Захуагъэрэ гущІэгъурэ зиІэ Иеговэ щапхъэ тефх
«Захуагъэм фытету хьэкум фщІы, зыр зым лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зыхуэфщІ» (ЗАХ. 7:9).
1, 2. 1) Алыхьым и хабзэм Хьисэ дауэ хущытт? 2) Торэт егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ хабзэр дауэт зэрызэблашу щытар?
ХЬИСЭ Мусэ и Торэт хабзэр фІыуэ илъагъут. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а хабзэр къызыбгъэдэкІар псом нэхърэ нэхъыфІыу илъагъу уафэм щыІэ и Адэ лъапІэрат. Хьисэ Алыхьым и хабзэр гурэ псэкІэ фІыуэ зэрилъагъуныр Псалом 40:8 щыжыІауэ щытащ: «Уи Іэмырыр зэрызгъэзащІэм, си Алыхь лъапІэ, гурыфІыгъуэ къызет икІи уи хабзэр си гум илъщ». Хьисэ и псалъэхэмкІэ икІи и щытыкІэмкІэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым и хабзэр дагъуэншэу зэрыщытыр, ар цІыхухэм фІыгъуэ къахуихьын щхьэкІэ зэрыритар икІи а хабзэр Іэмал имыІэу гъэзэщІа зэрыхъуныр (Мт. 5:17—19).
2 Торэт егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ Хьисэ и Адэм и хабзэр зэрызэблашыр абы щилъагъум и гур хэщІыу къыщІэкІынт. Абыхэм Торэт хабзэм ит нэхъ цІыкІу дыдэ къалэнхэр быдэу ягъэзащІэт, апхуэдэу зэрыщытым Хьисэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щыхьэт техъуат: «ХадэхэкІ нэхъ пудхэм ящыщу пщІанэр Тхьэм щхьэкІэ фот». Ауэ сыт хуэдэ щыуагъэт абыхэм ящІэр? Хьисэ адэкІэ пещэ: «Нэхъ вгъэзэщІапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищІ захуагъэм, гущІэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокІ» (Мт. 23:23). ЗыкъызыфІэщІыжа фарисейхэм елъытауэ Хьисэ хабзэм итыр куууэ къыгурыІуэт. Абы дэтхэнэ хабзэми Алыхьым и хьэл-щэнхэр хилъагъуэт.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Хьисэ и лъэужь итхэм Торэт хабзэм тетыну я къалэнкъым (Рим 7:6). АтІэ сыт Иеговэ Торэт хабзэр и Псалъэм, Библием, щІыхигъэхьар? Алыхьым апхуэдэу щІищІар «нэхъ гъэзэщІапхъэу» Торэт хабзэм зи гугъу ищІыр зэхэдгъэкІын щхьэкІэщ. Абы къикІыр хабзэм лъабжьэ хуэхъу принципхэр къыдгурыІуэну икІи дытетыну аращ. Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэм сытым дыхуигъэсэфыну? Мыбы ипэкІэ зэпкърытха статьям дэ къыщытщІащ имыщІэу цІыху зыукІам ищІэн хуеяр икІи сытым абы дыхуигъасэми дытепсэлъыхьащ. Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэми дэ Иеговэ теухуауэ куэд къыдегъащІэ икІи абы щапхъэ зэрытетхыфынур дегъэлъагъу. Мы статьям дэ упщІищ щызэпкърытхынущ: зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэм Иеговэ хэлъ гущІэгъур къигъэлъагъуэу сыт жыпІэ щІэхъуныр? Алыхьыр гъащІэм зэрыхущытым теухуауэ сыт дэ а хабзэм къыдигъащІэр? А хабзэм дауэ къызэрыхэщыр Алыхьым захуагъэ зэрыхэлъыр? А упщІэхэм фыщегупсыскІэ уафэм щыІэ ди Адэм сыткІэ щапхъэ тефх хъуными къызэрывгурыІуэным иужь фит. (Къеджэ Ефес 5:1.)
ЗЫЩЫПХЪУМЭ ХЪУНУ КЪАЛЭХЭР ЗДЭЩЫТАХЭМ КЪЫДАГЪАЩІЭР
4, 5. 1) Сыт Иеговэ щІыхуеяр зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм унэсыну тыншу щытыну икІи ар дауэ зэращІар? 2) Иеговэ теухуауэ сыт абы къыдигъащІэр?
4 Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм укІуэну тыншт. Иеговэ унафэ ищІащ Израилым апхуэдэ къалэу хы дэтыну — Иорданыпсым и лъэныкъуитІымкІи щырыщу. Сыт щхьэкІэ? ИмыщІэу зыгуэр зыІэщІэукІа дэтхэнэ цІыхуми псынщІэу, гугъу емыхьу нэхъ гъунэгъуу щыт зыщыпхъумэ хъуну къалэр къигъуэтыфын папщІэ (Чис. 35:11—14). А къалэхэм ухуэзышэ гъуэгухэр тэмэму зэрахьэт, зекІуэгъуафІэу щытын щхьэкІэ (Втор. 19:3). Иудейхэм я тхыдэм зэрыжиІэмкІэ апхуэдэ къалэм узэрыкІуэ хъуныр уэзыгъэлъагъу дамыгъэхэр гъуэгубгъухэм тетт. А къалэхэр щымыІатэмэ, имыщІэу цІыху зыукІар нэгъуэщІ къэралым жэн хуей хъунут, абы щыгъуэ ар и фІэщхъуныгъэм епцІыжынкІэ хъунут.
5 Фегупсысыт, хуейуэ цІыху зыукІар яукІыжыну Иеговэ унафэ ищІами, имыщІэу цІыху зыукІам гущІэгъу хуащІыну икІи хъумапІэ иратыну унафэ зэрищІамкІэ Абы и гущІэгъур игъэлъэгъуащ! Библиер куууэ зыдж щІэныгъэлІ гуэрым итхат: «Псори тыншу, гурыІуэгъуэу зэрыпхуэщІыным хуэдэу ящІат. Ар Алыхьым къыбгъэдэкІ гущІэгъущ». Иеговэ гущІэгъуншэу хьэкум ищІкъым икІи и лэжьакІуэхэм сыт щыгъуи тезыр ятрилъхьэну Іэмал къилъыхъуэркъым. Ар «гущІэгъушхуэ зиІэ Тхьэщ» (Еф. 2:4).
6. Фарисейхэр гущІэгъу зыхэлъ Алыхьым щапхъэ трахыу жыпІэ хъунут?
6 Фарисейхэр икъукІэ гущІэгъуншэу щытащ. Псалъэм папщІэ, иудейхэм я хабзэм къызэрыхэщымкІэ цІыхум зы щыуагъэр щэ нэхърэ нэхъыбэ ищІамэ, абыхэм хуагъэгъутэкъым. Хьисэ абыхэм я ІуэхущІафэхэр къыщІигъэщащ фарисеймрэ хьэкътын ахъшэр хэзыхымрэ теухуауэ ущие хъыбар къащыхуихьам. Фарисейр Алыхьым елъэІут: «Адрей цІыху хъунщІакІуэхэми, бзаджащІэхэми, зинэ зыщІэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкІэ, фІыщІэ пхузощІ, си Тхьэ». Ар абы щыжиІэм хьэкътын ахъшэр хэзыхыр Іэдэбагъ хэлъу Алыхьым елъэІут гущІэгъу къыхуищІыну. Фарисейхэм сытыт гущІэгъу щІахэмылъыр? Библием зэрыжиІэмкІэ, ахэр «нэгъуэщІхэр зэзымыпэс» цІыхуу щытащ (Лк. 18:9—14).
ЦІыхум «къысхуэгъэгъу» жиІэу къызэрыббгъэдыхьэну «гъуэгур» тыншу икІи зэІухауэ щыту пІэрэ? «Къысхуэгъэгъу» жиІэу цІыхур къыббгъэдыхьэфын хуэдэу щыт. (4—8-нэ абзацхэм феплъ.)
7, 8. 1) Дауэ Иеговэ и гущІэгъум щапхъэ зэрытетх хъунур? 2) НэгъуэщІхэм къахуэдгъэгъуфын папщІэ сыт Іэдэбагъ щІытхэлъын хуейр?
7 Фарисейхэм щапхъэ тевмыхыу, Иеговэ щапхъэ тефх. ГущІэгъу зыхэвгъэлъ. (Къеджэ Ефес 4:32.) Псалъэм папщІэ, «къысхуэгъэгъу» жиІэу цІыхур къыдбгъэдыхьэфыну дыщыт? (Лк. 17:3, 4). ЗэупщІыж: «Зыгуэрым си жагъуэ мызэ-мытІэу ищІамэ, тыншу икІи псынщІэу хуэзгъэгъуу пІэрэ? Си жагъуэ зыщІам секІужыну сыхьэзыру пІэрэ?»
8 Зыгуэрым хуэдгъэгъуфын щхьэкІэ дэ Іэдэбагъ тхэлъын хуейщ. Фарисейхэм адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу залъытэжти, ягъэгъуну хьэзыртэкъым. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр «нэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу» жыхуиІэ унафэм тетын икІи нэгъуэщІхэм гурэ псэкІэ къыхуагъэгъун хуейщ (Флп. 2:3). Иеговэ щапхъэ тефхыу Іэдэбагъ вгъэлъэгъуэфыну? ЦІыхум «къысхуэгъэгъу» жиІэу къызэрыббгъэдыхьэну «гъуэгур» тыншу икІи зэІухауэ щыту пІэрэ? Зыбгъэгусэну умыпІащІэ икІи псынщІэу узэрекІужыным иужь ит (Эккл. 7:8, 9).
ЦІЫХУМ И ГЪАЩІЭР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
9. Дауэ Иеговэ израил цІыхухэм къазэрыгуригъэІуар цІыхум и гъащІэр лъапІэу зэрыщытыр?
9 Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэр щІыщыІам и щхьэусыгъуэр япэрауэ израил цІыхухэм зыгуэрым и лъыр ятемыхуэн папщІэщ (Втор. 19:10). Иеговэ гъащІэр лъапІэу елъытэ икІи илъагъу хъуркъым «хейм илъ зыгъажэ Іэр» (Прит. 6:16, 17, Гъэсэпэтхыдэхэр). Алыхьыр захуагъэ хэлъу икІи къабзэу щытщи, и нэр зэхуищІкъым ямыщІэу цІыху яукІауэ щытми. Апхуэдэ цІыхум гущІэгъу хуащІауэ щытми, абы къалэм и нэхъыжьхэм къэхъуар яжриІэжын хуейт. Абы имыщІэу цІыху иукІауэ къыщІэкІыу щытмэ, ар зыщыпхъумэ хъуну къалэм щыпсэун хуейт дин пашэшхуэр дунейм ехыжыху. Къапщтэу щытмэ, абы и гъащІэ псор абы щихьынкІэ хъунут. А хабзэм израил цІыхухэм къагуригъаІуэт гъащІэр лъапІэу зэрыщытыр. ГъащІэр къызыбгъэдэкІ Алыхьым пщІэ хуащІыну ахэр хуейуэ щытмэ, нэгъуэщІым и гъащІэм хуэсакъын хуейт.
10. ЦІыхухэм я гъащІэр къызыфІэмыІуэху фарисейхэмрэ торэт егъэджакІуэхэмрэ я щытыкІэр Хьисэ дауэ къыщІигъэща?
10 Иеговэ елъытауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакІуэхэмрэ адрейхэм я гъащІэм пщІэ хуащІтэкъым. Сытыт ар къызыхэщыр? «ЩІэныгъэм и ІункІыбзэр фэ фщтащ. Ауэ щІэныгъэм и унэм фыщІыхьакъым, щІыхьэну хуеяхэри щІыхьэну хуит фщІакъым» — яжриІащ абыхэм Хьисэ (Лк. 11:52). Абыхэм Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэхэр цІыхухэм къыхузэІуахын икІи гъащІэ мыухыжым хуэзышэ гъуэгум ирикІуэну ядэІэпыкъун хуейт. Ауэ абыхэм нэгъуэщІт ящІэр, цІыхухэр «ГъащІэ пэжыр цІыхухэм езыт» Хьисэ пэжыжьэ ящІт (Апост. 3:15). Абыхэм цІыхухэм ирагъэлъагъур лІэныгъэм ухуэзышэ гъуэгурат. Фарисейхэмрэ торэт егъэджакІуэхэмрэ я щхьэ закъуэт зэгупсысыр, адрейхэм я гъащІэр къафІэІуэхутэкъым. Сыту ахэр гущІэгъуншэт!
11. 1) Апостол Паул дауэ щапхъэ триха цІыхум и гъащІэр лъапІэу зылъытэ Иеговэ? 2) Паул хуэдэу дэри жыджэру хъыбарыфІыр дгъэІуну сыт кыддэІэпыкъунур?
11 Фарисейхэмрэ торэт егъэджакІуэхэмрэ хуэдэ дымыхъуу Иеговэ дауэ щапхъэ зэрытетхыфыныр? ЦІыхум и гъащІэр лъапІэу тлъытэмэ икІи жыджэру хъыбарыфІыр зыгъэІуу щыта апостол Паул щапхъэ тетхмэ. Абы напэ къабзэ иІэу жиІэфащ: «Зы цІыхум илъ къызэрыстемыхуэнур... шэч къытезмыхьэжу нывжызоІэ». (Къеджэ Апостолхэм 20:26, 27.) Ауэ Паул хъыбарыфІыр щІигъэІуу щытар и напэм имыгъэкъуэншэн щхьэкІэкъым икІи Иеговэ апхуэдэ унафэ къызэрыхуищІаратэкъым. Абы цІыхухэр фІыуэ илъагъут икІи абыхэм я гъащІэр лъапІэу илъытэт (1 Кор. 9:19—23). «ЦІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну» хуей Иеговэ цІыхум и гъащІэм зэрыхущытым хуэдэу, дэри дыхущытын хуейщ (2 Пет. 3:9). Фэри абы фыхуейуэ пІэрэ? ХъыбарыфІыр зыхуэфІуатэхэм гущІэгъу зэрыхуэфщІыным иужь фит. Абы щыгъуэ фэ нэхъыбэу хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм фадэгуэшэну гукъыдэж фиІэнущ икІи абы гуфІэгъуэ куэд къывитынущ.
12. Алыхьым и лэжьакІуэхэр я гъащІэми, нэгъуэщІхэм я гъащІэми щІыхуэсакъын хуейр сыт?
12 Иеговэ гъащІэр лъапІэу зэрилъытэм хуэдэу дэри тлъытэмэ, ди гъащІэми, нэгъуэщІхэм я гъащІэми дыхуэсакъынущ. Дэ машинэр щызетхуэкІи икІи дыщылажьэкІи дысакъын хуейщ. Дэ ар зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым, зэхуэсым машинэкІэ дыщыкІуэкІэ е Алыхьым дыщыхуэлажьэ унэхэр щыдухуэкІэ икІи щызетхьэкІэ. Языныкъуэ цІыхухэр я гъащІэмрэ я узыншагъэмрэ хуэсакъкъым, лэжьыгъэр нэхъ псынщІэу яухын щхьэкІэ е ахъшэ нэхъ мащІэ абы текІуэдэн щхьэкІэ. Ди Алыхьым гъащІэм сыт щыгъуи пщІэ хуещІ. Дэри абы хуэдэу дыщытыну дыхуейщ. Псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэр нэгъуэщІхэм я гъащІэми, езыхэм я гъащІэми хуэсакъын хуейщ (Прит. 22:3, Гъэс.). Зэхуэсым и нэхъыжьым уи гъащІэм узэрыхуэсакъын хуей чэнджэщхэр уигу къигъэкІыжмэ, Іэмал имыІэу абы жиІэм едаІуэ (Гал. 6:1). Иеговэ гъащІэм зэрыхущытым хуэдэу уэри хущыт, зыгуэрым илъ къыптемыхуэн щхьэкІэ.
ІУЭХУР ЗЭХЭВГЪЭКІ «МЫ УНАФЭХЭМ ФЫТЕТУ»
13, 14. Захуагъэ зыхэлъ Иеговэ Израилым и нэхъыжьхэм дауэ щапхъэ трахыфынут?
13 Иеговэ Израилым я нэхъыжьхэм унафэ яхуищІат езым ярита хабзэхэм тету захуагъэ хэлъу лъэпкъым я Іуэхухэр зэхагъэкІыну. ЯпэщІыкІэ абыхэм Іуэхур зыІутыр къащІэн хуейт. ИтІанэ цІыху зыукІам и мураду щытар, къэхъуам зэрыхущытыр, сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІами зэхагъэкІыу, унафэ ящІын хуейт гущІэгъу хуэпщІ хъунрэ мыхъунрэ. Алыхьым и захуагъэм тету абыхэм зэхагъэкІын хуейт цІыхур илъагъу мыхъуу е мурад Іей иІэу иукІарэ имыукІарэ (Чис. 35:20—24). Къэхъуар зылъэгъуауэ нэхъ мащІэ дыдэу цІыхуитІ щыхьэту къэувын хуейт абы хуейуэ цІыхур зэриукІамкІэ (Чис. 35:30).
14 Нэхъыжьхэм Іуэхур щызэхагъэкІкІэ цІыхум ищІа закъуэратэкъым атІэ езы цІыхуми егупсысын хуейт. Абыхэм Іуэхум и купщІэр къагурыІуэн щхьэкІэ зэхэщІыкІ яІэн хуейт. Ауэ Алыхьым и хьэл-щэнхэу: зэхэщІыкІыр, гущІэгъур, захуагъэр яІэн щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэм ахэр хуэныкъуэт (Исх. 34:6, 7).
15. Фарисейхэмрэ Хьисэрэ гуэныхь щІакІуэхэм зэрыхущытыр сыткІэ зэщхьэщыкІрэт?
15 Фарисейхэр цІыхум и гуратэкъым зэплъыр, атІэ ищІа щыуагъэрат. Хьисэ Маттэ и унэм шхэуэ щІэсу абыхэм къыщалъэгъуам абы и лъэужь итхэм еупщІащ: «Фэ фи дин егъэджакІуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщІэхэмрэ сыт щІадэшхэр?» Ар щызэхихым Хьисэ жиІащ: «Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атІэ сымаджэхэращ. ФыкІуи, Тхьэм жиІа мы псалъэхэм къарыкІыр зэвгъащІэ: „Къурмэн щІыныракъым сызыхуейр, атІэ гущІэгъурщ“. Щыпкъагъэ зигу илъ цІыхухэр къезджэну папщІэкъым сыкъыщІэкІуар, атІэ гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкІэщ» (Мт. 9:9—13). Хьисэ и псалъэхэм къикІыу пІэрэ гуэныхь хьэлъэхэм мыхьэнэ иримыту? Хьэуэ, ахэр я гуэныхьым хущІегъуэжыну арат Хьисэ зыхуейр. ИкІи арат цІыхухэр зыхуриджэу щытар (Мт. 4:17). Хьисэ къыгурыІуат языныкъуэ хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьщІакІухэмрэ захъуэжыну зэрыхуейр. Ахэр Маттэ и унэм шхэн щхьэкІэтэкъым щІэкІуар, атІэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, абы къекІуэлІа куэдыр Хьисэ и лъэужь ирикІуэти аращ (Мк. 2:15). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, фарисейхэм я нэхъыбэм къагурыІуакъым Хьисэ а цІыхухэм фІы ядилъэгъуар. Фарисейхэм захуагъэрэ гущІэгъурэ зыхэлъ Алыхьым хуэлажьэу жаІэт. Ауэ абы елъытауэ, абыхэм я лъэпкъэгъухэр зэи зызмыхъуэжын гуэныхьщІакІуэу къалъытэт.
16. Гуэныхь зыщІам и Іуэхур нэхъыжьхэм щызэпкърахкІэ сыт я къалэныр?
16 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуагъэ зыфІэфІ Алыхьым щапхъэ трахын хуейщ (Пс. 37:28). Япэрауэ, абыхэм Іуэхур фІыуэ зэхагъэкІын хуейщ цІыхум гуэныхь ищІарэ имыщІарэ къагурыІуэн папщІэ. Гунэхь ищІауэ къыщІэкІмэ, нэхъыжьхэм Библием ит унафэхэм тету а Іуэхур зэпкърахын хуейщ (Втор. 13:12—14). А Іуэхур зэпкърызых нэхъыжьхэм зэхагъэкІын хуейщ цІыхур ищІа гуэныхьым хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ. Ар къэпщІэну тыншкъым. Гуэныхь зыщІам ищІам зэрыхущытыр икІи и гум илъыр къэщІэн хуейщ (Апок. 3:3). Апхуэдэ цІыхум гущІэгъу хуащІын щхьэкІэ, ищІам ар хущІегъуэжын хуейщa.
17, 18. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт къадэІэпыкъуныр цІыхур зэрыхущІегъуэжар къагурыІуэну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
17 Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхум и гум илъыр ялъагъу. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм апхуэдэ зэфІэкІ яІэкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьу ущытмэ, сыт къыбдэІэпыкъуныр цІыхур зэрыхущІегъуэжар къэпщІэну? Япэрауэ, Иеговэ елъэІу Іущагърэ зэхэщІыкІрэ къыуитыну (1 Цар. 3:9). ЕтІуанэрауэ, Тхыгъэ ЛъапІэм итымрэ зэхэщІыкІ зиІэ унэІутым и чэнджэщхэмрэ фІыуэ егупсыси зэхэгъэкІ: «ЦІыхум и гум къыбгъэдэкІыу хущІегъуэжа, хьэмэрэ апхуэдэ фэ зытригъауэрэ?» (2 Кор. 7:10, 11). Библием ит зи гуэныхьхэм хущІегъуэжахэмрэ хущІемыгъуэжахэмрэ я щапхъэхэр зэпкъырых: сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІэт? Сыт хуэдэ гупсысэкІэ яІэт? Я ІуэхущІафэхэм сытыт къыхэщыр?
18 Ещанэрауэ, цІыхум ищІа гуэныхьым имызакъуэу, езы цІыхум фегупсыс. Ар сыт хуэдэ унагъуэ къызыхэкІар? Гуэныхь щІищІам сыт и щхьэусыгъуэр? Сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ? Зэхуэсым и Пашэу щыт Хьисэ теухуауэ Библием щыжыІащ: «Абы и нэм илъагъу закъуэмкІэ хьэкум ищІынукъым икІи и тхьэкІумэм зэхих закъуэмкІэ зыми егиинукъым. Абы тхьэмыщкІэхэм пэжу хьэкум ятрищІыхьынущ икІи захуагъэ хэлъу цІыху Іэдэбхэм яфІ къилъыхъуэу егиинущ» (Ис. 11:3, 4). Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, фэ зэхуэсым дэІэпыкъуэгъу фахуэхъуну Хьисэ къалэн къыфхуищІащ икІи ар къывдэІэпыкъунущ захуагъэрэ гущІэгъурэ фхэлъу хьэкум фщІыну (Мт. 18:18—20). Къытхуэсакъыу зэхуэсым и нэхъыжьхэр дызэриІэм щхьэкІэ дэ фІыщІэшхуэ дощІыр! Ахэр къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэри зыр зым захуагъэрэ гущІэгъурэ тхэлъу дызэхущытыфщ.
19. Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэм сыт хуэдэ дерс фи щхьэм щхьэкІэ къыхэфха?
19 Мусэ и Торэт хабзэм ит щІэныгъэм икІи пэжым и фІыгъэкІэ Иеговэрэ абы и принципхэмрэ нэхъыфІу къыдощІэ (Рим 2:20). Апхуэдэу зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр егъасэ «захуагъэм тету» хьэкум ящІыну, дэри зыр зым «лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ» зыхуэтщІыну (Зах. 7:9). Мусэ и Торэт хабзэм дытетын хуэмейми, езы Иеговэ зихъуэжакъым. Захуагъэмрэ гущІэгъумрэ ноби абы мыхьэнэшхуэ ирет. Апхуэдэ Алыхьым ухуэлэжьэну — пщІэшхуэщ! Абы сыт щыгъуи щапхъэ тедвгъэх и хьэл-щэн дахэхэм хуэдэ дгъэлъагъуэу. Ар ди хъумапІэу щрет!
a 2006 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и напэкІуэцІ 30 ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм феплъ.