ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp18 № 3 н. 4—5
  • Алыхьым укъыфІэІуэхуу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым укъыфІэІуэхуу пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР?
  • АЛЫХЬЫР КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?
  • «СЭ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ СЫКЪИМЫЛЪАГЪУУ КЪЫСЩЫХЪУТ»
  • Зэщхьэгъусэхэм сабий яІэ щыхъум деж я гъащІэм зэрызихъуэжыр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
wp18 № 3 н. 4—5

«Фэ бзу цІыкІу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапІэщ» (МАТТЭ 10:31)

Алыхьым укъыфІэІуэхуу пІэрэ?

АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР?

Сабий къалъхуагъащІэм и дежкІэ япэ сыхьэтым мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт щхьэкІэ? А зэманым анэм къыхуищІ гурыщІэ ІэфІхэм и фІыгъэкІэ сабийм фІыуэ зиужьыфынущa.

И сабийм хуэсакъыну анэр сыт хуэзыгъэушыр? Профессор Жаннет Креншоу зэрыжиІэмкІэ, Іэпкълъэпкъым хэлъ окситоцин гормоныр нэхъыбэ зэрыхъум анэр хуегъэуш и сабийм гурыщІэ ІэфІхэр хуищІыну, псалъэм папщІэ, сабий цІыкІур ІэкІэ къыщищтэкІэ, и нэр тримыгъэкІыу щеплъкІэ икІи бгъэкІэ щигъашхэкІэ (The Journal of Perinatal Education). А зэманым анэм и Іэпкълъэпкъым иджыри зы гормоным щылажьэу щІедзэ. А гормоным анэр хуегъэуш и сабийр фІыуэ илъагъуну икІи и нэІэ тригъэтыну. Сыт абы дыщІытепсэлъыхьыр?

Анэм и сабий цІынэм гурыщІэ ІэфІ хуиІэр зи фІыгъэр дыкъэзыгъэщІа Алыхь Иеговэщb. Пащтыхь Даут Алыхьым фІыщІэ хуищІт и анэм и кІуэцІым къызэрикІам щхьэкІэ икІи анэм и ІэмыщІэ илъыху шынагъэ зэрызыхимыщІам щхьэкІэ. Даут и тхьэлъэІум хэту жиІащ: «Сыкъызэралъхурэ уи нэІэ къыстебгъэтщ, си анэм и кІуэцІым сыкъызэрикІрэ уэращ си Алыхьыр» (Псалом 22:9, 10).

ЕГУПСЫСЫТ: гурыщІэ ІэфІ иІэу, хуэсакъыу и сабийр зэрихьэну Алыхьым анэр зэрызэхилъхьа щІыкІэм къигъэлъагъуэркъэ абы дэтхэнэ зы цІыхури къызэрыфІэІуэхур?

АЛЫХЬЫР КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?

ДыкъэзыгъэщІа Алыхьыр зыми хуэмыдэу фІыуэ зыцІыху Хьисэ Мэссихь жиІауэ щытащ: «Бзу цІыкІуитІыр зы кІэпІейкІэкІэ ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, фи Адэ лъапІэр хуэмейуэ, абыхэм ящыщ зыри щІым къытехуэнукъым. Ауэ фэ фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори бжащ. Аращи, фымышынэ. Фэ бзу цІыкІу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапІэщ» (Маттэ 10:29—31, ХъыбарыфІыр, 1993).

ЦІыху куэд щыІэу къыщІэкІынкъым бзу цІыкІу къэс гулъытэ хуэзыщІ икІи абыхэм щыщ гуэр щІым щехуэхкІэ зылъагъу. Ауэ уафэм щыІэ ди Адэм абыхэм щыщу дэтхэнэ зыри елъагъу! Алыхьым и дежкІэ зы цІыху закъуэм нэхъ мыхьэнэ иІэщ бзу куэдыкІейм нэхърэ. Сыт абы къигъэлъагъуэр? Алыхьым укъыфІэмыІуэхуу щыткъым, уэ къыпщыщІ псори абы елъагъу икІи къыбдэІэпыкъуну хуейщ!

Дэ къытщыщІыр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу щыткъым икІи ар къыддэІэпыкъуну хуейщ

Алыхьым и Псалъэм щыжыІар

  • «Тхьэуэ Зиусхьэныр маплъэри плъапІэм итщ: бзаджащІэри, захуащІэри елъагъу» (ПРИТЧИ 15:3, Гъэс.).

  • «Иеговэ и нэІэр пэжыгъэр зигу илъ цІыхухэм ятрегъэт. КъыдэІэпыкъуну ахэр щелъэІукІэ, абы зэхех» (ПСАЛОМ 34:15).

  • «Уи лъагъуныгъэм гурыфІыгъуэрэ гухэхъуэрэ къызет, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хьэзаб сшэчхэр уэ къэплъэгъуащ, си псэм телъ бэлыхьыр къэпщІащ» (ПСАЛОМ 31:7).

«СЭ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ СЫКЪИМЫЛЪАГЪУУ КЪЫСЩЫХЪУТ»

Алыхьым дыкъызэрыфІэІуэхур икІи фІыуэ дыкъызэрилъагъур зэрытщІэм ди гъащІэр нэхъыфІ ищІыфыну пІэрэ? Англием щыпсэу Ханнаc и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, дауикІ, ищІыфынущ. Абы жеІэж:

«Иеговэ фІыуэ сыкъимылъагъуу икІи си тхьэлъэІухэм жэуап къримыту щІэх-щІэхыурэ къысщыхъут. Абы и щхьэусыгъуэу сэ слъагъур си фІэщхъуныгъэр зэрымащІэрат. Зы щыуагъэ гуэр щхьэкІэ тезыр къыстралъхьэу икІи Алыхьым гулъытэ къысхуищІыну схуэмыфащэу къэслъытэт. Иеговэ сыкъыфІэмыІуэхуу къысщыхъут».

Ауэ иджыпсту Ханна шэч къытрихьэкъым Иеговэ ар фІыуэ къызэрилъагъум икІи лъапІэу къызэрилъытэм. Сыт апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэр къызыхэкІар? Абы къыдгурегъаІуэ: «Ар зэуэ къэхъуакъым. Илъэс куэд ипэ Хьисэ и къурмэныпхъэм теухуауэ гъэхьэзыра зы псалъэ зэхэсхат. Абы Иеговэ теухуауэ сиІэ еплъыкІэр ихъуэжащ икІи Алыхьым фІыуэ сыкъызэрилъагъур си фІэщ ищІащ. Си тхьэлъэІухэм Иеговэ жэуап къызэрыритым гу лъыстэу щІэздзащ. Алыхьым фІыуэ сыкъызэрилъагъур къызгурыІуати, си нэпсхэр къыщІэхуу сыщыгъ щІэх-щІэхыурэ къэхъут. Абы нэмыщІ Библиер зэрызджымрэ зэІущІэхэм сызэрыкІуэмрэ я фІыгъэкІэ, Иеговэ и хьэл-щэнхэм икІи ар цІыхухэм зэрыхущытым теухуауэ нэхъыбэ къэсщІащ. Иеговэ къызэрыздэІэпыкъур, фІыуэ сыкъызэрилъагъур икІи дэтхэнэ зыми и нэІэр къызэрыттригъэтыр иджыпсту быдэу си фІэщ мэхъу».

Ханна и псалъэхэм дагъэгушхуэ. Ауэ дэнэ дэ щытщІэр Алыхьым дызэрызэхищІыкІыр икІи ди гукъеуэхэр зэрищІэр? Мы упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ.

a Языныкъуэ анэхэр лъхуа иужькІэ депрессием йохуэ. Абы и ягъэкІэ абыхэм я сабийхэм гурыщІэ ІэфІ хуамыщІыфынкІэ хъунущ. Ауэ абыхэм загъэкъуэншэжын хуейкъым. Америкэм дэт зы институтым мыпхэдэу итхащ: «Языныкъуэ цІыхубзхэр лъхуа иужькІэ депрессием щІихуэр я психикэмрэ я гурыщІэхэмрэ епхащ икІи абыхэм Іуэхугъуэ гуэр зэращІэм е зэрамыщІэм ар елъытакъым». 2003 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 8 къыдэкІа журналым ит «Диагноз: послеродовая депрессия» жыхуиІэ статьям абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

b Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ (Псалом 83:18).

c Мы статьяхэм языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын