ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 14-нэ урокыр
  • Пионерхэм папщІэ сыт хуэдэ школхэр щыІэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Пионерхэм папщІэ сыт хуэдэ школхэр щыІэ?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • «Школа благовестников Царства» жыхуиІэм ущеджэну ухуейт?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 14-нэ урокыр

14-НЭ УРОКЫР

Пионерхэм папщІэ сыт хуэдэ школхэр щыІэ?

Полновременные служители проповедуют

Америкэ

Студенты Библейской школы Сторожевой Башни Галаад
Студенты готовятся служить миссионерами

Галаад школыр (Паттерсон, штат Нью-Йорк)

Супруги-миссионеры проповедуют в Панаме

Панамэ

Иеговэ и Щыхьэтхэм школ зэмылІэужьыгъуэхэр зэраІэр псоми ящІэ. ХъыбарыфІ гъэІуным зэман куэд тезыгъэкІуадэхэм щхьэкІэ школ хэхахэр щыІэщ. Абы и фІыгъэкІэ пионерхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр нэхъыфІу ягъэзэщІэфынущ (2 Тимофей 4:5).

Пионерхэр щеджэ школыр. Пионерыр илъэс лэжьа иужь махуихкІэ екІуэкІ школым щеджэну кърагъэблагъэ. А школыр дыщызэхуэс Унэхэм щекІуэкІ хабзэщ. Пионерыр а школым сыт щІеджэр? Школым и фІыгъэкІэ ар Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуохъу, хъыбарыфІыр нэхъыфІу игъэІуу зрегъасэ икІи адэкІи Алыхьым пэжу хуэлэжьэну къару егъуэт.

Школа благовестников Царства. МазитІкІэ екІуэкІ а школым куэд щІауэ хъыбарыфІыр зыгъэІу пионерхэр дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэ щІыпІэм Іэпхъуэну хуегъэхьэзыр. ХъыбарыфІыр псом нэхърэ нэхъыфІу зыгъэІуу щыта Хьисэ Мэссихь абыхэм щапхъэ трах икІи «Сы-мис! СыгъакІуэ сэ!» жыхуиІэ псалъэхэр абыхэм хуэпхь хъунущ (Исаия 6:8; Иуан 7:29). НэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуэхэр гугъуехь зыхуэзэнухэм хуэхьэзыру щытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, абыкІэ щыІэ хабзэхэр, шхыныгъуэхэр, дунейм и щытыкІэр нэгъуэщІу щытынкІэ хъунущ. Уеблэмэ, нэгъуэщІыбзи зэбгъэщІэн хуеинкІэ хъунущ. А школым кърагъэблагъэ илъэс 23—65 ит щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэмрэ зэщхьэгъусэхэмрэ. Школым и фІыгъэкІэ абыхэм хъыбарыфІыр щагъэІукІэ къадэІэпыкъуну хьэл-щэнхэр зыхалъхьэ икІи а щІэныгъэм и фІыгъэкІэ Иеговэрэ абы и организацэмрэ ахэр нэхъыфІу къагъэсэбэпыф.

Галаад школыр. «Галаад» псалъэм «щыхьэт-Іуащхьэ» жиІэу аращ къикІыр. 1943-нэ гъэм а школыр къызэІуахащ икІи абы лъандэрэ 8 000-м щІигъу къуэш, шыпхъухэр абы щеджащ, хъыбарыфІыр «щІым и гъунэхэм нэсыху» яхьын щхьэкІэ (Апостолхэм 13:47). А миссионерхэм я лэжьыгъэм фІы куэд къыпэкІуащ. Псалъэм папщІэ, ахэр Перу къэралым щыкІуам абы зы зэхуэси щыІэтэкъым, ауэ иджыпсту абы зэхуэс миным щІигъу щыІэщ! Миссионерхэр Японием щыкІуам, а къэралым Иеговэ хуэлажьэхэр цІыхуипщІи хъутэкъым, ауэ иджыпсту ахэр 200 000–м щІегъу. МазитхукІэ а школым Библиер куууэ щадж. Абы щеджэну кърагъэблагъэ специальнэ пионерхэр, миссионерхэр, филиалым щылажьэхэр, районым и нэхъыжьхэр. Школым зэрыщеджам и фІыгъэкІэ ахэр адрей Алыхьым и лэжьакІуэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуну ядоІэпыкъу.

  • Пионерхэр щеджэ школым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къихьыр?

  • «Школа благовестников Царства» жыхуиІэм хэт щеджэ хъунур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын