Иеговэ фцІыхуу пІэрэ фэ, Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ хуэдэу?
«Захуагъэр сыт ищІысми ищІэркъым бзаджащІэм, Тхьэуэ Зиусхьэным и гъуэгур къэзылъыхъухэм ар [псори, ДЩІ] зищІысыр ягуроІуэ нэсу» (ПРИТ. 28:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).
1—3. 1) Дыщыпсэу дуней бзаджэм и иужьрей зэманым сыт къыддэІэпыкъунур Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэну? 2) Мы статьям сыт дызытепсэлъыхьынур?
НОБЭ дыщыпсэу дуней бзаджэр и кІэм нэсащ икІи цІыху бзаджащІэхэм «удзым хуэдэу заубгъу» (Пс. 92:7). Аращи, дэ дгъэщІагъуэкъым кІуэ пэтми, цІыху нэхъыбэр Алыхьым и хабзэхэм зэрытемытыр. Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат: «БзаджагъэмкІэ сабийхэм лажьэ зэрамыІэм хуэдэу, фэри фыщыт, фи гупсысэкІэкІи зи ныбжь нэса цІыхухэм яхуэдэ фыхъу» (1 Кор. 14:20, ХъыбарыфІыр, 1993). Дауэ мы чэнджэщым дызэрытетынур?
2 Абы и жэуапыр мы статьяр зытегъэщІа пычыгъуэм итщ: «Тхьэуэ Зиусхьэным и гъуэгур къэзылъыхъухэм ар [псори, ДЩІ] зищІысыр ягуроІуэ нэсу» (Прит. 28:5, Гъэс.). Абы къикІыр абыхэм Иеговэ я гъащІэмкІэ ягъэгуфІэфын щхьэкІэ зыхуэныкъуэ псори къазэрыгурыІуэнуращ. Апхуэдэ гупсысэ Притчи 2:7, 9 итщ. Абы зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым пэжу илъытэм тет цІыхухэращ Иеговэ Іущагъ зритыр. Абы и фІыгъэкІэ абыхэм «щыпкъагъэм, захуагъэм, пэжыгъэм — дэтхэнэ зы гъуэгу занщІи утетыным къикІыр» къагурыІуэфынущ.
3 Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ апхуэдэ Іущагъ яІащ (Иез. 14:14). Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэри апхуэдэ Іущагъым хущІокъу. Ауэ уэ щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр уиІэ уэ? Иеговэ бгъэгуфІэн щхьэкІэ, ухущІэкъурэ «псори зыгурыбгъэІуэну»? Абы щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ нэгъэса зэбгъэгъуэтыным. Аращи, мы статьям дэ дытепсэлъыхьынущ: 1) Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ Иеговэ къызэрацІыхуам, 2) щІэныгъэ зрагъэгъуэтахэр сэбэп зэрахуэхъуам икІи 3) дэри абыхэм яІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыфыным.
НУХЬ АЛЫХЬЫМ ХУЭПСЭУУЭ ДУНЕЙ БЗАДЖЭМ ТЕТАЩ
4. Дауэ Нухь Иеговэ къызэрицІыхуар икІи щІэныгъэ зригъэгъуэтахэр дауэ сэбэп зэрыхуэхъуар?
4 Дауэ Нухь Иеговэ къызэрицІыхуар? Іэдэмрэ Хьэуарэ я сабийхэр дунейм къытехьэу щыщІидза лъандэрэ, цІыхухэм Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ нэхъыбэ зрагъэгъуэтыну Іэмалищ яІэт: абы и ІэдакъэщІэкІхэм щыкІэлъыплъкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм щепсалъэкІэ икІи Алыхьым и хабзэхэм тетхэм и нэфІ зэрыщыхуэр щалъагъукІэ (Ис. 48:18). Нухь Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм кІэлъыплъурэ, Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ куэд зэрилъэгъуам имызакъуэу, абы и хьэл-щэн куэди къищІащ, псалъэм папщІэ Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэр икІи Алыхь пэжу зэрыщытыр (Рим 1:20). Абы и фІыгъэкІэ Нухь Алыхьым теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ иІэ хъуащ.
Нухь къэзыухъуреихь дунейм кІэлъыплъурэ, Алыхьымрэ абы и хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ куэд къищІащ
5. ЦІыхухэм теухуауэ Алыхьым мурад иІар Нухь дауэ къызэрищІар?
5 Библием мыпхуэдэу итщ: «ХъыбарыфІыр щызэхахкІэ цІыхухэм фІэщхъуныгъэ яІэ мэхъу» (Рим 10:17). Дауэ Нухь Иеговэ теухуауэ зэрызэхихар? Нухь и Іыхьлыхэм Иеговэ теухуауэ къыжраІауэ къыщІэкІынущ. Абы и адэ Ламех Алыхьыр и фІэщ хъут икІи ар Іэдэм мылІэ щІыкІэ къалъхуат. (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) Абы нэмыщІ Нухь и адэшхуэр Мафусалт икІи и адэшхуэм и адэшхуэр Иаредт, ар Нухь илъэс 366 щыхъум лІауэ щытащ (Лк. 3:36, 37)a. А цІыхухъухэм икІи абыхэм я щхьэгъусэхэм Нухь къыжраІауэ къыщІэкІынущ Иеговэ цІыхухэр къызэригъэщІар икІи щІылъэ псом ахэр тез хъууэ, къыхуэпэжу хуэлэжьэну зэрыхуеяр. Абы нэмыщІ Нухь къищІащ Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым жиІам зэремыдэІуар икІи абы кърикІуари езым и нэкІэ илъэгъуащ (ЩІэдз. 1:28; 3:16—19, 24). Абы зэхихахэр и гум нэсри, Иеговэ хуэлэжьэну хуигъэушащ (ЩІэдз. 6:9).
6, 7. Нухь и фІэщхъуныгъэр гугъэм и фІыгъэкІэ дауэ нэхъ быдэ зэрыхъуар?
6 Гугъэм и фІыгъэкІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Нухь и цІэр къызытекІар «тынш» псалъэрауэ къыщІэкІынущ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абы зыхищІар, и цІэм къикІым нэгъуэщІхэр зэригъэгушхуэр къыщищІам щыгъуэ (ЩІэдз. 5:29, сноскэ). Иеговэ Лэмэх (Ламех) хуигъэушащ и къуэ Нухь теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІэну: «Абы дигъэтыншыжынщ ди ІуэхукІи Зиусхьэным нэлат зриха щІыгум телэжьэнымкІи». Абы къыхэкІкІэ Нухь Алыхьым дунейр нэхъыфІ ищІыжыну щыгугът. Хьэбэлрэ Еныхурэ (Авель и Енох) хуэдэу абы и фІэщ хъут «цІыхубзым... къыщІэхъуэнур» блэм и щхьэм зэреуэнур (ЩІэдз. 3:15).
7 ЩІэдзапІэ 3:15 зытепсэлъыхьыр Нухь и кІэм нэс къыгурыІуэ хъунтэкъым, ауэ абы итым къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ быдэ къритт. Еныхуи апхуэдэ хъыбар игъэІут, абы жиІэт «гуэныхьыщІэ цІыхухэр» Иеговэ зэригъэкІуэдынур (Иудэ 14, 15). Еныху и псалъэхэр икІэм нэс гъэзэщІа щыхъунур Армагеддоныращ. Ауэ а псалъэхэм, дауикІ, Нухь и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІт икІи къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ къратт.
ФІэщхъуныгъэмрэ Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъымрэ къыддэІэпыкъунущ ШейтІаным и къапхъэнхэм зидмыгъэхуэну икІи мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэ Іейр зэран зыхуэдмыгъэхъуну
8. Нухь Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ пэж зригъэгъуэтахэм дауэ къызэрахъумар?
8 Нухь Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ пэж зригъэгъуэтахэр дауэ сэбэп зэрыхуэхъуар? ЩІэныгъэ пэж зригъэгъуэтахэм я фІыгъэкІэ Нухь фІэщхъуныгъэрэ Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагърэ иІэт икІи ахэр къыдэІэпыкъут Иеговэ и жагъуэ зыщІын Іуэхугъуэхэр имыщІэну. Псалъэм папщІэ, Нухь Алыхьым и ныбжьэгъуу щытыну хуейти, абы щымышынэ цІыхухэм гъусэ захуищІтэкъым. Адрейхэм елъытауэ, щІылъэм къэкІуа жин бзаджэхэм Нухь закъригъэгъэпцІакъым. ЦІыхухэр жин бзаджэхэм я лъэкІыныгъэшхуэм дихьэхт икІи абыхэм щхьэщэ хуащІу хъуауэ къыщІэкІынут (ЩІэдз. 6:1—4, 9). Нухь ищІэт «фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъу» псалъэхэр Алыхьым зыжриІар цІыхухэрауэ зэрыщытыр (ЩІэдз. 1:27, 28). Абы къыхэкІкІэ жинхэр щІылъэм къакІуэу, цІыхубзхэм яригъусэурэ сабий яІэ зэрыхъуар зэрымытэмэмыр Нухь къыгурыІуэт. Ар зэрымыхъунур абы нэхъри ІупщІу къыгурыІуащ а сабийхэр адрей сабийхэм нэхърэ нэхъ ин икІи нэхъ къарууфІэ щыхъуам. Зы зэман гуэр дэкІа иужь Иеговэ Нухь жриІащ цІыху бдзаджэхэр псыдзэшхуэкІэ игъэкІуэдыну мурад зэриІэр. Нухь Алыхьым жиІар и фІэщ хъуащ, кхъухьыр ищІри и унагъуэр къригъэлащ (Евр. 11:7).
9, 10. Нухь иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри дауэ зэрызэдгъэгъуэтыфынур?
9 Нухь иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри дауэ зэрызэдгъэгъуэтыфынур? АбыкІэ къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и псалъэр куууэ дджымэ, къатщІэм мыхьэнэшхуэ еттмэ, хуей хъууэ щытмэ, къэтщІар къэдгъэсэбэпурэ зытхъуэжмэ икІи Библием ит чэнджэщхэм дызэрытетыным дыхущІэкъумэ (1 Пет. 1:13—15). Абы щыгъуэ фІэщхъуныгъэмрэ Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъымрэ къыддэІэпыкъунущ ШейтІаным и къапхъэнхэм зидмыгъэхуэну икІи мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэ Іейр зэран зыхуэдмыгъэхъуну (2 Кор. 2:11). Апхуэдэ еплъыкІэм цІыхухэр хуегъэуш гущІэгъуншагъэмрэ зинэ щІэнымрэ яфІэфІыну икІи щхьэхуещагъэм къыхэкІыу я гур зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэр ящІэну (1 Ин. 2:15, 16). Мы дунейм и еплъыкІэр цІыхум зэран къыхуэхъуфынущ Алыхьым и махуэшхуэр къызэрыблэгъам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр илъэгъуну. ФІэщхъуныгъэ быдэ димыІэмэ, дэри апхуэдэ къытщыщІыфынущ. Зыщывмыгъэгъупщэ, Хьисэ ди зэманыр Нухь и зэманым щыхуигъэдам, абы цІыхухэр гущІэгъуншэу икІи зинэ щІакІуэу зэрыщытыныракъым къыхигъэщар, атІэ Алыхьыр къафІэмыІуэхуу зэрыхъуныращ. (Къеджэ Маттэ 24:36—39.)
10 ФызэупщІыж: «Иеговэ зэрысцІыхур си псэукІэм къыхэщрэ? ФІэщхъуныгъэ сиІэм сыхуигъэушрэ Алыхьым и хабзэхэм сытету сыпсэуным нэмыщІ, нэгъуэщІхэми Алыхьым къытхуигъэувхэмкІэ садэгуэшэну?» Мы упщІэхэм я жэуапыр къывдэІэпыкъунущ, Нухь хуэдэу, Алыхь пэжым фыхуэпсэурэ фыхуэмыпсэурэ зэхэвгъэкІыну.
ДАНИИЛ ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ ТХЬЭ НЭПЦІХЭР ЩАГЪЭЛЪАПІЭ КЪАЛЭМ ЩЫПСЭУАЩ
11. 1) Даниил зэрыцІыкІу лъандэрэ Иеговэ фІыуэ илъагъуу зэрыщытам, ар зэрагъэсам теухуауэ сыт къыдигъащІэр? 2) Даниил сыткІэ щапхъэ тефхыну фыхуейт?
11 Дауэ Даниил Иеговэ къызэрицІыхуар? Даниил Алыхьри Тхыгъэ ЛъапІэри фІыуэ илъагъуу и адэ-анэм ягъэсауэ къыщІэкІынщ. А лъагъуныгъэр Даниил игъащІэ псокІэ ихъумэфащ. Жьы дыдэ хъуа иужьи абы Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ иджын щигъэтакъым (Дан. 9:1, 2). Даниил Иеговэ фІыуэ ицІыхут. ИкІи абы ищІэт Иеговэ израил лъэпкъым хуищІа псор. Ар къыхощ, Даниил и гум къыбгъэдэкІыу, Іэдэбагъ хэлъу Иеговэ зэрызыхуигъэза лъэІум. А лъэІур Даниил 9:3—19 къыщывгъуэтынущ. Зэман хэфхи, мы едзыгъуэхэм феджэ икІи куууэ фегупсыс. ФызэупщІыж: «Сыт мы тхьэлъэІум Даниил теухуауэ къызигъащІэр?»
12—14. 1) Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр Даниил зэриІар сытым къыхэщрэ? 2) ФІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ зэригъэлъэгъуам щхьэкІэ, дауэ Иеговэ Даниил и нэфІ зэрыщыхуар?
12 Даниил Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ пэж зригъэгъуэтахэр дауэ сэбэп зэрыхуэхъуар? Алыхьым пэжу хуэлажьэ журтхэм я дежкІэ тхьэ нэпцІхэр щагъэлъапІэ Бабилэным щыпсэуныр гугъуехь куэдым пыщІат. Зы лъэныкъуэкІи, Иеговэ абыхэм унафэ яхуищІат: «Гъэру фыздаша къалэм мамырыгъэ щыІэну фыхущІэкъу» (Иер. 29:7). НэгъуэщІ лъэныкъуэкІи, Иеговэ абыхэм яхуигъэуват езым фІэкІа нэгъуэщІхэм зыми ягу псомкІэ хуэмылэжьэну (Исх. 34:14). Сыт Даниил къыдэІэпыкъуар а унафитІри игъэзэщІэну? Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъым и фІыгъэкІэ абы къыгурыІуащ щІылъэм тет пащтыхьхэм едэІуэн зэрыхуейр, ауэ псом япэ узэдэІуэн хуейр Алыхьырауэ зэрыщытыр. ЛІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІа иужь, Хьисэ ар дыдэм цІыхухэр хуригъаджэу щытащ (Лк. 20:25).
13 Деплъынщ Даниил сыт ищІами, махуэ 30-м и кІуэцІкІэ пащтыхьым фІэкІ нэгъуэщІым лъэІукІэ зыхуэбгъазэ мыхъуну унафэ къыщыдэкІам. (Къеджэ Даниил 6:7—10b.) Даниил егупсысыфынут: «Махуэ 30-р апхуэдэуи куэд хъукъым!» Ауэ ар пащтыхьым къыдигъэкІа унафэм едэІуэн идакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Тхыгъэ ЛъапІэм итым пэщІэувэт. ДауикІ, Даниил зыми ямылъагъуу Алыхьым адэкІи елъэІуфынут, ауэ абы ищІэт цІыхухэр зэресар ар ялъагъуу Алыхьым зэрызыхуигъазэм. Абы къыхэкІкІэ и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми, ар Алыхьым елъэІун щигъэтакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Даниил хуейтэкъым Алыхьым хуэлэжьэн щигъэтауэ цІыхухэм ягугъэну.
14 Иеговэ Даниил и нэфІ щыхуащ, фІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ зэригъэлъэгъуам щхьэкІэ. Абы телъыджэшхуэ ищІэри, Даниил аслъэнхэм щихъумащ. Абы и фІыгъэкІэ Мидо-Персие щІыналъэ псом Иеговэ теухуауэ къащІащ (Дан. 6:25—27).
15. Даниил иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри дауэ зэрызэдгъэгъуэтыфынур?
15 Даниил иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри дауэ зэрызэдгъэгъуэтыфынур? Абы щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэм итым уеджэн хуей закъуэкъым, атІэ абы итри фІыуэ къыбгурыІуэн хуейщ (Мт. 13:23). Иеговэ дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми зэреплъыр тщІэн хуейщ, абыкІэ дэ сэбэп къытхуэхъунущ Библием ит принципхэр фІыуэ къызэрыдгурыІуэр. Абы щхьэкІэ дызэджам фІыуэ дегупсысын хуейщ. Абы нэмыщІ ди гум къыбгъэдыкІыу, зэпымыууэ Иеговэ лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, псом хуэмыдэу гъэунэхуапІэхэмрэ гугъуехьхэмрэ дыщыпэщІэхуэм деж. Дэ фІэщхъуныгъэ диІэу, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэрэ, Іущагърэ къарурэ къыдитыну делъэІумэ, Іэмал имыІэу ди лъэІум жэуап къритынущ (Екъуб 1:5).
ІЭИУБ И ІУЭХУР ЩЫФІАМИ ЩЫІЕЯМИ АЛЫХЬЫМ И ХАБЗЭХЭМ ТЕТУ ПСЭУТ
16, 17. Дауэ Іэиуб Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ пэжхэр зэрызригъэгъуэтар?
16 Дауэ Іэиуб Иеговэ къызэрицІыхуар? Іэиуб израил лъэпкъым щыщтэкъым. Ауэ ар Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я благъэ жыжьэу щытт, икІи Иеговэ езым теухуауи къэкІуэну зэманым цІыхухэм къапэщылъым теухуауи абыхэм къахузэІуихат. Іэиуб дэнэ къыщищІами тщІэркъым, ауэ абы Алыхьым къыбгъэдэкІ пэж куэд ищІэт (Иов 23:12). «Уэ птеухуа хъыбар зэхэсхат»,— жиІащ абы (Иов 42:5). Абы нэмыщІ Іэиуб Алыхьым теухуауэ жиІауэ хъуар зэрыпэжыр езы Иеговэ жиІащ (Иов 42:7, 8).
Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу Иеговэ къигъэщІахэм деплъурэ абы и хьэл-щэнхэр къыщытцІыхум деж (17-нэ абзацым феплъ.)
17 Іэиуб иджыри Иеговэ и хьэл-щэнхэр къищІащ, абы къигъэщІахэм кІэлъыплъурэ (Иов 12:7—9, 13). ИужькІэ Елиуйрэ Иеговэрэ Іэиуб къэзыухъуреихь дунейм хутепсэлъыхьурэ игу къагъэкІыжащ, псори къэзыгъэщІа Алыхьым цІыхухэр хуэбгъадэмэ, дэ зыри дызэримыщІысыр (Иов 37:14; 38:1—4). Иеговэ и псалъэхэр Іэиуб и гум нэсри абы Іэдэбагъ хэлъу жиІащ: «Иджы сэ сощІэ уэ псори зэрыпхузэфІэкІыр икІи пхуэмыгъэзэщІэн мурад зэрыщымыІэр. Абы къыхэкІкІэ сэ сабэм икІи сахуэм сыхэсу сыщІогъуэж» (Иов 42:2, 6).
18, 19. Сытым къигъэлъагъуэрэ Іэиуб Иеговэ фІыуэ ицІыхуу зэрыщытар?
18 Іэиуб Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ пэж зригъэгъуэтахэр дауэ сэбэп зэрыхуэхъуар? Іэиуб Алыхьым и принципхэр фІыуэ къыгурыІуэт. Абы Иеговэ фІы дыдэу ицІыхути, унафэ пэжхэр ищІт. Псалъэм папщІэ, Іэиуб къыгурыІуэт нэгъуэщІ цІыхухэм пхъашэу хущытмэ, Иеговэ фІыуэ илъагъуу зэрыжимыІэфынур (Иов 6:14). Іэиуб зыкъыфІэщІыжатэкъым, ар къулейми къулейсызми дэІэпыкъут, и унагъуэм исхэм хуэдэу хущытт. Абы жиІащ: «Сэ ныбэм сыкъыщызыгъэщІам ари къигъэщІакъэ?» (Иов 31:13—22). Мылъкушхуэрэ зэфІэкІрэ щиІам щыгъуи, ар пагэ хъуакъым икІи адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу зилъытэжтэкъым. Сыту къыщхьэщыкІрэ ар нобэ мылъкурэ зэфІэкІрэ зиІэ цІыхухэм я щытыкІэм!
19 Іэиуб хуейтэкъым мылъкур е нэгъуэщІ гуэр Иеговэ нэхърэ нэхъапэ хъуну. Абы къыгурыІуэт апхуэдэу ищІамэ, «Алыхь пэжым» зэрепцІыжыр. (Къеджэ Иов 31:24—28c.) ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ унагъуэ щаухуэкІэ Алыхьым и пащхьэм псалъэ щатым мыхьэнэшхуэ иІэу Іэиуб къилъытэт. Уеблэмэ, абы «и нэхэм зэгурыІуэныгъэ» ирищІылІат, хъуэпсэнэгуу хъыджэбзым емыплъыну (Иов 31:1). Гу лъытапхъэщ, а зэманым цІыхухъум зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ иІэну Алыхьым хуит ищІт. Аращи, хуейуэ щытамэ, Іэиуб иджыри къишэ хъунут. Ауэ абы ищІэу къыщІэкІынут, Іэдэн жыг хадэм Алыхьым япэ унагъуэр щиухуам цІыхухъум зы цІыхубз фІэкІ зэрыримытар. А щапхъэм тетыну Іэиуби мурад ищІауэ къыщІэкІынут (ЩІэдз. 2:18, 24)d. ЛІэщІыгъуэ 16 хуэдиз дэкІауэ, Хьисэ Мэссихьи и лъэужь ирикІуэхэр а принципым хуригъаджэт: унагъуэ яухуэну икІи зэгъусэну хуитыныгъэ зиІэр зы цІыхухъумрэ зы цІыхубзымрэщ (Мт. 5:28; 19:4, 5).
20. Иеговэ зэрытцІыхумрэ абы и принципхэр зэрытщІэмрэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур ныбжьэгъуфІхэмрэ зэрызыдгъэпсэхунымрэ къыхэтхыну?
20 Іэиуб иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри дауэ зэрызэдгъэгъуэтыфынур? Абы щхьэкІэ Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ пэжхэр зэдгъэгъуэтын хуейщ икІи къэтщІахэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын хуейщ. Псалъэм папщІэ, Библием щыжеІэ «залымыгъэ фІыуэ зылъагъур» Иеговэ илъагъу мыхъуу, икІи «пцІыупсхэм» пэІэщІэ захуэтщІыну дыхуегъэуш. (Къеджэ Псалом 11:5e; 26:4f.) ФызэупщІыж: «Мы псалъэхэм Иеговэ теухуауэ сыт къызагъащІэр? Мы принципхэр къызэрызгурыІуэр дауэ къызэрыздэІэпыкъунур си гъащІэм япэ изгъэщыныр, ныбжьэгъу сщІыныр, зэрызызгъэпсэхуныр икІи интернетымкІэ сызэплъыныр къыщыхэсхкІэ?» Мы упщІэхэм я жэуапхэм фэ къывгуригъэІуэнущ Иеговэ фІыуэ фцІыхурэ фымыцІыхурэ. Дэ дыхуейкъым мы дуней бзаджэм и гупсысэкІэм хуэдэ диІэну. Абы къыхэкІкІэ дэ фІымрэ Іеймрэ и закъуэкъым зэхэдгъэкІыфу зедгъэсэн хуейр, атІэ Іущагъ зыхэлъымрэ зыхэмылъымрэ зэхэдгъэкІыфу щытын хуейщ (Евр. 5:14; Еф. 5:15).
21. Сыт къыддэІэпыкъунур «псори къыдгурыІуэну», уафэм щыІэ ди Адэр дгъэгуфІэн щхьэкІэ?
21 Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ Иеговэ нэхъыфІу къацІыхуну яхуейти, Иеговэ абыхэм ядэІэпыкъуащ зыхуэныкъуэ «псори къагурыІуэну», ар ягъэгуфІэн щхьэкІэ. Абыхэм я щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ жиІэм утетмэ, гъащІэм ехъулІэныгъэ узэриІэнур (Пс. 1:1—3). Фегупсыс: Иеговэ фцІыхуу пІэрэ фэ, Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ хуэдэу? Къапщтэмэ, дэ нобэ Иеговэ къэтцІыхуну Іэмал нэхъыбэ диІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езым теухуа щІэныгъэ нэхъыбэ къытхузэІуех (Прит. 4:18, Гъэс.). Алыхьым и псалъэм куууэ феджэ. Фызэджам фІыуэ фегупсыс. Алыхьым и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу. Апхуэдэу фщІэмэ, мы дунейм и еплъыкІэ Іейр зэран къыфхуэхъунукъым. Абы нэмыщІ Іущагъ зыхэлъ унафэ фщІынущ икІи уафэм щыІэ ди Адэм нэхъ гъунэгъу фыхуэхъунущ (Прит. 2:4—7, Гъэс.).
a Нухь и адэшхуэм и адэ Еныхуи «хуэпсэуащ... Тхьэм». Ауэ ар Нухь къалъхуным илъэс 69 иІэжу лІащ (ЩІэдз. 5:23, 24).
b Даниил 6:7—10: «„Сановникхэр, пашэхэр, сатрапхэр, пащтыхьым и чэнджэщэгъухэр икІи увыпІэ лъагэ зиІэ нэхъыжьхэр зэчэнджэщащ пащтыхь унафэ къыдагъэкІыну: зыгуэр, хэтуи ирехъу ар, махуэ щэщІым и кІуэцІкІэ тхьэ гуэрым е цІыху гуэрым уэ нэмыщІ, ди пащтыхь, лъэІукІэ зыхуигъазэмэ, ар аслъэнхэр зэрыс мащэм идзэн хуейщ. Иджы, уэ пащтыхь, мы унафэр къыдэгъэкІи, Іэ щІэдз, ар зырамыхъуэкІыжын щхьэкІэ, мидянхэмрэ персхэмрэ я хабзэр зэпхъуэкІ зэрымыхъунум тету.“ Абы щыгъуэ пащтыхь Да́рий а унафэм Іэ щІидзащ. Даниил апхуэдэ унафэ къыдэкІауэ къызэрищІэу и унэм кІуэжащ. Ищхьэ пэшым Ерусалим лъэныкъуэмкІэ гъэза и щхьэгъубжэхэр Іухат. Ар адэкІи, махуэ къэс щэ лъэгуажьэмыщхьэкІэ Алыхьым елъэІут, щытхъу хуищІт, сыт щыгъуи япэм зэрищІу щытам хуэдэу».
c Иов 31:24—28: «Сэ дыщэм сыщыгугъыу щытамэ е дыщэм „Сэ уэ сыпщогугъ“— жесІэу щытамэ, сэ мылъку сиІэм икІи си Іэм куэд къизэрилэжьам сыщыгуфІыкІыу щытамэ, дыгъэр зэрыцІум е мазэ дахащэр зэрыкІуэм сеплъу щытамэ икІи абы щхьэкІэ гъэпщкІуауэ си гур дихьэхамэ икІи си ІэмкІэ бахэр яхуезгъэхьу щытамэ, ари хеящІэхэм зэхагъэкІын хуей щІэпхъэджагъэу щытынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэм щыІэ Алыхь пэжым сепцІыжауэ жыпІэ хъунут».
d Ар дыдэр Нухьи хужыпІэ хъунущ. Абы зы щхьэгъусэщ иІар, Іэдэн жыг хадэм цІыхухэр Алыхьым пэщІэува иужь куэд дэмыкІыу, зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ къашэ хъуами (ЩІэдз. 4:19).
e Псалом 11:5: «Иеговэ езым егъэунэху пэжагъ зигу илъымрэ, мыхъумыщІэмрэ. Залымыгъэ фІыуэ зылъагъур абы илъагъу хъукъым».
f Псалом 26:4: «Сэ пцІыупсхэм сабгъэдэсакъым икІи зэрыщытыр щІэзыхъумэхэм саригъусакъым».