Фыгушхуэу, ину уэрэд жыфІэ!
«Ди Алыхьыр уэрэдкІэ бгъэлъэпІэныр — фІыщ» (ПС. 147:1).
1. Уэрэд жыІэным сыт хуэдэ Іэмал къыдитрэ?
ЦІЭРЫІУЭ уэрэд усакІуэ гуэрым жиІауэ щытащ: «Псалъэхэм дыгупсысэну дыхуагъэуш. Макъамэм ди гурыщІэхэр къегъэуш. Ауэ уэрэд щыжытІэкІэ гупсысэхэр ди гум нос». Уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи щІыхь зэрыхуэтщІыр ди уэрэдхэм къыхощ. Уэрэд щыжытІэкІэ дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Абы къыдгурегъаІуэ Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ уэрэд жыІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр, ар ирехъу ди закъуэу жытІэми е зэхуэсым щыжытІэми.
2, 3. 1) Языныкъуэхэр сыт щІэукІытэнкІэ хъунур зэхуэсым уэрэд щыжаІэну? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщыдгъуэтыну?
2 Фигу ирихьрэ зэхуэсым уэрэд щыжыфІэну? Хьэмэрэ фыукІытэрэ? Языныкъуэ щІыпІэхэм цІыхухъухэр мэукІытэ нэгъуэщІхэм зэхахыу уэрэд жаІэну. Апхуэдэ щытыкІэр зэхуэсым зэран хуэхъункІэ хъунущ, псом хуэмыдэу къалэн зи пщэ дэлъ къуэшхэм нэгъуэщІхэм я гъусэу уэрэд жамыІэн щхьэкІэ щхьэусыгъуэ къалъыхъуэмэ (Пс. 30:12).
3 Уэрэд жыІэныр Иеговэ зэрыдгъэлъапІэ Іэмалу къэтлъытэу щытмэ, зэІущІэм уэрэдыр щыжаІэкІэ дыщІэкІынукъым икІи дыкъыкІэрымыхуу зэІущІэм декІуэлІэнущ, уэрэд жытІэн щхьэкІэ. Аращи, псори дызэупщІыж хъунущ: «Ди зэІущІэхэм уэрэд жыІэным сэ дауэ сызэрыхущытыр? НэгъуэщІхэм зэхахыу уэрэд жысІэну сыукІытэмэ сыт сщІэ хъунур? Си гум къыбгъэдэкІыу ди уэрэдхэр жысІэн папщІэ сыт къыздэІэпыкъунур?»
УЭРЭДХЭР — АЛЫХЬЫР ДГЪЭЛЪЭПІЭНУ ІЭМАЛ ДИІЭХЭМ ЩЫЩЩ
4, 5. Пасэрей зэманым Иеговэ и цІэр щагъэлъапІэкІэ макъамэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иратырэт?
4 Сыт щыгъуи Иеговэ и лэжьакІуэхэм макъамэр къагъэсэбэпт, Алыхьыр ягъэлъэпІэн папщІэ. Израил цІыхухэр Иеговэ щыхуэпэжым щыгъуэ уэрэд жыІэным мыхьэнэшхуэ иратт. Апхуэдэу пащтыхь Даут Алыхьым и Унэшхуэм ирахьэлІэнухэр щигъэхьэзырым Иеговэ и цІэр макъамэкІэ ягъэлъэпІэн щхьэкІэ левит 4 000 къыхихащ. Абыхэм ящыщу цІыху 288 «Иеговэ уэрэд хужаІэну гъэсат икІи я Іуэхум фІыуэ хащІыкІт» (1 Лет. 23:5; 25:7).
5 Иеговэ и Унэшхуэр къыщызыІуахым макъамэмрэ уэрэдымрэ мыхьэнэшхуэ иратауэ щытащ. Библием зэрыжиІэмкІэ, макъамэ къызэрыкІ Іэмэпсымэхэм еуэхэмрэ уэрэд жыІакІуэхэмрэ Иеговэ ягъэлъапІэу щыщІадзам, «Иеговэ и унэм пшэ щІэз хъуащ». Шэч хэмылъу, а мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм абы екІуэлІахэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ (2 Лет. 5:13, 14; 7:6).
6. Ерусалим блынхэр зэтегъэувэжыныр зэраухам щхьэкІэ Неемие сыт ищІар?
6 Ерусалим и блынхэр зэрызытрагъэувэжым кІэлъыплъ Неемие левитхэр зэхуишэсат, Иеговэ и цІэр макъамэкІэрэ уэрэдкІэрэ ягъэлъэпІэн папщІэ. Ерусалим блынхэр зэтегъэувэжыныр зэраухам щхьэкІэ Неемие уэрэдкІэ Иеговэ и цІэр зыгъэлъэпІэну гупитІ игъэхьэзыращ. Ахэр къалэм и блыным лъэныкъуэ зэрызкІэ ирикІуащ Алыхьым и Унэшхуэм деж щызэхуэзэжыху. Абыхэм я макъыр апхуэдизкІэ инти, адэ жыжьэу щызэхэпхт (Неем. 12:27, 28, 31, 38, 40, 43). Шэч хэмылъу Иеговэ игъэгуфІэт абы и лэжьакІуэхэм уэрэдкІэ и цІэр я гум къыбгъэдэкІыу зэрагъэлъапІэм.
7. Хьисэ дауэ къызэригъэлъэгъуар Алыхьыр уэрэдкІэ зэрыдгъэлъапІэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр?
7 Хьисэ щыпсэуа зэмаными Алыхьыр макъамэкІэ ягъэлъапІэт. Хьисэ и гъащІэр итын ипэ къихуэу пщыхьэщхьэшхэ иригъэкІуэкІам и апостолхэм я гъусэу Алыхьыр зыгъэлъапІэ уэрэдхэр зэрыжиІар гу лъытапхъэщ. (Къеджэ Маттэ 26:30.)
8. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьыр уэрэдкІэ дауэ зэрагъэлъапІэу щытар?
8 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зэгъусэу уэрэдкІэ Алыхьыр гъэлъэпІэнымкІэ щапхъэфІ ягъэлъэгъуащ. Ахэр Алыхьым и Унэшхуэ дахэм щызэхуэмысу, унэ-унэкІэ зэрызэхуэсыр зэран яхуэхъуакъым я гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ уэрэдкІэ фІыщІэ хуащІыну. Паул Алыхьым иригъэтхыжауэ щытащ: «УэрэдхэмкІи, тхьэщІыхь уэрэдхэмкІи, Тхьэм и Псэ ЛъапІэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэмкІи фызэдежьу. Фигу псомкІи Зиусхьэным щІыхь хуэфщІурэ, абы уэрэд хужыфІэ» (Еф. 5:19). ДигухэмкІэ Алыхьым фІыщІэ хуэтщІу, ди уэрэдылъэм ит уэрэдхэр жытІэн хуейщ. Ахэр зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым къыбгъэдэкІ ерыскъыщ (Мт. 24:45).
ДАУЭ УЭРЭД ЩЫЖЫПІЭКІЭ УКІЫТЭМ УЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫНЫР?
9. 1) Зэхуэсхэм икІи конгрессхэм языныкъуэхэр сыт щІэукІытэр уэрэд щыжаІэну? 2) Сыт хуэдэ чэнджэщхэр сэбэп къыпхуэхъуну Иеговэ уи гум къыбгъэдэкІыу щытхъу уэрэдхэр хужыпІэну икІи хэт абыкІэ щапхъэ зыгъэлъэгъуэн хуейр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
9 Уи унагъуэм е укъызыхэкІа лъэпкъым уэрэд жыІэныр ямыхабзэу щытынкІэ хъунущ е уэрэд жыІакІуэхэм зыщебгъапщэм деж уигу зэбгъэжынкІэ хъунущ. Ауэ ахэр щхьэусыгъуэкъым уэрэдкІэ ди Алыхь Иеговэ умыгъэлъэпІэну. Уэрэд щыжыфІэкІэ фи щхьэр нэхъ лъагэу фІэт, уэрэдылъэр фи пащхьэм щыфІыгъ икІи фи гум къыбгъэдэкІыу уэрэдыр жыфІэ! (Езд. 3:11; къеджэ Псалом 147:1a). Инэхъыбэ дыщызэхуэс Унэхэм уэрэдым и псалъэхэр телевизоркІэ къыщагъэлъагъуэ. Ар къыддоІэпыкъу уэрэд жытІэну. Гу лъытапхъэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэр щрагъаджэ школым уэрэд жыІэныр и программэм зэрыхыхьэр. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абыхэм зэхуэсым абыкІи щапхъэфІ ирагъэлъэгъун хуейщ.
10. НэгъуэщІхэр щыту уэрэд жытІэну дышынэмэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
10 Языныкъуэхэр мэшынэ ину уэрэд жаІэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ макъ дахэ ямыІэу ялъытэри, я макъыр къыхагъэщыну хуейкъым. Ауэ фегупсысыт, «дэ псоми Іуэхугъуэ куэдкІэ гуэныхь дощІэ», псалъэкІи дыщыщыуи къохъу, ауэ абы щхьэкІэ дыпсэлъэн щыдгъэткъым (Екъуб 3:2). НтІэ ди уэрэд жыІэкІэр зэран зыхуэдгъэхъун хуей Иеговэ уэрэдкІэ дгъэлъэпІэну?
11, 12. НэхъыфІу уэрэд жытІэну сыт хуэдэ чэнджэщхэр сэбэп къытхуэхъуну?
11 Иныкъуэхэм деж уэрэд жытІэну дыукІытэнкІэри хъунущ ар тэмэму зэрыжыІэн хуейм зэрыхэдмыщІыкІым щхьэкІэ. Ауэ абыкІэ къыддэІэпыкъун чэнджэщхэм дытету щытмэ, нэхъыфІу уэрэдыр жытІэу зедгъэсэнущb.
12 Тэмэму дыбауэу щытмэ, ди макъым къару щІэлъу, ину уэрэдыр тхужыІэнущ. Ар ебгъэщхь хъунущ токым уэздыгъэр зэрыщІигъанэм. Апхуэдэу жьы жьэдэтшэм и фІыгъэкІэ ди макъыр дахэу мэІу. Уэрэд щыжытІэкІэ ди макъыр дыщыпсалъэм хуэдэу е нэхъ лъагэу щытын хуейщ. Тэмэму дыбауэу зедгъэсэн щхьэкІэ мыхэр тщІэ хъунущ: захуэу ув, уи плІэр захуэ щІы икІи уи тхьэмбылым и лъабжьэм нэс жьы къащтэ. УмыпІащІэу убжэурэ жьыр къыжьэдегъэху, икІи къыжьэдебгъэхухукІэ нэхъыбэу узэрыбжэным иужь ит. Уэрэд щыжыпІэкІэ апхуэдэу узэрыбэуэным хэт. Къапщтэмэ, езы Библием Иеговэ и лэжьакІуэхэр хуегъэуш я макъыр хэІэтыкІауэ, ину абы уэрэдкІэ фІыщІэ хуащІыну (Пс. 33:1—3).
13. Умышынэу икІи умыукІытэу дауэ уэрэд зэрыжыпІэныр?
13 Уи унагъуэм и гъусэу Библие щывджкІэ е ущизакъуэм деж мыр пщІэ хъунущ. Ди уэрэдылъэм нэхъ уи фІэфІ уэрэдыр къыхэх. Ину абы итым къеджэ. Абы иужь зы сатырым итым зэ бэуэгъуэкІэ ину къеджэ. ИтІанэ апхуэдэ щІыкІэкІэ а сатырыр уэрэду жыІэ (Ис. 24:14). Абы щыгъуэ уи макъыр нэхъ дахэу къикІыу зэрыхъуам гу лъыптэнущ ауэ абы щхьэкІэ умышынэ икІи умыукІытэ.
14. 1) Уэрэд щыжыпІэкІэ сыт уи жьэр ину щІызэтепхын хуейр? («НэхъыфІу уэрэд жыпІэфу зэрызебгъасэ хъунур» рамкэм феплъ.) 2) Фэ фызэреплъымкІэ, сыт пщІэ хъуныр макъыр нэхъыфІ пщІын щхьэкІэ?
14 Уи макъыр ину щытынукъым жьэр ину зэтомыхыу щытмэ. Аращи, иджыри зы чэнджэщ: ущыпсалъэкІэ уи жьэр зэрызэтепхым нэхърэ нэхъ ину уэрэд щыжыпІэм деж уи жьэр зэтех. Уи макъыр махэу е лъагэІуэу къыпщыхъумэ, сыт пщІэ хъунур? Зомыкъузу икІи уи жьэр быдэу зэтомыпІэу мыпхуэдэ макъ къигъэкІ: «ммм-ммм-ммм...». Апхуэдэу щыпщІым деж уи щхьэмрэ уи бгъэгумрэ зэрывур зыхэпщІэу щытын хуейщ. Куууэ убэуэну зыщомыгъэгъупщэ.
ФИ ГУМ КЪЫБГЪЭДЭКІЫУ АЛЫХЬЫМ ЩІЫХЬ УЭРЭДХЭР ХУЖЫФІЭ
15. 1) Илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэм, 2016 гъэм сыт щыжаІар? 2) УэрэдылъэщІэр къыдагъэкІыну унафэ щІащІам и щхьэусыгъуэхэр къыжыфІэ.
15 Илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэм, 2016 гъэм УнафэщІ гупым хэт Стивен Летт щыжиІащ «Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ» жыхуиІэ уэрэдылъэщІэ къызэрыдэкІыныр. Ди къуэш Летт къыдгуригъэІуащ уэрэдылъэщІэр къыщІыдагъэкІын хуей хъуам и зы щхьэусыгъуэр, английскэбзэкІэ ДунеищІэкІэ зэджэ Тхыгъэ ЛъапІэм хэплъэжауэ къызэрыдагъэкІаращ. 2013 гъэм къыдагъэкІа Библием узримыхьэлІэж псалъэхэр уэрэдхэм хэплъэжауэ хэхыжын хуейт. Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуным икІи щхьэщэхужыр дызэриІэм щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр къызыхэщ уэрэдыщІэхэр къыхыхьащ. Иеговэ зэрыдгъэлъапІэ уэрэдхэм мыхьэнэшхуэ зэриІэм щхьэкІэ УнафэщІ гупым унафэ ищІащ уэрэдылъэм и жинтыр ДунеищІэкІэ зэджэ Тхыгъэ ЛъапІэм и жинтым хуэдэу быдэу ищІыну.
16, 17. УэрэдылъэщІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къыхыхьа?
16 «Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ» жыхуиІэ уэрэдылъэм ит уэрэдхэр темэкІэ гуэшащ. Япэ уэрэд пщыкІутІыр Иеговэ теухуащ, къыкІэлъыкІуэ уэрэдийр Хьисэрэ щхьэщэхужымрэ теухуащ, нэгъуэщІ темэхэми теухуауэ къыщыбгъуэтынущ. Узыхуей уэрэдыр нэхъ тыншу къэбгъуэтыфын папщІэ уэрэдылъэм и пэм ахэр къыщыхьащ. Псалъэм папщІэ, къуэшхэм псалъэ щыжаІэн хуейм деж ар сэбэп яхуэхъунущ.
17 Уэрэдхэр гум нэсын щхьэкІэ псалъэхэм хэплъэжын хуейт. Языныкъуэ псалъэхэр яхъуэжри, уэрэдым ит гупсысэхэр нэхъ гурыІуэгъуэ хъуащ. Абы нэмыщІ куэд щІауэ къамыгъэсэбэпыж псалъэхэри хэхыжын хуейт. Псалъэм папщІэ, уэрэдылъэм къыщагъэсэбэпыжкъым «шеол», «гадес» жыхуиІэ псалъэхэр. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди зэхуэсхэм щІэуэ цІыху куэд къекІуалІэхэм е Библиер куэд мыщІэу джын щІэзыдзахэм абы хуэдэ псалъэхэр къагурымыІуэнкІэ хъунущ.
Фи унагъуэм и гъусэу Библиер щывджкІэ уэрэдхэр зэвгъащІэ. (18-нэ абзацым феплъ.)
18. Ди уэрэдхэр зэбгъэщІэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)
18 «Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ» жыхуиІэ уэрэдылъэм ит уэрэдхэм я нэхъыбэр тхьэлъэІуу жыпІэ хъунущ. Языныкъуэ уэрэдхэр къыддоІэпыкъу ди гурыщІэхэр Иеговэ хуэтІуэтэну. Адрей уэрэдхэм дыхуагъэуш «ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну» (Евр. 10:24). Мыхьэнэшхуэ иІэщ ди уэрэдхэм я макъамэхэмрэ я псалъэхэмрэ фІыуэ пщІэным. Унэм уэрэдхэр щыжыфІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, ахэр зэвгъэщІэнурэ фи гум къыбгъэдэкІыу жыфІэфынущ!c
19. Дэ псоми Иеговэ сыткІэ зэрыдгъэлъапІэфынур?
19 Зыщывмыгъэгъупщэ уэрэдхэмкІэ Алыхьыр зэрыдгъэлъапІэр. Ар Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэмрэ фІыщІэмрэ къызэрыдгъэлъагъуэ Іэмалхэм ящыщ зыщ. (Къеджэ Исаия 12:5d.) Ди гум къыбгъэдэкІыу уэрэд зэрыжытІэм нэгъуэщІхэри хуигъэушынущ мыукІытэу я гум къыбгъэдэкІыу уэрэд жаІэну. Зэхуэсым макъамэ къыщеуэм деж щІалэгъуалэми, зи ныбжь хэкІуэтахэми, Библие яджын щІэзыдзахэми зэгъусэу Иеговэ уэрэдкІэ фІыщІэ хуащІыфынущ. Аращи, фымыукІытэ фи гум къыбгъэдэкІыу уэрэд жыфІэну. Псаломыр зытхам мыпхуэдэу жиІащ: «ХужыфІэ Иеговэ уэрэд» (Пс. 96:1). Мы едзыгъуэм дыкъызыхуриджэм фытету, фыгуфІэу икІи фыгушхуэу Алыхьым ину уэрэд хужыфІэ!
a Псалом 147:1: «Иаг вгъэлъапІэ! Ди Алыхьыр уэрэдкІэ бгъэлъэпІэныр — фІыщ, ар гурыхьщ — абы хуэфащэщ ар бгъэлъэпІэну».
b Уи макъыр нэхъыфІ зэрыпщІынымкІэ нэхъыбэ чэнджэщ къыщыбгъуэтынущ ди телевидением (раздел НАША СТУДИЯ > РЕЧИ).
c Ди конгрессхэр щекІуэкІкІэ пщэдджыжьми шэджагъуэми дакъикъипщІкІэ макъамэ къоуэ. Ар къыддоІэпыкъу уэрэдхэр жытІэну икІи программэм ди акъылымрэ ди гумрэ тедухуэну. Абы щхьэкІэ макъамэр щІидзэн ипэ ди тІысыпІэхэм декІуэлІэжу абы дедэІуэн хуейщ.
d Исаия 12:5: «УэрэдкІэ Иеговэ вгъэлъапІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зыми хуэмыдэ Іуэхухэр игъэзэщІащ. Ар щІылъэ псом щаІуатэ».