ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 21-нэ урокыр
  • Вефилыр сыт зищІысыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Вефилыр сыт зищІысыр?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ зэи щымыгъупщэжыну ІуэхуфІхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 21-нэ урокыр

21-НЭ УРОКЫР

Вефилыр сыт зищІысыр?

Два Свидетеля Иеговы работают в отделе художественного оформления в Вефиле

Сурэт щІыным елэжь отдел (США)

Свидетель Иеговы из вефильской типографии в Германии

Германие

Свидетель Иеговы работает в прачечной в Вефиле (Кения)

Кение

Официанты накрывают столы в вефильской столовой (Колумбия)

Колумбие

«Вефиль» жаІэу зэрадзэкІа пасэрей журт псалъэм къикІыр «Алыхьым и унэ» жиІэу аращ (ЩІэдзапІэ 28:17, 19, сноскэ). ХъыбарыфІ гъэІуным пыщІа лэжьыгъэр щрахьэкІ унэхэм а цІэр зэрахьэну хуэфащэщ. Апхуэдэ унэхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм дуней псом щаІэщ. УнафэщІ гупыр Америкэм щыІэ дунейпсо ІуэхузехьэпІэм щолажьэ икІи ар къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыІэ филиалхэм кІэлъоплъ. Вефилым щылажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэм вефиль унагъуэкІэ йоджэ. Зы унагъуэшхуэм щыщхэм хуэдэу, ахэр зэгъусэу мэпсэу, мэлажьэ, машхэ икІи абыхэм зэгъусэу Библиер ядж (Псалом 133:1).

Вефилым щылажьэхэм зым адрейм ифІ къелъыхъуэ икІи а унагъуэм хуэдэ мы дунейм теткъым. Абы щылажьэхэм Алыхьым и мурадыр гъэзэщІэнымрэ Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур гъэкІуэтэнымрэ я зэманри я къарури зэрыщыту трагъэкІуадэ (Маттэ 6:33). Абыхэм лэжьапщІэ ираткъым, ауэ зыщІэсын пэш, яшхын ерыскъы икІи пособие мащІэ ират. Дэтхэнэ зыри зы отдел гуэрым щылэжьэну ягъакІуэ. Хэти офисым, хэти пщэфІапІэм, хэти шхапІэм, хэти тхылътедзапІэм, хэти жинт щытралъхьэм щолажьэ. Языныкъуэхэр мэжьыщІэ, адрейхэм пэшхэр зэлъыІуах, къутар ящІыж икІи нэгъуэщІ лэжьыгъэхэр ягъэзащІэ.

Абыхэм я къару псори хъыбарыфІ гъэІуным епха лэжьыгъэр зэрагъэкІуэтэным трагъэкІуадэ. Дэтхэнэ зы Вефилми и къалэн нэхъыщхьэр цІыху нэхъыбэм Библием ит пэжыр лъигъэІэсыныращ. Узэджэ брошюрэр абы щыхьэт тохъуэ. Мы брошюрэр УнафэщІ гупым иригъэтха тхыгъэщ. Ар ди тхыгъэхэр зэзыдзэкІ гупхэм электроннэ пощткІэ хурагъэхьащ, иужькІэ ди тхылътедзапІэхэм щытрадзэри, 120 000-м щІигъу зэхуэсхэм хурагъэхьащ. А лэжьыгъэ псом къару езыхьэлІар хъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ езыт Вефилым и лэжьакІуэхэращ (Марк 13:10).

  • Вефилым хэт щылажьэр икІи ахэр сыт зэрыпсэур?

  • Вефилым и къалэн нэхъыщхьэр сыт?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын