ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Сентябрь н. 21—26
  • «Тхьэм и псалъэхэм... лъэкІыныгъэшхуэ яхэлъщ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Тхьэм и псалъэхэм... лъэкІыныгъэшхуэ яхэлъщ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ГЪАЩІЭМ
  • ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДГЪЭІУМ
  • ЗЭХУЭСЫМ И ПАЩХЬЭ ДЫКЪЫЩЫПСАЛЪЭКІЭ
  • Библием фызэреджэм сэбэпынагъ къыхэфх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • «Тхьэм и псалъэхэр... вгъэзэщІэн хуейщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Библиер къызыбгъэдэкІым теухуауэ а тхылъым сыт къыдигъащІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Сентябрь н. 21—26

«Тхьэм и псалъэхэм... лъэкІыныгъэшхуэ яхэлъщ»

«Тхьэм и псалъэхэм гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ» (ЕВР. 4:12).

УЭРЭДХЭР: 96, 94

ДАУЭ АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭР НЭГЪЭСАУЭ КЪЫЗЭРЫДГЪЭСЭБЭП ХЪУНЫР...

  • ...ди гъащІэм?

  • ...хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ?

  • ...зэхуэсым и пащхьэ дыкъыщыпсалъэкІэ?

1. Алыхьым и Псалъэм лъэкІыныгъэ зэриІэр сыт уи фІэщ зыщІыр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэм шэч къытрахьэкъым Алыхьым цІыхухэм ярита и Псалъэм «гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ» зэрыхэлъым (Евр. 4:12). Библием гъащІэр ихъуэжыну къару зэриІэр дэ тщыщ куэдым зыхэтщІащ. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр япэм щыгъуэ дыгъуэу, наркотик зрахьэлІэу, зинэ щІакІуэу щытахэщ. НэгъуэщІхэми мы дунейм ехъулІэныгъэ гуэрхэр яІэ хъуат, ауэ зыгуэр зэрахуримыкъур зыхащІэт (Эккл. 2:3—11). Гугъэ зыфІэкІуэду Алыхьым и Псалъэм и фІыгъэкІэ ар зэзыгъэгъуэтыжахэм я щапхъэ куэд щыІэщ. Ди брошюрэхэм «Библием гъащІэр ехъуэж» жыхуиІэ рубрикэм къыщыхьа апхуэдэ щапхъэхэм феджэну фигу ирихьу къыщІэкІынщ. Псым зыщІагъэуа иужьи абыхэм Алыхьым адэкІи нэхъ пэгъунэгъу зыхуащІ Алыхьым и Псалъэм и фІыгъэкІэ.

2. Япэ лІэщІыгъуэм Алыхьым и Псалъэм цІыхухэм я гъащІэр зэрихъуэжам и щапхъэ къэфхь.

2 Нобэ цІыху куэдым Алыхьым и Псалъэр зэраджым и фІыгъэкІэ я гъащІэм зэрызихъуэжар дгъэщІэгъуэн хуейуэ пІэрэ? Хьэуэ. Абыхэм я щапхъэм дигу къагъэкІыж япэ лІэщІыгъуэм псэуа уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэу щыта Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр. (Къеджэ 1 Коринф 6:9—11.) Алыхьым и ПащтыхьыгъуэмкІэ Іыхьэ къызылъымысынухэм апостол Паул и гугъу щищІым щІигъужащ: «Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цІыхуу фыщытащ». Ауэ Библиемрэ Алыхьым и къару лъапІэмрэ я фІыгъэкІэ абыхэм захъуэжыфащ. Языныкъуэхэм Алыхьым и лэжьакІуэ хъуа иужь Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым зэран хуэхъуа гуэныхьышхуэ ящІащ. Псалъэм папщІэ Библием еІуэтэж япэ лІэщІыгъуэм псэуа зы къуэшыр зэхуэсым зэрыхагъэкІар. Ауэ, иужькІэ абы и гъащІэр ихъуэжри, зэхуэсым къигъэзэжащ (1 Кор. 5:1—5; 2 Кор. 2:5—8). Алыхьым и Псалъэм и фІыгъэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъащІэр зэрахъуэжыфам хуабжьу дегъэгушхуэ.

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Къаруушхуэ зиІэ и Псалъэр Иеговэ тыгъэу къыдитащ. ДауикІ, дэ ар нэгъэсауэ къэдгъэсэбэпыну дыхуейщ (2 Тим. 2:15). Зэпкърытхынщ дауэ ар къэдгъэсэбэп хъунми: 1) ди гъащІэм, 2) хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ, 3) зэхуэсым и пащхьэ дыкъыщыпсалъэкІэ. Мы статьяр дэ къыддэІэпыкъунущ, фІым дыхуезыгъасэ Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэмрэ фІыщІэмрэ нэхъ куу тщІыну (Ис. 48:17).

ДИ ГЪАЩІЭМ

4. 1) Алыхьым и Псалъэм сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? 2) Библием уеджэн щхьэкІэ дауэ зэман къыдэбгъэкІрэ?

4 Алыхьым и Псалъэм сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ, абы зэрытхузэфІэкІкІэ махуэ къэс деджэн хуейщ (Иис. Н. 1:8). ДауикІ, дэ псоми къалэн куэд диІэщ. Ауэ, дауэ щымытми, дэ махуэ къэс Библием деджэну ахэр зэран хуэдгъэхъун хуейкъым. (Къеджэ Ефес 5:15, 16.) Иеговэ и лэжьакІуэхэм Библием махуэ къэс еджэн щхьэкІэ зэман хухах. Хэти пщэдджыжьым, хэти махуэм, хэти пщыхьэщхьэм йоджэ. Абыхэм я гурыщІэхэр 119-нэ Псаломыр зытхам жиІа псалъэхэм къыхощ: «Сыту уи хабзэр фІыуэ слъагъурэ! Махуэ псом абы согупсыс» (Пс. 119:97).

5, 6. 1) Библием дыкъызэджам дегупсысын щІыхуейр сыт? 2) Библием дызэрегупсысым нэхъыбэу сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъуныр? 3) Библием узэреджэм икІи укъызэджам узэрегупсысым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуихьрэ?

5 Библием деджэ закъуэ мыхъуу дыкъызэджам дегупсысын хуейщ (Пс. 1:1—3). Абы щыгъуэщ дэ абы ит чэнджэщхэм сэбэпынагъ къыщытхуахьынур. Библиер тхылъымпІэм тедзауэ е ди электроннэ Іэмэпсымэхэм иту деджэми нэхъапэу дызыхущІэкъур абы ит псалъэхэр ди гум зэрынэсыныращ.

6 Библием ит псалъэхэм дегупсысу зедгъэсэн щхьэкІэ дауэ дызэреджэн хуейр? Иеговэ и Щыхьэт куэдхэр Библием щеджэкІэ къэувыІэурэ мыпхуэдэ упщІэхэм йогупсыс: Иеговэ теухуауэ сыт къэсщІар? Сыкъызэджа пычыгъуэхэм ит принципыр си гъащІэм къыщызгъэсэбэпыфу пІэрэ? Иджыри сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ сызэлэжьыжын хуей? Библием дыщеджэкІэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, абы ит чэнджэщхэм адэкІи дытетыну дыхуигъэушынущ. Абы щыгъуэ Алыхьым и Псалъэм ди гъащІэр ихъуэжыну къару зэрыщІэлъыр зыхэтщІэнущ (2 Кор. 10:4, 5).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДГЪЭІУМ

7. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Алыхьым и Псалъэр дауэ нэхъыфІу къэдгъэсэбэп хъуну?

7 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ е Библием щедгъаджэкІэ щІэх-щІэхыурэ ар къызэІутхын хуейщ. Ди зы къуэшым жиІауэ щытат: «Иеговэ и гъусэу хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ бгъэІуу щытамэ, уэ езыр сыт щыгъуи упсэлъэнут хьэмэрэ Иеговэ псалъэмэ нэхъ къэпщтэнут?» Библием щыщ пычыгъуэ цІыхум дыкъыщыхуеджэм деж езы Иеговэ абы епсэлъэну Іэмал етту жыпІэ хъунущ. Дэ езыр дыпсалъэ нэхърэ егупсысауэ къыхэтха Библием ит пычыгъуэм цІыхум дыкъызэрыхуеджэм нэхъ къару щІэлъынущ (1 Фес. 2:13). ЗэупщІыж: «ХъыбарыфІыр зыхуэсІуатэм Алыхьым и Псалъэм итым сыкъыхуеджэну Іэмал сиІэр къэзгъэсэбэпу пІэрэ?»

8. ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж Библием ит едзыгъуэм дыкъеджэ закъуэкІэ щІызэфІэмыкІыр сыт?

8 ХъыбарыфІыр зыжетІэм Библием ит едзыгъуэм дыкъыхуеджэ закъуэкІэ зэфІэкІкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, япэ лІэщІыгъуэм псэуахэм хуэдэу, нобэ цІыхухэм Библием итыр къагурыІуэну къохьэлъэкІ е къагурыІуэххэкъым (Рим 10:2). Абы къыхэкІкІэ дэ ди гугъэн хуейкъым Тхыгъэ ЛъапІэм щыщ едзыгъуэ цІыхум дыкъызэрыхуеджам щхьэкІэ ар занщІэу къыгурыІуэну. Псалъэм папщІэ дэ гу лъедгъэтэну дызыхуей псалъэхэм дыкъеджэжу абы къикІыр къыгурыдгъаІуэ хъунущ. Алыхьым и Псалъэм итыр цІыхухэм я гум нэсыну дыхуеймэ, апхуэдэу тщІэнущ. (Къеджэ Лука 24:32.)

9. Библием щыщ едзыгъуэ дыкъеджэн ипэ сыт жытІэ хъунур, а тхылъым цІыхум пщІэ хуищІу хъун щхьэкІэ?

9 Дэ дыхуейщ цІыхум Библием пщІэ хуищІыну. Аращи, Библием щыщ едзыгъуэ цІыхум дыкъыхуеджэн ипэ жытІэну псалъэхэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ жыпІэ хъунущ: «ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым абы теухуауэ жиІэм дегъэплъ». Чристэн диныр зымыІыгъым жепІэ хъунущ: «Тхыгъэ ЛъапІэм итым дегъэплъ». Диныр къызыфІэмыІуэхум мыпхуэдэ упщІэ епт хъунущ: «Зэгуэр Іущагъ зыхэлъ мыпхуэдэ псалъэхэр зэхэпхауэ пІэрэ?» Дэ къыдгуроІуэ цІыхухэр зэрызэхуэмыдэр, абы щхьэкІэ дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкІэ къыхудолъыхъуэ (1 Кор. 9:22, 23).

10. 1) Зы къуэш гуэрым и щапхъэ къыжыфІэж. 2) Библием ит едзыгъуэм цІыхум укъыхуеджэу ар и гум зэрынэсар къыжыІэж.

10 ХъыбарыфІыр зыгъэІу куэдым Библием ит псалъэхэр цІыхухэм я гум зэрынэсыр я нэкІэ ялъэгъуащ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Илъэс куэд щІауэ ди журналхэм еджэ зи ныбжь хэкІуэта зы цІыхухъу гуэрым деж ди къуэшыр кІуат. «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр къыхуигъанэ закъуэ мыхъуу ар зытегъэщІа едзыгъуэм къыхуеджэну мурад ищІат. 2 Коринф 1:3, 4 итым къыхуеджащ: «ГущІэгъуныгъэшхуэ зиІэ Адэ лъапІэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэр арщ. Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ». АпхуэдизкІэ а псалъэхэр цІыхухъум игу ирихьати, ди къуэшым елъэІуащ иджыри зэ абы къыхуеджэжыну. Абы жиІащ а зэманым езымрэ и щхьэгъусэмрэ гупсэхугъуэ къезытын псалъэхэм зэрыхуэныкъуэр икІи Библием теухуауэ нэхъыбэ къищІэну зэрыхуейр. Зэрытлъагъущи, Алыхьым и Псалъэм лъэкІыныгъэшхуэ иІэщ, хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж ар къэдгъэсэбэпмэ (Апост. 19:20).

ЗЭХУЭСЫМ И ПАЩХЬЭ ДЫКЪЫЩЫПСАЛЪЭКІЭ

11. Зэхуэсым и пащхьэ къыщыпсалъэ къуэшхэр сытым кІэлъыплъын хуей?

11 Дэ псоми ди фІэфІщ ди зэІущІэхэми, конгрессхэми дыщыІэну. Абыхэм дэ Иеговэ щыдогъэлъапІэ икІи Алыхьым теухуа щІэныгъэ зыдогъэгъуэт. Апхуэдэ зэІущІэхэм цІыхухэм я пащхьэ укъыщыпсэлъэным пщІэшхуэ зэрыпылъыр икІи абыкІэ жэуап зэратыжыныр ди къуэшхэм къагуроІуэ (Екъуб 3:1). Къуэшхэр кІэлъыплъын хуейщ зыхурагъаджэ псори Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ зэрыщытым. ЦІыху куэдым я пащхьэ укъыщыпсэлъэн хуеймэ, Библиер нэгъэсауэ дауэ къызэрыбгъэсэбэп хъуныр?

12. Къуэшым жиІэну псалъэм Тхыгъэ ЛъапІэр лабжьэ дауэ зэрыхуищІыфынур?

12 Псалъэ жыпІэнум Тхыгъэ ЛъапІэр лъабжьэ хуэхъун хуейщ (Ин. 7:16). Сыт абы къикІыр? Япэрауэ, цІыхухэм гу зылъебгъэтэн хуейр къэпхь щапхъэхэракъым е уи псэлъэкІэракъым, атІэ езы Библиеращ. Зыщомыгъэгъупщэ, Библием ит пычыгъуэхэм укъеджэнымрэ абы тегъэщІауэ ебгъэджэнымрэ зыкъым. Къапщтэмэ, Библием щыщ едзыгъуэ куэд укъеджэмэ, къодэІуэнухэм ягу къинэжыныр мащІэщ. Аращи, пычыгъуэ укъызэджэнухэр къыщыхэпхкІэ фІыуэ егупсыс. Абы нэмыщІ едзыгъуэ укъызэреджэным, ар зэпкърыпхыным, щапхъэ къэпхьыным икІи къызэрыбгъэсэбэп хъуным утепсэлъыхьын щхьэкІэ зэман хухэх (Неем. 8:8). ЖыпІэну псалъэр ди организацэм къыдигъэкІа планым тегъэщІамэ, езы планымрэ Библием щыщ пычыгъуэ абы къыщыхьахэмрэ щІэджыкІ. Планым къыщыхьа гупсысэхэмрэ Тхыгъэ ЛъапІэм щыщ едзыгъуэхэмрэ зэрызэпыщІар къызэрыбгурыІуэным хущІэкъу. ИужькІэ а гупсысэхэр нэхъыфІу къыбгурызыгъаІуэ едзыгъуэхэр къыхэх. Ауэ псом нэхъапэращи, Алыхьым и Псалъэм ит гупсысэхэр цІыхухэм ябгъэдэплъхьэфын папщІэ Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Библием щыжыІащ: «Ездрэ Иеговэ и хабзэм зыхуигъэзэну, ар игъэзэщІэну икІи Израилым Алыхьым и унафэхэмрэ и захуагъэмрэ хуригъэджэну и гур хуигъэхьэзыращ». (Езд. 7:10, къеджэ Притчи 3:13, 14, Гъэсэпэтхыдэхэр.)

13. 1) Зэхуэсым къыщахьа Библием щыщ едзыгъуэхэр ди зы шыпхъум дауэ къыдэІэпыкъуа? 2) Зэхуэсым щызэпкърахауэ щыта Библием щыщ едзыгъуэхэр дауэ къызэрыбдэІэпыкъуар?

13 Австралием щыщ ди зы шыпхъум и сабийгъуэм гузэвэгъуэ куэд и нэгу щІэкІат. Абы и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьа пэтми и фІэщ хъутэкъым Иеговэ ар фІыуэ къызэрилъагъур. Ауэ зэІущІэм Библием ит едзыгъуэ гуэр къыщахьат. Абы куууэ егупсысу щІидзат икІи ар Алыхьым и Псалъэм ит нэгъуэщІ едзыгъуэхэм пищІащa. Ар къыдэІэпыкъуащ абы и гупсысэкІэр ихъуэжыну. ЗэІущІэм е конрессым къыщахьауэ щыта Библием щыщ едзыгъуэхэр фи гум куууэ хыхьауэ къыфхуэщІэжыну? (Неем. 8:12).

14. Иеговэ и Псалъэр къызэрыдитам щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр дауэ къэдгъэлъэгъуэфыну?

14 Иеговэ и Псалъэ Библиер тыгъэу къызэрыдитам щхьэкІэ фІыщІэшхуэ худощІ! Абы дыкъызэригъэгугъам хуэдэу и Псалъэр игъащІэкІэ щыІэну ихъумэжащ (1 Пет. 1:24, 25). Дэ Тхыгъэ ЛъапІэм зэпымыууэ деджэн, абы ит чэнджэщхэм дытетын икІи нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ ар къэдгъэсэбэпын хуейщ. Апхуэдэу щытщІэм деж Алыхьымрэ абы и Псалъэмрэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ.

a «А едзыгъуэм си гъащІэр ихъуэжащ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭР НЭГЪЭСАУЭ КЪЭГЪЭСЭБЭП

уи гъащІэм:

  • Махуэ къэс Библием еджэ.

  • Укъызэджам егупсыс.

  • Укъызэджар къэгъэсэбэп.

хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ:

  • ЩІэх-щІэхыу Библиер къызэІух.

  • ЦІыхум гу лъебгъэтэну узыхуей псалъэхэм къеджэжи, абы къикІыр къыгурыгъаІуэ.

  • Библием пщІэ нэхъ хуищІын щхьэкІэ, цІыхум Библием щыщ едзыгъуэ укъыхуеджэн ипэ абы хуэзыгъэхьэзырын псалъэ жыпІэмэ нэхъыфІщ.

зэхуэсым и пащхьэ укъыщыпсалъэкІэ:

  • КІэлъыплъ зыхуебгъаджэ псори Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ зэрыщытым.

  • ЦІыхухэм гу зылъебгъэтэн хуейр къэпхь щапхъэхэракъым е уи псэлъэкІэракъым, атІэ езы Библиеращ.

  • Библием щыщ едзыгъуэхэр зэпкърых, щапхъэ къэхь, къызэрыбгъэсэбэп хъуным тепсэлъыхь.

«А едзыгъуэм си гъащІэр ихъуэжащ»

Викторие илъэс куэд хъуауэ пэжыр ищІэми, абы и фІэщ хъутэкъым Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъур. Сыт абы и гупсысэкІэр ихъуэжыну къыдэІэпыкъуар? Мис абы и хъыбарыр.

«Псым зыщІэзгъауэри илъэс 15 дэкІа иужьщ си гупсысэкІэм зихъуэжу щыщІидзар. ЗэІущІэм... ди зы къуэшым псалъэ щыжиІэм Екъуб 1:23, 24 итым къеджащ. А пычыгъуэм Алыхьым и Псалъэр гъуджэм ирегъэщхь. А тхылъыр Иеговэ къызэрыдэплъым хуэдэу зытлъэгъужыну къыддоІэпыкъу. Абы щыгъуэ сегупсысащ: Алыхьыр къызэрызэплъым хуэдэу сызэмыплъыжу къыщІэкІынщ. Ауэ а гупсысэм мыхьэнэ естакъым. Япэм хуэдэуи сэ си гугъэт, Иеговэ фІыуэ сыкъилъагъуну зэи сыщыгугъ мыхъуну.

Махуэ зыбжанэ дэкІауэ Исаия 1:18 ит псалъэхэм сыкъеджащ. А едзыгъуэм си гъащІэр ихъуэжащ. Абы Иеговэ мыпхуэдэу щыжеІэ: „ФыкъакІуи, ди Іуэхухэр зэхэдгъэкІынщ... Фи гуэныхьхэр щэкІ плъыжьыбзэм хуэдэу щытми, уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъунущ“. Иеговэ зыкъысхуигъазэ хуэдэт: „Вики, къакІуи ди Іуэхухэр зэхэдгъэкІынщ. Сэ узоцІыху, уи гуэныхьхэр сощІэ икІи уи гур солъагъу — сэ фІыуэ узолъагъу“.

А жэщым си жейр кІуэдащ. Сэ иджыри шэч къытесхьэт Иеговэ фІыуэ сыкъызэрилъагъум, ауэ Хьисэ и къурмэныпхъэм сегупсысу щІэздзащ. Сэ къызгурыІуащ: Иеговэ куэд щІауэ и шыІэныгъэр сегъэлъагъу икІи фІыуэ сыкъызэрилъагъур Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ сигъэлъэгъуащ. Сэ абы жесІэ хуэдэт: „Уи лъагъуныгъэр мащІэщ. Уи Къуэм къихьа къурмэныпхъэм зэи си гуэныхьхэр ипшыныжыфынукъым“. Иеговэ къыдита щхьэщэхужым селъэпауэ хуэдэу абы къикІт. Ауэ, а тыгъэм куууэ сегупсысурэ, сэ иджы зыхэсщІащ Иеговэ фІыуэ сыкъызэрилъагъур».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын