18-НЭ УРОКЫР
Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж, дауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъур?
Доминиканскэ Республикэ
Японие
Гаити
Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж, ар зылъэІэса ди къуэш, ди шыпхъухэм занщІэу дадоІэпыкъу. АбыкІэ ди лъагъуныгъэр къыдогъэлъагъуэ (Иуан 13:34, 35; 1 Иуан 3:17, 18). СыткІэ дэ абыхэм дазэрыдэІэпыкъур?
МылъкукІэ дадоІэпыкъу. Япэ лІэщІыгъуэм Иудей хэкум гъаблэ къыщыхъуам щыгъуэ, къуэш, шыпхъухэр егъэлеяуэ гугъу ехьт. Ауэ Антиохие щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр абыхэм ядэІэпыкъуащ (Апостолхэм 11:27—30). Абыхэм хуэдэу, нобэ дэри гугъу ехь ди къуэш ди шыпхъухэм тхузэфІэкІымкІэ дадоІэпыкъу (2 Коринф 8:13—15).
ІуэхукІэ дадоІэпыкъу. Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуа щІыпІэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхуэсым хэтхэр зырызыххэу къалъыхъуэ, абыхэм я Іуэху зытетыр къащІэн щхьэкІэ. Гузэвэгъуэшхуэр къызылъэІэсахэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ зэрагъэпэща комитетым ерыскъыр, псы къабзэр, щыгъыныр зэрегъэзахуэ. А комитетыр кІэлъоплъ къуэш, шыпхъухэм щыпсэун унэ зэраІэным икІи дохутыр хуэныкъуэхэм зэрадэІэпыкъуным. ІэщІагъэ гуэр зиІэ Иеговэ и Щыхьэтхэр а щІыпІэхэм къокІуэри ди къуэш, ди шыпхъухэм я унэхэмрэ дыщызэхуэс Унэхэмрэ ящІыж икІи абы щхьэкІэ зыми ахъшэ къыІрахкъым. Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэрызэкъуэтым икІи фІыуэ зэрызэдэлэжьэфым и фІыгъэкІэ гузэвэгъуэшхуэ къызылъэІэсахэм псынщІэу дэІэпыкъуэгъу ягъуэт. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж, адрейхэри зыщыдгъэгъупщэкъым, абыхэм яІыгъ диным емылъытауэ (Галатие 6:10).
Я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІынымрэ гукъыдэж зэреттынымрэ иужь дитщ. Гузэвэгъуэшхуэ къызылъэІэсар псом хуэмыдэу гупсэхугъуэм хуэныкъуэщ. Апхуэдэ зэман гугъум «гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ» Иеговэ къару къыдет (2 Коринф 1:3, 4). Тхыгъэ ЛъапІэм ит гугъэ дахэмкІэ цІыхухэм дадэгуэшэну ди гуапэщ. Абы нэмыщІ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу гузэвэгъуэ псоми кІэ зэрыритынур икІи афІэкІа гуауэрэ узрэ зэрыщымыІэжынур дэ абыхэм яжыдоІэ (Апокалипсис 21:4).
Иеговэ и Щыхьэтхэр гузэвэгъуэшхуэ къызылъэІэсахэм занщІэу ядэІэпыкъуну щІахузэфІэкІыр сыт?
Гузэвэгъуэшхуэ къызылъэІэсахэм я фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрытщІыр?