ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • my 45-нэ хъыбар
  • Иордан псым зэрызэпрыкІар

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иордан псым зэрызэпрыкІар
  • Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ Нун и къуэ Ехьошуа къыхех
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Дунейпсо псыдзэшхуэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Иисус Навин цІыху пашэ мэхъу
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
my 45-нэ хъыбар
Израиль лъэпкъыр Иордан псым зэпрокІ

45-НЭ ХЪЫБАР

Иордан псым зэрызэпрыкІар

ЕПЛЪЫТ! Израиль цІыхухэр Иордан псым зэпрокІ! Дэнэ-тІэ псыр здэкІуар? Дакъикъэ бжыгъэкІэ узэІэбэкІыжмэ, псыр псыхъуэм дэмыхуэжу къиуауэ щытащ. Гъэм и кІуэцІкІэ мыпхуэдэ зэманым деж уэшх куэд къызэрешхым щхьэкІэ, апхуэдэу къиу и хабзэщ. Ауэ иджы псыр зэрыщыту игъущыкІащ! Иджыпсту израиль цІыхухэр псы игъущыкІам и лъэгумкІэ зэпрокІ, Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІам хуэдэ дыдэу! Дэнэ-тІэ псыр псори здэкІуар? ИІэт, къэтщІэнти.

Израиль цІыхухэр Иордан псым щызэпрыкІыну зэманыр къыщысам, Иеговэ жриІащ Исус Навин мы псалъэхэр цІыхухэм яжриІэну: «Дин пашэхэм зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр къащтэу, цІыхухэм япэ иувэу кІуэн хуейщ. Ахэр Иордан псым зэрыхыхьэу псым ежэхын щигъэтынущ».

Иджы мис дин пашэхэм зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр къащтауэ цІыхухэм япэ иту яхь. Иордан псым зэрынэсу дин пашэхэр занщІэу псым хохьэ. Псыр Іейуэ уэрщ икІи куущ. Ауэ абыхэм я лъакъуэр псым зэрылъэІэсу ар нэхъ мащІэ хъун щІедзэ! Телъыджэлажьэ къэхъуащ! Иеговэ псыр ІуищІащ и къежэхыпІэм деж. Абы щхьэкІэ псыр псынщІэу йогъущыкІ!

Лъэпкъыр псым зэпрыкІыху, дин пашэхэр зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр я плІэм телъу псы игъущыкІам хэтщ

Дин пашэхэм зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр яІыгъыу псы игъущыкІам ику дыдэм йоувэ. Щыплъагъурэ ахэр мы сурэтым? Ахэр абдеж щытыху адрей цІыхухэр псы игъущыкІам и лъэгумкІэ зэпрокІ!

Иисус Навин

Псори зэпрыкІа нэужь, Иеговэ жреІэ Исус Навин цІыхухъу къарууфІэу 12-м мыпхуэдэу яжриІэну: «ЗэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр яІыгъыу дин пашэхэр здэщытым деж фыкІуи мывэ 12 къафщти, нэху фыкъыщекІыну щІыпІэм деж вгъэтІылъ. КъэкІуэну зэманым фи бынхэр а мывэхэр зищІысыр сыт жаІэрэ къывэупщІмэ, яжефІэ, зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр Иордан псым щызэпрахым щыгъуэ псыр къызэрыувыІар. А мывэхэм фигу къагъэкІыжынущ а телъыджэлажьэр!» Исус апхуэдэу мывэ 12 егъэтІылъ дин пашэхэр здэщыта псы лъэгум деж.

ИкІэм–икІэжым Исус зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр зыхь дин пашэхэм яжреІэ: «ФыкъыхэкІыж иджы Иорданым». Ахэр къызэрыхэкІыжу псым аргуэру ежэхын щІедзэж.

Исус Навин 3:1—17; 4:1—18.

Тхылъыр зэрадж упщІэхэр

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын