ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Апрель н. 9—14
  • Хуитыныгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ фыхуэлажьэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хуитыныгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ фыхуэлажьэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ КЪЫВИТА ХУИТЫНЫГЪЭР ФИ ДЕЖКІЭ ЛЪАПІЭУ ЩРЕТ
  • АЛЫХЬЫМ ФЫХУЭЛЭЖЬЭН ЩХЬЭКІЭ ФИ ХУИТЫНЫГЪЭР ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ КЪЭВГЪЭСЭБЭП
  • Хуитыныгъэ пэжым ухуэзышэ гъуэгу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Апрель н. 9—14

Хуитыныгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ фыхуэлажьэ

«Иеговэ и къару лъапІэр здэщыІэм хуитыныгъэри щыІэщ» (2 КОР. 3:17, ДЩІ).

УЭРЭДХЭР: 49, 73

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ сытым дыкъыІэщІихыжрэ?

  • Сыт тщІэн хуэмейр Алыхьым къыбгъэдэкІ хуитыныгъэр ІейкІэ къэдмыгъэсэбэпын щхьэкІэ?

  • Хуитыныгъэ диІэр Іущагъ тхэлъу къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ, сыт къыддэІэпыкъунур?

1, 2. 1) Паул и зэманым хуитыныгъэмрэ пщылІынымрэ ехьэлІа упщІэхэм сытыт цІыхухэм мыхьэнэшхуэ щІратыр? 2) Паул зэрыжиІамкІэ, хэтыт хуитыныгъэ пэжыр къозытыфынур?

РИМ империем игъэува унафэхэм, хуитыныгъэмрэ хьэкум щІэнымрэ ехьэлІауэ хабзэ иІэхэм абы щыпсэу цІыхухэр ирипагэт. А империем Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри щыпсэут. Ауэ Рим империем и зэфІэкІри и лъэщагъри нэхъыбэу зи фІыгъэр гугъу ехьу лажьэ пщылІхэрат. Абы щыпсэухэм и Іыхьэ щанэр пщылІу щыщыта къэхъуащ. Абы къыхэкІкІэ хуитыныгъэмрэ пщылІынымрэ ехьэлІа упщІэхэм мыхьэнэшхуэ иратт цІыху къызэрыгуэкІхэм, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри абыхэм яхэту.

2 Апостол Паул хуитыныгъэм теухуауэ мызэ-мытІэу итхащ. Ауэ а зэманым псэуа цІыху куэдым елъытауэ, ар хущІэкъуу щытакъым политикэм е цІыхубэм ехьэлІауэ зэхъуэкІыныгъэхэр ищІыну. Абы и пІэкІэ, Паулрэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ я къарууэ хъуар ирахьэлІэт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр ягъэІун щхьэкІэ. Абы нэмыщІ ахэр хущІэкъут Хьисэ и гъащІэр зэритам мыхьэнэшхуэ зэриІэр цІыхухэм къыгурагъэІуэну. Паул къуэш, шыпхъухэм яжриІэт хуитыныгъэ пэжыр къозытыфынур хэтми. Абы итхауэ щытащ: «Иеговэ и къару лъапІэр здэщыІэм хуитыныгъэри щыІэщ» (2 Кор. 3:17, ДЩІ).

3, 4. 1) 2 Коринф 3:17 ит псалъэхэр жиІэн ипэ сыт Паул зытепсэлъыхьар? 2) Иеговэ къыбгъэдэкІ хуитыныгъэр диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

3 Коринф дэсхэм хуэгъэзауэ Паул етІуанэу письмо итхам и гугъу щищІащ, Мусэ Синай бгым къыщехыжам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэм. Мусэ бгым тету Иеговэ и мелыІычыр къыщепсэлъам щыгъуэ, абы и нэгум нур къыщІихыу хъуат. Израил цІыхухэм ар щалъэгъуам шынати, абы и нэгур тепхъуэкІэ щІихъумащ (Исх. 34:29, 30, 33; 2 Кор. 3:7, 13). АдэкІэ Паул жиІащ: «Ауэ зыгуэрым Зиусхьэным зэрызыхуигъазэу, а тепхъуэр теха мэхъу» (2 Кор. 3:16). Сыт а псалъэхэм къикІыр?

4 Мыбы ипэ дджа статьям дэ къыщытщІащ хуитыныгъэ псор, гъунэ зимыІэ хуитыныгъэр зиІэр, псори къэзыгъэщІа Алыхь Иеговэ закъуэрауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ дэ къыдгуроІуэ Иеговэ здэщыІэм икІи «Иеговэ и къару лъапІэр здэщыІэм» хуитыныгъэри зэрыщыІэр. Ауэ апхуэдэ хуитыныгъэ диІэн щхьэкІэ, Паул и псалъэхэм тепщІыхьмэ, Иеговэ зыхуэдгъэзэн хуейщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы и ныбжьэгъу дыхъун хуейщ. Израил цІыхухэр губгъуэ нэщІым щитам Иеговэ и еплъыкІэ яІакъым, атІэ абыхэм цІыху еплъыкІэщ яІар. Абыхэм я гумрэ я акъылымрэ тепхъуэ телъым хуэдэт. Мысырым и гъэрыпІэм къикІыжу, хуитыныгъэ яІэ хъуар езыхэм я щхьэм щхьэкІэ къагъэсэбэпыну хуейуэ арат ахэр (Евр. 3:8—10).

Уеблэмэ, тутнакъым исми хуитыныгъэ иІэфынущ

5. 1) Иеговэ сыт хуэдэ хуитыныгъэ къыдитыр? 2) Дэнэ дэ щытщІэр тутнакъым дисми гъэрыпІэм дыщыІэми Иеговэ къыдит хуитыныгъэр дызэриІэфынур? 3) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?

5 Иеговэ къыдит хуитыныгъэр куэдкІэ нэхъыфІщ гъэрыпІэм щыІа цІыхур къаутІыпщыжа иужь хуитыныгъэ къыІэрыхьам нэхърэ. Иеговэ къыдит хуитыныгъэр зыІэригъэхьэн зы цІыхуми лъэкІынукъым. Абы гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ, абы нэмыщІ дин нэпцІхэмрэ абыхэм пыщІа хабзэхэмрэ дыкъыІэщІихыжыфынущ (Рим 6:23; 8:2). Сыту фІы Иеговэ апхуэдэ хуитыныгъэ къызэрыдитыр! Уеблэмэ, тутнакъым исми гъэрыпІэм щыІэми апхуэдэ хуитыныгъэ иІэфынущ (ЩІэдз. 39:20—23). Ар къегъэлъагъуэ ди шыпхъу Нанси Юэнрэ ди къуэш Харольд Кингрэ я щапхъэм. Ахэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ илъэс куэдкІэ тутнакъым исащ. Ди интернет-телевидением абыхэм я интервью къыщывгъуэтыфынущ. АдэкІэ упщІитІ зэпкърытхынщ. Алыхьым къыдит хуитыныгъэр ди дежкІэ зэрылъапІэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? ИкІи ар Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпыну сыт къыддэІэпыкъунур?

АЛЫХЬЫМ КЪЫВИТА ХУИТЫНЫГЪЭР ФИ ДЕЖКІЭ ЛЪАПІЭУ ЩРЕТ

6. Израил цІыхухэм Иеговэ яхуищІар фІыщІэ зэрамыщІар сытым къигъэлъагъуэрэ?

6 Дэ зыгуэрым тыгъэ лъапІэ къыщытхуищІым деж ар къыдэзытам ину фІыщІэ худощІ. Ауэ Иеговэ израил цІыхухэр Мысырым и гъэрыпІэм къришыжу, хуитыныгъэ яритыжар абыхэм фІыщІэ ящІакъым. Мазэ зыбжанэ дэкІа иужь, ахэр Мысырым щыІа шхынхэм хуэзэшу икІи Иеговэ къарит шхыным щхьэкІэ тхьэусыхэу щІадзат. Уеблэмэ, абыхэм ягъэзэжынуи я гум къэкІат. Къызыщывгъэхъут: бдзэжьейр, нащэр, хъарбызыр, бжьыныр икІи бжьыныхур абыхэм я дежкІэ нэхъапэт Иеговэ хуиту хуэлэжьэну Іэмал яІэ хъуам нэхърэ! ДауикІ, гъэщІэгъуэнкъым Иеговэ абыхэм зэрахуэгубжьар (Чис. 11:5, 6, 10; 14:3, 4). Ар дэ дерс тхуохъу.

7. 2 Коринф 6:1 ит Паул и чэнджэщым ар езыр дауэ зэрытетар икІи дауэ дэ абы щапхъэ тетх зэрыхъунур?

7 Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджащ Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІыу Хьисэ щІылъэм къигъакІуэу абы и фІыгъэкІэ хуитыныгъэ яІэ хъуар фІыщІэ ямыщІыжу ахэр мыхъуну. (Къеджэ 2 Коринф 6:1.) Паул гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ я пщылІт, абы къыхэкІкІэ и гур хуабжьу зэбгъэжт. Ауэ абы жиІащ: «Тхьэм щІыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекІуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкІуэду сыкъезыгъэлынур». Сыт абы апхуэдэу щІыжиІар? АдэкІэ абы и къуэшхэм яхуитхауэ щытащ «гъащІэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм» «гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм» ахэр къаІэщІихыжауэ (Рим 7:24, 25; 8:2). Иеговэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъызэрыІэщІихар фІыщІэ дымыщІыжу дыхъу хъунукъым, атІэ абы къытхуищІар Паул хуэдэу, зэи тщыгъупщэн хуейкъым. Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ напэ къабзэ диІэу икІи ди гум гуфІэгъуэшхуэ илъу Алыхьым дыхуэлэжьэфынущ (Пс. 40:8).

Дауэ фэ хуитыныгъэ фиІэр къызэрывгъэсэбэпыр: Иеговэ фыхуэлэжьэн щхьэкІэ, хьэмэрэ фэ фызыхуейр фщІэн щхьэкІэ? (8—10-нэ абзацхэм феплъ.)

8, 9. 1) Ди хуитыныгъэр къызэрыдгъэсэбэпын хуейм теухуауэ, сыт Апостол Петр жиІауэ щытар? 2) Дауэ зыгуэрым и хуитыныгъэр Іущагъ хэмылъу къызэригъэсэбэпынкІэ хъунур?

8 Алыхьым хуитыныгъэ къызэрыдитар фІыщІэ тщІы закъуэу щымыту, ар иджыри ІейкІэ къызэрыдмыгъэсэбэпыным иужь дитын хуейщ. Апостол Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат абыхэм «бзаджэ щІэнымкІэ щхьэхуитыныгъэр» къамыгъэсэбэпыну. (Къеджэ 1 Петр 2:16.) Мы псалъэхэм дигу къагъэкІыж израил цІыхухэм губгъуэ нэщІым щитам къащыщІар. Ауэ Петр и чэнджэщыр ди дежкІи сэбэпщ, къапщтэу щытмэ, абы нобэ нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэу жыпІэ хъунущ. ШейтІанымрэ абы и дунеймрэ дыдэзыхьэхын куэд дагъэлъагъу: щыттІэгъэным, ди теплъэм, тшхыным, дызэфэным икІи зэрызыдгъэпсэхуным ехьэлІауэ. Рекламэ къыдэзыгъэкІхэр бзаджагъэм хуокІуэ: теплъэ дахэ зиІэ цІыхухэр къагъэсэбэп хьэпшып зи гугъу ящІыр Іэмал имыІэу къэтщэхун хуейуэ къытщагъэхъун щхьэкІэ, абы дэ дыхуэмыныкъуэу щытми. Куэд ухуейкъым, апхуэдэ къапхъэным уихуэу уи хуитыныгъэр ІейкІэ къэбгъэсэбэпу щІэбдзэным.

9 Ди гъащІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи къыщыбгъэсэбэп хъунущ Петр и псалъэхэр. Псалъэм папщІэ, щІэныгъэ зэгъэгъуэтыным е лэжьапІэ къыхэхыным теухуауэ. Апхуэдэу школым щІэсхэр хуагъэуш еджэным къарууэ яІэр ирахьэлІэну, школыр къауха иужькІэ университет нэхъыфІ дыдэхэм щІэтІысхьэфын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ абыхэм я фІэщ ящІыну хэтщ щІэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтмэ, ахъшэфІ къыщалэжьыфын лэжьапІэ къагъуэтыну икІи пщІэ къыхуащІу псэуну. Школым щІэсхэм ирагъэлъагъу апхуэдэ университет къэзыухахэм ахъшэ нэхъыбэ къалэжь хуэдэу къэзыгъэлъагъуэ статистикэхэр. НыбжьыщІэхэм школыр къыщаухкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къащтэн хуейуэ къапэщылъщи, апхуэдэ псалъэхэм Іущагъ хэлъу къащыхъункІэ хъунущ. Ауэ сыт абыхэмрэ, абыхэм я адэ-анэхэмрэ зыщагъэгъупщэн хуэмейр?

10. Хуитыныгъэ диІэр къэдгъэсэбэпу унафэ щытщІым деж, сыт зыщыдгъэгъупщэ мыхъунур?

10 Зыгуэр егупсысынкІэ хъунущ: сэ сызыхуейр къыхэсхыну хуитыныгъэ сыщиІэкІэ, си напэм къригъэзэгъ сыт хуэдэ унафэри сщІы хъунущ. Апхуэдэ цІыхум Паул и псалъэхэр къигъэсэбэпынкІэ хъунущ: «НэгъуэщІ цІыху гуэрым и гурыщхъуэм си хуитыныгъэр сыт щІигъэкъуэншэнур?» (1 Кор. 10:29). Пэжщ, щІэныгъэ зэгъэгъуэтыным икІи лэжьапІэ къыхэхыным теухуауэ хуитыныгъэ диІэщ дэ езым унафэ тщІыну, ауэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди хуитыныгъэм гъунэ зэриІэр икІи сыт дымыщІэми абы фІы е Іей къызэрыпэкІуэнур. Аращ Паул япэщІыкІэ щІитхауэ щытар: «„Сыт ищІысри тщІэну дыхуитщ“, жаІэ цІыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Іуэху псори дэІэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищІысри тщІэну дыхуитщ, ауэ псоми я фІагъ къыдэкІыркъым» (1 Кор. 10:23). Аращи, ди гъащІэм унафэ гуэр щытщІым деж, дэ дызыхуей закъуэракъым дызэгупсысын хуейр.

АЛЫХЬЫМ ФЫХУЭЛЭЖЬЭН ЩХЬЭКІЭ ФИ ХУИТЫНЫГЪЭР ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ КЪЭВГЪЭСЭБЭП

11. Сыт Иеговэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихыжу хуит дыщІищІыжар?

11 Паул ди хуитыныгъэр ІейкІэ къэдмыгъэсэбэпыну зэрыжиІам нэмыщІ, ар тэмэму къызэрыдгъэсэбэпыну щІыкІэр къыдгуригъэІуащ. Абы дыкъыхуриджащ ди хуитыныгъэр «Тхьэм хуэлажьэ цІыхухэм» хуэдэу къэдгъэсэбэпыну. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ Хьисэ къигъэсэбэпу гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихыжащ, дэ ди гъащІэр абы и ІэмыщІэ итлъхьэу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ.

Хуитыныгъэ диІэр нэхъыфІ дыдэу къэдгъэсэбэпынущ, ди зэманымрэ ди къарумрэ Иеговэ и лэжьыгъэм зэрытедгъэкІуэдэным иужь дитмэ

12. Нухьрэ абы и унагъуэмрэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуагъэнар?

12 Хуитыныгъэ диІэр нэхъыфІ дыдэу къэдгъэсэбэпынущ, ди зэманымрэ ди къарумрэ Иеговэ и лэжьыгъэм зэрытедгъэкІуэдэным иужь дитмэ. Апхуэдэу зэрытщІыр къыддэІэпыкъунущ мы дунейм дызыхуигъэушым дыхущІэмыкъуну икІи дэ дызыхуейр псом япэ идмыгъэщыну (Гал. 5:16). Нухьрэ абы и унагъуэмрэ я щапхъэм фегупсыс. Бзаджагъэмрэ зинэ щІэнымрэ тез щыхъуа дунейм ахэр щыпсэут. Къэзыухъуреихь цІыхухэр зыхущІэкъум ахэр хущІэкъуу щытакъым. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Иеговэ къарита къалэныр гъэзэщІэным я гъащІэр трагъэкІуэдэну мурад зэращІарат. Абыхэм кхъухьыр яухуащ, я щхьэм щхьэкІи псэущхьэхэм щхьэкІи яшхынур ягъэхьэзыращ, нэгъуэщІ цІыхухэми Псыдзэшхуэр зэрыщыІэнум теухуауэ хъыбар ирагъэщІащ. Библием итщ: «ИгъэзэщІащ Нухь а псори; Тхьэм унафэ къызэрыхуищІам хуэдэу ищІащ» (ЩІэдз. 6:22). Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ цІыху Іейхэр щигъэкІуэдам Нухьрэ и унагъуэмрэ къелащ (Евр. 11:7).

13. Иеговэ нобэ сыт хуэдэ унафэ къыдитрэ?

13 Иеговэ нобэ сыт хуэдэ унафэ къыдитрэ? Иеговэ Хьисэ къалэн хуищІауэ щытащ хъыбарыфІыр игъэІуну икІи дэ дощІэ Хьисэ а унафэр и лъэужь ирикІуэхэми ягъэзэщІэну зэрыритар. (Къеджэ Лука 4:18, 19.) «Мы дунейм и тхьэм» я нэхъыбэ цІыхухэм я нэр зэхуищІауэ, ахэр дин нэпцІым, мылъкум икІи политикэм гъэру ирегъэІыгъ (2 Кор. 4:4). Ди дежкІэ щІыхьышхуэщ Хьисэ и щапхъэм дытету, хуитыныгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ теухуауэ цІыхухэм хъыбар едгъэщІэну икІи абы хуэлэжьэн щхьэкІэ дадэІэпыкъуну (Мт. 28:19, 20). Ар, дауикІ, тыншкъым. Псалъэм папщІэ, дгъэІу хъыбарыр языныкъуэ къэралхэм цІыхухэм нэхъ къафІэмыІуэху хъуурэ макІуэ, нэгъуэщІхэр къыщытпэщІэуви къохъу. Дэтхэнэ зыри зэупщІыжын хуейщ: «Иеговэ нэхъыбэу сыхуэлэжьэн щхьэкІэ хуитыныгъэ сиІэр къэзгъэсэбэпу пІэрэ?»

14, 15. Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым сыт хуэдэ унафэ ящІа? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

14 ГуфІэгъуэшхуэщ плъэгъуну Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым мы дунейм и кІэр къызэрысар къазэрыгурыІуэм щхьэкІэ, Иеговэ полновременну хуэлэжьэну я мураду, я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр зэрыхалъхьэр (1 Кор. 9:19, 23). Хэти зэхуэсым доІэпыкъу, хэти хъыбарыфІыр зыгъэІу цІыхухэр нэхъ мащІэу здэщыІэхэм мэІэпхъуэ. Иужьрей илъэситхум и кІуэцІкІэ, цІыху 250 000-м щІигъум полновременнэ лэжьыгъэр ягъэзащІэу щІадзащ, аращи иджы пионерхэм я бжыгъэр 1 100 000-м щІигъуащ. Абы дэ хуабжьу дегъэгушхуэ икІи Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ хуитыныгъэ диІэр Іущагъ тхэлъу къызэрыдгъэсэбэпынымкІэ щапхъэ тхуохъу! (Пс. 110:3).

15 Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм Іущагъ зыхэлъ унафэ ящІыну сыт къадэІэпыкъуар? Джонрэ Джу́дитрэ я щапхъэр зэпкърытхынщ. Иужьрей илъэс щэщІым и кІуэцІкІэ абыхэм къэрал зыбжанэм хъыбарыфІыр щагъэІуащ. Абыхэм ягу къагъэкІыж, 1977-нэ гъэм Школа пионерского служения жыхуиІэр ирагъэкІуэкІыну щыщІадзам, хъыбарыфІыр зыгъэІухэр нэхъ мащІэу здэщыІэ щІыпІэм а школыр къэзыухахэр кІуэну зэрыхуагъэушу щытар. Джон зэрыжиІэжымкІэ, а мурадыр къехъулІэн щхьэкІэ и гъащІэр мылъку зэгъэпэщыным етауэ щытыну хуейтэкъыми, Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ лэжьапІэр щІэх-щІэхыурэ ихъуэжт. Зы зэман гуэр дэкІа иужь ахэр нэгъуэщІ къэралым Іэпхъуащ. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар гугъуехь зыпэщІэхуахэм пэлъэщыну, псалъэм папщІэ бзэр зэрагъэщІэну, хабзэ щыІэхэм есэну икІи хуабэми щІыІэми зрагъэзэгъыну? Абыхэм Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъазэт икІи абы дзыхь хуащІт. Апхуэдэу хъыбарыфІ гъэІуным трагъэкІуэда зэманым теухуауэ сыт иджы абыхэм жаІэжыр? Джон къыддогуашэ: «Мы дунейм сэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэм сызэрыхэтым шэч къытесхьэтэкъым. ФІыуэ сыкъэзылъагъу адэм хуэдэу, Иеговэ нэхъ гъунэгъу къысхуэхъуащ. Иджы сэ нэхъыфІу къызгуроІуэ Екъуб 4:8 итым къикІыр: „Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ“. Сэ си гъащІэм и мыхьэнэр къэзгъуэтащ».

16. Дауэ ди къуэш, ди шыпхъу мин бжыгъэ куэдым я хуитыныгъэр Іущагъ хэлъу къызэрагъэсэбэпыр?

16 Джонрэ Джудитрэ хуэдэу, Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым полновременнэ лэжьыгъэр илъэс куэдкІэ ягъэзэщІэну Іэмал яІэщ. Ауэ псоми я Іуэхур зыІутыр зэхуэдэкъыми, языныкъуэхэм а лэжьыгъэм зэман мащІэщ трагъэкІуэдэфыр. Абыхэм ящыщ куэдыр ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм пщІэншэу щолажьэ. Апхуэдэу Уорвик (Нью-Йорк) щыІэ дунейпсо Іуэху зехьэпІэр щаухуэм, абы къуэш, шыпхъу 27 000 хуэдиз щыІащ. Ахэр абы тхьэмахуитІ, илъэс е нэхъыбэкІэ щылэжьащ. Языныкъуэхэм абы щылэжьэн щхьэкІэ я щхьэ Іуэху куэд къагъэнащ. Абыхэм я хуитыныгъэр къагъэсэбэпащ, хуитыныгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ ягъэлъэпІэн щхьэкІэ. Ар дэ щапхъэфІ тхуохъу!

17. Алыхьым къыбгъэдэкІ хуитыныгъэр Іущагъ тхэлъу къэдгъэсэбэпмэ, сыт хуэдэ гъащІэ дахэ къытпэщылъыр?

17 Иеговэ къызэрытцІыхуам щхьэкІэ икІи абы дызэрыхуэлажьэм къытхуихь хуитыныгъэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ! Унафэ тщІыхэмкІэ къэдвгъэгъэлъагъуэ хуитыныгъэ диІэр лъапІэу зэрытлъытэр. Ди хуитыныгъэр Іущагъ хэмылъу къэдгъэсэбэпыным и пІэкІэ, зэрытхузэфІэкІкІэ Иеговэ нэхъыбэ зэрыхуэтщІэным иужь дивгъэт. Апхуэдэу тщІэмэ, куэд дэмыкІыу Рим 8:21 ит псалъэхэр къызэрыхъур тлъэгъунущ: «Тхьэм къигъэщІа псори Іуэхуу зыщыгугъыу зыпэплъэр мыращ: Тхьэм ахэр кІуэдыныгъэм и пщылІыпІэм къришыжу, щхьэхуит ищІыжу, Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щІыхьышхуэрэ абыхэми яІэ хъунырщ».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Дэ ди хуитыныгъэр ІейкІэ къыдогъэсэбэп, Иеговэ зыхуейр дымыщІэу, дэ дызыхуейр тщІэуэ щытмэ. Апхуэдэ къэхъункІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным и дунейм дыхуегъэуш Иеговэ и лэжьыгъэм нэхърэ дэ дызыхуейр нэхъапэ идгъэщыну.

  • Дэ ди хуитыныгъэр Іущагъ тхэлъу къыдогъэсэбэп, Иеговэ и лэжьыгъэр ди гъащІэм псом япэ идгъэщмэ. Иеговэ и лэжьыгъэм ди зэманри ди къарури нэхъыбэу тедгъэкІуэдэну тхузэфІэкІынущ, ди гъащІэр мылъкум етауэ щымытмэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын