19-НЭ УРОКЫР
Хэт хъуну «зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІутыр»?
Дэ духовнэ ерыскъыр лъапІэу долъытэ
ЛІэным куэд имыІэжу Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр Петр, Екъуб, Иуан, Индрис сымэ яжриІащ. Хьисэ мы дунейм и кІэухыр къызэрыкІуэнум и нэщэнэхэр яжриІа нэужь, абыхэм еупщІащ: «Хэт атІэ, зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІуту тепщэм езым и унэІутхэм унафэщІ яхуищІар, шхын и чэзум къаритын щхьэкІэ?» (Маттэ 24:3, 45; Марк 13:3, 4). «Тепщэу» щыт Хьисэ и гъэсэнхэр къигъэгугъащ мы дуней бзаджэм и кІэухым «унэІут» тригъэувэну. А унэІутым духовнэ шхыныгъуэхэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэпымыууэ яритынущ. Хэт а «унэІутым» хыхьэр?
Ар уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щыщ гуп мащІэращ. «УнэІутыр» — ар Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупыращ. Абы Иеговэ и лэжьакІуэхэм духовнэ шхыныгъуэхэр и чэзум ярет. «УнэІутыр» мыхъуамэ, «шхын и чэзум» къыдэзытын диІэнутэкъым (Лука 12:42).
Алыхьым ар унэзехьэу и унэм щытригъэуващ (1 Тимофей 3:15). Хьисэ а «унэІутым» къалэнышхуэ и пщэм дилъхьащ — щІылъэм щыІэ Иеговэ и организацэм кІэлъыплъыну. Абы хохьэ «унэІутым» мылъкур зэрызэригъэзахуэр, хъыбарыфІ гъэІуным зэрыкІэлъыплъыр, зэІущІэхэм дызэрыщигъасэр. «ЗэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІутым» духовнэ ерыскъыр публикациехэмкІэ, зэІущІэхэмкІэ икІи конгрессхэмкІэ къыдет.
«УнэІутыр» Библием ит пэжым быдэу зэрытетымкІэ икІи хъыбарыфІыр жыджэру зэригъэІумкІэ къегъэлъагъуэ абы пэжагъ зэрыхэлъыр. Абы нэмыщІ «унэІутым» зэхэщІыкІ зэриІэр къыхощ Хьисэ абы и ІэмыщІэм кърилъхьа псори Іущагъ хэлъу зэрызэригъэзахуэм (Апостолхэм 10:42). «УнэІутым» ирихьэкІ лэжьыгъэм Иеговэ берычэт хелъхьэри, зигу къабзэ цІыхухэр и организацэм кърешалІэ икІи пэрыхьэту духовнэ ерыскъыр ярет (Исаия 60:22; 65:13).
Хьисэ хэт тригъэувар духовнэ ерыскъыр и лъэужь ирикІуэхэм яритыну?
Сыт къызыхэщыр «унэІутым» пэжагърэ зэхэщІыкІрэ зэрыхэлъыр?