«ЛІахэр къыщытэджыжынум... ари къызэрытэджыжынур сощІэ»
«Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокІуэ» (ИН. 11:11).
1. Марфэ сытыт быдэу и фІэщ хъур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
МАРФЭ гуауэшхуэ иІэт. Абы и дэлъху Лазар лІат. Сытыт абы и гур фІы зыщІыжыфынур? Абы и ныбжьэгъу икІи ЕгъэджакІуэ Хьисэ зыкъыхуигъазэри, къигъэгугъащ: «Уи дэлъхур къэтэджыжынущ». ДауикІ, а псалъэхэм Марфэ и гуауэр и кІэм нэс щхьэщахыфынутэкъым, ауэ абы Хьисэ дзыхь хуищІти, жиІащ: «ЛІахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощІэ» (Ин. 11:20—24). Марфэ шэч къытрихьэтэкъым къэкІуэну зэманым Іэмал имыІэу ар къызэрыхъунум. ИкІи абы иужь Хьисэ телъыджэшхуэ ищІащ — Лазар къигъэтэджыжащ. А махуэ дыдэм Лазар къэпсэужащ икІи узыншэ хъужащ.
2. Марфэ иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри сыт дыщІиІэн хуейр?
2 Дэ, дауикІ, дыщыгугъкъым Хьисэрэ Иеговэрэ нобэ апхуэдэ телъыджэ дэр щхьэкІэ ящІэну. Ауэ Марфэ иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри диІэу пІэрэ? Ди фІэщ хъурэ къэкІуэну зэманым фІыуэ тлъагъу ди лІахэр зэрытлъагъужынур? Фэри лІэныгъэм фІэщІихауэ къыщІэкІынщ фи щхьэгъусэр, фи адэ-анэр, фи анэшхуэр е фи адэшхуэр, е фэ фи сабийр зэрылІам щхьэкІэ гуауэ фиІэу къыщІэкІынщ. Фэ, дауикІ, фыхуейуэ къыщІэкІынщ фІыуэ флъагъу фи лІам ІэплІэ хуэфщІыну, фепсэлъэну е и дыхьэшх макъыр зэхэфхыну. ГуфІэгъуэшхуэщ дэри Марфэ хуэдэу щхьэусыгъуэ дызэриІэр мыпхуэдэ псалъэхэр жытІэну: «СощІэ фІыуэ слъагъу цІыхур Іэмал имыІэу къызэрытэджыжынур!» Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри егупсысын хуейщ лІахэр къызэрытэджыжынур и фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэм.
3, 4. Хьисэ ищІа телъыджэхэм дауэ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Марфэ и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІар?
3 Марфэ Ерусалим пэмыжыжьэу псэуащ. Абы къыхэкІкІэ Галилей хэкум ит Наин къалэм пэгъунэгъуу псэу фызабэм и къуэр Хьисэ къызэригъэтэджыжар абы илъэгъуауэ къыщІэкІынукъым. Ауэ Марфэ абы теухуауэ икІи Хьисэ Иаир и пхъур къызэригъэтэджыжам теухуауэ зэхихагъэнкІэ хъунут. Иаир и унэм щІэта цІыхухэм псоми хъыджэбз цІыкІур «зэрылІар ящІэрт». Ауэ Хьисэ абы и Іэр иубыдри жиІащ: «КъызэфІэувэ, си хъыджэбз». Абдежым ар занщІэу къэхъужащ (Лука 7:11—17; 8:41, 42, 49—55). Марфэрэ абы и шыпхъу Мэриемрэ ящІэт Хьисэ сымаджэхэр зэригъэхъужыфыр икІи ахэр зэрегупсысымкІэ Хьисэ нэхъ щІэхыу къэкІуауэ щытамэ, Лазар лІэнутэкъым. Ауэ Лазар лІат. Дауэ хъунут адэкІэ Марфэ? ФщІэжрэ, Марфэ и фІэщ хъут къэкІуэну зэманым «иужьрей махуэм» Лазар къызэрытэджыжынур? Сытыт абы ар быдэу и фІэщ щІэхъур? Дэри сыт шэч къытетхьэн щІыхуэмейр къэкІуэну зэманым Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынум икІи фІыуэ тлъагъу ди лІахэри абыхэм зэрахэтынум?
4 Дэри щхьэусыгъуэшхуэхэр диІэщ ар ди фІэщ тщІыну. Абыхэм ящыщ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Фэ япэм куууэ фызэмыгупсыса Алыхьым и Псалъэм щыщ едзыгъуэхэр мы статьям къыщывгъуэтынкІэ хъунущ, ауэ ахэр къывдэІэпыкъунущ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ фи фІэщхъуныгъэр быдэ фщІыну.
ДИ ГУГЪЭМ ЛЪАБЖЬЭ ХУЭХЪУ ЩАПХЪЭХЭР
5. Лазар къызэрытэджыжынум теухуауэ Марфэ фІэщхъуныгъэ быдэ дауэ зригъэгъуэта?
5 Марфэ и псалъэхэр дигу къэдвгъэгъэкІыж. Абы жиІакъым: «Ари къызэрытэджыжынум сыщогугъ», атІэ «Ари къызэрытэджыжынур сощІэ» — жиІащ. Марфэ апхуэдэ фІэщхъуныгъэ иІэ щІэхъуар Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ къэхъуа телъыджэхэр зэхихауэ зэрыщытар арауэ къыщІэкІынщ. А телъыджэхэм теухуауэ ар иджыри сабийуэ и унэми, синэгуэгуми щызэхиха хъунт. НтІэ, адэкІэ зэпкърытхынщ лІахэр къызэрытэджыжам теухуауэ Алыхьым и Псалъэм ит щапхъищ.
6. Сыт хуэдэ телъыджэм теухуауэ Марфэ зэхихат?
6 Япэ щапхъэр къыщыхъуар Иляс телъыджэхэр ищІэну Алыхьым къару щрита зэманыращ. Сарептэ къалэм фызабэ тхьэмыщкІэ щыпсэут. Абы бегъымбарыр гуапэу и унэм къригъэблэгъат. Абы щыгъуэ Алыхьым телъыджэ ищІащ: а фызабэм и хьэжыгъэмрэ и дагъэмрэ иухтэкъым. Абы и фІыгъэкІэ а фызабэри и къуэри шхын щхьэкІэ мылІэу къелащ (1 Цар. 17:8—16). ИужькІэ абы и къуэр сымаджэ хъури лІат, ауэ Иляс абы дэІэпыкъуащ. Ар щІалэ цІыкІум щхьэкІэ Алыхьым елъэІуащ: «Иеговэ, сынолъэІу, щІалэ цІыкІум гъащІэ къетыж». Апхуэдэуи хъуащ. Алыхьым Иляс и лъэІур зэхихри сабийр къигъэтэджыжащ. Мыр Библием лІар къэтэджыжауэ япэу зи гугъу щищІ пычыгъуэщ (1 Царей 17:17—24). Марфэ, дауикІ, а телъыджэм теухуауэ зэхихат.
7, 8. 1) Дауэ Елисей Сунем щыщ цІыхубзым зэрыдэІэпыкъуар? 2) Елисей ищІа телъыджэм сыт Иеговэ теухуауэ къыдигъащІэр?
7 Библием зэритымкІэ Иляс иужь бегъымбар Елисейщ лІар къэзыгъэтэджыжауэ щытар. Сунем къалэм щыпсэу зы цІыхубз гуэрым Елисей хьэщІагъэшхуэ кърихауэ щытат. Бын зимыІэ а цІыхубзымрэ абы и щхьэгъусэмрэ Иеговэ фІыгъуэшхуэ яхуищІэжащ: абыхэм къуэ яритащ. Ауэ илъэс зыбжанэ дэкІри щІалэ цІыкІур лІащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абыхэм ягур зэрыузар! Елисей хуэзэн щхьэкІэ цІыхубзыр километр 30-кІэ Кармил бгым нэс кІуащ. Елисей и дэІэпыкъуэгъу Гиезие Сунем игъэкІуащ, езыри абы кІэлъыкІуэжащ. Ауэ Гиезие щІалэ цІыкІур къигъэхъужыфакъым. Абы иужь гуауэ зиІэ анэмрэ Елисейрэ Сунем ягъэзэжащ (2 Цар. 4:8—31).
Алыхьым къигъэлъэгъуащ цІыхум гъащІэ иритыжыну къару зэриІэр
8 Елисей щІалэ цІыкІу лІам бгъэдыхьэри Алыхьым елъэІун щІидзащ. Иеговэ бегъымбарым и лъэІум жэуап къритащ — щІалэ цІыкІур къэпсэужащ. Сыту гуфІэгъуэшхуэт ар анэм дежкІэ! (2 Царей 4:32—37). Абы игу къигъэкІыжауэ къыщІэкІынт Аннэ и тхьэлъэІур. Аннэ сабий иІэтэкъым, ауэ Иеговэ абы и нэфІ щыхуэри къуэ къилъхуащ. ИужькІэ абы и къуэ, Самуел, Алыхьым и шатырым щылэжьэну иритат. Абы щыгъуэ Аннэ и тхьэлъэІум къыхигъэщащ Алыхьым лІахэр «къигъэтэджыжыну» къару зэриІэр (1 Сам. 2:6). Иеговэ Сунем щыщ цІыхубзым и къуэр къызэригъэтэджыжамкІэ къигъэлъэгъуащ цІыхум гъащІэ иритыжыну къару зэриІэр.
9. Библием ещанэу цІыху къэтэджыжауэ итыр дапхуэдэ щІыкІэу Алыхьым къигъэхъужа?
9 Иджыри зы Іуэху телъыджэ къэхъуащ Елисей лІа иужь. Ар илъэс 50-кІэ бегъымбару щытащ, иужькІэ сымаджэ хъури лІащ. Зэгуэрым Елисей здыщІалъхьа щІыпІэм израилым щыщ зы гупым цІыху щІалъхьэт. Ауэ абыхэм хъунщІакІуэ гуп къалъэгъуати, Елисей здыщІалъхьам деж хьэдэр щыхыфІадзэри щІэпхъуэжащ (а зэманым бегъымбарым и хьэдэм къупщхьэ фІэкІ къыхэнэжатэкъым). Библием итщ: «Хьэдэр Елисей и къупщхьэхэм зэрытехуэу, а цІыхур къэхъужри къызэфІэувэжащ» (2 Цар. 13:14, 20, 21). А Іуэхугъуэхэм Марфэ и фІэщ ящІащ Алыхьыр лІэныгъэм зэрытекІуэнур. Абыхэм фэри фи фІэщ ящІу къыщІэкІынщ Алыхьым къаруушхуэ зэриІэр.
ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ КЪЭТЭДЖЫЖАХЭР
10. Сыт Тавифэ къыщыщІар икІи сыт Петр ищІар?
10 АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэми итщ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм лІахэр къагъэтэджыжу зэрыщытар. Иаир и пхъумрэ Наин къалэ щыщ фызабэм и къуэмрэ Хьисэ къызэригъэтэджыжам дэ дытепсэлъыхьащ. ЛІар къэзыгъэтэджыжахэм ящыщщ апостол Петри. Абы Алыхьым и лэжьакІуэу щыта Доркэ е ТавифэкІэ зэджэ цІыхубзыр къигъэтэджыжауэ щытащ. Петр абы и хьэдэр здэщыІэм кІуэри, Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзащ. ИтІанэ абы жиІащ: «Тавифэ, къэтэдж!» Ар занщІэу къэхъужащ. Абдежым Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІхэри къриджэри, ар зэрыпсэур яригъэлъэгъуащ. Абы иужькІэ «цІыху куэдым ЗиусхьэнымкІэ фІэщхъуныгъэ яІэ хъуащ». Ар зэхэзыха, Хьисэ и лъэужь иувагъащІэхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр нэгъуэщІхэм хуаІуатэфынут икІи Иеговэ цІыхум гъащІэ иритыжыфыну къару зэриІэр жаІэфынут (Апост. 9:36—42).
11. Лука зэритхыжамкІэ зы щІалэ гуэрым сыт къыщыщІар? А Іуэхугъуэр адрейхэм дауэ къащыхъуат?
11 Абы иужь лІар къыщытэджыжар Троадэ къалэращ. Иджыпсту щыІэ Тыркум и ищхъэрэ-къухьэпІэмкІэ а къалэр дэту щытащ. Зы унэ гуэрым ищхьэ дыдэ къатым иІэ пэшым, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщ цІыху зыбжанэ зэхуэсауэ, зэІущІэ щекІуэкІт. А зэхуэсым апостол Паул щыІащ икІи къекІуэлІахэм жэщ ныкъуэ хъуху псалъэ яжриІащ. Абы едаІуэхэм щыщу Евтих и цІэу щІалэ гуэр щхьэгъубжэм Іуст. Ар жей куум хилъэфауэ щхьэгъубжэм къыдэхури ещанэ къатым къехуэхащ. Евтих япэу бгъэдэлъэдар дохутыр Лукауэ къыщІэкІынщ. Лука щІалэм еплъри ар къызэрымымэхар, атІэ зэрылІар къыгурыІуащ. Паул унэм щІэкІщ, щІалэм зытриубгъуэри, ІэплІэ иришэкІащ. Абы иужь мы псалъэхэр жиІащ: «И псэр хэтщ!» Абыхэм я нэкІэ ялъагъуу Евтих лІэуэ къызэрыхъужар хуабжьу яфІэгъэщІэгъуэн хъуащ икІи гуфІэгъуэшхуэ къаритащ (Апост. 20:7—12).
ГУГЪЭ БЫДЭ
12, 13. Дызытепсэлъыхьам теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр къэхъейрэ?
12 Зэпкърытха щапхъэхэр Марфэ иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ дэри зэдгъэгъуэтыну къыддоІэпыкъу. Дэ шэч къытетхьэкъым дыкъэзыгъэщІа Алыхьым лІар къигъэтэджыжыфыну къару зэриІэм. Иеговэ лІахэр къыщигъэтэджыжым щыгъуэ абы и лэжьакІуэ пэжхэм щыщ гуэр къигъэсэбэпащ, псалъэм папщІэ Иляс, Хьисэ, Петр сымэ. НтІэ а Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэныр къыщымыхъу зэманхэм щыпсэуа цІыхухэм теухуауэ сыт жытІэ хъунур? Ахэр къэкІуэну зэманым Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжыну щыгугъ хъунут? Абыхэм гугъэ быдэ яІэфынут Марфэ и дэлъхур къызэрытэджыжыным теухуауэ гугъэ быдэ зэриІам хуэдэу? Сыт Марфэ лІахэр къызэрытэджыжынур и фІэщ хъууэ щІыщытар икІи сыт фэри абы шэч къытефхьэн щІыхуэмейр?
13 Алыхьым и псалъэм ит пычыгъуэ зыбжанэхэм ІупщІу къыхощ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм сыт щыгъуи ящІэу зэрыщытар, къэкІуэну зэманым лІахэр къызэрытэджыжынур. Абыхэм ящыщ языныкъуэ пычыгъуэхэр зэпкърытхынщ.
14. Ибрэхьим теухуа хъыбарым лІахэр къызэрытэджыжыным теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
14 Дигу къэдвгъэгъэкІыж Ибрэхьим куэд щІауэ къыхуалъхуну зэжьа и къуэ Исхьэкъ теухуауэ Алыхьым хуищІа унафэр. Иеговэ жиІащ: «Къащтэ уи къуэр, фІыуэ плъагъу уи къуэ закъуэр, Исхьэкъыр... Морый щІыналъэм кІуэи, абдежым къурмэныпхъэу щыгъэс ар» (ЩІэдз. 22:2). Къызыщывгъэхъу, Ибрэхьим а псалъэхэр щызэхихам и гум щыщІар. Иеговэ ар къигъэгугъащ абы къытехъукІыну и щІэблэмкІэ щІылъэм тет цІыху лъэпкъ псоми и нэфІ щыхуэну. (ЩІэдз. 13:14—16; 18:18; Рим 4:17, 18). Абы нэмыщІ Иеговэ а щІэблэр «Исхьэкъ къытехъукІыну» жиІащ (ЩІэдз. 21:12). Дауэ ар къызэрыхъунур, Ибрэхьим къурмэныпхъэу Исхьэкъ къихьын хуеймэ? Алыхьым и къару лъапІэм Паул къыхузэІуихащ Иеговэ Исхьэкъ къигъэтэджыжыну лъэкІыныгъэ зэриІэр Ибрэхьим и фІэщ хъууэ зэрыщытар. (Къеджэ Еврейхэм 11:17—19.) Ауэ Библием зыщІыпІи щыжиІэкъым Ибрэхьим и къуэр лІа иужь сыхьэт зыбжанэ, зы махуэ е тхьэмахуэ дэкІмэ Алыхьым ар къигъэтэджыжыну щыгугъауэ. Ибрэхьим ищІэтэкъым и къуэр къыщытэджыжыну зэманыр. Ауэ Иеговэ Іэмал имыІэу ар зэрищІэнур быдэу и фІэщ хъут.
15. Іэиуб сыт хуэдэ гугъэ иІа?
15 Алыхьым и лэжьакІуэ пэж Іэиуби лІахэр къыщытэджыжыну зэманым ежьэт. Абы къыгурыІуэт жыг паупщІам и дакъэм къуэпс къыдэжу ар жыгыщІэ зэрыхъуфынур. Ауэ цІыхур апхуэдэу щыткъым (Иов 14:7—12; 19:25—27). ЦІыхур лІа нэужь, ар езыр къэпсэужу кхъэм къыдэкІыжыфынукъым (2 Сам. 12:23; Пс. 89:48). Ауэ абы къикІкъым Алыхьым цІыхум гъащІэ иримытыжыфыну. Іэиуб и фІэщ хъууэ щытащ и зэманым Иеговэ ар игу къызэрыкІыжынур. (Къеджэ Иов 14:13—15a.) Іэиуб ищІэтэкъым а зэманыр къыщысынур. Абы емылъытауэ, абы шэч къытрихьэтэкъым цІыхухэм гъащІэ езытам лІахэр къигъэтэджыжыну къару зэриІэм икІи Іэмал имыІэу ар зэрищІэнум.
16. МелыІычым Даниил сыт хуэдэ псалъэхэмкІэ игъэгушхуа?
16 Иджыри Иеговэ и лэжьакІуэ пэжу щыта бегъымбар Даниил и гугъу тщІынщ. Илъэс куэдкІэ ар Алыхьым хуэлэжьащ икІи Иеговэ абы дэІэпыкъуу щытащ. Зэгуэрым мелыІычыр Даниил «цІыху лъапІэкІэ» еджэри, жриІащ: «Уигу ирезагъэ. Зыгъэбыдэ, зыгъэбыдэ» (Дан. 9:22, 23; 10:11, 18, 19).
17, 18. Иеговэ Даниил сыткІэ къигъэгугъа?
17 Илъэсищэ хъу Даниил и гъащІэр и кІэм щынэсым, дауикІ, егупсысу къыщІэкІынт адэкІэ къыпэщылъым. И фІэщ хъурэт абы къызэрытэджыжынур? Шэч хэмылъу хъут! Даниил итха тхылъым и кІэм Алыхьыр и бегъымбарым зэрызыхуигъэза псалъэхэр итщ: «Уэ уи гъащІэм и кІэм хуэкІуэ. Уэ зыбгъэпсэхунущ» (Дан. 12:13). Зи ныбжь хэкІуэта Даниил ищІэт лІахэм «зэрызагъэпсэхур», сыт щхьэкІэ жыпІэмэ кхъэ мащэм «гупсыси, щІэныгъи, Іущагъи щыІэкъым» (Эккл. 9:10). Куэд дэмыкІыу Даниили абы кІуэнут, ауэ абы и дежкІэ ар иджыри кІэухтэкъым. Абы Алыхьым гугъэ дахэ иритат.
18 МелыІычым Даниил жриІат: «Уэ... укъэтэджыжынущ, иужьрей махуэхэм уи Іыхьэр къыплъысыжын щхьэкІэ». Даниил ар къыщыхъуну зэманыр ищІэтэкъым. Абы къыгурыІуэт зэрылІэнур икІи кхъэм «зэрызыщигъэпсэхунур». Ауэ Даниил «и Іыхьэр къылъысыжын щхьэкІэ» къызэрытэджыжынур щызэхихым, къыгурыІуащ ар къэкІуэну зэманым къызэрыхъунур — «иужьрей махуэхэм», лІа иужь зэман куэд дэкІауэ.
ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Марфэ иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ фиІэ? (19, 20-нэ абзацхэм феплъ.)
19, 20. 1) Дэ щапхъэ зэпкърытхахэмрэ Марфэ Хьисэ жриІа псалъэхэмрэ дауэ зэрызэпыщІар? 2) Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?
19 Аращи, Марфэ и фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ иІэти, абы шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым и дэлъху Лазар «лІахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм... къызэрытэджыжынум». Иеговэ Даниил къызэригъэгугъа псалъэхэмрэ Марфэ и фІэщхъуныгъэмрэ ноби дэри ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ. ЛІахэр Іэмал имыІэу къэтэджыжынущ.
20 Дэ дытепсэлъыхьащ блэкІа зэманым лІахэр къызэрытэджыжауэ щытам. А щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым лІахэм гъащІэ зэрыритыжыфынур. Пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я фІэщ хъут лІахэр къэкІуэну зэманым къызэрытэджыжынур. Ауэ дапщэщ ар къыщыхъунур? ЛІахэр къызэрыхъужынур зэратхрэ куэд дэкІауэ щытми, ар къызэрыхъунур ди фІэщ тщІыну щхьэусыгъуэ диІэу пІэрэ? Мы упщІэм и жэуапыр къыддэІэпыкъунущ къытхуэмыгъэсу дыпэплъэну лІахэр къыщытэджыжыну зэманым, абы Марфэ зэрыпэплъам хуэдэу. КъыкІэлъыкІуэ статьям ар зэпкърытхынщ.
a Иов 14:13—15: «Уэ сэ хьэдрыхэ мащэм сыщІэплъхьэрэ уи губжьыр блэкІыхукІэ сыщыпхъумэу, пІалъэ къызэптрэ итІанэ уигу сыкъэбгъэкІыжамэ, арат! ЦІыхур лІа иужькІэ псэуну пІэрэ ар аргуэру? ГъэрыпІэм сыщыІэхукІэ сэ уэ сыножьэнущ, хуит сыщыхъужыну зэманыр къэсыху. Уэ укъызэджэнурэ, сэ жэуап уэстынущ».