11 ПСАЛЪАЩХЬЭР
Апхуэдиз гузэвэгъуэ щІыщыІэр сыт?
1, 2. Сыт цІыху куэдыр зыгъэгузавэр?
ЩІЫР хуабжьу мэхъейри къалэ псор зэтрекъутэ. ЩІэпхъаджащІэм Іэщэ иІыгъыу тыкуэнышхуэм щІохьэри абы щІэтхэр зэтреукІэ. Сабиитху зиІэ анэр лышхым йолІыкІ.
2 Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм теухуауэ цІыхухэм щызэхахым деж «Сыт ар къыщІэхъуар?» жаІэу щІоупщІэ. Мы дунейм апхуэдиз залымыгъэрэ гузэвэгъуэрэ щІыщыІэм цІыху куэдыр егъэгузавэ. Уэри абы уигъэгузавэу къыщІэкІынщ.
3, 4. 1) Аввакум Иеговэ сыт хуэдэ упщІэхэр ирита? 2) Иеговэ сыт хуэдэ жэуап абы къритыжар?
3 Библием къызэриІуатэмкІэ, Алыхьыр быдэу зи фІэщ хъууэ щыта цІыхухэри апхуэдэ упщІэхэм игъэгузавэт. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Аввакум Иеговэ еупщІт: «Іейр щІэзбгъэлъагъур сыт икІи насыпыншагъэм ущІеплъыр сыт? ХъунщІэнымрэ лей зехьэнымрэ си пащхьэм щхьэ ит? ЗэгурымыІуэныгъэмрэ зэщыхьэныгъэмрэ щхьэ щыІэ?» (Аввакум 1:3).
4 Иеговэ бегъымбарым иритыжа жэуапыр Аввакум 2:2, 3 итщ. Абы нэмыщІ Алыхьым Аввакум къигъэгугъащ Іуэхур фІыкІэ зэрихъуэкІыну. Библием жеІэ Иеговэ цІыхухэр егъэлеяуэ фІыуэ зэрилъагъур. «Абы и нэІэ къыфтригъэтщ»,— щыжыІащ Тхыгъэ ЛъапІэм (1 Петр 5:7). Пэжыр жыпІэмэ, Іеймрэ лей зехьэнымрэ дэ хуэтщІ гущыкІым нэхърэ нэхъыбэ Алыхьым хуещІ. Апхуэдэу щытмэ, апхуэдиз гузэвэгъуэ щІыщыІэр сыт? Жэуапыр Библием къыщыдогъуэт.
ЦІЫХУХЭМ ГУЗЭВЭГЪУЭ КЪАЩІЫЛЪЫСЫР СЫТ?
5. Насыпыншагъэ къыщыхъум деж, сыт дин пашэ куэдым жаІэр? Абы теухуауэ Библием сыт жиІэр?
5 Дин пашэ куэдым жаІэ цІыхухэм яшэч хьэзабыр Алыхь Іэмыру. НэгъуэщІхэм зэрыжаІэмкІэ, Алыхьым цІыхум къыщыщІыну псор и натІэм иретхэ, насыпыншагъэхэри абы хэту, икІи цІыхум зэи къыхуэщІэнукъым къыщыщІам и щхьэусыгъуэр. ЦІыху балигъыр е сабийр щылІэм деж, «Алыхьыр абы хуэныкъуэти, уафэм ар дришеижащ» жызыІэхэри щыІэщ. Ауэ а псор пцІыщ. Иеговэ насыпыншагъэ зэи къыбгъэдэкІкъым. Библием щыжыІащ: «Алыхь пэжым зэи хабзэншагъэ хуэщІэнукъым икІи лъэкІыныгъэшхуэ зиІэм лей зэрихьэнукъым!» (Иов 34:10).
6. Гузэвэгъуэ къэхъухэмкІэ Алыхьыр къуаншэу цІыху куэдым сыт щІагугъэр?
6 ЦІыху куэдым я гугъэщ гузэвэгъуэ къэхъухэмкІэ Алыхьыр къуаншэу. Абыхэм зэралъытэмкІэ, мы дунейр зи ІэмыщІэ илъыр Алыхьыращ. Ауэ, 3-нэ псалъащхьэм къызэрыщытщІащи, дунейр зи ІэмыщІэ илъыр ШейтІаныращ.
7, 8. Сыт мы дунейм апхуэдиз насыпыншагъэ къыщІэхъур?
7 Библием зэрыжиІэмкІэ, «дуней псор шейтІаным и ІэмыщІэ» илъщ (1 Иуан 5:19). Мы дунейм и тепщэ ШейтІан Иблисыр егъэлеяуэ гущІэгъуншэщ. «ЩІылъэм тет цІыху псори дэзышэхыр аращ» (Апокалипсис 12:9). Иблисым и ягъэкІэ цІыху куэдыр езым хуэдэу гущІэгъуншэ хъуащ. Мы дунейм апхуэдиз пцІы, лъагъумыхъуныгъэ, залымыгъэ щІыщыІэм ар и зы щхьэусыгъуэщ.
8 Ауэ абы нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри иІэщ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым щыпэщІэувам гуэныхьщІакІуэ хъури, я щІэблэм гуэныхьыр иратащ. Насыпыншагъэхэр щІыщыІэм гуэныхьыр иджыри и зы щхьэусыгъуэщ. ЦІыхухэм гуэныхь зэрахэлъым щхьэкІэ зозауэ, зым адрейм лей къытрегъэхьэ, тепщэныгъэр къызылъысыным теухуауэ зоныкъуэкъу икІи зэпеуэныр я хьэлщ (Экклезиаст 4:1; 8:9). Насыпыншагъэхэм иджыри щхьэусыгъуэ хуохъу «зэманымрэ къэхъукъащІэмрэ» (Экклезиаст 9:11). Сыт абы къикІыр? ЦІыхур ирихьэлІэфынущ имызэману езым емылъыта Іуэхугъуэ гуэрым.
9. Сыт къэзыгъэлъагъуэр Алыхьым ди гугъуехьхэр щІыщигъэІэм щхьэусыгъуэ зэриІэн хуейр?
9 Иеговэ цІыхухэм насыпыншагъэ ярищІылІэкъым. ЦІыхухэр щІызэзауэм, щІэпхъаджагъэ щІызэрахьэм, зым адрейм лей къыщІытригъэхьэм Иеговэ и ягъэ хэлъкъым. Абы нэмыщІ щІы хъеиныр, борэнышхуэхэр, псыдзэхэр икІи нэгъуэщІ гузэвэгъуэ къэхъухэр Алыхьым къыбгъэдэкІкъым. Ауэ уэ мыпхуэдэ упщІэм уигъэгузэвэнкІэ хъунущ: «Иеговэ псори хузэфІэкІмэ, щхьэ Іей псом кІэ иримытрэ?» Алыхьым егъэлеяуэ фІыуэ дыкъилъагъуу Библием жеІэ. Абы къегъэлъагъуэ Алыхьым ди гугъуехьхэр щІыщигъэІэм щхьэусыгъуэ зэриІэн хуейр (1 Иуан 4:8).
АЛЫХЬЫМ ДИ ГУГЪУЕХЬХЭР ЩІЫЩИГЪЭІЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР СЫТ?
10. Иеговэ теухуауэ ШейтІаным сыт жиІар?
10 ШейтІаным Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм къыщигъэпцІащ. Иблисым жиІащ Иеговэ тепщэ мыхьэнэншэу икІи абы цІыхухэм фІы гуэр ящибзыщІу. ШейтІаным Іэдэмрэ Хьэуарэ я фІэщ ищІыну хуейт Алыхьым нэхърэ езыр нэхъ тепщэфІ хуэдэу икІи цІыхухэр Иеговэ хэмыту псэуфыну (ЩІэдзапІэ 3:2—5; 27-нэ Приложением еплъ).
11. Сыт хуэдэ упщІэм и жэуап тщІэн хуейр?
11 Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ и жыІэм щІэкІри, я щІыб абы хуагъэзащ. Іеймрэ фІымрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІыфыну къащыхъуащ абыхэм. Ахэр зэрыщыуэр икІи Алыхьым нэмыщІ зыми нэгъуэщІым цІыхухэр насыпыфІэ зэримыщІыфынур дауэт Иеговэ зэригъэлъэгъуэфынур?
12, 13. 1) Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ занщІэу щІимыгъэкІуэдыжар сыт? 2) ШейтІаныр дунейм и тепщэ хъуну, абы нэмыщІ цІыхухэм я къэралыгъуэхэр яухуэжыну Иеговэ сыт хуит щІищІар?
12 Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ занщІэу игъэкІуэдыжакъым, атІэ абыхэм щІэблэ къащІэхъуэну хуит ищІащ. Іэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэм къыхахыну хуитт хэт и тепщэныгъэм щІэтынуми. Иеговэ и мурадщ жыІэдаІуэ цІыху дагъуэншэхэр щІылъэм щыпсэуну икІи а мурадыр гъэзэщІа хъунущ, Иблисыр абы зэран хуэхъуну дапхуэдиз къару иримыхьэлІами (ЩІэдзапІэ 1:28; Исаия 55:10, 11).
13 Мелуан бжыгъэ хъу мелыІычхэм зэхахыу ШейтІаным Иеговэ пцІы трилъхьащ (Иов 38:7; Даниил 7:10). Иблисым жиІар пэжрэ пцІырэ зэхэгъэкІа хъун щхьэкІэ Иеговэ абы зэман иритащ. Алыхьым цІыхухэми зэман яритащ ШейтІаным и лъабжьэ щІэту езыхэм я къэралыгъуэхэр зэрагъэпэщыну. Абы къигъэлъэгъуэнут Алыхьыр хэмыту ахэр нэхъыфІу псэуфынрэ мыпсэуфынрэ.
14. Сыт зэманым къигъэлъэгъуар?
14 Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ цІыхухэм я щхьэм унафэ хуащІыжу псэуну иужь итщ, ауэ иджыри къыздэсым абы фІы кърикІуакъым. Зэманым къигъэлъэгъуащ Иблисыр зэрыпцІыупсыр икІи Алыхьыр хэмыту езы цІыхухэм я щхьэм унафэ пэж зэрыхуамыщІыжыфынур. Абы теухуауэ бегъымбар Иеремие итхат: «Уэ Иеговэ, сощІэ цІыхур и гъуэгум зэрыхуимытыр. ЦІыху кІуэм и лъэр иунэтІыну хузэфІэкІкъым» (Иеремия 10:23).
ИЕГОВЭ ЩХЬЭ АПХУЭДИЗ ЗЭМАН ИРИТА?
15, 16. 1) ЦІыхухэм апхуэдизрэ хьэзаб яшэчыну щхьэ Иеговэ хуит ищІа? 2) ШейтІаным и тепщэныгъэм къихь гугъуехьхэр Иеговэ щхьэ Іуимыхрэ?
15 ЦІыхухэм апхуэдизрэ хьэзаб яшэчыну щхьэ Иеговэ хуит ищІа? Щхьэ абы ди гугъуехьхэм кІэ иримытрэ? ШейтІаным и тепщэныгъэм ехъулІэныгъэ лъэпкъ зэримыІэнур псом я дежкІэ наІуэ хъун хуейт икІи абы щхьэкІэ зэман дэкІын хуейт. ЦІыхухэр тепщэныгъэ зэмылІэужьыгъуэхэм еплъащ, ауэ абыхэм ехъулІэныгъэ къахуихьакъым. Наукэмрэ техникэмрэ ефІакІуэми, мы дунейм хабзэншагъэр, тхьэмыщкІагъэр, щІэпхъаджагъэр, зауэхэр кІуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. ГурыІуэгъуэщ: Алыхьыр хэмыту насып къахуэзыхь унафэ тэмэм цІыхухэм я щхьэм хуащІыжыфкъым.
16 ШейтІаным и тепщэныгъэм къихь гугъуехьхэр Иеговэ щхьэ Іуимыхрэ? Иеговэ ахэр Іуихмэ, ар Иблисым дэІэпыкъу хуэдэу мэхъу икІи абы щыгъуэ цІыхухэм къащыхъунут езыхэм я щхьэм унафэ фІыуэ хуащІыжыфу. ТІум щыгъуэми Алыхьым пцІым и лъэныкъуэр иубыд хуэдэу хъунут. Ауэ апхуэдэ зэи къэхъуфынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым зэи пцІы къыбгъэдэкІкъым (Еврейхэм 6:18).
17, 18. ШейтІаным къытхуихьа гугъуехьхэр дауэ Иеговэ зэрыІуихыжынур?
17 Иблисымрэ цІыхухэм я жыІэмыдаІуэныгъэмрэ къихьа гугъуехьхэр Иеговэ Іуихыфыну пІэрэ? Іуихыфынущ, Иеговэ хузэфІэмыкІын зыри щыІэкъым. ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр наІуэ дыдэ хъуа иужь, Иеговэ ди гугъуехьхэм кІэ иритынущ. Иеговэ мурад ищІам тету щІылъэр жэнэт ищІыжынущ. «Кхъэм щІэлъ псори» къэтэджыжынущ (Иуан 5:28, 29). Узыфэхэмрэ лІэныгъэмрэ щыІэжынукъым. Хьисэ «шейтІаным и Іуэхухэр игъэкІуэдынущ» икІи Иблисым цІыхухэм и зэран екІар Іуихынущ (1 Иуан 3:8). Ауэ зэкІэ Иеговэ шыІэныгъэ егъэлъагъуэ, цІыхухэм абы теухуауэ къащІэу и лъэныкъуэр яубыдыну Іэмал яІэн щхьэкІэ! (Къеджэ 2 Петр 3:9, 10.) Нобэ ди гъащІэм гугъуехь хэмыту къанэкъым, ауэ абыхэм дапэлъэщыну Иеговэ къару къыдитынущ. (Къеджэ 1 Коринф 10:13.)
18 Иеговэ и тепщэныгъэм дыщІэтыну дыхигъэзыхькъым. Абы тыгъэ лъапІэ къыдитащ — ар ди хуитыныгъэращ. А тыгъэм нэхъыбэу адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.
СЫТ УЭ ПЩІЭНУР?
19. Сыт хуэдэ тыгъэ Иеговэ цІыхухэм яритар? А тыгъэр фІыщІэ щІэтщІын хуейр сыт?
19 Псэущхьэхэм елъытауэ дэ хуитыныгъэ диІэщ. А тыгъэм Іэмал къыдет дызэрыпсэуным теухуауэ ди щхьэм унафэ хуэтщІыжыну (Притчи 30:24). Ди гъащІэмкІэ Иеговэ арэзы тщІыуэ дыпсэуфынущ. ГъущІ машинэм хуэдэу программэ гуэрым дытету дыпсэукъым дэ. Иеговэ хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну. Аращ сыт хуэдэ цІыхуу дыщытынуми, хэт ныбжьэгъу тщІынуми, ди гъащІэр сытым тедгъэкІуэдэнуми унафэ тщІыну Алыхьым хуит дыщІищІар.
20, 21. ГъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІыр сыт хуэдэ?
20 Иеговэ хуейщ дэ ар фІыуэ тлъагъуну (Маттэ 22:37, 38). Зыми химыгъэзыхьу, езым и гум къыбгъэдэкІыу «Сэ уэ фІыуэ узолъагъу» жиІэу сабийм и адэм жриІэмэ, адэм и дежкІэ ар насыпщ. Иеговэ апхуэдэ адэм ещхьщ икІи езыр фІыуэ тлъагъуну дыхигъэзыхькъым. Абы дыхуэлэжьэнрэ дыхуэмылэжьэнрэ дэ езым унафэ тщІыну дыхуитщ. Иблис, Іэдэм, Хьэуа сымэ унафэ ящІащ Алыхьым жиІэм емыдэІуэну. Ауэ уэ сыт пщІэнур?
21 ГъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІыр къыхэх — Иеговэ хуэлэжьэн щІэдзэ! А гъуэгум цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ теуващ Алыхьыр мэгуфІэ, ахэр ШейтІаным хуэмылажьэу езым и лъэныкъуэр зэраубыдам щхьэкІэ. (Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр). ДунеищІэм гугъуехьхэр щымыІэжыну Иеговэ дыкъегъэгугъэ. А зэманыр плъэгъун щхьэкІэ, сыт уэ пщІэн хуейр? КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм абы дытепсэлъыхьынщ.