8-НЭ УРОКЫР
Щапхъэхэр къэгъэсэбэп
Маттэ 13:34, 35
ПЩІЭН ХУЕЙР: ЦІыхухэм я гум нэсын икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжхэм хуезыгъэсэн щапхъэ гурыІуэгъуэхэр къэгъэсэбэп.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Щапхъэ гурыІуэгъуэхэр къыхэх. Хьисэ хуэдэу цІыхухэм фІыуэ зыхащІыкІ Іуэхугъуэхэр къэбгъэсэбэпурэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэр цІыхухэм къагурыгъаІуэ. Мыхьэнэ зимыІэ Іуэхугъуэхэм убгъуауэ утепсэлъыхьурэ, щапхъэ къэпхьыр гугъу умыщІ. Щапхъэ къэпхьым и Іыхьэхэр гупсысэ къыхэбгъэщым хуэкІуэрэ хуэмыкІуэрэ егупсыс, армыхъумэ уи щапхъэм къодаІуэхэр гупсысэ нэхъыщхьэхэм тришынкІэ хъунущ.
КъодаІуэхэм егупсыс. КъодаІуэхэм яцІыхуу щыт икІи махуэ къэс зыхуэзэ Іуэхухэм теухуауэ щапхъэ къахуэхь. КъодаІуэхэр зыгъэукІытэн икІи я гум еуэн щапхъэ къызэромыхьыным иужь ит.
Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ. Мыхьэнэшхуэ зимыІэ гупсысэхэм щапхъэ къахуомыхьу, гупсысэ нэхъыщхьэхэм щапхъэ къахуэхь. КъодаІуэхэм къэпхьа щапхъэм и закъуэкъым, атІэ ар къыщІэпхьам и щхьэусыгъуэри ягу ираубыдэн хуейщ.