн щІидзащ. Мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Сытыт Ровоам Иеговэ щІедаІуэр? И гуэныхьхэм хущІегъуэжу Алыхьыр арэзы ищІыну хуейуэ арат, хьэмэрэ нэгъуэщІхэм апхуэдэу ищІэну къызэрыжраІэм едаІуэу арат?» (2 Лет. 11:3, 4; 12:6). Дауэ мыхъуами, Ровоам гуэныхьыр къытригъэзэжурэ ищІэт. Ар и адэшхуэ Даут ещхьтэкъым. Пэжщ, Даути гуэныхьышхуэ щищІэ къэхъут, ауэ абы Иеговэ фІыуэ илъагъут, пэжу хуэлажьэт икІи и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьхэм хущІегъуэжт (1 Цар. 14:8; Пс. 51:1, 17; 63:1).

Пэж дыдэу Ровоам и гъащІэм куэдым ухуригъэсэфынущ. ФІы дыдэщ цІыхум и унагъуэр зыхуей хуигъазэмэ икІи нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъумэ. Ауэ, дэ Алыхьыр арэзы тщІыну дыхуеймэ, ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу абы дыхуэлэжьэн икІи ди ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. Аращ нэхъапэр.

Иеговэ арэзы тщІыну дыхуеймэ, абы фІылъагъуныгъэшхуэ худиІэнущ. МафІэр мыужьыхын щхьэкІэ пхъэгъэсын зэрыщІэдзэн хуейм хуэдэу, Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр мыужьыхын щхьэкІэ и Псалъэм деджэу, дегупсысу, тхьэлъэІукІэ Иеговэ зыхуэдгъазэу дыщытын хуейщ (Пс. 1:2; Рим 12:12). Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушынущ ди гъащІэмкІэ ар дгъэгуфІэну икІи гуэныхь тщІэ хъумэ, занщІэу абы дыхущІегъуэжыну. Абы щыгъуэ Ровоам къыщыщІам хуэдэ къытщыщІынукъым. Дэ Иеговэ и гъуэгум зэи дытекІынукъым (Иудэ 20, 21).

a Япэм Иеговэ жиІат Сэлмэн абы зэрепцІыжам щхьэкІэ пащтыхьыгъуэр тІууэ гуэша зэрыхъунур (1 Цар. 11:31).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын