ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Ноябрь н. 9—14
  • Иеговэ и деж хъумапІэ къыщыфлъыхъуэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и деж хъумапІэ къыщыфлъыхъуэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «КЪЫХЭФХ ЗЫЩЫПХЪУМЭ ХЪУНУ КЪАЛЭХЭР»
  • «НЭХЪЫЖЬХЭМ ЯЖРИІЭЖЫН ХУЕЙЩ КЪЭХЪУАР»
  • «АР МЫ КЪАЛЭХЭМ ЯЩЫЩ ЗЫМ ЖЭН ХУЕЙЩ»
  • «А КЪАЛЭХЭР ФЭ ХЪУМАПІЭ ФХУЭХЪУНУЩ»
  • Захуагъэрэ гущІэгъурэ зиІэ Иеговэ щапхъэ тефх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Ноябрь н. 9—14
Человек, совершивший неумышленное убийство, прибегает в город-убежище

Иеговэ и деж хъумапІэ къыщыфлъыхъуэрэ?

«Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гъащІэр кърегъэл икІи абы и деж хъумапІэ къэзыгъуэтахэм щыщу зыри игъэкъуаншэжынукъым» (ПС. 34:22).

УЭРЭДХЭР: 8, 54

ЗЫЩЫПХЪУМЭ ХЪУНУ КЪАЛЭХЭМ ТЕУХУА ХАБЗЭМ ДАУЭ КЪЫДГУРИГЪАІУЭРЭ...

  • ...зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхьышхуэ зыщІам дауэ дэІэпыкъу хъунуми?

  • ...сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуейми Алыхьым гущІэгъу къытхуищІын щхьэкІэ?

  • ...Иеговэ гущІэгъушхуэ хэлъу ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур?

1. Гуэныхьыр зэрытхэлъым къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм сыт хуэдэ гупсысэхэр я гум къэкІрэ?

«СЫТУ сыцІыху тхьэмыщкІэ!» (Рим 7:24). Мы псалъэхэр апостол Паул и щхьэм щхьэкІэ жиІауэ щытат икІи Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм апхуэдэ гупсысэхэр ягу къыщыкІ щыІэщ. Дэ псоми гуэныхь тхэлъщи, ди ІуэхущІафэхэмкІэ Иеговэ и жагъуэ щытщІым деж дигу зэбгъэжу, дымыхьэнэншэу зыкъытщыхъужынкІэ хъунущ. Гуэныхьышхуэ зыщІа Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэр йогупсыс Алыхьым абыхэм ящІар зэикІ къахуимыгъэгъуну.

2. 1) Дауэ Псалом 34:22 къызэригъэлъагъуэр Алыхьыр зэрыхуэмейр и лъэжьакІуэхэм хуабжьу загъэкъуаншэну? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур? («ГъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъуну щапхъэ, хьэмэрэ бегъымбархэм жаІауэ щытар зыгуэрым и нэщэнэу щыт?» рамкэм феплъ.)

2 Библием къыдегъащІэ Иеговэ и деж хъумапІэ къэзыгъуэтахэм щхьэусыгъуэ зэрамыІэр хуабжьу загъэкъуаншэну. (Къеджэ Псалом 34:22a.) Ауэ Иеговэ уи хъумапІэ пщІыным сыт къикІыр? Сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуей Алыхьым гущІэгъу къытхуищІу ди гуэныхьыр къытхуигъэгъун щхьэкІэ? Мы упщІэхэм я жэуапыр къэтщІэнущ израил цІыхухэм зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуауэ яІа хабзэм дыхэплъэмэ. Фэ фегупсысынкІэ хъунущ: «Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа унафэр Торэт хабзэм хыхьэу щытащ икІи ди эрэм и 33-нэ гъэм Пэнтэкост (Пятидесятницэ) махуэшхуэм а Хабзэм тетын щагъэтащ!» Пэжщ, ауэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а Хабзэр Иеговэ къызэрыбгъэдэкІар. Абы къыхэкІкІэ, зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэр зэпкърытхмэ куэд къыдгурыІуэнущ гуэныхьым, гуэныхьщІакІуэм икІи гуэныхьым хущІегъуэжыным Иеговэ зэрыхущытыр. ЯпэщІыкІэ дигу къэдгъэкІыжынщ а къалэхэр щІыщыІам и щхьэусыгъуэр.

«КЪЫХЭФХ ЗЫЩЫПХЪУМЭ ХЪУНУ КЪАЛЭХЭР»

3. Зыгуэрым ищІэр къыгурыІуэу цІыху иукІамэ, израил цІыхухэм сытыт ящІэн хуейр?

3 Иеговэ цІыху укІыныр гуэныхьышхуэу елъытэ. Израил лъэпкъым зыгуэрым ищІэр къыгурыІуэу цІыху иукІауэ щытмэ, «лъыщІэжакІуэм» — яукІам нэхъ гъунэгъуу къыгухьэ цІыхухъум — ар иукІыжын хуейт (Чис. 35:19). Апхуэдэу щІащІыр зыри зимылажьэ цІыхур яукІмэ гуэныхьыр пшыныжа хъун щхьэкІэт. ЦІыхур зыукІар псынщІэу ямыукІыжмэ, Иеговэ израил лъэпкъым ярита щІыналъэр уцІэпІа хъунут. Иеговэ унафэ яхуищІат: «Фыщыпсэу щІыналъэр фымыуцІэпІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъым [яукІа цІыхум и лъым] щІылъэр еуцІэпІ» (Чис. 35:33, 34).

4. Зыгуэрым имыщІэу цІыху къыІэщІэукІамэ, сытыт ищІэн хуейр?

4 Ауэ сытыт ящІэн хуейр зыгуэрым имыщІэу цІыху къыІэщІэукІамэ? Дапхуэдэу щымытми, Мусэ и хабзэмкІэ абы лъы зэригъэжам щхьэкІэ жэуап ихьыжын хуейт (ЩІэдз. 9:5). Ауэ Иеговэ и гущІэгъум къыхэкІыу апхуэдэ цІыхур хуит ищІащ зыщыпхъумэ хъуну къалихым я зым зыщигъэпщкІуну, лъыщІэжакІуэм ІэщІэкІын щхьэкІэ. ЦІыху зыукІар а къалэм дин пашэшхуэр лІэху щыпсэун хуейт (Чис. 35:15, 28).

5. Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэхэм Иеговэ дауэ нэхъыфІу къыдигъэцІыхурэ?

5 Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэр цІыхухэракъым къэзыгупсысар. Иеговэ унафэ хуищІат Нун и къуэ Ехьошуа: «ЯжеІэ израил цІыхухэм: „Къыхэфх зыщыпхъумэ хъуну къалэхэр“». А къалэхэр езы Иеговэ къыхигъэщхьэхукІащ мыхьэнэшхуэ зрит Іуэхугъуэм щхьэкІэ (Иис. Н. 20:1, 2, 7, 8). Аращи, зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэхэр нэхъ куууэ зэпкърытхымэ, Алыхьым и гущІэгъум теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэнущ. Иджыри абы дыхуигъэсэнущ нобэ Иеговэ и деж хъумапІэ къызэрыдгъуэтыфынум.

«НЭХЪЫЖЬХЭМ ЯЖРИІЭЖЫН ХУЕЙЩ КЪЭХЪУАР»

6, 7. 1) Зыгуэрым имыщІэу цІыху ІэщІэукІамэ абы и Іуэхур нэхъыжьхэм дауэ зэхагъэкІрэт? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) ЦІыху зыукІам нэхъыжьхэм сытыт зыщІыхуигъэзэн хуейр?

6 Зыгуэрым имыщІэу цІыху ІэщІэукІамэ ар зыщыпхъумэ хъуну къалэм жэуэ а къалэм и нэхъыжьхэм яжриІэжын хуейт къэхъуар. Абы иужь цІыху зыукІам унэ щыпсэун иратын хуейт (Иис. Н. 20:4). Зэман гуэр дэкІа иужь а Іуэхур къыщыхъуа щІыпІэм абы ирырагъэгъэзэжу, а къалэм и нэхъыжьхэм Іуэхур зэхагъэкІыу унафэ ящІын хуейт. (Къеджэ Числа 35:24, 25b.) ЦІыху зыукІам ар имыщІэу къыІэщІэукІауэ нэхъыжьхэм къалъытэмэ, абы щыгъуэт зыщыпхъумэ хъуну къалэм игъэзэж щыхъунур.

7 Нэхъыжьхэм къэхъуар жеІэжын щІыхуейр сытыт? Ахэр израил лъэпкъым дэІэпыкъут Алыхьым и пащхьэм деж къабзэу къэнэну. Иеговэ и гущІэгъур цІыху зыукІам иригъэлъэгъуну Іэмал щиІэр ар нэхъыжьхэм епсэлъа иужьт. Библием фІыуэ хэзыщІыкІ зы щІэныгъэлІ гуэрым итхат, цІыху зыукІам нэхъыжьхэм зыхуимыгъазэу щытмэ, абы и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъуэ зэрыщыІар. А щІэныгъэлІым щІигъужащ: «Апхуэдэ цІыхур Алыхьым и унафэм темытмэ, ар яукІыу щытми зи ягъэр езыращ». Апхуэдэ Іуэхугъуэ ихуа цІыхум и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ нэхъыжьхэм захуигъазэу, жаІэр игъэзэщІэн хуейт. Зыщыпхъумэ хъуну къалэм цІыху зыукІар мыжэмэ, яукІам нэхъ гъунэгъуу къыгухьэ цІыхухъум ар иукІыжыну хуит хъут.

8, 9. Алыхьым и лэжьакІуэ гуэныхьышхуэ зыщІахэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуагъэзэн щІыхуейр сыт?

8 Алыхьым и лэжьакІуэ гуэныхьышхуэ зыщІахэми зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуагъэзэн хуейщ. Апхуэдизу абы мыхьэнэ щІиІэр сыт? Япэрауэ, Иеговэ абыхэм я пщэ дилъхьащ апхуэдэ Іуэхухэр зэхагъэкІыну (Екъуб 5:14—16). ЕтІуанэрауэ, нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам доІэпыкъу Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр абы зытригъэувэжыну икІи афІэкІа апхуэдэ щыуагъэ имыщІэжыну (Гал. 6:1; Евр. 12:11). Ещанэрауэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхьым хущІегъуэжахэм зэрыдэІэпыкъуну щІыкІэм икІи я гум хьэлъэ телъыри зэрыдагъэпсынщІэным хурагъэджащ. Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр «уэлбанэм ущызыхъумэ егъэзыпІэм» ирегъэщхь (Ис. 32:1, 2). Пэж дыдэу, апхуэдэ цІыхухъухэр гущІэгъу зыхэлъ ди Алыхь Иеговэ и тыгъэщ.

9 Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым гупсэхугъуэ ягъуэтыжащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдагъэІэпыкъуну зыхуагъэза иужь. Псалъэм папщІэ, ди къуэш Дэниел гуэныхьышхуэ ищІат икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжриІэжыну темыгушхуэу мазэ зыбжанэ дигъэкІащ. Абы езым жеІэж: «Апхуэдиз зэман дэкІа иужь зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыздэмыІэпыкъужыфыну къысщыхъут. ИкІи гупсэхугъуи сиІэтэкъым, сщІамкІэ жэуап зэрысхьыжын хуейм сегупсыст. Иеговэ зыхуэзгъэзэху си гуэныхьыр къысхуигъэгъуну япэщІыкІэ селъэІут». ИкІэм-икІэжым, Дэниел зэхуэсым и нэхъыжьхэм ябгъэдыхьэри псори яжриІэжащ. «ДауикІ ар тынштэкъым, — жеІэж абы.— Ауэ абы иужь хьэлъэ гуэр си плІэ дэхужауэ къысщыхъуат! Иджы хуиту Иеговэ лъэІукІэ зыхузогъазэ». Дэниел и напэр къабзэ хъужащ икІи куэд щІакъым ар зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу зэращІрэ.

«АР МЫ КЪАЛЭХЭМ ЯЩЫЩ ЗЫМ ЖЭН ХУЕЙЩ»

10. ИмыщІэу цІыху зыукІам сытыт ищІэн хуейр и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ?

10 ИмыщІэу цІыху зыукІам зимыІэжьэу нэхъ пэгъунэгъуу щыт зыщыпхъумэ хъуну къалэм псынщІэу жэн хуейт и гъащІэр къригъэлын папщІэ. (Къеджэ Иисус Навин 20:4c.) Уи нэгу къыщІэбгъэхьэну гугъущ апхуэдэ Іуэхугъуэ ихуа цІыхум къыфІэмыІуэхуу зыри имыщІэу щысыну. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъуэ щыІэт! Зыщыпхъумэ хъуну къалэм псынщІэу жэуэ абы къыщынэн хуейт. Апхуэдэ цІыхум куэд къигъэнэн хуейт: и унэр, и лэжьыгъэр, нэгъуэщІ щІыпІэхэм кІуэну Іэмал иІахэр. Дин пашэшхуэр дунейм ехыжыху ар а къалэм щыпсэун хуейт (Чис. 35:25)d. Ауэ ар уасэшхуэу къэплъытэ хъунутэкъым. ЦІыху зыукІар а къалэм къыдэкІатэмэ, абыкІэ абы къигъэлъагъуэт цІыху зэриукІар къызэрыфІэмыІуэхур икІи абы щыгъуэ езым и гъащІэм ириджэгуу жыпІэ хъунут.

11. Зи гуэныхьым хущІегъуэжа Алыхьым и лэжьакІуэм и сыт хуэдэ ІуэхущІафэхэм къагъэлъэгъуэну Алыхьым и гущІэгъур фІыщІэ зэрищІыр?

11 Апхуэдэу ноби зыгуэрым гуэныхь зэрищІам хущІегъуэжамэ икІи Алыхьым гущІэгъу къыхуищІыну хуеймэ, зэхъуэкІыныгъэ и гъащІэм хилъхьэн хуейщ. Абы ищІэ Іуэхухэр къигъанэу, гуэныхь хьэлъэхэмрэ абы ухуэзышэфыну псомрэ къыІэщІэкІыу «щІэпхъуэжын» хуейщ. Коринф дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я гуэныхьым зэрыхущІегъуэжар къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэм теухуауэ Апостол Паул итхат: «Мы гухэщІыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркІэ фІыуэ къыпэкІуам феплъ: Мы ІуэхумкІэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиІэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкІэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкІэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа... сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиІэ хъуа» (2 Кор. 7:10, 11). Гуэныхьыр дымыщІэн папщІэ тхузэфІэкІыр тщІэмэ, абыкІэ Иеговэ идогъэлъагъур ди гуэныхьым дызэрыхущІегъуэжар икІи сыт дымыщІэми къытхуигъэгъун хуейуэ къызэрыдмылъытэр.

12. Алыхьым и лэжьакІуэм сыт къигъэнэн хуейр Иеговэ адэкІи гущІэгъу къыхуищІын папщІэ?

12 Алыхьым и лэжьакІуэм сыт къигъэнэн хуейр Иеговэ адэкІи гущІэгъу къыхуищІын папщІэ? Гуэныхьым хуэзышэ дэтхэнэ зы Іуэхури къигъэнэну хуэхьэзыру щытын хуейщ, дапхуэдизу ар и гум фІэфІу щымытми (Мт. 18:8, 9). Псалъэм папщІэ, фи ныбжьэгъухэм щыщ гуэрым Иеговэ ифІэмыфІ Іуэху уигъэщІэну ухуигъэушмэ, адэкІи бгъэныбжьэгъуну пІэрэ ар? Фадэм узэІэпишэу щытмэ къару епхьэлІэну пІэрэ фадэкІэ здебгъэлейнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм зомыгъэхуэну? Зинэ щІэным теухуа гупсысэхэм, хъуэпсэныгъэ Іейхэм уебэнмэ гупсысэ мыхъумыщІэхэр уигу къэзыгъэкІын Іуэхугъуэхэм, фильмхэм е сайтхэм пэІэщІэ зэрызыпщІыным иужь уиту пІэрэ? Зыщомыгъэгъупщэ, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ къэдгъанэми ар абы хуэфащэщ. Иеговэ укъигъэнауэ къыпщыхъункІэ хъунущ, абы нэхърэ нэхъ Іей зыри щыІэкъым. ИкІи абы фІыуэ укъызэрилъагъур зыхэпщІэным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым (Ис. 54:7, 8, сноскэ).

«А КЪАЛЭХЭР ФЭ ХЪУМАПІЭ ФХУЭХЪУНУЩ»

13. Зыщыпхъумэ хъуну къалэм цІыхур насыпыфІэу, зы щхьэкІэ мышынэу сытыт щІыщыпсэуфынур?

13 Зыщыпхъумэ хъуну къалэм зыщызыгъэпщкІуар зы щхьэкІэ мышынэу псэуфынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езы Иеговэ жиІащ: «А къалэхэр фэ хъумапІэ фхуэхъунущ» (Иис. Н. 20:2, 3). Иеговэ хуейтэкъым цІыху зыукІам ищІам щхьэкІэ аргуэру хьэкум тращІыхьыну. Абы иджыри лъыщІэжакІуэр хуит ищІтэкъым а къалэм дыхьэу ар иукІыжыну. А цІыхур къалэм щыпсэуфынут яукІынкІэ мышынэу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ ар къихъумэт. Зыщыпхъумэ хъуну къалэр тутнакъыу щытакъым, абы цІыхур зы щхьэкІэ мышынэу щылэжьэфынут, нэгъуэщІхэм щыдэІэпыкъуфынут икІи Иеговэ щыхуэлэжьэфынут. Зыщыпхъумэ хъуну къалэм ар насыпыфІэу зыхуей хуэзэу щыпсэуфынут!

Христианка молится, уверенно смотрит вперед и проповедует по домам со своей сестрой по вере

Иеговэ и гущІэгъум шэч къытевмыхьэ. (14—16-нэ абзацхэм феплъ.)

14. Гуэныхь зыщІэу иужькІэ хущІегъуэжахэм сытым шэч къытрахьэн хуэмейрэ?

14 Гуэныхь хьэлъэ ящІэу иужькІэ хущІегъуэжа Алыхьым и лэжьакІуэхэм иныкъуэхэм деж я гум игъэкъуаншэу щытынкІэ хъунущ. Абыхэм къащыхъункІэ хъунущ я гуэныхьыр Алыхьым зэи щымыгъупщэну. Уэри апхуэдэ гупсысэхэр уиІэу щытмэ, дынолъэІу зыщомыгъэгъупщэну, Иеговэ гущІэгъушхуэ хэлъу къыпхуигъэгъуащ уи гуэныхьыр, абы къыхэкІыу афІэкІа зомыгъэкъуэншэж. ИпэкІэ дызытепсэлъыхьауэ щыта Дэниел и щапхъэр абы щыхьэт тохъуэ. Абы зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыдэІэпыкъуащ зихъуэжыну икІи напэ къабзэ Алыхьым и деж щызригъэгъуэтыжыну. Дэниел жеІэж: «Гупсэхугъуэ згъуэтыжащ. Алыхьыр къызэрысщыгугъ псори щысщІам си напэм сигъэкъуэншэжтэкъым. Си гуэныхьыр зэрыщыту къысхуэгъуащ. Иеговэ дыкъызэригъэгугъам хуэдэу, ди гум телъ хьэлъэхэр къещтэри, зэи дымылъэгъужыну тпэжыжьэ ещІ». Зыщыпхъумэ хъуну къалэм цІыхур щыпсэуфынут лъыщІэжакІуэм иукІынкІэ мышынэу. Дэр щхьэкІэ апхуэдэу жыпІэ хъунущ, Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуамэ, дышынэн хуейкъым ар дигу къигъэкІыжыну Іэмал къилъыхъуэу е жэуап дигъэтыжыну. (Къеджэ Псалом 103:8, 9, 12e.)

15, 16. Хьисэ ди Щхьэщэхужу икІи Дин пашэшхуэу зэрыщытым дауэ ди фІэщ зэрищІыр Иеговэ гущІэгъу къызэрытхуищІыр?

15 Пасэрей зэманым израил цІыхухэм нэхърэ щхьэусыгъуэ нэхъыбэж дэ диІэщ Иеговэ и гущІэгъум шэч къытедмыхьэну. Апостол Паул Иеговэ жиІэу хъуар имыгъэзэщІэфу зэрыщытам щхьэкІэ жиІащ: «Тхьэм щІыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекІуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкІуэду сыкъезыгъэлынур» (Рим 7:25). Паул иІа хъуэпсэныгъэ Іейхэм икІи зыхущІегъуэжауэ щыта щыуагъэхэмкІэ и гум зэригъэкъуаншэм зэребэным емылъытауэ, шэч къытрихьэтэкъым абы Алыхьым къызэрыхуигъэгъуар Хьисэ Мэссихь и цІэкІэ. Хьисэ и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дэ напэ къабзэ диІэщ икІи ди гум мамырыгъэ илъщ (Евр. 9:13, 14). Хьисэ ди дин пашэшхуэщи «Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкІ цІыхухэр мыкІуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфІокІ... Хьисэ а цІыхухэм Тхьэм яхуелъэІунущ игъащІэкІэ псэунущи» (Евр. 7:24, 25). Пасэрей Израилым дин пашэшхуэм и лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ лъэпкъым я гуэныхьхэр къахуэгъуну Іэмал яІэт. Ауэ Дин пашэшхуэу щыт Хьисэ Мэссихь и фІыгъэкІэ дэ щхьэусыгъуэ нэхъыбэ диІэщ Иеговэ гущІэгъу къытхуищІыну икІи къэдмылэжьауэ и нэфІ къытщыхуэну (Евр. 4:15, 16).

16 Аращи, Иеговэ и деж хъумапІэ къыщыдгъуэтын щхьэкІэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр ди фІэщ хъун хуейщ. ИкІи а къурмэныпхъэр Хьисэ цІыху псом щхьэкІэ зэритар зэрытщІэр мащІэщ. Уи фІэщ щІы Хьисэ уэр щхьэкІэ и гъащІэр зэритар (Гал. 2:20, 21). Уи фІэщ щІы абы и фІыгъэкІэ Алыхьым уи гуэныхьхэр къызэрыпхуигъэгъур. Уи фІэщ щІы къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ уэ гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуну гугъэ узэриІэр. Хьисэ и къурмэныпхъэр — Иеговэ уэ къыпхуищІа тыгъэщ.

17. Иеговэ и деж хъумапІэ къыщыплъыхъуэным нэхърэ нэхъыфІ зыри щІыщымыІэр сыт?

17 Зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэр — Алыхьым и гущІэгъур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэфІщ. А хабзэм Алыхьым гъащІэр лъапІэу зэрилъытэр дегъэлъагъу. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къызэрыддэІэпыкъуфыным дыхуегъасэ икІи къыдгурегъаІуэ ди гум къыбгъэдэкІыу ди гуэныхьым дыхущІегъуэжыным къикІыр. ИкІи Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур ди фІэщ ещІ. Иеговэ и деж хъумапІэ къыщыфлъыхъуэрэ? Абы укъызэрихъумэм нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым! (Пс. 91:1, 2). КъыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм теухуа хабзэр къызэрыддэІэпыкъур Иеговэ щапхъэ тетхыу захуагъэмрэ гущІэгъумрэ зыхэтлъхьэну.

a Псалом 34:22: «Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гъащІэр кърегъэл икІи абы и деж хъумапІэ къэзыгъуэтахэм щыщу зыри игъэкъуаншэжынукъым».

b Числа 35:24, 25: «ЦІыху зыукІамрэ лъыщІэжакІуэмрэ я Іуэхур нэхъыжьхэм зэхагъэкІын хуейщ, мы унафэхэм тету. ИкІи нэхъыжьхэм цІыху зыукІар лъыщІэжакІуэм имыукІын щхьэкІэ кърагъэлын хуейщ икІи здыщІэпхъуэжауэ щыта зыщыпхъумэ хъуну къалэм ирагъэгъэзэжын хуейщ. Ар абы щыпсэун хуейщ дагъэ зыщыхуа дин пашэшхуэр дунейм ехыжыху».

c Иисус Навин 20:4: «А къалэхэм ящыщ зым ар жэуэ къалэ дыхьэпІэм и куэбжэм деж уву, къэхъуар а къалэм и нэхъыжьхэм яжриІэжын хуейщ. Абы иужь я къалэм дагъэтІысхьэнурэ здэпсэуни иратынущ икІи ар абы щыпсэунущ».

d Иудаизмым теухуа языныкъуэ справочникхэм зэритымкІэ, имыщІэу цІыху зыукІар здэщыІэ зыщыпхъумэ хъуну къалэм и унагъуэри дэтІысхьэу къыщІэкІынт.

e Псалом 103:8, 9, 12: «Иеговэ Алыхь гущабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, къэгубжьыгъуафІэкъым, лъагъуныгъи и куэдщ. Сыт щыгъуи ди къуаншагъэ къилъыхъуэнукъым икІи и губжьри куэдрэ иІыгъынукъым. [...] КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу, Иеговэ ди гуэныхьхэр тпэжыжьэ ищІащ».

ГъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъуну щапхъэ, хьэмэрэ бегъымбархэм жаІауэ щытар зыгуэрым и нэщэнэу щыт?

ХІХ-нэ лІэщІыгъуэм и кІэм «ХъумакІуэ чэщанэм» зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм къикІым гу лъозыгъатэ статьяхэр традзэу щІадзащ. 1895 гъэм, фокІадэм и 1-м къыдэкІам итащ: «Мусэ и Торэт хабзэм ит мы нэщэнэм Хьисэ деж гуэныхьщІакІуэм хъумапІэ къызэригъуэтыфынур ІупщІу къегъэлъагъуэ». Абы нэмыщІ абы щыжыІат: «Хьисэ зи фІэщ хъур хъума хъунущ». Илъэсищэ дэкІа иужь «ХъумакІуэ чэщанэм» щыжыІат, зыщыпхъумэ хъуну къалэхэм къызэрагъэлъагъуэр дымылІэн щхьэкІэ Иеговэ ищІар, лъым теухуа хабзэм дызэребэкъуам щхьэкІэ.

«Так было угодно тебе» брошюрэм къыдгуригъэІуат, бегъымбархэм жаІауэ щытар зыгуэрым и нэщэнэу щыту ди тхыгъэхэр иужьрей илъэсхэм куэдрэ щІытемыпсэлъыхьыжым и щхьэусыгъуэр. Абы щыжыІат: «Библием ит цІыхур е хьэпшыпыр зыгуэрым и нэщэнэу къыщытлъытэр езы Тхыгъэ ЛъапІэм ар ІупщІу къигъэлъагъуэу щытмэщ. Ауэ Библием цІыхур е Іуэхугъуэр зыгуэрым и нэщэнэу щыту и гугъу щимыщІым деж дэ ар апхуэдэу щыту къэтлъытэркъым». Тхыгъэ ЛъапІэм жиІэкъым зыщыпхъумэ хъуну къалэхэр зыгуэрым и нэщэнэу щыту. Абы къыхэкІкІэ мы статьями, къыкІэлъыкІуэми а хабзэм къыхэтхыфыну гъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъуну щапхъэхэм гу лъыттэнущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын