ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • ll 5-нэ Іыхьэр, н. 12—13
  • Дунейпсо псыдзэр. Хэт Алыхьым жиІэм едэІуар?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дунейпсо псыдзэр. Хэт Алыхьым жиІэм едэІуар?
  • Алыхьым жиІэм едаІуи игъащІэкІэ псэу
  • Мыбы ещхь материал
  • Нухь кхъухьыр ещІ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • 5-не Іыхьэ
    Алыхьым жиІэм едаІуэ
  • Нухь кхъухьыр ещІ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • БлэкІам и дерс
    Уэ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ!
Алыхьым жиІэм едаІуи игъащІэкІэ псэу
ll 5-нэ Іыхьэр, н. 12—13

5-НЕ ІЫХЬЭ

Дунейпсо псыдзэр. Хэт Алыхьым жиІэм едэІуар?

Нухь щыпсэуа зэманым цІыхум и нэхъыбэр бзаджащІэт. 1 Мусэ 6:5

МелыІыч бзаджэхэм цІыху Іэпкълъэпкъ къащтащ, цІыхубзхэр къашэн щхьэкІэ

Іэдэмрэ Хьэуарэ сэбий яІэ хъуащ, апхуэдэурэ дунейм цІыхур тез хъуащ. Зы зэман дэкІа нэужь, мелыІычхэм языныкъуэхэр ШейтІаным и лъэныкъуэ хъуащ.

Ахэр щІым къехри цІыху Іэпкълъэпкъ къащтащ, цІыхубзхэр къашэн щхьэкІэ. А цІыхубзхэм къалъхуа сэбийхэр иныжь хъут, ахэр егъэлеяуэ къарут икІи леишхуэ зэрахьэт.

ЩІалэ цІыкІур сабий цІынэ зыІыгъ цІыхубзым йоуэ; мелыІыч бзаджэхэм я къуэ иныжьхэм егъэлеяуэ леишхуэ зэрахьэ

Дунейм цІыху Іейр тез хъуащ. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ цІыхухэр гуэныхьым зэщІиубыдат, я гум Іей фІэкІа имылъу къэнат.

Нухь Алыхьым едаІуэри кхъухьышхуэр ищІащ. 1 Мусэ 6:13, 14, 18, 19, 22; Еврей 11:7

Нухь Алыхьым жиІэм йодаІуэ

Нухь цІыхуфІу щытащ. Иеговэ Нухь жриІащ цІыху Іейхэр псыдзэкІэ игъэкІуэдыжыну мурад зэриІэр.

Нухь и унагъуэр и гъусэу кхъухьышхуэр еухуэ

Абы нэмыщІ Алыхьым Нухь унафэ хуищІащ кхъухьышхуэ ищІу и унагъуэмрэ псэущхьэхэмрэ иригъэтІысхьэну.

Нухь псыдзэ къызэрыхъунур цІыхухэм яжреІэ, ауэ ахэр абы щодыхьэшх

Нухь цІыхухэм яжриІэт псыдзэр куэд мыщІэу къызэрыкІуэнур, ауэ ахэр абы едаІуэтэкъым. Иныкъуэхэр абы щыдыхьэшхт, адрейхэм ялъагъу хъутэкъым.

Нухьрэ и унагъуэмрэ псэущхьэхэр кхъухьышхуэм ирашэ

Кхъухьыр хьэзыр щыхъуам, Нухь абы псэущхьэхэр иришащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын