12-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Фи псалъэхэмкІэ адрейхэр вгъэгушхуэ
«ЕмыкІу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкІ, адрей цІыхухэм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфІхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкІ» (ЕФЕС 4:29).
1—3. 1) Сыт хуэдэ тыгъэ Иеговэ къыдитар? Дауэ ар мытэмэму къызэрыдгъэсэбэпыфынур? 2) Дауэ ар къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?
АДЭМ и къуэм велосипед къыхуещэху. Абы и гуапэщ и къуэм апхуэдэ тыгъэ хуищІыну Іэмал зэриІэр. Ауэ сыт адэм и гум щыщІэнур и къуэм хуэмысакъыу къижыхьмэ икІи цІыху гуэрым жьэхэуэу, абы и узыншагъэм зэран хуэхъуу щытмэ?
2 Иеговэ «сыт хуэдэ ІуэхуфІри тыгъэ пэжри... къыбгъэдокІ» (Екъуб 1:17). А тыгъэхэм ящыщ зыщ дэ дыпсэлъэфу дыкъызэригъэщІар. Дызэрыпсэлъэфым и фІыгъэкІэ ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ нэгъуэщІхэм яжыдоІэф. Ди псалъэхэм цІыхухэр ягъэгушхуэфынущ икІи сэбэп яхуэхъуфынущ. Ауэ дэ иджыри цІыхухэм зэран яхуэхъун икІи гуауэу я гум къинэжын псалъэхэр жытІэфынущ.
3 Псалъэхэм къаруушхуэ щІэлъщ икІи Иеговэ тыгъэу къыдита ди бзэр тэмэму къызэрыдгъэсэбэпыным дыхурегъасэ. Абы дэ къыджеІэ: «ЕмыкІу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкІ, адрей цІыхухэм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфІхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкІ, а псалъэхэр зэхэзых цІыхухэм фи фІагъ евгъэкІын щхьэкІэ» (Ефес 4:29). Иджыпсту зэпкърытхынщ Иеговэ къыдита тыгъэр нэгъуэщІхэр дгъэгушхуэн икІи Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ къызэрыдгъэсэбэп хъуныр.
УИ ПСЭЛЪЭКІЭМ КІЭЛЪЫПЛЪ
4, 5. Притчи тхылъым псалъэм къару щІэлъым теухуауэ сытым дыхуригъасэрэ?
4 Псалъэхэм къаруушхуэ ящІэлъщ, абы къыхэкІкІэ дэ жытІэми дызэрыпсалъэми дыкІэлъыплъын хуейщ. Притчи 15:4 (Гъэсэпэтхыдэхэр) итщ: «ГуапэжыІэр гъащІэ жыгым хуэдэщ, псалъэ жыІэпхъаджэм лъэр щІеуд». Махуэ хуабэвэхым жыгышхуэм жьауапІэ къыуитым къару къызэрыпщІилъхьэжым хуэдэу псалъэ гуапэм ар зэхэзыхым къару кърет. Ауэ псалъэ пхъашэхэр цІыхухэм зэран хуохъу икІи я гур хагъэщІ (Притчи 18:21, Гъэс.).
ЦІыхухэр гуапэу щызэпсалъэм деж, апхуэдэ псэлъэкІэм абыхэм я гур хегъахъуэ
5 Притчи 12:18 мыпхуэдэу итщ: «Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэм джатэм хуэдэу укъеуІэ». Псалъэ дыджхэр цІыхум и гум еуэфынущ икІи цІыхухэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр якъутэфынущ. Уэ пщІэжу къыщІэкІынщ зыгуэр пхъашэу къызэропсэлъар икІи абы Іейуэ уи жагъуэ зэрищІар. Ауэ а едзыгъуэм адэкІэ щыжыІащ: «ЦІыху Іущ и псалъэр хущхъуэм хуэдэщ». ФІыуэ уегупсысу жыпІа псалъэхэм цІыхум и гукъеуэр щхьэщахыфынущ икІи абыхэм я фІыгъэкІэ цІыхуитІым я зэхуаку къыдыхьа зэгурымыІуэныгъэм пэлъэщыфынущ. (Къеджэ Притчи 16:24a.) Ди псалъэхэр адрейхэм е сэбэп е зэран зэрыхуэхъуфынур ди гум илъу щытмэ, дэ ди бзэр къызэрыдгъэсэбэпым дыкІэлъыплъынущ.
6. Ди бзэм дыкІэлъыплъыжын щхьэкІэ къаруушхуэ щІетхьэлІэн хуейр сыт?
6 Ди бзэм дыщІыкІэлъыплъыжын хуейм иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ — ар псоми гуэныхь зэрытхэлъыращ. ЦІыхум и гур «Іейм хущІокъу» икІи и нэхъыбэм ди жьэм къыжьэдэкІыр ди гум илъыращ (ЩІэдзапІэ 8:21, ДЩІ; Лука 6:45). Иныкъуэхэм деж ди бзэм дыкІэлъыплъыжын щхьэкІэ къаруушхуэ етхьэлІэн хуейщ. (Къеджэ Екъуб 3:2—4.) Ауэ дэ нэгъуэщІхэм дызэрепсалъэ щІыкІэр нэхъыфІ тщІыну адэкІи дыхущІэкъун хуейщ.
7, 8. Ди псалъэхэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм дауэ зэран зэрыхуэхъуфынур?
7 Иджыри дэ ди бзэм дыкІэлъыплъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ жытІэмрэ ар зэрыжытІэ щІыкІэмрэ теухуауэ Иеговэ деж жэуап щыттынущ. Екъуб 1:26 щыжыІащ: «Зыгуэрым Тхьэм и фІэлІыкІ и гум илъ фІэщІу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцІэж, и динри пщІэншэщ». Аращи, дэ ди бзэм дыкІэлъымыплъу щытмэ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран дыхуэхъуфынущ икІи ар тфІэкІуэдыпэнкІэ хъунущ (Екъуб 3:8—10).
8 Дэ жытІэмрэ ар зэрыжытІэ щІыкІэмрэ дыкІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр гурыІуэгъуэщ. Иеговэ къыдита тыгъэр ар зэрыхуейм хуэдэу къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ, дэ къэтщІэн хуейщ сыт хуэдэ псэлъэкІэм зыщытхъумэн хуейми.
ЗЭРАНЫШХУЭ КЪЫЗЫПЫКІ ПСЭЛЪЭКІЭР
9, 10. 1) Сыт хуэдэ псэлъэкІэм мы дунейм зыщиубгъуа? 2) Сыт дэ псэлъэкІэ Іейр къэдгъэсэбэп щІэмыхъунур?
9 Нобэ псэлъэкІэ фІейм Іейуэ зиубгъуащ. Куэдым я гугъэщ абыхэм жаІэр адрейхэм къагурыІуэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу хъуэнэн е псалъэ фІей жаІэн хуейуэ. Комикхэм цІыхухэр ягъэдыхьэшхын щхьэкІэ къемызэгъ псалъэхэр, псалъэ фІейхэр я гушыІэм щІэх-щІэхыурэ хагъэхьэ. Ауэ апостол Паул жиІауэ щытащ: «Мыпхуэдэ Іуэху псори зыхэвныжын хуейщ: Губжьыныр, къызэщІэплъэныр, бзаджагъэр, нэгъуэщІ цІыхухэм ІейкІэ ятепсэлъыхьыныр, емыкІу псэлъэкІэр» (Колоссэ 3:8). Абы иджыри жиІащ Алыхьым и лэжьакІуэхэм «зыри къызэрымыкІ гушыІэ мышыум» и гугъу я зэхуакум щамыщІыну (Ефес 5:3, 4).
10 ПсэлъэкІэ Іейр Иеговэ дежкІи ар фІыуэ зылъагъухэм дежкІи гущыкІыгъуэщ икІи къабзагъэу щыткъым. Библием «гуфІеягъэр [«мыкъабзэныгъэр», ДЩІ]» «цІыхум и гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэм» ящыщу жеІэ (Галатие 5:19—21). «Мыкъабзэныгъэм» гуэныхь куэд хохьэ икІи зы хьэл Іейм нэгъуэщІ хьэл мыхъумыщІэм ухуишэфынущ. ЦІыхум псэлъэкІэ фІейр хьэл хуэхъумэ икІи ар зыхинэну хуэмейуэ щытмэ, ар зэхуэсым афІэкІа хэт зэрымыхъуныр и щытыкІэм къегъэлъагъуэ (2 Коринф 12:21; Ефес 4:19; Приложение 23-нэм еплъ).
11, 12. 1) Дэ цІыхухэм дазэрытепсэлъыхьыр абыхэм я зэран къызэрыкІын хъыбар дауэ зэрыхъуфынур? 2) Сыт нэгъуэщІхэм пцІы ятеплъхьэ щІэмыхъунур?
11 Абы нэмыщІ дэ нэгъуэщІхэм зэран яхуэхъуну хъыбархэр къетхьэкІын хуейкъым. НэгъуэщІхэм я Іуэхухэм дызэрыщІэупщІэм икІи ди ныбжьэгъухэм, ди унагъуэм щыщхэм я хъыбархэмкІэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэгуашэм зыри Іей хэлъкъым. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри я къуэш, я шыпхъухэр дауэ щытми икІи сыткІэ абыхэм ядэІэпыкъуфынуми щІэупщІэу щытащ (Ефес 6:21, 22; Колоссэ 4:8, 9). Ауэ адрей цІыхухэм дазэрытепсэлъыхьыр гу лъыдмытэу а цІыхухэм я зэран къызэрыкІын хъыбар хъуфынущ. Зыгуэрым жиІар щыжытІэжым деж абы пцІы гуэр хэтлъхьэнкІэ е цІыхум и щэху гуэр жытІэжынкІэ хъунущ. Дэ дыхуэмысакъыу щытмэ, апхуэдэ хъыбарымкІэ цІыхум пцІы тетлъхьэнкІэ хъунущ. Фарисейхэм Хьисэ пцІы тралъхьэт абы имыщІар ищІауэ щыжаІэм (Маттэ 9:32—34; 12:22—24). ПцІы зытралъхьа цІыхум и цІэр улъия мэхъу, гукъеуэ кърет, пцІым цІыхуитІыр зэфІегъанэ икІи я ныбжьэгъугъэр екъутэ (Притчи 26:20, Гъэс.).
12 Иеговэ хуейщ ди псалъэхэмкІэ адрейхэм дадэІэпыкъуну икІи дгъэгушхуэну. ЗэныбжьэгъуитІым я зэхуаку дыдыхьэу ахэр зэбий тщІыну Иеговэ хуейкъым. Абы «зэкъуэшхэм я зэхуаку ныкъуакъуэ дэзылъхьэр» илъагъу хъукъым (Притчи 6:16—19). Япэ дыдэу нэгъуэщІым пцІы тезылъхьар ШейтІан Иблисыращ икІи абы пцІы зытрилъхьар Иеговэщ (Апокалипсис 12:9, 10). Ди зэманым цІыхухэр есащ зым зым пцІы хужаІэу. Ауэ дэ ди зэхуэсхэм апхуэдэ къыщекІуэкІ хъунукъым (Галатие 5:19—21). Абы къыхэкІкІэ жытІэм дыкІэлъыплъын хуейщ икІи дыпсэлъэн ипэ сыт щыгъуи дыгупсысэн хуейщ. НэгъуэщІ цІыхум теухуауэ зыгуэр жыпІэжын ипэ зэупщІыж: «Сэ жысІэну зызгъэхьэзырыр пэжу пІэрэ? Абы а цІыхум ифІрэ и сэбэпынагърэ хэлъу пІэрэ? Сэ си псалъэхэр а цІыхум зэхихыжыну сыхуейуэ пІэрэт? Сэ стеухуауэ зыгуэрым апхуэдэ жиІауэ зэхэсхатэмэ, сытыт си гум щыщІэнур?» (Къеджэ 1 Фессалоникэ 4:11.)
13, 14. 1) Псалъэ дыджхэм сыт хуэдэ зэран цІыхухэм къахуихьыр? 2) Сыт псалъэ дыджкІэ узэджэ хъуныр? Иеговэ и лэжьакІуэхэм псалъэ дыджхэр къыщІагъэсэбэп мыхъуныр сыт?
13 Дэ псоми дызыхущІегъуэжын псалъэ щыжытІэ къохъу. Ауэ нэгъуэщІхэм яхуэпсэлъэныр икІи псалъэ гуауэ, псалъэ дыджхэр жыІэныр дэ хьэл тхуэхъуну дыхуейкъым. ЦІыхум и пщІэр езыудых псэлъэкІэр дэ ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын хуейкъым. Паул жиІауэ щытат: «Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщІэплъэнри, губжьынри, кІий-гуоунри, цІыхухэм ІейкІэ ятепсэлъыхьынри [«цІыхухэм я пщІэр езыудых псэлъэкІэри», ДЩІ] ... зыхэвныж» (Ефес 4:31). «ЦІыхухэм я пщІэр езыудых псэлъэкІэр» жыхуиІэ псалъэхэр нэгъуэщІ Библиехэм «псалъэ дыдж», «псалъэ бзаджэ» жаІэу зэрадзэкІащ. ЦІыхухэм я пщІэр езыудых псэлъэкІэм цІыхухэр зыри иримыщІысу ирегъэгупсыс. Апхуэдэ псэлъэкІэр псом хуэмыдэу сабийхэм зэран яхуэхъуфынущ. Абы къыхэкІкІэ дэ дысакъыну дыхуейщ ди псалъэхэмкІэ сабийхэм я гур идмыудын щхьэкІэ (Колоссэ 3:21).
14 Библием дыкъыхуреджэ къаруушхуэ зыщІэлъ псалъэ дыджхэр къэдмыгъэсэбэпыну. Псалъэ дыджхэр жызыІэ цІыхум и мурадыр нэгъуэщІхэм я жагъуэ ищІыныращ. Сыту гущІыхьэ хъунут, зыгуэрым и щхьэгъусэм е и бынхэм апхуэдэ псалъэ дыджхэр яжриІэу щытамэ! НэгъуэщІхэм псалъэ дыджхэр яжезыІэм а хьэлыр зыхимыну щытмэ, зэхуэсым адэкІи хэтыну хуэфащэкъым (1 Коринф 5:11—13; 6:9, 10). Дэ къызэрытщІащи, псалъэ фІейхэр, псалъэ бзаджэхэр жытІэмэ икІи нэгъуэщІхэм пцІы ятетлъхьэмэ, Иеговэрэ дэрэ, нэгъуэщІ цІыхухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зыІыдогъэхьэ.
КЪАРУ КЪЫПХЭЗЫЛЪХЬЭ ПСАЛЪЭХЭР
15. Сыт хуэдэ псалъэхэм цІыхухэм я зэхущытыкІэр нэхъ быдэ ищІрэ?
15 Дауэ дэ Иеговэ тыгъэу къыдита ди бзэр ар зэрыхуейм хуэдэу къызэрыдгъэсэбэпыфынур? Библием пыухыкІауэ дэ жытІэ хъунымрэ мыхъунымрэ имытми, абы щыжыІащ: «Адрей цІыхухэм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфІхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкІ» (Ефес 4:29). Къару къыпхэзылъхьэ псалъэхэр къабзэщ икІи хуабагъи, пэжагъи яхэлъщ. Иеговэ хуейщ дэ ди псалъэхэмкІэ адрейхэр дгъэгушхуэну икІи дадэІэпыкъуну. Апхуэдэу пщІэну гугъуу щытынкІэ хъунущ. ФІым утепсэлъыхьын щхьэкІэ къару нэхъыбэ епхьэлІэн хуейщ, псалъэ Іей е зыри къызэрымыкІ псалъэхэр жыпІэным нэхърэ (Тит 2:8). Иджыпсту дытепсэлъыхьынщ дэ ди псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм къару зэредгъэгъуэтыфынум.
16, 17. 1) Адрейхэм дащытхъун щІыхуейр сыт? 2) Хэт дызыщытхъу хъуныр?
16 Иеговэрэ Хьисэрэ нэгъуэщІхэм щытхъуну яфІэфІщ. Дэ дыхуейщ абыхэм щапхъэ ятетхыну (Маттэ 3:17; 25:19—23; Иуан 1:47). Щытхъум цІыхур игъэгушхуэн щхьэкІэ, абы фІыуэ уегупсысын хуейщ икІи уи псалъэхэм къыхэщын хуейщ цІыхур пэж дыдэу лъапІэу зэрыплъытэр. Притчи 15:23 (Гъэс.) щыжыІащ: «Сыту фІы-тІэ и чэзум жыІа хъуа псалъэр!» ЦІыхум лэжьыгъэ гуэрым къару етхьэлІахэм щхьэкІэ е тщІа Іуэху гуэрым щхьэкІэ и гум къыбгъэдэкІыу къыщытщытхъум деж дэ абы дегъэгушхуэ. (Къеджэ Маттэ 7:12; Приложение 27-нэм еплъ.)
17 Адрейхэм яхэлъ фІым гу лъыптэу зебгъасэу щытмэ, уэ нэхъ тыншу уи гум къыбгъэдэкІыу абыхэм уащытхъуфынущ. Уэ, псалъэм папщІэ, гу лъыптэнкІэ хъунущ ди къуэш е ди шыпхъу гуэрым зэІущІэм щигъэзащІэ заданиехэм фІыуэ зэрызыхуигъэхьэзырым е жэуапхэр итыну зэрыхущІэкъум. Уэ иджыри гу лъыптауэ къыщІэкІынщ ди ныбжьыщІэ гуэрым школым лІыгъэ хэлъу пэжым и лъэныкъуэр зэриІыгъым, е зи ныбжь хэкІуэтам блимыгъэкІыу хъыбарыфІыр зэригъэІум. Уэ абыхэм уащытхъуу щытмэ, ахэр зыхуэныкъуэ гушхуэныгъэр ептыфынущ. ЦІыхухъум и щхьэгъусэми ар фІыуэ зэрилъагъур икІи лъапІэу зэрилъытэр жриІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Притчи 31:10, 28, Гъэс.). КъэкІыгъэхэр дыгъэмрэ псымрэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэу цІыхухэри хуэныкъуэщ ахэр лъапІэу ялъытэну. Псом хуэмыдэу абы сабийхэр хуэныкъуэщ. Сабийхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм щхьэкІэ икІи зыгуэр фІыуэ ящІэну къару зэрырахьэлІэм щхьэкІэ уащытхъуну хущІэкъу. Щытхъум абыхэм лІыгъэрэ тегушхуэныгъэрэ къаритынущ икІи адэкІи Алыхьыр ягъэгуфІэн щхьэкІэ къару ирахьэлІэну хуигъэушыфынущ.
Дэ жытІэмрэ ар зэрыжытІэ щІыкІэмрэ дыкІэлъыплъу щытмэ, дызэпсалъэхэр дгъэгушхуэфынущ икІи я гур фІы тщІыжыфынущ
18, 19. Дэ нэгъуэщІхэр дгъэгушхуэн щхьэкІэ къарууэ диІэр щІетхьэлІэн хуейр сыт? Дауэ ар зэрытщІэ хъунур?
18 Дэ нэгъуэщІхэр дгъэгушхуэу, гупсэхугъуэ щеттым деж Иеговэ щапхъэ тыдох. Абы и гур «Іэдэбхэм» икІи «зи гур кІуэдахэм» ящІогъу (Исаия 57:15). Иеговэ хуейщ зым зыр дгъэгушхуэну икІи «зи гур кІуэдахэм» я гур фІы яхуэтщІыжыну (1 Фессалоникэ 5:11, 14). Дэ апхуэдэу дыщытыну дыщыхущІэкъум деж ар Иеговэ елъагъу икІи къару етхьэлІэхэр лъапІэу елъытэ.
19 Уэ зэхуэсым щыщ гуэрым игу иудауэ е нэщхъейуэ гу лъыптэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ цІыхум удэІэпыкъун щхьэкІэ сыт жепІэ хъунур? Уэ абы и гугъуехьыр щхьэщомыхыфми, абы щхьэкІэ узэрыгузавэр ебгъэлъэгъуфынущ. Псалъэм папщІэ, абы дыбгъэдэсын е депсэлъэн щхьэкІэ зэман хухэтх хъунущ. Ар зыгъэгушхуэн Библием ит пычыгъуэ гуэр укъыхуеджэ е зэгъусэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ хъунущ (Псалом 34:18; Маттэ 10:29—31). Апхуэдэ цІыхухэм яжеІэ зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэм ахэр фІыуэ зэралъагъур (1 Коринф 12:12—26; Екъуб 5:14, 15). Уэ апхуэдэу узэрегупсысыр икІи жыпІэм шэч лъэпкъ къызэрытомыхьэр уи псалъэхэм фІыуэ къыхэщын хуейщ. (Къеджэ Притчи 12:25b.)
20, 21. ЦІыхухэм ират чэнджэщхэр къагъэсэбэпыну сыт къадэІэпыкъур?
20 Дэ нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуфынущ чэнджэщыфІ етту щытмэ. Дэ псоми гуэныхь тхэлъщи, зэман-зэманкІэрэ чэнджэщ дыщыхуэныкъуэ къохъу. Притчи 19:20 (Гъэс.) щыжыІащ: «ЩІэдэІу чэнджэщхэм, ущиери умыщІ ІэщІыб, урихъунщ иужькІэ абыхэм уэ цІыху Іущ». Чэнджэщ зыт хъунур зэхуэсым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым. Адэ-анэм я сабийхэр ягъэсэн хуейщ (Ефес 6:4). Шыпхъухэми чэнджэщыфІхэр зым зым ират хъунущ (Тит 2:3—5). Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъури, чэнджэщ зэретт щІыкІэм дыкІэлъыплъыну дыхуейщ, абыхэм я жагъуэ дымыщІын щхьэкІэ. Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур?
21 Уэ езым пщІэжу къыщІэкІынщ зыгуэрым чэнджэщыфІ къызэрыуитауэ щытар икІи ар къызэрыбжиІа щІыкІэм и фІыщІэкІэ уэ ар уи гъащІэм тыншу къыщыбгъэсэбэпыфащ. Сыт а чэнджэщыр уи щхьэм щІепхьэлІэфар? Уэ зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ а цІыхур уэр щхьэкІэ зэрыгузавэр. ИкІи абы и псалъэхэм лъагъуныгъэрэ хуабагърэ хэлъу щытауэ къыщІэкІынущ (Колоссэ 4:6). А чэнджэщыр Библием тегъэщІа хъунт (2 Тимофей 3:16). Дэ цІыхум етт чэнджэщыр сыт щыгъуи Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІауэ щытын хуейщ, цІыхум абы ит псалъэхэм дыкъыхуеджэми, дыкъыхуемыджэми. Зыми нэгъуэщІхэр хигъэзыхьын хуейкъым езым и Іуэху еплъыкІэр абыхэм къаригъэщтэн щхьэкІэ икІи езым и фейдэ къилъыхъуэу Библием ит едзыгъуэхэр къигъэсэбэпын хуейкъым и Іуэху еплъыкІэхэр кІуэцІригъэкІын щхьэкІэ. Уэ чэнджэщ къызэрыуатауэ щыта щІыкІэр уигу къэбгъэкІыжу щытмэ, нэгъуэщІхэм чэнджэщ щепткІэ ар къыбдэІэпыкъунущ.
22. Дапхуэдэу уэ уи бзэр къэбгъэсэбэпыну узэрыхуейр?
22 Ди бзэр — ар Алыхьым къыдита тыгъэщ. Дэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушын хуейщ а тыгъэр тэмэму къэдгъэсэбэпыну. Зыщомыгъэгъупщэ зэранышхуэ къызыпыкІ псэлъэкІэрэ къару къыпхэзылъхьэ псэлъэкІэрэ зэрыщыІэр. Аращи, сыт щыгъуи дыхущІэвгъэкъу ди псалъэхэмкІэ цІыхухэр дгъэгушхуэну.
a Притчи 16:24: «Псалъэ гуапэхэр ещхьщ безым дэлъ фом, псэм фІэІэфІщ, къупщхьэм и хущхъуэгъуэщ».
b Притчи 12:25: «Гузэвэным цІыхум и гур екъуз, псалъэ гуапэм гукъыдэж кърет».