ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Ноябрь н. 27—32
  • Фи тыгъэр зыми зыІэщІевмыгъэх

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Фи тыгъэр зыми зыІэщІевмыгъэх
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «ВГЪЭКІУЭД» ХЪУЭПСЭНЫГЪЭ МЫХЪУМЫЩІЭХЭР
  • ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭРЭ ГУАПАГЪЭРЭ ЗЫХЭФЛЪХЬЭ
  • ТЫГЪЭР ФИ УНАГЪУЭМ ИСХЭМ ПСОМИ КЪАІЭРЫРЕХЬЭ
  • ЩІАЛЭГЪУАЛЭ, ФИ ТЫГЪЭР ЗЫМИ ЗЫІЭЩІЕВМЫГЪЭХ
  • ГугъапІэм уи нэр тегъэт!
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
  • Теубыдагъэ уиІэу пэплъэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
  • Гъуэгуанэ къытпэщылъым икІэм нэс дывгъажэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Ноябрь н. 27—32
Помазанные христиане размышляют над своей небесной надеждой, а «другие овцы» — над земной

Фи тыгъэр зыми зыІэщІевмыгъэх

«Зы цІыхуми фи тыгъэр зыІэщІевмыгъэх» (КОЛ. 2:18, ДЩІ).

УЭРЭДХЭР: 122, 139

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дауэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр зэрызытедмыгъэкІуэныр?

  • ФІылъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ дауэ къыддэІэпыкъуну ди тыгъэр тфІэмыкІуэдын папщІэ?

  • Унагъуэм исхэм псоми дауэ тыгъэр зыІэрагъэхьэфыну?

1, 2. 1) Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ тыгъэ къалъысыну щыгугърэ? 2) Сыт къыддэІэпыкъурэ тыгъэ къытлъысынур тщымыгъупщэну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

УАФЭМ щыпсэуну Иеговэ къыхихахэм гугъэ дахэ яІэщ. Апостол Паул апхуэдэ гугъэм Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэкІэ еджащ (Флп. 3:14). Ахэр Хьисэ Мэссихь и гъусэу цІыхухэм гуэныхь хэмылъыж хъун щхьэкІэ щыдэІэпыкъуну зэманым, къахуэмыгъэсу поплъэ (Апок. 20:6). Сыту гугъэ дахэ ар! Адрей Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми гугъэфІ яІэщ. Иеговэ ахэр къигъэгугъащ щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэуну (2 Пет. 3:13).

2 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Алыхьым хуэпэжу къэнэну дэІэпыкъун икІи я тыгъэр къалъысын щхьэкІэ, Паул ахэр къыхуриджэт: «Уафэм и Іуэхухэм фегупсыс» (Кол. 3:2). Абыхэм гугъэ дахэ къалъысыныр зыщагъэгъупщэн хуейтэкъым (Кол. 1:4, 5). Сыт хуэдэ гугъэ димыІэми — уафэм дыщыпсэунуми е щІылъэм дыщыпсэунуми — Иеговэ дыкъызэригъэгугъам дегупсысмэ, тыгъэр тІэщІэкІынукъым (1 Кор. 9:24).

3. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зэран къахуэхъуфыну сыт хуэдэ шынагъуэхэм Паул и гугъу ищІа?

3 Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІэт я тыгъэр зэрафІэкІуэдыфыныр икІи апхуэдэу къыщІэхъункІэ хъуныр. Псалъэм папщІэ, Хьисэ уи фІэщ пщІыным и пІэкІэ, Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІыр хабзэ гъэзэщІэнырауэ зыбжхэр щыІэт. Паул Колоссэ къалэ дэсхэм яхуитхат абыхэм зыщахъумэну (Кол. 2:16—18). Абы нэмыщІ Паул тепсэлъыхьащ дэ нобэ дызыпэщІэхуэфыну шынагъуэхэм. Абы гурыІуэгъуэ тщищІащ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм дызэрыпэщІэтыныр, ди къуэш ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку къыдыхьэ зэгурымыІуэныгъэхэр зэрызэхэдгъэкІыныр икІи унагъуэм илъ гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщыфыныр. АдэкІэ Паул зи гугъу ищІа шынагъуэхэм ящыщ зыбжанэ зэпкърытхынщ икІи абы и чэнджэщхэм дытепсэлъыхьынщ.

«ВГЪЭКІУЭД» ХЪУЭПСЭНЫГЪЭ МЫХЪУМЫЩІЭХЭР

4. Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм я ягъэкІэ ди тыгъэр щІытфІэкІуэдынкІэ хъунур сыт?

4 Хьисэ и лъэужь итхэм яІэ гугъэ дахэр ягу къигъэкІыжа иужь Паул абыхэм яхуитхащ: «Фи щэныжь бзаджэм и Іуэхухэр вгъэкІуэд: Зинэ щІэнри, гуфІеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэри, хъуэпсэныгъэ Іейхэри, нэпсеягъэри» (Кол. 3:5). Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэм къаруушхуэ иІэнкІэ хъунущ икІи абы и ягъэкІэ ди тыгъэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Апхуэдэ къапхъэным ихуауэ иужькІэ къэзыгъэзэжа ди зы къуэшым жеІэж: «Сэ сызыІэпызышам апхуэдизкІэ къаруушхуэ иІэти сщІэнур сщІа иужькІэщ зыкъыщысщІэжар».

5. МыхъумыщІагъэ тщІэну дызыІэпызышэну Іуэхугъуэхэм дауэ зыщытхъумэну?

5 Дэ псом хуэмыдэу дысакъын хуейщ Иеговэ и хабзэхэм дебэкъуэну дыхуэзыгъэушын Іуэхугъуэхэм дыщыпэщІэхуэм деж. Псалъэм папщІэ, щІалэмрэ хъыджэбзымрэ зэпсэлъэн щыщІадзэм деж ба, Іэплъэ зыхуэщІыным теухуауэ дауэ зэхущытынуми икІи я закъуэу цІыху здэщымыІэм къэмынэн щхьэкІэ сыт ящІэнуми занщІэу зэгурыІуэн хуейщ (Прит. 22:3, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЛэжьапІэм е лэжьапІэ ІуэхукІэ жыжьэ ущыкІуэм деж мыхъумыщІагъэ уэзыгъэщІэн Іуэхугъуэхэм упэщІэхуэнкІэ хъунущ (Прит. 2:10—12, 16, Гъэс.). Апхуэдэ Іуэхугъуэ упэщІэхуэмэ Иеговэ и Щыхьэту узэрыщытыр занщІэу жыІэ. ЩытыкІэ тэмэм зигъыІэ икІи зэи зыщомыгъэгъупщэ зыкъыпегъэхыным фІым узэрыхуимышэнур. Дэ иджыри дысакъын хуейщ гукъыдэж дыщимыІэм икІи закъуэныгъэ щызыхэтщІэкІэ. Апхуэдэхэм деж дэ къытхуей, фІыуэ дыкъэзылъагъу гуэр къыдбгъэдэтыну дыхуейщ. Абы щыгъуэ хэт гулъытэ къытхуимыщІми ар дэ дигу ирихьынкІэ хъунущ. Зэгуэр фэри апхуэдэ къыфщыщІмэ Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ къывдэІэпыкъуну зыхуэвгъазэ. Апхуэдэу фщІэмэ фи тыгъэр зыми фІэщІихыфынукъым. (Къеджэ Псалом 34:18 и япэ Іыхьэмa; Притчи 13:20, Гъэс.)

6. ЗыгъэпсэхукІэ къыщыхэтхкІэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

6 Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр «дгъэкІуэдын» папщІэ, зыгъэпсэхукІэ къемызэгъхэм зыпыІуддзын хуейщ. Нобэ мы дунейм щыІэ зыгъэпсэхукІэхэр Содомрэ Іаморэрэ ебгъэщхь хъунущ (Иудэ 7). Тхылъхэр, фильмхэр е телевизорымкІэ къагъэлъагъуэ программэхэр къыдэзыгъэкІхэм мыхъумыщІагъэмрэ цІапІагъэмрэ къезэгъ гуэр хуэдэу къагъэлъагъуэ икІи абы узыхуишэ Іейхэр щІахъумэ. Зэхэдз имыІэу псоми уеплъмэ, уеджэмэ икІи уедаІуэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм утекІуэфынукъым. Абы къыхэкІкІэ, ди тыгъэр тфІэзымыгъэкІуэдын зыгъэпсэхукІэхэращ къыхэтхын хуейр (Прит. 4:23, Гъэс.).

ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭРЭ ГУАПАГЪЭРЭ ЗЫХЭФЛЪХЬЭ

7. Сыт хуэдэ гугъуехьхэр зэзэмызэ зэхуэсым щыІэнкІэ хъуну?

7 Иеговэ и зэхуэсым дызэрыщыщыр ди дежкІэ гуфІэгъуэшхуэщ. Ди зэІущІэхэм Алыхьым и Псалъэр щыдодж икІи зым зыр догъэгушхуэ. Ар дэ къыддоІэпыкъу тыгъэ дызыпэплъэм ди нэІэ тедмыгъэкІыну. Ауэ зэзэмызэ зэгурымыІуэныгъэ гуэрхэр ди зэхуаку къыдыхьэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ зэгурымыІуэныгъэхэр ди зэхуаку зэрыдэтхыным къару едмыхьэлІэмэ, гукъанэм ди гум лъабжьэ щищІынкІэ хъунущ. (Къеджэ 1 Петр 3:8, 9.)

8, 9. 1) Тыгъэр къытлъысын папщІэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр къыддэІэпыкъуну? 2) Ди къуэш, ди шыпхъухэм ящыщ гуэрым ди жагъуэ къищІамэ, сыт тщІэ хъунур ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъын папщІэ?

8 Тыгъэр къытлъысын щхьэкІэ гукъанэр зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым. Паул Колоссэ къалэм дэсхэр къыхуриджащ: «Фэ, гукъабзагъэ зиІэ Тхьэм къыхиха цІыхухэм, абы фІыуэ илъагъухэм, гущІэгъунри, фІыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри фи гум ивгъэлъ. Зым зыр ирешыІэ икІи зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу. Псом япэрауэ, фІылъагъуныгъэр фи гум ивгъэлъ. ФІылъагъуныгъэращ зыуэ фыщытыну икІи фи щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса фыхъуну фэ псори фызэзыпхыр» (Кол. 3:12—14).

9 ФІылъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ къыддоІэпыкъу зыр зым хуэдгъэгъуфу дыщытыну. Сыт пщІэн хуейр уи къуэшым е уи шыпхъум уи жагъуэ ищІамэ? Фигу къэвгъэкІыж псалъэкІэ е ІуэхущІафэ гуэркІэ зыгуэрым и жагъуэ фщІауэ ар къыщыфхуагъэгъуауэ щытар. ФІылъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу къызэрыфхущытар фигу ирихьатэкъэ? (Къеджэ Екъуб 3:2.) Ауэ псом хуэмыдэу дэ Хьисэ Мэссихь фІыщІэ худощІ фІыгъуэ къытхуищІам щхьэкІэ — абы Алыхьым хуэлэжьэну хуейхэр дызэхуишэсри зы дищІащ (Кол. 3:15). Дэ псоми зы Алыхьщ фІыуэ тлъагъур, зы хъыбарщ дгъэІур икІи псори дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр зэхуэдэщ. ФІылъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ тхэлъу зыр зым хуэдгъэгъумэ, ди зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ дощІ икІи тыгъэр къызэрытлъысыным дыхущІокъу.

10, 11. 1) Фыгъуэныр сыткІэ шынагъуэ? 2) Сыт тщІэ хъуныр фыгъуэным тыгъэ къытпэщылъыр тфІимыгъэкІуэдын щхьэкІэ?

10 Иджыри тыгъэ дызыпэплъэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ фыгъуэм и зэранкІэ. Фыгъуэным фІым узэрыхуимышэнур къэзыгъэлагъуэ щапхъэхэр Библием итщ. Псалъэм папщІэ, Къаин и къуэш Хьэбэл ефыгъуэри иукІащ. Корей, Дафан, Авирон сымэ Мусэ ефыгъуэри абы пэщІэувэну цІыхухэр къызэщІагъэстащ. Пащтыхь Щаул Даут ехъулІэныгъэ иІэхэм ефыгъуэти иукІыну хэтащ. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Алыхьым и Псалъэм мыпхуэдэу зэритыр: «Фыгъуэрэ зэщыхьэныгъэрэ здэщыІэм Іуэхухэр щызэІохьэ, дэтхэнэ зы мыхъумыщІагъэри щобагъуэ» (Екъуб 3:16).

11 Лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ зыхэлъ цІыхум фыгъуэр и гум къэкІыну нэхъ гугъущ. Алыхьым и Псалъэм итщ: «ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ. ФІылъагъуныгъэр фыгъуэркъым» (1 Кор. 13:4). Фыгъуэм ди гум лъабжьэ щимыщІын папщІэ, Алыхьым и еплъыкІэ псоми худиІэн хуейщ икІи зэхуэсым хэт ди къуэш, ди шыпхъухэм зы пкъым дыщыщым хуэдэу дыхущытын хуейщ. Апхуэдэу дыщытмэ нэгъуэщІхэм щхьэкІэ дыгуфІэну нэхъ тынш хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием щыжыІащ: «Пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэрым пщІэ игъуэтмэ, абы а пкъым щыщ пкъыгъуэ псори догуфІэ» (1 Кор. 12:16—18, 26). Ди къуэш, ди шыпхъухэм ехъулІэныгъэ щаІэм деж демыфыгъуэу дадэвгъэгуфІэ. АбыкІэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ Щаул и къуэ Ионафан. И адэм и пІэкІэ пащтыхьу Алыхьым Ионафан къыхимыхыу Даут къыщыхихам ар абы ефыгъуакъым, атІэ сыт и лъэныкъуэкІи дэІэпыкъуащ (1 Сам. 23:16—18). Ионафан игъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ дэри тхуэгъэлъэгъуэну?

ТЫГЪЭР ФИ УНАГЪУЭМ ИСХЭМ ПСОМИ КЪАІЭРЫРЕХЬЭ

12. Унагъуэхэм тыгъэр къаІэрыхьэн щхьэкІэ Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщыр ядэІэпыкъурэ?

12 Унагъуэм мамырыгъэрэ насыпрэ илъын папщІэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ Библием ит принципхэм утетыным. Абы щыгъуэщ унагъуэм ис псоми тыгъэр къащыІэрыхьэныр. Колоссэ дэсхэм Паул яхуитха тхылъым унагъуэхэм чэнджэщыфІ яритащ: «Фызхэ, филІхэм фахуэІурыщІэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цІыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу. ЛІыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фІыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым. Бынхэ, фи адэ-анэхэм сыт и лъэныкъуэкІи федаІуэ, Зиусхьэным ар игъуэу елъытэри. Адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, я гур мыкІуэдын щхьэкІэ» (Кол. 3:18—21). СыткІэ фи унагъуэм мы псалъэхэр сэбэп хуэхъуну?

13. Дауэ ди шыпхъум и щхьэгъусэр Иеговэ хуэлэжьэну зэрыхуигъэушыфынур?

13 Сыт ди шыпхъум ищІэ хъуныр и щхьэгъусэр Иеговэ хуэмылажьэмэ икІи ар тэмэму къыхущымыту къыщыхъумэ? Сыт щыгъуи ар игъэкъуаншэу едауэмэ нэхъыфІ хъуну пІэрэ? Ди шыпхъум зыхуейр и щхьэгъусэм иригъадэми, абыкІэ ар Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ къыдихьэхыфыну пІэрэ? Къыдихьэхыфынукъым. Ауэ ди шыпхъур и щхьэгъусэм унагъуэм и нэхъыжьым хуэдэу хущытмэ, мамырыгъэр унагъуэм илъынущ. Абы и щытыкІэмкІэ Иеговэ игъэлъэпІэнущ икІи, хэт ищІэрэ, и щхьэгъусэри Алыхьым хуэлэжьэну хуигъэушынкІэ хъунущ. Абы щыгъуэ тІуми я тыгъэр къалъысыну Іэмал яІэнущ. (Къеджэ 1 Петр 3:1, 2.)

14. Ди къуэшым и диныр и щхьэгъусэм димыІыгъмэ икІи пщІэ къыхуимыщІу къыщыхъумэ сыт ищІэ хъунур?

14 Ди къуэшым и диныр и щхьэгъусэм димыІыгъмэ икІи пщІэ къыхуимыщІу къыщыхъумэ сыт ищІэ хъунур? Абы унагъуэм и нэхъыжьыр хэтми къыгуригъэІуэн щхьэкІэ и щхьэгъусэм щІэкІиеу щытмэ, нэхъ пщІэ къыхуищІу хъуну пІэрэ? ДауикІ, хъунукъым! Алыхьыр хуейщ унагъуэхэм я нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ трахыну икІи я щхьэгъусэхэр фІыуэ ялъагъуну (Еф. 5:23). Зэхуэсым и нэхъыжь Хьисэ сыт щыгъуи шыІэныгъэрэ фІылъагъуныгъэрэ егъэлъагъуэ (Лк. 9:46—48). Ди къуэшым Хьисэ щапхъэ трихмэ, и щхьэгъусэр Иеговэ хуэлэжьэну хуигъэушынкІэ хъунущ.

15. Ди къуэшым и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур дауэ къызэригъэлъэгъуэфынур?

15 Библием цІыхухъухэм чэнджэщ ярет: «ЛІыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фІыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым» (Кол. 3:19). ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъумэ, и еплъыкІэр къищІэну хуейуэ абы жиІэм йодаІуэ икІи и еплъыкІэм мыхьэнэ зэрыритыр къыгурегъаІуэ (1 Пет. 3:7). ДауикІ, цІыхухъум и щхьэгъусэм жиІэ псор игъэзэщІэнукъым, ауэ фызым и чэнджэщхэр лІым унафэ щищІкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэхъунущ (Прит. 15:22, Гъэс.). Зи щхьэгъусэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ зыхуригъэщІыну хигъэзыхькъым, атІэ ар къызэрилэжьыным иужь итщ. Унагъуэм и нэхъыжьым и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ фІыуэ зэрилъагъум унагъуэм исхэр хуегъэуш Иеговэ хуэлэжьэну икІи гъащІэ мыухыж зрагъэгъуэтыну.

Дети переживают из-за ссоры родителей; семья счастлива, потому что все обращаются друг с другом по-доброму

Сыт тщІэ хъуныр унагъуэм илъ гугъуехьхэм ди тыгъэр тфІамыгъэкІуэдын щхьэкІэ? (13—15-нэ абзацхэм феплъ.)

ЩІАЛЭГЪУАЛЭ, ФИ ТЫГЪЭР ЗЫМИ ЗЫІЭЩІЕВМЫГЪЭХ

16, 17. Сыт щІалэгъуалэм къадэІэпыкъуныр я адэ-анэхэм зыхуамыгъэгусэну?

16 НыбжьыщІэхэ, фэ къыфщыхъункІэ хъунущ адэ-анэхэм факъыгурымыІуэу икІи егъэлеяуэ ткІийуэ къыфхущыту. Абы къыхэкІкІэ фэ шэч къытефхьэнкІэ хъунущ фи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ифлъхьэн зэрыхуейм. Ауэ Иеговэ къэвгъанэу щытмэ куэд мыщІэу къывгурыІуэжынущ фи адэ-анэхэмрэ, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ нэхърэ нэхъыфІу фыкъэзылъагъу зыри зэрыщымыІэр.

17 Фегупсысыт: фи адэ-анэхэм зэи фамыгъасэу щытатэмэ, къыфщыхъунутэкъэ абыхэм факъыфІэмыІуэхуу (Евр. 12:8). Ауэ фэ фигу иримыхьу къыщІэкІынщ фи адэ-анэм фызэрагъасэ щІыкІэр. Абы щхьэкІэ фымыгубжьу, апхуэдэу щІащІэр зыгурывгъэІуэну иужь фит икІи фигу иримыхьын къывжаІэмэ зывмыгъэгусэ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «ЩІэныгъэ зиІэм ещІыр псалъэ хэплъыхь, зи зэхэщІыкІыр лъагэр сыт щыгъуи цІыху зэтесщ» (Прит. 17:27, Гъэс.). Мурад вгъэув цІыху балигъым хуэдэу чэнджэщ къыватым фымыгубжьу федэІуэну икІи ар къызэрывата щІыкІэм емылъытауэ дерс хэфхыну фыхущІэкъу (Прит. 1:8, Гъэс.). Иеговэ фІыуэ зылъагъу адэ-анэхэр фызэриІэр — насыпышхуэщ! Ахэр хуабжьу хуейщ фи тыгъэр къыфІэрыхьэну.

18. Ди тыгъэр зыщыдмыгъэгъупщэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

18 Сыт хуэдэ гугъэ димыІэми — игъащІэкІэ уафэм дыщыпсэунуми е гъащІэ мыухыж диІэу жэнэтым дыщыпсэунуми — абы дыщегупсыскІэ дэ ди гур хегъахъуэ. Ар хъуапсапІэ закъуэу щыткъым, дэ ди гугъэм лъабжьэ иІэщ, ар тегъэщІащ Иеговэ дыкъызэригъэгугъа и псалъэхэм: «ЩІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ щытынущ» (Ис. 11:9). Абы щыпсэуну цІыхухэр езы Алыхьым иригъэджэнущ. А тыгъэм дэ къарууэ диІэр етхьэлІэну хуэфащэщ. Аращи, зэи зыщыдвмыгъэгъупщэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэр икІи фи тыгъэр зыми зыІэщІевмыгъэх!

a Псалом 34:18 и япэ Іыхьэр: «Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын