22-НЭ УРОКЫР
Филиалхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ щагъэзащІэр?
Соломоновы острова
Канадэ
ЮАР
Вефилым и лэжьакІуэхэр щхьэж и отделым щолажьэ. Абыхэм я лэжьыгъэр зы къэралым е къэрал зыбжанэм хъыбарыфІ гъэІунымкІэ сэбэп щохъу. Абыхэм ди тхыгъэхэр зэрадзэкІ, журналхэр традзэ, ди тхылъхэм жинт тралъхьэ, ди тхыгъэхэр здыщІэлъ складым щолажьэ, аудио-видео публикациехэр къыдагъэкІ икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ нэгъуэщІ лэжьыгъэхэр ягъэзащІэ.
Филиалым и комитетым и лъабжьэ щІэту мэлажьэ. УнафэщІ гупым филиалым и комитетым къалэн щищІащ филиалым и лэжьыгъэм кІэлъыплъыну. А комитетым хохьэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ къуэшищ е нэхъыбэ. А комитетым УнафэщІ гупым жреІэ къэралым хъыбарыфІ гъэІуныр зэрыкІуатэмрэ гугъуехь щыІэхэмрэ теухуауэ. Абы и фІыгъэкІэ УнафэщІ гупым елъагъу ди публикациехэм, зэІущІэхэм икІи конгрессхэм сыт хуэдэ темэхэр къыщыІэтын хуейми. УнафэщІ гупым и лІыкІуэхэр филиалхэм егъакІуэ. Филиалым и комитетым хыхьэхэм я лэжьыгъэр нэхъыфІу ягъэзэщІэн щхьэкІэ, а къуэшхэм абыхэм чэнджэщхэр ират (Притчи 11:14). Филиалыр зыкІэлъыплъ щІыпІэм щхьэкІэ зэІущІэ хэха ирагъэкІуэкІ. А зэІущІэм УнафэщІ гупым и лІыкІуэм гъэхьэзыра псалъэ щыжеІэ.
Филиалыр зэхуэсхэм кІэлъоплъ. Филиалым зэхуэсыщІэхэр еухуэ икІи пионерхэм, миссионерхэм, районым и нэхъыжьхэм я лэжьыгъэм кІэлъоплъ. Филиалым щылажьэхэм конгрессхэр зэрагъэпэщ, дыщызэхуэс Унэхэр яухуэ икІи ди тхыгъэхэр зэхуэсхэм хурагъэхь. ХъыбарыфІ гъэІуныр екІурэ зэтеухуауэ екІуэкІыныр филиалым и къалэн нэхъыщхьэщ (1 Коринф 14:33, 40).
Филиалхэм я комитетхэр УнафэщІ гупым дауэ зэрыдэлажьэр?
Сыт филиалхэм я къалэн нэхъыщхьэр?