13 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Хьисэ щІылъэм къакІуэри гуэныхьыщІэ цІыхухэм щхьэкІэ и псэр итащ. Хьисэ лІами, ар дунейм текІуащ икІи Иеговэ хуэпэжу къыхуэнащ. Иегови абы зэрыхуэпэжыр къигъэлъэгъуащ Хьисэ лІахэм къазэрыхигъэтэджыкІыжамкІэ. Хьисэ псэуху Іэдэбагъ хэлъу цІыхухэм ядэІэпыкъуащ икІи абыхэм я щыуагъэхэри яхуигъэгъуащ. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь и гъэсэнхэм я деж къакІуэри, абыхэм къалэн яритар зарагъэзэщІэн хуей щІыкІэр къагуригъэІуащ. Ноби а къалэныр дэри зэрыдгъэзащІэр уи сабийм къыгурыгъаІуэ.