ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • my 46-нэ хъыбар
  • Иерихон и блынхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иерихон и блынхэр
  • Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Раха́в Иеговэ и фІэщ хъут
    Фи сабийхэр вгъасэ
Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
my 46-нэ хъыбар
Иисус Навин я пашэу израилхэр кІийуэ, накъырэм епща нэужь, Иерихон и блынхэр къоуэ

46-НЭ ХЪЫБАР

Иерихон и блынхэр

СЫТ Иерихон и блынхэр къыщІэуар? Бомбэшхуэ къытехуам хуэдэщ. Ауэ а зэманым бомбэ щыІакъым. Апщыгъуэм фоч къудей щыІакъым. Мыр иджыри Иеговэ ищІа зы телъыджэщ! ИІэт, къэтщІэнти къэхъуар сытми.

ЕдаІуэт, Иеговэ Исус Навин жриІэр сытми: «ЗэуэлІхэр уи гъусэу къалэр и хъуреягъкІэ къэфкІухь. Махуихым и кІуэцІкІэ ар зэрызэ къэфкІухь, зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр къыздефхьэкІыурэ. Пхъуантэм и пэ иту накъырэ епщэу кІуэн хуейщ дин пашибл.

Ебланэ махуэм фэ къалэр блэней къэфкІухьын хуейщ. ИтІанэ зэпывмыгъэууэ накъырэ кІыхьу фепщи псори макъышхуэкІэ фыгуоуи, блынхэр и лъабжьэм нэс зэтещэхэнущ!»

Иерехон и блынхэр къоуэ, кІапсэ плъыжьыр къызделэлэх Раав и унэм фІэкІ къэмынэу

Исуси цІыхухэми Иеговэ жыхуиІа дыдэм хуэдэу ящІащ. КъыщакІухьым деж псори щымщ. Зы цІыхум зы псалъи жиІэкъым. Зэхэпхыр нэкъырэ макърэ лъэ макърэщ. Алыхьым къыхиха цІыхухэм я бий Иерихон дэсхэр Іейуэ шынэу къыщІэкІынущ. Плъагъурэ щхьэгъубжэм къыдэлэл кІапсэ плъыжьыр? Хэтыт ар зи щхьэгъубжэр? Пэжщ — Раав игъэзэщІащ тІасхъэщІэхитІым я унафэр. Абы и унагъуэр псори и гъусэу, къэхъу псоми кІэлъоплъ.

Иджы мис ебланэ махуэр къосри цІыхухэм блэней къалэр къакІухь, накъырэм йопщэ, мэгуоури — блынхэр къоуэ. ИтІанэ Исус Навин унафэ ещІ: «Къалэм дэс псори фыукІи езы къалэм мафІэ щІэвдзэ. Псори вгъэс. Дыщэр, дыжьыныр, гъуаплъэр, гъущІыр къэвгъани, мылъку гъэтІылъыпІэу Иеговэ и шатырым иІэм щІевгъалъхьэ».

Иисус тІасхъэщІэхитІым яжреІэ: «Раав и унэм фыкІуи и унагъуэмрэ езымрэ къыщІэфш»,— жеІэри. Рааврэ и унагъуэмрэ тІасхъэщІэхитІым къызэрагъэгугъам хуэдэу псэууэ къонэ.

Исус Навин 6:1—24.

Тхылъыр зэрадж упщІэхэр

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын