20-НЭ УРОКЫР
Ди зэманым щыІэ УнафэщІ гупым ищІэр сыт?
Япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупыр
УнафэщІ гупым и письмом къоджэ
Япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым «Ерусалим дэс апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ» хыхьэт. А гупым хэт къуэшхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ икІи уафэм кІуэну гугъэ зиІэ псоми ялъэІэс унафэхэр ящІт (Апостолхэм 15:2). Унафэ ящІын ипэ, а упщІэм теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм итым хэплъэт икІи Алыхьым и къару лъапІэм къахузэІуихым тетт (Апостолхэм 15:25). Ноби Иеговэ и Щыхьэтхэр а щапхъэм тетщ.
Алыхьым унэІутыр къегъэсэбэп, и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ. УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм уафэм кІуэну гугъэ яІэщ. Абыхэм Алыхьым и Псалъэр лъапІэу ялъытэ икІи Библием ит принципхэми гъащІэми фІыуэ хащІыкІ. Ахэр тхьэмахуэ къэс зэхуос, дуней псом щыпсэу къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэм тепсэлъыхьын щхьэкІэ. Япэ лІэщІыгъуэми хуэдэу, а къуэшхэм ящІа унафэхэр письмокІэ, районым и нэхъыжьхэмкІэ е нэгъуэщІ къуэшхэмкІэ къытлъагъэІэс. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр гупсысэкІи ІуэхукІи зэкъуэтщ (Апостолхэм 16:4, 5). УнафэщІ гупым духовнэ шхыныгъуэхэр егъэхьэзыр, къуэш зэмылІэужьыгъуэхэм къалэнхэр ярет икІи хъыбарыфІ гъэІуныр егъэкІуатэ.
Алыхьым и къару лъапІэм къахузэІуихым йодаІуэ. УнафэщІ гупыр дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Иеговэрэ зэхуэсым и Нэхъыжь Хьисэрэ жаІэм йодаІуэ (1 Коринф 11:3; Ефес 5:23). А гупым щыщу зыми Алыхьым и лъэпкъым и пашэу зилъытэжкъым. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ адрей Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гъусэу ахэр «щынэр [Хьисэ] дэнэ кІуэми... кІэлъокІуэ» (Апокалипсис 14:14). УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм Алыхьым дазэрыхуелъэІур лъапІэу ялъытэ.
Япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым хэтыт хыхьэр?
Ди зэманым щыІэ УнафэщІ гупым дауэ Алыхьым и унафэр къызэрилъыхъуэр?