Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ я фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ щапхъэ тефх
«Нухь, Даниил, Іэиуб... я пэжыгъэмкІэ я гъащІэр кърагъэлыфынут» (ИЕЗ. 14:14).
1, 2. 1) Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ я щапхъэр зэпкърытхмэ сыткІэ къыддэІэпыкъуну? 2) Иезекииль 14:14 ит псалъэхэр сыт хуэдэ зэманым ятхат?
ИДЖЫПСТУ уэ уи узыншагъэм, ахъшэ къэлэжьыным е Алыхьым узэрыхуэлажьэм щхьэкІэ къызэрыппэщІэувэм пыщІа гугъуехьхэр уиІэу къыщІэкІынщ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ гуфІэгъуэр пхъумэну тынш хъункъым. Апхуэдэ гугъуехьхэм упэлъэщыну къыбдэІэпыкъунущ Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ я щапхъэр зэпкърыпхмэ. Абыхэми гуэныхь яхэлът икІи дэ диІэ гугъуехьхэм хуэдэ ахэри пэщІэхуэт. Я гъащІэр яфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыщыІи къэхъут. Ауэ сыт къэмыхъуами, ахэр Алыхьым хуэпэжу къэнащ икІи фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ теухуауэ щапхъэфІ къытхуагъэнащ. (Къеджэ Иезекииль 14:13, 14a.)
2 Мы статьяр зытегъэщІа пычыгъуэм ит псалъэхэр ди эрэм ипэ 612 гъэм Иезекииль Бабилэн щІыналъэм щитхащ (Иез. 1:1; 8:1)b. Алыхьым зэрыжиІам хуэдэу, Ерусалимыр щызэтракъутэну гъэр къэблагъэт. Ар къэхъуащ ди эрэм ипэ 607 гъэм. Абы щыгъуэ къелахэр мащІэщ — Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ щапхъэ тезыхахэращ (Иез. 9:1—5). Абыхэм ящыщт Иеремие, Варух, Авдемелех икІи рехавитхэр.
3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Дэ дыщыпсэу дунейр и кІэм хуокІуэ, икІи къелынухэр Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ хуэдэу, Алыхьым цІыху пэжу илъытэхэращ (Апок. 7:9, 14). Девгъэплъ Иеговэ ахэр цІыху пэжу щІилъытам икІи ахэр щапхъэу къыщІытхуихьам и щхьэусыгъуэм. Дэ дытепсэлъыхьынущ: 1) сыт хуэдэ гугъуехьхэм дэтхэнэ зыри пэщІэхуами икІи 2) абыхэм я фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ щапхъэ зэратетхыфынум.
НУХЬ АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ИКІИ ХУЭЖЫІЭДАІУЭУ ИЛЪЭС ЩИБГЪУКІЭ ЩЫТАЩ!
4, 5. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм Нухь пэщІэхуа? Абы теубыдагъэ хэлъам теухуауэ сыт ффІэгъэщІэгъуэн хъуар?
4 Нухь зыпэщІэхуа гугъуехьхэр. Нухь и адэшхуэм и адэ Инус и зэманым щІылъэм бзаджагъэр тез хъуат. Уеблэмэ, Иеговэ теухуауэ абыхэм «псалъэ Іейхэр» жаІэт (Иудэ 14, 15). Дунейр кІуэ пэтми гущІэгъуншэ хъут, икІи Нухь и зэманым щІылъэр «ем зэщІищтат». Алыхьым пэщІэува мелыІычхэм цІыху Іэпкълъэпкъ защІри, щІылъэм щыпсэу цІыхубзхэр «я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкІэ» къащтащ. Абыхэм къуэ къалъхухэр егъэлеяуэ гущІэгъуншэхэт (ЩІэдз. 6:2—4, 11, 12). Ауэ Нухь абыхэм ещхьтэкъым. Библием щыжеІэ: «Зиусхьэныр нэфІкІэ къеплъащ Нухь». Ар «цІыху пэжу а зэманым псэу цІыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкІэ Тхьэм хуэпсэуащ» (ЩІэдз. 6:8, 9).
5 Мы псалъэхэм Нухь теухуауэ сыт къыдагъащІэр? Япэрауэ, Псыдзэшхуэр къэсын ипэ Нухь Алыхьым илъэс 70-80 хуэдизкъым зэрыхуэлэжьар (иджыпсту цІыхухэр апхуэдизрэщ зэрыпсэур). АтІэ, Алыхьым зи щІыб хуэзыгъэза дунейм, Нухь илъэс 600-кІэ Иеговэ хуэпэжу щыпсэуащ! (ЩІэдз. 7:11). ЕтІуанэрауэ, дэ дэлъытауэ, ар Иеговэ хуэпэжу къыхуэнэну хуэзыгъэушын зэхуэс абы щыгъуэ щыІэтэкъым, икІи и къуэш, и шыпхъу дыдэхэри абы и лъэныкъуэу щытауэ къыщІэкІынукъымc.
6. Нухь лІыгъэ хэлъу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?
6 Нухь къыгурыІуэт цІыхуфІу дунейм утетын къудейр зэрымащІэр. Абы лІыгъэ хэлъу Иеговэ фІэщхъуныгъэ хуиІэм теухуауэ цІыхухэм яжриІэт. Библием щыжыІащ ар «щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иІуатэу зэрыщытар» (2 Пет. 2:5). Апостол Паул Нухь щхьэкІэ мыпхуэдэу итхащ: «ФІэщхъуныгъэмкІэ дунейм и цІыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищІащ» (Евр. 11:7). Шэч хэмылъу, цІыхухэр абы щыдыхьэшхт, зэран хуэхъуну иужь итт. Абы нэмыщІ Іей гуэр иращІэну жаІэу ягъэшынэуи къыщІэкІынт. Ауэ ар цІыхухэм щышынакъым (Прит. 29:25, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ Нухь лІыгъэ хилъхьащ. Ноби Алыхьым пэжу хуэлажьэхэм апхуэдэ лІыгъэ яхелъхьэ.
7. Нухь кхъухьышхуэр щищІым сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?
7 Нухь илъэс 500-кІэ Иеговэ хуэпэжу хуэлэжьа иужь, абы унафэ хуищІащ кхъухьышхуэ ищІыну, цІыхухэмрэ хьэкІэкхъуэкІэхэмрэ къригъэлын папщІэ (ЩІэдз. 5:32; 6:14). А къалэныр Нухь егъэлеяуэ гугъуу къыщыхъуауэ къыщІэкІынт икІи абы и щхьэусыгъуэр кхъухь лъагэшхуэр зэрищІынум и закъуэтэкъым. Абы къыгурыІуэт цІыхухэр нэхъ Іейуэ къызэрыщыдыхьэшхынур икІи къызэрыпэщІэувэнур. Ауэ Библием жеІэ: «ИгъэзэщІащ Нухь а псори; Тхьэм унафэ къызэрыхуищІам хуэдэу ищІащ». АбыкІэ абы къигъэлъэгъуащ Иеговэ хуэпэжу икІи хуэжыІэдаІуэу зэрыщытар (ЩІэдз. 6:22).
8. Нухь Алыхьым щыгугъыу зэрыщытар сытым къыхэщрэ?
8 Абы нэмыщІ Нухь и дежкІэ тынштэкъым и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ зыхуей хуигъэзэну. Псыдзэшхуэр къэхъун ипэ цІыхухэм яшхын яІэн щхьэкІэ, гугъу ехьу щІым телэжьэн хуейт (ЩІэдз. 5:28, 29). Нухьи и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн хуейми, абы Алыхьым хуэлэжьэныр къигъанэу, унагъуэр зыхуей хуэгъэзэныр ипэ иригъэщакъым. Нухь кхъухьыр илъэс 40-кІэ е 50-кІэ иухуами, ар Иеговэ хуэпэжу къэнащ. Псыдзэшхуэ нэужьми, ар илъэс 350-кІэ псэуащ икІи а зэманми Иеговэ псом ипэ иригъэщу щытащ (ЩІэдз. 9:28). Нухь фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ теухуауэ икъукІэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ!
9, 10. 1) Нухь и фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ щапхъэ тетх хъуну? 2) Иеговэ и хабзэхэм утетмэ, сыт быдэу уи фІэщ пщІы хъунур?
9 Нухь и фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ щапхъэ тетх хъуну? Дэ Нухь щапхъэ тыдох лІыгъэ тхэлъу Иеговэ и еплъыкІэхэр цІыхухэм яжетІэмэ, ШейтІаным и дунейм щыщ дымыхъумэ икІи Иеговэ хуэлэжьэныр ди гъащІэм псом ипэ идгъэщмэ (Мт. 6:33; Ин. 15:19). ДауикІ, апхуэдэ щытыкІэ диІэмэ, дэ мы дунейм фІыуэ дыкъилъагъунукъым. Псалъэм папщІэ, унагъуэр зэрыщытын хуейм икІи зинэ щІэным теухуауэ Иеговэ и хабзэхэм быдэу дызэрытетым щхьэкІэ, языныкъуэ къэралхэм цІыхухэм СМИ-р къагъэсэбэпу Іей къытхужаІэ. (Къеджэ Малахия 3:18d.) Дэ, Нухь хуэдэу, Иеговэщ дызыщышынэр, цІыхухэракъым. Дэ дощІэ: Иеговэ закъуэщ гъащІэ мыухыжыр цІыхухэм езытыфынур (Лк. 12:4, 5).
10 ФызэупщІыж: «Къысщыдыхьэшхыу икІи Іей къысхужаІэу щытми, адэкІэ Алыхьым и лъэныкъуэр сІыгъыну пІэрэ? АхъшэкІэ гугъу сехьу щІэздзэмэ, си унагъуэр зыхуей хуэзгъэзэну Иеговэ адэкІи къызэрыздэІэпыкъунур си фІэщ хъурэ?» Нухь и фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ щапхъэ тефх. Абы щыгъуэ фэ шэч къытевмыхьэми хъунущ, Иеговэ Іэмал имыІэу къызэрывдэІэпыкъуным (Флп. 4:6, 7).
ДАНИИЛ АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ИКІИ ХУЭЖЫІЭДАІУЭУ ЩЫТАЩ, ТХЬЭНЭПЦІХЭР ЩАГЪЭЛЪАПІЭ КЪАЛЭМ ЗЭРЫЩЫПСЭУАМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ
11. Даниилрэ абы и ныбжьэгъуищымрэ Бабилэным щашам сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
11 Даниил зыпэщІэхуа гугъуехьхэр. Тхьэ нэпцІ гъэлъэпІэнымрэ Іэзэгъуазэмрэ зэщІищта Бабилэным Даниил залымыгъэкІэ яшат. Бабилэным щыпсэухэм журтхэр фІыуэ ялъагъутэкъым, ахэр ауан ящІт, я Алыхь Иегови щыдыхьэшхт (Пс. 137:1, 3). Даниили Алыхьым хуэпэж адрей журтхэми а псор хуабжьу я гум щІыхьэу къыщІэкІынт. Абы нэмыщІ Даниилрэ абы и ныбжьэгъуищ — Анание, Мисаил, Азарие сымэ ящІэнум псори кІэлъыплът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ахэр Бабилэным и пащтыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ ирагъэджэн хуейуэ щытт. ИкІи абыхэм сыт ящІэнуми яшхынуми и унафэр ящІат. Абыхэм Иеговэ и лъэпкъым ишхын хуэмейуэ унафэ хуищІа ерыскъыр къратт. Ауэ Даниил Алыхьым къабзэу хуэлэжьэн щхьэкІэ и гум ирилъхьат «пащтыхьым и шхыныгъуэмрэ и шагъырымрэ» зыІуимылъхьэну (Дан. 1:5—8, 14—17).
12. 1) Сыт хуэдэ цІыхуу щыта Даниил? 2) Дауэ Иеговэ Даниил зэрыхущытар?
12 Даниил нэгъуэщІ гъэунэхуапІи иІащ, ауэ ар, япэщІыкІэ, гугъуу къыпщымыхъункІэ хъунущ. Ар цІыху акъылыфІэти, куэд дзыхь хуащІат (Дан. 1:19, 20). Даниил пагэ хъуфынут, ауэ абы Іэдэбагъ хэлът икІи и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжт. Даниил щІыхь зыхуригъэщІыну иужь иттэкъым, абы зэфІэкІ иІэхэр Иеговэ и фІыщІэу зэрыщытыр сыт щыгъуи къыхигъэщт (Дан. 2:30). ГъэщІэгъуэнщ, Иеговэ Нухьрэ Іэиубрэ я гъусэу Даниил щапхъэу къызэрихьар. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы щыгъуэ Нухьи Іэиуби я гъащІэ псокІэ Алыхьым хуэпэжу хуэлэжьат, ауэ Даниил иджыри щІалэт. Иеговэ шэч къытрихьэтэкъым Даниил хуэпэжу къызэрынэным икІи ар лІэжыху Алыхьым хуэжыІэдаІуэу щытащ. Ар илъэсищэм нэблэгъауэ Алыхьым и мелыІычым абы гуапэу зыкъыхуигъазэри жиІащ: «Уэ, Даниил, цІыху лъапІэ» (Дан. 10:11).
13. Иеговэ Даниил увыпІэ лъагэ щІритам и зы щхьэусыгъуэр сыт хуэдэу къыщІэкІыну?
13 Иеговэ зэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ Даниил увыпІэ лъагэ Бабилэнми Мидо-Персиеми щиІащ (Дан. 1:21; 6:1, 2). А увыпІэ лъагэр Иеговэ Даниил иритауэ къыщІэкІынщ и лъэпкъым дэІэпыкъун щхьэкІэ, Исуф Мысырым щыщыІам икІи Эсфиррэ Мардохейрэ Персием щыщыІам и лъэпкъым зэрыдигъэІэпыкъуам хуэдэу (Дан. 2:48)e. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, гъэрыпІэм щыІэ журтхэр, Иезекииль я гъусэу, зэрыгуфІар Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъур щалъагъум!
Иеговэ хуэпэжу къанэхэр цІыху лъапІэу елъытэ (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)
14, 15. 1) Даниил щыпсэуа зэманымрэ дэ дыщыпсэу зэманымрэ сыткІэ зэщхь? 2) Адэ-анэхэм Даниил и адэ-анэм сыткІэ щапхъэ трахыфыну?
14 Даниил и фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ щапхъэ тетх хъуну? Нобэ дыщыпсэу дунейм мыхъумыщІагъэмрэ дин нэпцІымрэ тез хъуащ. ЦІыхухэр Бабилэн къалэшхуэм — дин нэпцІу дуней псом тетым я империем — и ІэмыщІэ илъщ. Библиер абы «жинхэм я унэкІэ» йоджэ (Апок. 18:2). Дэ хамэу икІи хэхэсу мы дунейм дыщопсэу. Абы къыхэкІкІэ цІыхухэм къагуроІуэ абыхэм дакъызэрыщхьэщыкІыр икІи абы щхьэкІэ ауан дащІ (Мк. 13:13). Ауэ а псом емылъытауэ, Даниил щапхъэ тедвгъэх икІи ди Алыхь Иеговэ нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыным иужь дивгъэт. Ди гум пагагъэ имылъмэ, Алыхьым дедаІуэмэ икІи сыт и лъэныкъуэкІи абы дыщыгугъмэ, дэри абы и дежкІэ цІыху лъапІэу дыщытынущ (Агг. 2:7).
15 Адэ-анэхэм Даниил и адэ-анэм сыткІэ щапхъэ трахыфыну? Даниил мыхъумыщІагъэ зыщІэ цІыху бзаджэхэм яхэту Иудэм къыщыхъуащ. Ауэ абы емылъытауэ, щІалэ цІыкІум Иеговэ фІыуэ илъэгъуащ икІи ар нэхъыбэу зи фІыщІэр и адэ-анэм зэрагъэсарауэ къыщІэкІынущ (Прит. 22:6, Гъэс.). Даниил цІэ фІащам къыхощ и адэ-анэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуу зэрыщытар. Абы и цІэм «Си хеящІэр (судья) Алыхьыращ» къокІ. Адэ-анэхэ, фэри фи сабийхэм шыІэныгъэ фхэлъу адэкІи пэжыр ябгъэдэфлъхьэ. Зэи фи Іэр евмыхьэх! (Еф. 6:4). Сабийхэм я гъусэу Иеговэ фелъэІу, абы нэмыщІ фэ езыр Иеговэ фыщелъэІукІэ ахэри фи лъэІум хэвгъыхьэ. Иеговэ и хабзэр фи сабийхэм фІыуэ ялъагъуну зэревгъэсэным иужь фит икІи абы къару ефхьэлІэм фІыгъуэ къызэрыпэкІуэным шэч къытевмыхьэ (Пс. 37:5).
ІЭИУБ АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ИКІИ ХУЭЖЫІЭДАІУЭУ ЩЫТАЩ, КЪУЛЕЙУЭ ЩЫЩЫТАМИ И МЫЛЪКУР ЩЫФІЭКІУЭДАМИ
16, 17. Іэиуб сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа: 1) къулейуэ икІи пщІэ къыхуащІу щыщытам? 2) и мылъкур щыфІэкІуэдам?
16 Іэиуб зыпэщІэхуа гугъуехьхэр. Іэиуб и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыхыхьат. Насыпыншагъэхэр къыщыщІын ипэ, ар щыпсэуа щІыпІэм абы нэхърэ нэхъ щІыхь зиІэ цІыху щыІакъым (Иов 1:3). Іэиуб мылъкушхуэ иІэт, цІэрыІуэт икІи пщІэ зыхуащІ цІыхут (Иов 29:7—16). Абы емылъытауэ Іэиуб псом нэхърэ нэхъыфІу зыкъилъытэжтэкъым икІи Алыхьыншэу псэуфыну егупсыстэкъым. Иеговэ абы и лэжьакІуэкІэ еджэт икІи абы щхьэкІэ мыпхуэдэу жиІэт: «Ар къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ цІыху пэжщ, Алыхьым щошынэ икІи Іейм зыщедзей» (Иов 1:8).
17 Ауэ Іэиуб и гъащІэм зэуэ зихъуэжащ. Абы иІауэ хъуар фІэкІуэдат икІи къыщыщІа псом апхуэдизкІэ и гур ириудати, лІэну хуейт. Нобэ дэ дощІэ Іэиуб и гугъуехьхэр ШейтІаным къызэрыбгъэдэкІар. Абы жиІащ Іэиуб Иеговэ щІыхуэпэжыр ар къызэрихъумэмрэ и Іуэхухэр зэригъэкІуатэмрэ щхьэкІэу. (Къеджэ Иов 1:9, 10f.) Иеговэ ШейтІаным жиІа пцІыр гулъытэншэу къигъэнакъым. Алыхьым Іэиуб Іэмал иритащ ар и гум къыбгъэдэкІыу хуэпэжу зэрыхуэлажьэр игъэлъэгъуэну.
18. 1) Іэиуб Алыхьым хуэпэжу зэрыщытам теухуауэ сыт ффІэгъэщІэгъуэн хъуар? 2) Іэиуб и хъыбарым Иеговэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
18 ШейтІаныр хуейт, Іэиуб зыпэщІигъэхуа гъэунэхуапІэхэмкІэ ар иригъэгупсысыну и гугъуехьу хъуар Алыхьым къыбгъэдэкІыу (Иов 1:13—21). Абы иужь Іэиуб и ныбжьэгъухэр къакІуэри псалъэ гуауэхэр къыжраІэурэ ягъэкъуаншэу щІадзащ. Абыхэм жаІэт Іэиуб Іей ищІахэм щхьэкІэ Алыхьым тезыр къытрилъхьауэ (Иов 2:11; 22:1, 5—10). Ауэ а псом емылъытауэ Іэиуб Алыхьым хуэпэжу къыхуэнащ. Пэжщ, Іэиуб и гур зэреудыхам щхьэкІэ Иеговэ хуэгъэзауэ зэмыгупсыса псалъэхэр жиІащ, ауэ Иеговэ къыгурыІуэт абы гугъуехь зэришэчыр (Иов 6:1—3). Иеговэ илъагъут Іэиуб абы зэремыпцІыжар. БзаджащІэр цІыху гуэрым теуэу ар щІым тридзэу зы удыным адрей удыныр къыкІэлъыкІуэу зэриукІым хуэдэу, ШейтІаным Іэиуб и ныбжьэгъу нэпцІхэм я псалъэ дыджхэмкІэ хиутэжами, Іэиуб Алыхьым хуэпэжу къэнащ. Абы и гугъуехьхэр щхьэщыкІа иужь, Иеговэ Іэиуб иІахэм нэхърэ тІукІэ нэхъыбэ иритыжащ, абы нэмыщІ и гъащІэм илъэс 140 хупищащ (Екъуб 5:11). Іэиуб лІэжыху Алыхьым хуэпэжащ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Мы статьяр зытегъэщІа пычыгъуэм ит псалъэхэр Иезекииль щитхар Іэиуб лІэуэ, лІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІа иужьщ.
19, 20. 1) Іэиуб и фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ щапхъэ тетх хъуну? 2) Дауэ Иеговэ хуэдэу нэгъуэщІхэм гущІэгъу зэрахуэтщІыфынур?
19 Іэиуб и фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ щапхъэ тетх хъуну? Дэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ дыпэщІэмыхуэми, Иеговэ сыт щыгъуи япэ идгъэщын хуейщ, абы сыт и лъэныкъуэкІи дзыхь хуэтщІын хуейщ икІи ди гум къыбгъэдэкІыу хуэжыІэдаІуэу дыщытын хуейщ. Іэиуб нэхърэ дэ щхьэусыгъуэ нэхъыбэ диІэщ апхуэдэу тщІэну. Фегупсысыт: дэ нобэ ШейтІанымрэ абы дыкъигъэпцІэн щхьэкІэ къигъэсэбэп Іэмалхэмрэ теухуауэ куэд дощІэ (2 Кор. 2:11). Библием, псом хуэмыдэу Иов тхылъым, къыдгурегъаІуэ гугъуехь дыпэщІэхуэну Алыхьым хуит щІищІым и щхьэусыгъуэр. Даниил бегъымбарым и тхылъым къыдегъащІэ: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр — пэжу щыІэ правительствэщ. Хьисэ Мэссихь абы и пащтыхьу щытщ (Дан. 7:13, 14). ИкІи дэ дощІэ а Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу гугъуехьхэм кІэ къызэрыхуигъэкІуэнур.
20 Абы нэмыщІ Іэиуб къыщыщІам дыхуегъасэ гугъуехьхэм пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм гущІэгъу яхуэтщІын зэрыхуейм. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм, Іэиуб хуэдэу, емыгупсысауэ псалъэ жагъуэхэр жаІэнкІэ хъунущ (Эккл. 7:7). Дэ абыхэм ІейкІэ дегупсысын икІи дгъэкъуэншэн хуейкъым, абы нэхърэ нэхъыфІщ ахэр къыдгурыІуэу, гущІэгъу яхуэтщІмэ. Апхуэдэу тщІэмэ, фІыуэ дыкъэзылъагъу, гущІэгъу зыхэлъ ди Адэ Иеговэ щапхъэ тыдох (Пс. 103:8).
ИЕГОВЭ КЪАРУ КЪЫВИТЫНУЩ
21. 1 Петр 5:10 ит псалъэхэм дауэ дигу къагъэкІыжрэ Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ я гъащІэм къыщыхъуар?
21 Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ щыпсэуа лъэхъэнэри, зыпэщІэхуа гугъуехьхэри зэмыщхьми, ахэр гъэунэхуапІэ щихуам Алыхьым хуэпэжу къэнэну яхузэфІэкІащ. Абыхэм я гъащІэм дигу къегъэкІыж Петр итха псалъэхэр: «НэфІ щыхуэныгъэ псори зиІэ Тхьэм... зы мащІэкІэ гугъуехь фшэча нэужь... фыкъызэфІигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фІэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкІуэтыжу быдэу фытригъэтынущ» (1 Пет. 5:10).
22. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт дызытепсэлъыхьынур?
22 1 Петр 5:10 ит псалъэхэр ди зэманми Алыхьым и лъэпкъым хуэгъэзащ. Петр и псалъэхэмкІэ Иеговэ дыкъегъэгугъэ къыддэІэпыкъуну икІи къарурэ теубыдагъэрэ къытхилъхьэну. Дэ псори дыхуейщ Иеговэ къару къытхилъхьэну икІи абы дыщыхуэлажьэкІэ теубыдагъэ диІэну къыддэІэпыкъуну. Аращи, Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ я фІэщхъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ щапхъэ тедвгъэх. Абыхэм Иеговэ хуэпэжу къэнэну ящІыхузэфІэкІар, ар фІыуэ яцІыхуу зэрыщытаращ. КъыкІэлъыкІуэ статьям абы теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэнущ. Нухь, Даниил, Іэиуб сымэ фІыуэ къагурыІуэт сыт Алыхьым къахуигъэувми (Прит. 28:5, Гъэс.). Дэри ар тхузэфІэкІынущ.
a Иезекииль 14:13, 14: «„ЦІыху лъэпкъым и къуэ, зы щІыналъэ гуэрыр сэ къызэпцІыжу, си пащхьэ гуэныхь къыщихьу щытмэ, сэ си Іэр абы сшиинут...“ „,ИкІи абы мы цІыхуищыр къыщызгъуэтамэ: Нухь, Даниил, Іэиуб, абыхэм я пэжыгъэмкІэ я гъащІэр кърагъэлыфынут‘,— жеІэ Дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Зиусхьэн Иеговэ“».
b Ди эрэм ипэ 617 гъэм Иезекииль Бабилэн щІыналъэм гъэру яшащ. Иезекииль 8:1—19:14 ит псалъэхэр абы итхащ гъэру щаубыдам, «еханэ илъэсым», ди эрэм ипэ 612 гъэм.
c Нухь и адэ Лэмэх (Ламех) Алыхьыр быдэу и фІэщ хъууэ щытащ, ауэ ар Псыдзэшхуэр къэхъун ипэ илъэситху иІэжу лІащ. Нухь и анэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр Псыдзэшхуэр щІидзэн ипэ иджыри псэууэ щытамэ, ахэр къелакъым.
d Малахия 3:18: «Фэ аргуэру флъэгъунущ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр».
e Апхуэдэуи Иеговэ Анание, Мисаил, Азарие сымэ увыпІэ лъагэ щІаритар и лъэпкъым дигъэІэпыкъун щхьэкІэу къыщІэкІынщ (Дан. 2:49).
f Иов 1:9, 10: «ШейтІаным Иеговэ жэуап иритыжащ: „Іэиуб Алыхьым пщІэншэу хуэпэжу ара? Уэракъэ ар сыт и лъэныкъуэкІи къэзыхъумэр, и унэри иІэу хъуари? И Іэм къилэжьым берычэт хэплъхьащ уи нэфІ щыхуащ, и хъушэхэр щІылъэм тез хъуащ“».