ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lvs пс. 11, н. 147—158
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
  • Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬМИ УИ ЩХЬЭГЪУСЭМИ НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭЩІ
  • ИЕГОВЭ ХУВИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ ФИ УНАГЪУЭР ЗЫПЭЩІЭХУЭ ГУГЪУЕХЬХЭМ ФЫПЭЛЪЭЩЫНУ
  • УИ НЭЧЫХЬЫР ЛЪАПІЭУ ЗЭРЫПЛЪЫТЭР УИ ПСАЛЪЭХЭМКІИ УИ ІУЭХУХЭМКІИ КЪЭГЪЭЛЪАГЪУЭ
  • «ЛІЫМРЭ ФЫЗЫМРЭ Я ПІЭР КЪАБЗЭУ ЩРЕТ»
  • УИ УНАГЪУЭР ДАУЭ НЭХЪ БЫДЭ ЗЭРЫПЩІЫНУР?
  • Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
lvs пс. 11, н. 147—158
ЗэщхьэгъуситІыр зэгъусэу мэпщафІэ

11-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ

ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым

«ФІылъагъуныгъэр зэи кІуэдыжынукъым» (1 КОРИНФ 13:8).

1, 2. Уи унагъуэр гугъуехь пэщІэхуамэ, абы къигъэлъагъуэрэ щхьэгъусэ тэмэм къыхомыхауэ?

НЭЧЫХЬЫР — Алыхьым и тыгъэщ. Нэчыхьым цІыхур нэхъ насыпыфІэ ищІыфынущ. Ауэ гугъуехь зэрымылъ унагъуэ щыІэкъым икІи къыпщыхъункІэ хъунущ унагъуэм илъ гугъуехьхэм зэи кІэ ямыІэну. Абы щхьэкІэ зэлІзэфызым япэм яІа лъагъуныгъэм хуэдэ ямыІэжу ялъытэнкІэ хъунущ.

2 Дэ дгъэщІэгъуэн хуейкъым иныкъуэхэм деж унагъуэм гугъуехь гуэрхэр къызэрихьэр. Гугъуехьхэм къагъэлъагъуэкъым щхьэгъусэ тэмэм къыхомыхыфауэ. Гугъуехьышхуэ пэщІэхуа зэщхьэгъусэхэми я унагъуэр нэхъ быдэ ящІын щхьэкІэ Іэмал къагъуэтыфащ. Дауэ?

АЛЫХЬМИ УИ ЩХЬЭГЪУСЭМИ НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭЩІ

3, 4. Сыт иныкъуэхэм деж унагъуэхэм къащыщІынкІэ хъунур?

3 Зэщхьэгъусэ хъуа цІыхуитІым щхьэж езым ифІэфІ, ифІэмыфІ Іуэхухэр иІэщ икІи щхьэж езым и Іуэху зехьэкІэ иІэжщ. Абы нэмыщІ зэлІзэфызыр зыщІапІыкІа хабзэхэр, къызыхэкІа лъэпкъхэр зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Зэщхьэгъусэхэм зэманрэ къару куэдрэ трагъэкІуэдэн хуейщ зым зыр нэхъыфІу къицІыхун икІи зым адрейр нэхъыфІу къыгурыІуэн щхьэкІэ.

4 Зэманыр кІуэурэ зэщхьэгъусэхэр я щхьэ Іуэхухэм дихьэхыу зэпэжыжьэ хъункІэ хъунущ. Ахэр егупсысыфынущ езы тІум я Іуэху зэхэмылъу. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуныр гъунэгъу зэхуэхъужыну?

ЗэщхьэгъуситІым зэгъусэу Библиер ядж

Унагъуэр быдэу щытын щхьэкІэ, Библием ит чэнджэщхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ

5. 1) Иеговэ и лэжьакІуэм сыт къыдэІэпыкъуфынур и щхьэгъусэм нэхъ гъунэгъу хуэхъуну? 2) Еврейхэм 13:4 ит псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, дауэ дэ нэчыхьым дызэрыхущытын хуейр?

5 Езы Иегови ди щхьэгъусэми гъунэгъу дыхуэхъуну къыддэІэпыкъуну чэнджэщыфІхэр Иеговэ къыдет (Псалом 25:4; Исаия 48:17, 18). Абы жеІэ: «Нэчыхьыр цІыху псоми ирегъэлъапІэ» (Еврейхэм 13:4). Уэ лъапІэу убжым уи дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уэ абы ухуосакъ икІи ар къызэрыгуэкІ гуэру плъытэкъым. Иеговэ хуейщ дэ ди нэчыхьым апхуэдэ дыдэу дыхущытыну.

ИЕГОВЭ ХУВИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ ФИ УНАГЪУЭР ЗЫПЭЩІЭХУЭ ГУГЪУЕХЬХЭМ ФЫПЭЛЪЭЩЫНУ

6. Иеговэ нэчыхьым зэрыхущытым теухуауэ Маттэ 19:4—6 итым сыт къыдигъащІэр?

6 Япэ унагъуэр къэзыгъэщІар Иеговэщ. Иеговэ и къуэ Хьисэ жиІауэ щытащ: «Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщІам щІэдзапІэм деж цІыхухэр „цІыхухъурэ цІыхубзу къигъэщІащ“, жиІэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? [...] „Абы къыхэкІкІэ, лІыр и адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ“, жиІэу Тхьэм зэрыжиІам феджакъэ? Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитІ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Маттэ 19:4—6). Иеговэ иІа япэ мурадым тету зэщхьэгъусэхэр игъащІэкІэ зэдэпсэун хуейт. Ар хуейт унагъуэхэр зэкъуэту, насыпыфІэу щытыну икІи я гъащІэм гуфІэгъуэ къахуихьыну.

7. Дауэ зэщхьэгъусэхэм я унагъуэр нэхъ быдэ зэращІыфыныр?

7 Ауэ нобэ зэщхьэгъусэхэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ. А гугъуехьхэр апхуэдизкІэ куэд мэхъури, абыхэм хэкІыпІэ ямыІэу икІи адэкІи зэгъусэу зэдэпсэуну Іэмал щымыІэу къащохъу. Ауэ Иеговэ нэчыхьым теухуауэ иІэ еплъыкІэр къызэрыдгурыІуэр дэ къыддэІэпыкъуфынущ (1 Иуан 5:3).

8, 9. 1) Иеговэ унагъуэм теухуауэ ищІ унафэм дапщэщ дыщытетын хуейр? 2) Ди нэчыхьыр лъапІэу зэрытлъытэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

8 Иеговэ дэ къытхуищІ унафэхэр сытым дежи сэбэп къытхуохъу. Дэ зэрытлъэгъуащи, Иеговэ къыджеІэ: «Нэчыхьыр цІыху псоми ирегъэлъапІэ» (Еврейхэм 13:4; Экклезиаст 5:4). Иеговэ къыджиІэм дытетыну гугъуми, ар дгъэзащІэу щытмэ, абы Іэмал имыІэу дифІ къикІынущ (1 Фессалоникэ 1:3; Еврейхэм 6:10).

9 Дэ ди нэчыхьыр лъапІэу долъытэри, абы ди псалъэхэмкІи ди ІуэхухэмкІи зэран дыхуэхъуну дыхуейкъым. Абы и пІэкІэ ди щхьэгъусэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ тщІыну дыхуейщ. Дауэ ар зэрытщІэфынур?

УИ НЭЧЫХЬЫР ЛЪАПІЭУ ЗЭРЫПЛЪЫТЭР УИ ПСАЛЪЭХЭМКІИ УИ ІУЭХУХЭМКІИ КЪЭГЪЭЛЪАГЪУЭ

10, 11. 1) Сыт хуэдэ гугъуехьышхуэ языныкъуэ унагъуэхэм яІэр? 2) Уи щхьэгъусэм узэрепсалъэм сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

10 Уи щхьэгъусэм Іэмал куэдкІэ и жагъуэ пщІыфынущ. Дэ дощІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щхьэгъусэм зэи еуэ зэрымыхъунур. Ауэ псалъэхэмкІэ зым зым и жагъуэ ищІыфынущ. Псалъэхэм сэ жаным хуэдэу уауІэфынущ. Зы цІыхубз гуэрым жеІэж: «Си щхьэгъусэм и псалъэхэм си гур яуІэ. Сэ си щІыфэм удын гуэр телъу плъэгъунукъым, ауэ абы увыІэгъуэ имыІэу къызжиІэ псалъэ дыджхэм си гур егъэлеяуэ хагъэщІ. Абы мыпхуэдэу къызжеІэ: „Узужэгъуащ, усхуэхьыжкъым!“ е „Уэ зыри урищІыскъым!“». Зы лІы гуэрым зэрыжиІэмкІэ, абы и фызым увыІэгъуэ имыІэу и пщІэр езыудых псалъэхэр къыжриІэрт икІи цІэ лейхэр къыхуигупсыст. Абы жеІэж: «Сэ сымыукІытэу абы къызжиІэ псори цІыхум зэхахыу схужыІэжынукъым. Си фызым жиІэхэм семыдэІуэн щхьэкІэ лэжьапІэм гувауэ сыкъокІыж. Сэ унэм сыщІэс нэхърэ лэжьапІэм сыщыІэм нэхъ къызощтэ». ЦІыхум и гур хэзыгъэщІ икІи и пщІэр езыудых псэлъэкІэм нобэ Іейуэ зиубгъуащ.

11 Зэщхьэгъусэхэм псалъэ дыджхэр зыщыжраІэм деж куэдрэ мыкІыж уІэгъэ я гум тралъхьэ. ДауикІ, Иеговэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъыну зыхуейр апхуэдэ зэхущытыкІэкъым. Ауэ уэ езым умыщІэу уи щхьэгъусэм и жагъуэ пщІыфынущ. Уэ езым уи гугъэнкІэ хъунущ уи щхьэгъусэм тэмэму ухущыту, ауэ сыт абы и гум щыщІэр? Уи псалъэ гуэрхэм уи щхьэгъусэм и гур хагъэщІу щытмэ, зыпхъуэжыну ухьэзыру пІэрэ? (Галатие 5:15; къеджэ Ефес 4:31).

12. Щхьэгъусэ зиІэ цІыхум Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм сыт зэран хуэхъуфынур?

12 НэгъуэщІхэм зэхахми зэхамыхми, уи щхьэгъусэм узэрепсалъэ щІыкІэм Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ 1 Петр 3:7.) Екъуб 1:26 итщ: «Зыгуэрым Тхьэм и фІэлІыкІ и гум илъ фІэщІу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцІэж, и динри пщІэншэщ».

ЗэщхьэгъуситІыр зэгъусэу мэпщафІэ

13. Уи щхьэгъусэм и жагъуэ сыт иджыри зыщІыфынур?

13 НэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи зэщхьэгъусэхэр зым адрейм и гум щыщІэм егупсысын хуейщ. Псалъэм папщІэ, уи щхьэгъусэм сыт и гум щыщІэнур, уи щхьэгъусэу щымыт гуэрым зэман куэд тебгъэкІуадэу щІэбдзэмэ? А Іуэхум зыри Іей хэмылъу щытми, псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр и гъусэу бгъэІуми е зыгуэркІэ удэІэпыкъуми, уи щхьэгъусэм ар и жагъуэ мыхъуну пІэрэ? Ди зы шыпхъу гуэрым жиІауэ щытащ: «Си щхьэгъусэм ди зэхуэсым щыщ шыпхъу гуэрым зэман куэд зэрытригъэкІуадэр икІи гулъытэ куэд зэрыхуищІыр Іейуэ си жагъуэ мэхъу. Сэ си лІым дежкІэ зыри срищІыскъым».

14. 1) ЩІэдзапІэ 2:24 сыт хуэдэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ ит? 2) СыткІэ дызэупщІыжын хуей?

14 Дэ Иеговэ и лэжьакІуэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ ди адэ-анэхэми, зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэми епхауэ къалэн зыбжанэ диІэщ. Ауэ дэ унагъуэ щыдухуэм деж ди щхьэгъусэр зыхуей зэрыхуэдгъэзэныр ди къалэн нэхъыщхьэ мэхъу. Иеговэ лІыр «и фызым щІыгъу» зэрыхъунур жиІащ (ЩІэдзапІэ 2:24). Ди щхьэгъусэм и гум щыщІэхэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэн хуейщ. ЗэупщІыж: «Си щхьэгъусэм хуэфащэ зэманыр тезгъэкІуадэу пІэрэ икІи абы къилэжь гулъытэр хуэсщІу пІэрэ?»

15. Унагъуэ зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я щхьэгъусэм нэмыщІ нэгъуэщІ гуэрым гъунэгъуІуэ зыхуащІыным щІыхуэсакъын хуейр сыт?

15 Уэ уи щхьэгъусэм нэмыщІ нэгъуэщІ гуэрым гъунэгъуІуэ зыхуэпщІу щытмэ, уи унагъуэр бэлыхь хыбодзэж. Уи щхьэгъусэу щымыт цІыхум уи гур кІэрыпщІэу, лъагъуныгъэ хуэпщІу щІэбдзэнкІэ хъунущ (Маттэ 5:28). Апхуэдэ гурыщІэхэм лъабжьэ быдэ ягъуэту, уи нэчыхьыр зыгъэпудыну Іуэхугъуэ уагъэщІэнкІэ хъунущ.

«ЛІЫМРЭ ФЫЗЫМРЭ Я ПІЭР КЪАБЗЭУ ЩРЕТ»

16. Нэчыхьым теухуауэ сыт хуэдэ унафэ Библием итыр?

16 «Нэчыхьыр цІыху псоми ирегъэлъапІэ» жыхуиІэ псалъэхэм иужь Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «ЛІымрэ фызымрэ я пІэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщІэхэр игъэкъуэншэнущ» (Еврейхэм 13:4). Мы едзыгъуэм «пІэ» псалъэм къигъэлъагъуэр зэлІзэфызыр зэрызэгъусэр аращ (Притчи 5:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Мы зи гугъу тщІы Іуэхугъуэм пщІэ зэрыхуэтщІыр икІи къабзэу тхъумэну дызэрыхуейр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

17. 1) Нобэ цІыху куэдыр зинэ щІэным дауэ зэрыхущытыр? 2) Иеговэ и лэжьакІуэхэр зинэ щІэным дауэ зэрыхущытын хуейр?

17 Нобэ цІыху куэдым зыри Іей халъагъуэкъым уи щхьэгъусэм уепцІыжыным. Ауэ дэ мы дунейм къыщекІуэкІ гупсысэкІэр зыхэтлъхьэ хъунукъым. Иеговэ наІуэу дегъэлъагъу зинэ щІэныр абы илъагъу зэрымыхъур. (Къеджэ Рим 12:9; Еврейхэм 10:31; 12:29.) Уи щхьэгъусэу щымыт гуэрым уригъусэмэ, уи нэчыхьыр Иеговэ и пащхьэм мыкъабзэ щохъу. Абы къигъэлъэгъуэнут Иеговэ и хабзэхэм пщІэ зэрыхуэдмыщІыр икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тфІигъэкІуэдынут. Аращи, дэ зинэ щІэным дыхуэзышэфыну Іуэху лъэпкъ тщІэ хъунукъым. Апхуэдэ Іуэхухэм хохьэ нэгъуэщІ цІыхум теухуауэ гупсысэ мыхъумыщІэхэр уиІэныр (Иов 31:1).

18. 1) Зинэ щІэныр тхьэ нэпцІ гъэлъэпІэным сыткІэ ещхь? 2) Дауэ Иеговэ зинэ щІэным зэрыхущытыр?

18 Мусэ и ХабзэмкІэ зинэ щІэныр тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэным хуэдэу гуэныхь хьэлъэу щытт. ТІум щыгъуэми тезырыр зыт — цІыхур яукІт (Левит 20:2, 10). Тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэнымрэ зинэ щІэнымрэ сыткІэ зэщхьу щыта? Израил лъэпкъым щыщ цІыхум тхьэ нэпцІхэр щигъэлъапІэм деж Иеговэ хуэпэжу щытыну ирита псалъэм епцІыжу арат. Абы ещхьу зыгуэрым зинэ щищІэм деж и щхьэгъусэм ирита псалъэм епцІыжу арат (Исход 19:5, 6; Второзаконие 5:9; къеджэ Малахия 2:14a). ГурыІуэгъуэщ Иеговэ пасэрей зэманым зинэ щІэныр гуэныхьышхуэу илъытэу зэрыщытар.

19. Зинэ дымыщІэну сыт хуэдэ гупсысэ къыддэІэпыкъуныр?

19 Ди зэманым Иеговэ зинэ щІэным дапхуэдэу зэрыхущытыр? Дэ Мусэ и Хабзэм дыщІэмытми, Иеговэ зинэ щІэным зэрыхущытым зихъуэжакъым. Тхьэ нэпцІ гуэр зэи зэрымыдгъэлъэпІэным хуэдэу ди щхьэгъусэми зэи депцІыжын хуейкъым (Псалом 51:1, 4; Колоссэ 3:5). Апхуэдэ Іуэху тщІауэ щытамэ, абыкІэ дэ ди нэчыхьыр Иеговэ и пащхьэм деж мыкъабзэ щыхъунут икІи абы и напэр тетхынут (Приложение 26-нэм еплъ).

УИ УНАГЪУЭР ДАУЭ НЭХЪ БЫДЭ ЗЭРЫПЩІЫНУР?

20. Уи унагъуэр нэхъ быдэ пщІыну дауэ Іущагъыр къызэрыбдэІэпыкъуфыныр?

20 Дауэ уи унагъуэр нэхъ быдэ зэрыпщІыфынур? Алыхьым и Псалъэм итщ: «ІущыгъэкІэ яухуэри унэ лъапсэр, акъылкІэ ягъэув и лъабжьэр» (Притчи 24:3, Гъэс.). Унэр нэщІу, щІыІэу щытыфынущ е хуабэу, тыншу икІи быдэу щытыфынущ. Ар дыдэр унагъуэми теухуауэ жыпІэфынущ. Іущагъ зыхэлъ цІыхум къару ирихьэлІэнущ и унагъуэр быдэу щытын щхьэкІэ икІи абы гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ къыхуихьын щхьэкІэ.

21. Дауэ щІэныгъэхэм нэчыхьыр нэхъ быдэ зэращІыфынур?

21 А унэм теухуауэ Библием адэкІэ мыпхуэдэу итщ: «ЩІэныгъэм и фІыгъэкІэ унэ кІуэцІым хъугъуэфІыгъуэ лъапІэхэр щІэз мэхъу» (Притчи 24:4). Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэхэм уи нэчыхьыр нэхъ быдэ ящІыфынущ (Рим 12:2; Филиппи 1:9). Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэгъусэу Библиемрэ ди публикациехэмрэ фыщеджэм деж къафщІэр къызэрывгъэсэбэп хъуным фытепсэлъыхь. Лъагъуныгъэ, пщІэ, гулъытэ зэрывгъэлъэгъуэн Іэмал къэфлъыхъуэ. Иеговэ елъэІу къыбдэІэпыкъуну уи унагъуэр нэхъ быдэ пщІын икІи уи щхьэгъусэм нэхъыфІыжу укъилъагъуфын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэну (Притчи 15:16, 17; 1 Петр 1:7).

ЗэщхьэгъуситІым Библиер зэгъусэу яджын ипэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэ

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ Библиер щывджым деж Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу

22. Сыт лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу ди щхьэгъусэм дыщІыхущытын хуейр?

22 Дэ ди къарум къызэрихькІэ дыхущІэкъун хуейщ лъагъуныгъэрэ, пщІэрэ хэлъу ди щхьэгъусэм дыхущытыну. Апхуэдэу дыщытмэ, ди нэчыхьыр нэхъ быдэж хъунущ. ИкІи, псом нэхърэ нэхъапэращи, Иеговэ и гур дгъэгуфІэнущ (Псалом 147:11; Рим 12:10).

a Малахия 2:14: «Фэ жывоІэ: „Сыт щхьэкІэ?“ Уи щІалэгъуэм къэпша уи фызымрэ уэрэ Иеговэ фи щыхьэтщ, абы уэ уепцІыжащ, ар уи щхьэгъусэу икІи нэчыхь зыхуэптха уи фызу щыт пэтми».

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПХЭР

1. ДЭ ДИ НЭЧЫХЬЫМ ИЕГОВЭ ИГЪЭЛЪЭПІЭФЫНУЩ

«ФІылъагъуныгъэр зэи кІуэдыжынукъым» (1 Коринф 13:8)

Ди унагъуэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъуфынур?

  • Экклезиаст 5:4; Маттэ 19:4—6

    Гугъуехь гуэр зэрымылъ унагъуэ щыІэкъым, ауэ а гугъуехьхэм щхьэкІэ уи нэчыхьыр пкъутэжыну умыпІащІэ.

  • Псалом 25:4; Исаия 48:17, 18; Маттэ 6:33, 34

    Зэщхьэгъусэхэм Иеговэ гъунэгъу зыхуащІу щытмэ, я унагъуэр нэхъ быдэ хъуфынущ.

2. ДИ ПСЭЛЪЭКІЭМРЭ ДИ ІУЭХУЩІАФЭХЭМРЭ ДИ УНАГЪУЭМ Е СЭБЭП Е ЗЭРАН ХУЭХЪУФЫНУЩ

«ТІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдзапІэ 2:24)

Уи щхьэгъусэм псалъэкІэ и жагъуэ умыщІын щхьэкІэ, сыт пщІэн хуейр?

  • Маттэ 5:28; Ефес 4:31

    Уи гупсысэхэр къабзэу щыгъэт, уи щхьэгъусэм хуэпэжу укъэнэн щхьэкІэ. Уи щхьэгъусэм и гум щыщІэхэр къызэрыпщІэным иужь ит. Абы зыгуэркІэ и жагъуэ зэрыпщІыр къапщІэу щытмэ, зыпхъуэжыну хьэзыру щыт.

  • Галатие 5:15

    Ди щхьэгъусэм деуэну икІи псалъэкІэ и жагъуэ тщІыну дыхуейкъым. Псалъэ дыджхэм унагъуэр зэтракъутэ.

  • Притчи 5:18, Гъэс.; Еврейхэм 13:4

    Иеговэ зинэ щІэныр гуэныхь хьэлъэу къелъытэ. Дэ ди щхьэгъусэм хуэпэжу дыхущытыну дыхущІэкъун икІи ди нэчыхьыр лъапІэу тлъытэн хуейщ. Дэ Иегови ди щхьэгъусэри дгъэпудыну дыхуейкъым.

3. УЭ УИ УНАГЪУЭР НЭХЪ БЫДЭ ПЩІЫФЫНУЩ

«ІущыгъэкІэ яухуэ унэ лъапсэр» (Притчи 24:3; Гъэс.)

Уи унагъуэр быдэу икІи насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, сыт уэ пщІэфынур?

  • Притчи 24:4; Маттэ 6:14, 15; Рим 12:2; 1 Петр 3:1

    Уи щхьэгъусэм уепсэлъэн щхьэкІэ зэман къыдэгъэкІ икІи лъагъуныгъэ, пщІэ хэлъу хущыт. Абы уи жагъуэ ищІмэ, псынщІэу зэрыхуэбгъэгъуным и ужь ит.

  • Притчи 14:1; 31:29, Гъэс.; Филиппи 1:9; 2:4; 1 Петр 3:7

    Нэхъ щхьэгъусэфІ ухъун щхьэкІэ Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Уи щхьэгъусэм и гуапэ зэрыпщІын Іэмал къэлъыхъуэ, щабэу, гулъытэ пхэлъу хущыт.

  • Рим 12:10; 1 Петр 4:8

    Уи щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэпщІыр икІи лъапІэу зэрыплъытэр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкІэ пхузэфІэкІыр пщІэмэ, уи унагъуэр нэхъ быдэ хъунущ икІи Иеговэ и гур бгъэгуфІэнущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын