12 ПСАЛЪАЩХЬЭР
Алыхьым и ныбжьэгъу дауэ дызэрыхъуфынур?
1, 2. Хэт сымэ Иеговэ и ныбжьэгъуу щытахэр?
ХЭТЫТ уэ ныбжьэгъу пщІынур? ДауикІ, ар уигу ирихь, узигъусэну уфІэфІ гуэр хъунщ. Уэ лъапІэу болъытэ абы хэлъ хьэл-щэныфІхэр.
2 ЦІыхур Иеговэ и ныбжьэгъу хъуфынущ. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъут (Исаия 41:8; Екъуб 2:23). Даути Иеговэ фІыуэ илъагъут икІи езы Иеговэ абы теухуауэ жиІащ: «Даутыр си гум ирихь цІыхуу къэзгъуэтащ» (Апостолхэм 13:22). Абы нэмыщІ Иеговэ бегъымбар Даниил «цІыху лъапІэкІэ» еджащ (Даниил 9:23).
3. Ибрэхьим, Даут, Даниил сымэ Иеговэ и ныбжьэгъуу щІибжыр сытыт?
3 Ибрэхьим, Даут, Даниил сымэ Иеговэ и ныбжьэгъуу щІибжыр сытыт? Абыхэм Іэдэбагъ яхэлът икІи ахэр Алыхьым жиІэм едаІуэт. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Ибрэхьим жриІащ: «Си псалъэр бгъэзэщІащ» (ЩІэдзапІэ 22:18, ДЩІ). Лъэпкъ псо нэгъуни Алыхьым и ныбжьэгъу хъуфынущ. Иеговэ израил лъэпкъым жриІат: «ЖысІэм федаІуи, сэ фи Алыхь сыхъунущ, икІи фэ си лъэпкъ фыхъунущ» (Иеремия 7:23). Уэри Иеговэ и ныбжьэгъу ухъуну ухуеймэ, абы жиІэм уедэІуэн хуейщ.
ИЕГОВЭ И НЫБЖЬЭГЪУХЭР КЪЕХЪУМЭ
4, 5. Дапхуэдэу Иеговэ и ныбжьэгъухэр къызэрихъумэр?
4 «Иеговэ щІылъэ псор къеплъыхь, и къарумкІэ зи гур етауэ хуэлажьэхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ»,— щыжыІащ Библием (2 Летопись 16:9). Иеговэ и ныбжьэгъухэм яхуищІэнум теухуауэ Псалом 32:8 щыжыІащ: «ЗэхэщІыкІ уэстынущ, узрикІуэн хуей гъуэгум утезгъэувэнущ. Чэнджэщ уэстынущ икІи сыпкІэлъыплъынущ».
5 Иеговэ жагъуэгъу иІэщ икІи а жагъуэгъум лъэкІ къигъанэкъым Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъун щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ хуейщ абы дыщихъумэну. (Къеджэ 1 Петр 5:7.) Дэ Иеговэ ди ныбжьэгъущи, абы гурэ псэкІэ дыхуэлэжьэну дыхущІокъу. Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуэми, абы хуэпэжу дыкъонэ. Библием итщ: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦІыхухэм сыт къызащІэфынур?» (Еврейхэм 13:6; Псалом 63:8). Дэри шэч къытетхьэкъым Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум. Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъун щхьэкІэ ШейтІаным сыт ищІэр?
ИБЛИСЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ПЦІЫР
6. Иблисым цІыхухэм сыт хуэдэ пцІы ятрилъхьар?
6 Мы тхылъым, 11-нэ псалъащхьэм къыщытщІащ Иблисыр Иеговэ зэрыпэщІэувар икІи Алыхьыр пцІыупсу, захуагъэ хэмылъу абы зэрыжиІар. ШейтІаным жиІащ Иеговэ хуит ищІын хуеяуэ Іэдэмрэ Хьэуарэ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІыну. Ауэ езы Алыхьым нэмыщІ, абы и ныбжьэгъухэри Иблисым игъэкъуэншащ. Дапхуэдэу? ШейтІаным жиІащ цІыхухэм Иеговэ фІыуэ ямылъагъуу, атІэ абы зыгуэр къыпахын щхьэкІэ хуэлажьэу. Уеблэмэ, дэтхэнэ зыри Алыхьым хуэмылэжьэжу ищІыфыну жиІащ Иблисым. А гупсысэр Алыхьым и лэжьакІуэ Іэиуб къыщыщІам къыхощ икІи абы и щапхъэм сытым дыхуригъасэми къыкІэлъыкІуэ абзацхэм къыщытщІэнщ.
7, 8. 1) Дауэт Иеговэ Іэиуб зэрыхущытыр? 2) Иблисым Іэиуб сыт хужиІар?
7 Іэиуб цІыхуфІу щытащ. Ар псэуащ илъэс 3 600-рэ хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ. Абы хуэдэ цІыху а зэманым дунейм темытауэ Иеговэ жиІащ. Іэиуб Алыхьым пщІэшхуэ хуищІт икІи Іейр илъагъу хъутэкъым (Иов 1:8). Иеговэ ар и ныбжьэгъуу ибжт.
8 Иблисым жиІащ, Іэиуб и фейдэ къилъыхъуэу Алыхьым хуэлажьэ хуэдэу. ШейтІаным Иеговэ жриІащ: «Уэракъэ ар сыт и лъэныкъуэкІи къэзыхъумэр, и унэри, иІэу хъуари? И Іэм къилэжьым берычэт хэплъхьащ, и хъушэхэр щІылъэм тез хъуащ. Ауэ, кхъыІэ, уи Іэр шии абы иІэ псом лъэІэсыт,— ар уэ къомыбгыну пІэрэ?» (Иов 1:10, 11).
9. Иеговэ Иблисым ищІэну хуидар сыт?
9 Аращи, Иблисым жиІащ, Іэиуб и фейдэ щхьэкІэ Алыхьым хуэлажьэ хуэдэу. ШейтІаным жиІащ Іэиуб Иеговэ хуэмылэжьэжу ищІыфыну. Іэиуб и пэжагъым Иеговэ шэч къытримыхьэми, Иблисыр хуит ищІащ а лІыр игъэунэхуну. АбыкІэ наІуэ хъунут Іэиуб Иеговэ фІыуэ илъагъурэ имылъагъурэ.
ШЕЙТІАНЫМ ІЭИУБ ХЬЭЗАБ ТРЕЛЪХЬЭ
10. Іэиуб сыт хуэдэ гузэвэгъуэхэр къылъэІэса икІи сыт абы ищІар?
10 ЯпэщІыкІэ ШейтІаным Іэиуб и Іэщыр трихащ: языныкъуэхэр ядыгъуащ, адрейхэр мафІэм исащ. Абы нэмыщІ и унэІутхэри яукІащ. Къапщтэмэ, Іэиуб иІа псори фІэкІуэдащ. Ауэ Иблисыр абыкІэ къэувыІакъым — абы Іэиуб и бынипщІыр иукІащ. А псом емылъытауэ, Іэиуб Иеговэ хуэпэжу къэнащ. Библием жеІэ: «А псом Іэиуб гуэныхь къыщихьакъым икІи Алыхьым мыхъун хужиІакъым» (Иов 1:12—19, 22).
Іэиуб игъэлъэгъуа пэжагъым щхьэкІэ Алыхьым абы тыгъэшхуэхэр хуищІащ
11. 1) Сыт хуэдэ гугъуехь Іэиуб иджыри зыпэщІэхуар? 2) Сыт абы ищІар?
11 Ауэ ШейтІаным а псор фІэмащІэу, Иеговэ жриІащ: «Уи Іэр шии, и къупщхьэхэмрэ и пкъымрэ уи Іэр лъэгъэІэсыт — къомыбгыну пІэрэ уэ ар итІанэ?» Иблисым Іэиуб узыфэ шынагъуэ къыхуигъэкІуащ (Иов 2:5, 7). Абы щыгъуи Іэиуб Иеговэ епцІыжакъым. Абы жиІащ: «СылІэху сызытет пэжым сытекІынукъым!» (Иов 27:5).
12. Иблис зэрыпцІыупсыр дауэ Іэиуб наІуэ зэрищІар?
12 Іэиуб ищІэтэкъым и гугъуехьхэр къызыбгъэдэкІыр зэры-Иблисыр. ШейтІаным абы пцІы къызэрытрилъхьами зыри хищІыкІтэкъым. Іэиуб и гугъэт насыпыншагъэ къылъысахэр Иеговэ къыбгъэдэкІыу (Иов 6:4; 16:11—14). Абы емылъытауэ, ар Алыхьым хуэпэжу къэнащ. АбыкІэ наІуэ хъуащ Іэиуб лъагъуныгъэм къыхэкІыу Алыхьым зэрыхуэлажьэр. Иблис Іэиуб хужиІа псори пцІыуэ къыщІэкІащ.
13. Іэиуб Иеговэ хуэпэжу къызэрынам сыт наІуэ ищІар?
13 Алыхьымрэ Иблисымрэ зэрызэпсэлъам Іэиуб щымыгъуазэми, ар Иеговэ хуэпэжу къанэри, ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІигъэщащ. Пэжагъ игъэлъэгъуам щхьэкІэ Іэиуб Иеговэ и нэфІ щыхуащ (Иов 42:12—17).
ШЕЙТІАНЫМ УЭРИ УЕГЪЭКЪУАНШЭ
14, 15. Уэ птеухуауэ ШейтІаным сыт жиІэр?
14 Іэиуб къыщыщІам сыт хуэдэ дерс дэ къыхэтхыр? ШейтІаным зэрыжиІэмкІэ, дэ Иеговэ дыщІыхуэлажьэр абы зыгуэр къыпытхын щхьэкІэщ. «И гъащІэм щхьэкІэ цІыхум сытри итыфынущ»,— жиІащ Иблисым (Иов 2:4). «ЦІыхум» жиІэу ШейтІаным къигъэсэбэпа псалъэм Иеговэ и лэжьакІуэ псори хеубыдэ. Иблисым жеІэ ди фейдэ щхьэкІэ Алыхьым дыхуэлажьэу. Іэиуб зэрыщымыІэжрэ илъэс куэд дэкІами, ШейтІаным Иегови абы и лэжьакІуэхэми увыІэгъуэ имыІэу пцІы ятрелъхьэ. Аращ Иеговэ къыщІыдэлъэІур: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ, сигу хэгъахъуэ, сщІэнущ мис итІанэ жесІэнур сызижагъуэм» (Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр).
15 Иеговэ и ныбжьэгъу ухъурэ, абы ухуэжыІэдаІуэмэ, уэ наІуэ пщІынущ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр. Уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хэплъхьэн хуей хъуми, зэи ухущІегъуэжынукъым Иеговэ и ныбжьэгъу ухъуну мурад зэрыпщІам! Апхуэдэ унафэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иблисым жиІащ уэ гугъуехьхэм урихьэлІэмэ Алыхьым уепцІыжыну. ШейтІаным сыт ищІэр дэ Алыхьым дригъэпцІыжын щхьэкІэ?
16. 1) Алыхьым дыхуэмылэжьэн щхьэкІэ ШейтІаным сыт ищІэр? 2) Сыт абы ищІэнкІэ хъунур уэ зэран къыпхуэхъун щхьэкІэ?
16 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъун щхьэкІэ Иблисым Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, ШейтІаным «зыІуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу» (1 Петр 5:8). Дапхуэдэу ар абы зэрищІэр? Уи ныбжьэгъухэр е уи благъэхэр зэран къыпхуэхъункІэ хъунущ Библиер бджыну икІи Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу упсэуну (Иуан 15:19, 20)a. Иджыри Иблисым къигъэсэбэп Іэмалхэм хохьэ пцІыр. Абы «нэхум и мелыІыч хуэдэу зегъэІу» (2 Коринф 11:14). ШейтІаным иджыри зы Іэмал иІэщ: Иеговэ дыхуэлэжьэну тхуэмыфащэ хуэдэу ди фІэщ ищІыну хэтщ (Притчи 24:10).
ИЕГОВЭ ХУЭЖЫІЭДАІУЭУ ЩЫТ
17. Сыт дэ Иеговэ дыщІедаІуэр?
17 Иеговэ и жыІэм дызэрыщІэтымкІэ наІуэ дощІ Иблисыр зэрыпцІыупсыр. Сыт къыддэІэпыкъунур Алыхьым хуэжыІэдаІуэу дыщытыну? Библием итщ: «Уи Алыхь Иеговэ уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи гъащІэм и къару псомкІи фІыуэ лъагъу» (Второзаконие 6:5). Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури аращ абы дыщІедаІуэр. Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэху, абы нэхъыбэу дедэІуэну дыхуейуэ дохъу. Апостол Иуан итхащ: «Тхьэр фІыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщІэнущ. И унафэхэри гугъукъым» (1 Иуан 5:3).
18, 19. 1) Сыт хуэдэ Іуэхухэра Иеговэ илъагъу мыхъур? 2) Дэнэ дэ щытщІэр Иеговэ тхузэфІэмыкІын зэи къызэрытхуимыгъэувыр?
18 Языныкъуэ Іуэхухэр Иеговэ ифІэфІкъым. Абыхэм теухуауэ къыщыпщІэфынущ «Иеговэ илъагъу мыхъум гущыкІ хуэщІ» жыхуиІэ рамкэм. Зэ еплъыгъуэкІэ языныкъуэ Іуэхухэм Іей хэмылъу къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ рамкэм къыщыхьа едзыгъуэхэм куууэ уегупсысмэ, уэ къыбгурыІуэнущ Иеговэ и хабзэхэм утетыным Іущагъ зэрыхэлъыр. Уэ къыбгурыІуэну къыщІэкІынщ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр зэрыхэплъхьэн хуейр. ДауикІ, ар тыншкъым. Ауэ зыпхъуэжмэ, мамырыгъэрэ гуфІэгъуэрэ уи гум илъынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и ныбжьэгъум зэрыхуэфащэм хуэдэу пщІащи (Исаия 48:17, 18). Уи гъащІэр зэрыпхъуэжыфынум шэч къытепхьэн щІыхуэмейр сыт?
19 Иеговэ тхузэфІэмыкІын зэи къытхуигъэувкъым (Второзаконие 30:11—14). Иеговэ ди ныбжьэгъущ. Дэ зэрызытцІыхужым нэхърэ нэхъыфІу абы децІыху икІи фІыуэ дыкъыгуроІуэ. ФІыуэ тхэлъри Іейуэ тхэлъри абы ещІэ (Псалом 103:14). Апостол Паул жиІащ: «Тхьэр пэжщ, флъэкІынум нэхърэ нэхъыбэ, гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху фыхуэзэну хуит ищІынукъым. Ауэ гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху гуэр фыщыхуэзэкІэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ» (1 Коринф 10:13). Иеговэ сыт щыгъуи къыддэІэпыкъунущ гъуэгу пэжым дытетыну. Алыхьым дыкъегъэгугъэ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщын щхьэкІэ къару къыдитыну (2 Коринф 4:7).
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ИЛЪАГЪУР УЭРИ ФІЫУЭ ЛЪАГЪУ
20. Иеговэ сыт хуэдэ и хьэл-щэнхэм щапхъэ тетхын хуей икІи сыт щхьэкІэ?
20 Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ абы илъагъу мыхъу Іуэхухэр къызэрыдгъанэм нэмыщІ, фІыуэ илъагъури фІыуэ тлъагъун хуейщ (Рим 12:9). Иеговэ и ныбжьэгъур зэрыщытын хуейм теухуауэ Псалом 15:1—5 итщ. (Къеджэ.) Алыхьым и ныбжьэгъухэм абы и хьэл-щэнхэм щапхъэ трах. Абыхэм «фІылъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыІэныгъэр, фІыгъуэр, гущІэгъуныгъэр, фІэщхъуныгъэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр» яхэлъщ (Галатие 5:22, 23).
21. Иеговэ ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэн щхьэкІэ сыт уэ пщІэн хуейр?
21 Апхуэдэ хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэн щхьэкІэ сыт уэ пщІэн хуейр? Зэпымыууэ Библием еджэ икІи ар куууэ джы (Исаия 30:20, 21). Апхуэдэу пщІэмэ, Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ икІи абы нэхъыбэу уедэІуэну ухуейуэ ухъунущ.
22. Сыт Иеговэ уедэІуэн щІыхуейр?
22 Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхэтлъхьэр ебгъэщхь хъунущ щыгъыныжьыр зыщытхыу щыгъыныщІэ зэрызыщыттІагъэм. Библием дыкъыхуреджэ «щэныжь бзаджэр» къэдгъанэу, «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэтшэкІыну (Колоссэ 3:9, 10). Ар тыншкъым, ауэ Иеговэ едаІуэу зи хьэл-щэнхэмрэ зи гъащІэмрэ зыхъуэж цІыхум абы къыбгъэдэкІ «тыгъэшхуэ иІэнущ» (Псалом 19:11). Аращи, Иеговэ хуэжыІэдаІуэу щыт. Уи фейдэ къыумылъыхъуэу, Алыхьыр фІыуэ зэрыплъагъум къыхэкІыу абы хуэлажьэ. Иблисыр зэрыпцІыупсыр наІуэ щІы. Абы щыгъуэ уэ Алыхьым и ныбжьэгъу ухъунущ!
a Абы къикІкъым Библиер дджыну зэран къытхуэхъу дэтхэнэ зы цІыхуми и щІыбагъым ШейтІаныр дэту. Ауэ Библием зэрыжиІэмкІэ, ШейтІаныр «мы дунейм и тхьэщ» икІи «дуней псори [абы] и ІэмыщІэ» илъщ. Абы къыхэкІкІэ дэ дгъэщІагъуэкъым Иеговэ дыхуэлэжьэнымкІэ зыгуэр зэран къызэрытхуэхъур (2 Коринф 4:4; 1 Иуан 5:19).