ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp18 № 3 н. 3
  • «Дэнэ алыхьыр здэщыІар?»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Дэнэ алыхьыр здэщыІар?»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ сызэрыхуэлэжьа гъащІэ гъэщІэгъуэныщэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Пэублэ псалъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Хэт хъуну Алыхьыр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Иов тхылъыр зэман гугъухэм къыддоІэпыкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
wp18 № 3 н. 3

«Дэнэ алыхьыр здэщыІар?»

«МЫ УПЩІЭМ СЕУКІ: „ДЭНЭ АЛЫХЬЫР ЗДЭЩЫІАР?“» Освенцим (Польшэ) дэта концлагерым Папа Римский Бенедикт XVI къыщыкІуам жиІа псалъэхэр

НАСЫПЫНШАГЪЭ ГУЭР КЪЫЩЫХЪУМ ДЕЖ, „ДЭНЭ АЛЫХЬЫР ЗДЭЩЫІАР?“ ЖЫПІЭУ УЭРИ УЗЭУПЩІЫЖУ КЪЫЩІЭКІЫНЩ. Е КЪЫПЛЪЭІЭСА ГУЗЭВЭГЪУЭМ АЛЫХЬЫМ УКЪЫФІЭМЫІУЭХУ ХУЭДЭУ УРИГЪЭГУПСЫСАУЭ КЪЫЩІЭКІЫНЩ.

Америкэм щыпсэу цІыхубз Шейла Алыхьыр зи фІэщ хъу унагъуэм къыщыхъуат. Абы иІа гурыщІэхэм хуэдэ уэри уиІэнкІэ хъунущ. Шейла къыддогуашэ: «Алыхьым дыкъызэригъэщІар сщІэти, сызэрыцІыкІурэ абы пщІэ хуэсщІт. Ауэ сэ абы гъунэгъу сыхуэхъуфыну къэслъытэтэкъым. Алыхьыр плъапІэм зэритыр икІи абы силъагъу мыхъуу зэрыщымытыр сщІэт, ауэ и фІылъагъуныгъэр зыхэсщІэуи схужыІэнутэкъым». Сытыт Шейла апхуэдэ гурыщІэхэр щІиІэр? Абы пещэ: «Ди унагъуэм насыпыншагъэхэр зыр зым къыкІэлъыкІуэу къыщыхъут икІи Алыхьыр къыддэІэпыкъуу зыхэтщІэтэкъым».

Шейла хуэдэу, уэри уи фІэщ хъууэ къыщІэкІынщ псори зыхузэфІэкІ Алыхьыр зэрыщыІэр. Ауэ къыпщыхъункІэ хъунущ уэ абы фІыуэ укъимылъагъуу. Алыхьым и къарумрэ и Іущагъымрэ зи фІэщ хъу Іэиуби апхуэдэ гурыщхъуэхэр иІэт (Иов 2:3; 9:4). Зым адрейр къыкІэлъыкІуэу гузэвэгъуэхэр къыщеуэлІам, Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъунум Іэиуб гугъэ хихыжат. Абы щыгъуэ ар Алыхьым еупщІащ: «Уи напэр щхьэ щІэпхъумэрэ икІи уи бийуэ щхьэ сыплъытэрэ?» (Иов 13:24).

Абы теухуауэ Алыхьым и Псалъэм сыт щыжыІар? Ди насыпыншагъэхэмкІэ Алыхьыр къуаншэу пІэрэ? Алыхьым цІыхухэр фІыуэ дыкъилъагъуу пІэрэ? Дауэ пІэрэ Алыхьыр уэ къызэрыпхущытыр? УкъыгурыІуэу пІэрэ абы? Гузэвэгъуэ ущыІущІэм деж, абы и гур къыпщІэузу пІэрэ икІи къыбдэІэпыкъуну хьэзыру пІэрэ ар?

КъыкІэлъыкІуэ статьяхэм къыщытщІэнущ Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум и ІэдакъэщІэкІхэр щыхьэт зэрытехъуэр (Рим 1:20). Иджыри дэ къэтщІэнущ Алыхьым и лъагъуныгъэм теухуауэ Библием щыжыІар. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм нэхъыбэу уегупсысыху икІи и Псалъэм нэхъ куууэ уеджэху, «абы и нэІэ» къызэрыптригъэтыр уи дежкІэ нэхъ нэрылъагъу хъунущ (1 Петр 5:7).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын