44 СТАТЬЯР
138 УЭРЭДЫР «Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ!»
Уи ныбжьыр хэкІуэтами, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэд
«Я щхьэцыр тхъуа иужьи, абыхэм заужьынущ» (ПС. 92:14).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Зи ныбжь хэкІуэтахэм гуфІэгъуэ зыфІамыгъэкІуэдыным сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми икІи абыкІэ сыт къадэІэпыкъунуми.
1, 2. Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэ пэжхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр? (Псалом 92:12—14). (Сурэтми феплъ.)
ЯПЭ ДЫДЭУ уи щхьэц налъэр тхъуауэ къыщыплъэгъуам, уиІа гурыщІэхэр пщІэжрэ? Зыми гу лъимытэ щІыкІэ уэ ар занщІэу къыхэпчыну ухуеяуэ къыщІэкІынущ. Къапщтэмэ, дунейм тет цІыхухэр жьыгъэм зэрыхущытыр зэщхькъым. Языныкъуэхэм сытри ящІэну хьэзырщ нэхъ щІалэу къызэтенэн щхьэкІэ. Ауэ псынщІэу ежэкІ зэманым абыхэм зыри яхуещІэнукъым.
2 Дапхуэдэу Иеговэ жьыгъэм зэрыхущытыр? (Прит. 16:31). Абы жьы хъуа и лэжьакІуэхэр жыгышхуэ дахэхэм ирегъэщхь. (Къеджэ Псалом 92:12—14.) Сыт Иеговэ ахэр апхуэдэ жыгхэм щІригъэщхьыр? И нэхъыбэм жьы хъуа жыгхэм тхьэмпэ куэд пытщ икІи ахэр дахащэу мэгъагъэ, псалъэм папщІэ, Японием къыщыкІ «сакура» жыхуаІэр. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр илъэс миным щІегъу. Апхуэдэ жыгхэм дыщеплъым деж дэ хуабжьу ди гур хохъуэ. Иегови зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэм апхуэдэущ зэреплъыр. Абы ахэр лъапІэу елъытэ икІи ар зэплъыр я ныбжьыракъым, атІэ я хьэл-щэныфІхэращ. Иеговэ мэгуфІэ ахэр илъэс куэдкІэ къызэрыхуэлэжьам, уеблэмэ, зэман гугъухэми хуэпэжу къызэрыхуэнам щхьэкІэ.
Алыхьым зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэ пэжхэр ирегъэщхь илъэс куэд хъу жыг дахащэхэм. (2 абзацым феплъ.)
3. Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр зэраритам и щапхъэ къэфхь.
3 ЦІыхум и ныбжьыр хэкІуэтами, Иеговэ ар фІыуэ илъагъун къигъанэкъымa. Абы ныбжь зиІэ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ икІи щІэх-щІэхыурэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр абыхэм ярет. Псалъэм папщІэ, Саррэ лъэпкъышхуэ къытехъукІыну икІи а лъэпкъым Мэссихь къызэрыхэкІынур Иеговэ къыщыжриІам щыгъуэ, абы и ныбжьыр хэкІуэтат (ЩІэдз. 17:15—19). Муси ныбжьышхуэ иІэт израил лъэпкъыр Мысырым къришыжыну Иеговэ къалэн къыщыхуищІам щыгъуэ (Исх. 7:6, 7). Абы нэмыщІ Алыхьым и къару лъапІэр зи ныбжь хэкІуэта Иуан иритащ, Библием и Іыхьэ хъуа тхылъитхур итхын щхьэкІэ.
4. Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэм я гугъуехьхэм пэлъэщыну сыт къадэІэпыкъунур? (Притчи 15:15). (Сурэтми феплъ.)
4 ЦІыхум и ныбжьыр хэкІуэтэху, и гугъуехьхэр нэхъыбэ мэхъу. Аращ куэдым щІыжаІэр: «Жьы ухъуну тыншкъым». Ауэ гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдмэ, гугъуехьхэм нэхъ тыншу упэлъэщыфынущb. (Къеджэ Притчи 15:15.) Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм я гуфІэгъуэр фІэмыкІуэдын щхьэкІэ къадэІэпыкъуну чэнджэщхэр. Дэ иджыри дытепсэлъыхьынущ дэтхэнэ зыри апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дадэІэпыкъуфынуми. Ауэ япэщІыкІэ дыхэплъэнщ ныбжь зиІэхэм я гуфІэгъуэр сытым фІигъэкІуэдыфынуми.
Зи ныбжь хэкІуэтахэм гуфІэгъуэр къадэІэпыкъунущ я гугъуехьхэм пэлъэщыну (4 абзацым феплъ.)
ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТАХЭМ Я ГУФІЭГЪУЭР СЫТЫМ ФІИГЪЭКІУЭДЫФЫНУ?
5. Зи ныбжь хэкІуэтахэм я гуфІэгъуэр сытым фІигъэкІуэдыфыну?
5 Уи ныбжьыр хэкІуэтамэ, гуфІэгъуэр сытым пфІигъэкІуэдыфыну? Уэ япэм тыншу пхуэщІэу щыта Іуэхухэр иджыпсту пхузэфІэмыкІыжу ухъуауэ къыщІэкІынщ. Е уэ щІалэу, къарууфІэу ущыщыта зэманым куэдрэ ухуэзэшу къыщІэкІынщ (Эккл. 7:10). Ди шыпхъу Ру́би къыддогуашэ: «Сэ си Іэпкълъэпкъыр псори къызоузри, зезгъэзыхыну хуабжьу къызогугъуэкІ. Лъэпэд закъуэр щыстІэгъэну си дежкІэ Іуэхушхуэщ, нэгъуэщІ щыгъынхэр зэрыщыстІагъэм ущІэмыупщІэ жыхуиІэращ. Абы нэмыщІ сэ артрит сиІэщи, и нэхъыбэм си Іэхэр къызэдаІуэкъым икІи Іуэху къызэрыгуэкІхэр сщІэну къыстохьэлъэ». Вефилым щылэжьа ди къуэш Ха́ролд жеІэ: «Иныкъуэхэм деж сэ хуабжьу сыкъогубжь сигу ирихь Іуэхухэр зэрысхуэмыщІэжым щхьэкІэ. Сэ си щІалэгъуэм къарууфІэу сыщытащ икІи бейсбол сыджэгуну си фІэфІт. НэгъуэщІхэм сэ щхьэкІэ жаІэт: „Харолд вгъэуви, ар сыт хуэдэ топыми техуэнущ“. Ауэ иджыпсту сэ топыр схуэдзынуи сыкъигъэгугъэкъым».
6. 1) Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр сытым иджыри игъэнэщхъеифыну? 2) Зи ныбжь хэкІуэтахэм рулым дэтІысхьэн щагъэтынрэ щамыгъэтынрэ къагурыІуэну сыт къадэІэпыкъунур? (Мы журналым ит «Машинэр къесхуэкІын щызгъэтын хуейуэ пІэрэ?» жыхуиІэ статьям феплъ.)
6 Иджыри уэ уигъэнэщхъеифынущ зыгуэрым и дэІэпыкъуэгъу нэхъ щІэх-щІэхыурэ ухуей зэрыхъум. Хэти и быным деж Іэпхъуэн хуей мэхъу, хэти соцработникыр зыдигъэІэпыкъун хуей мэхъу. НэгъуэщІхэми я узыншагъэм зэрыкІэричам е я нэм тэмэму имылъагъужу зэрыхъуам къыхэкІкІэ, рулым дэтІысхьэжыфкъым е зыгуэр ямыгъусэу унэм къыщІэкІыфкъым. А псом уи лъэр щІигъэхуфынущ. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш ди шыпхъу лъапІэхэ, фэ япэм фхуэщІэу щытам хуэдиз иджыпсту фхуэмыщІэжмэ, Иегови фи унагъуэм щыщхэми лъапІэу фызэралъытэр зыщывмыгъэгъупщэ. Шэч лъэпкъ къытевмыхьэ Иеговэ фи гурыщІэхэр къызэрыгурыІуэм. Абы и дежкІэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр фи гум илъыращ. Иеговэ ещІэ фэ езыри къуэш, шыпхъухэри фІыщэу зэрыфлъагъур (1 Сам. 16:7).
7. Армагеддоныр уэ иджыри упсэууэ къэмыхъуну узэрегупсысым уигъэнэщхъеймэ, гупсэхугъуэ сытым къыуитыфыну?
7 Армагеддоныр уэ иджыри упсэууэ къэмыхъуну узэрегупсысым уигъэнэщхъеинкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж гупсэхугъуэ сытым къыуитыфыну? Алыхьым мы дунейр игъэкІуэдыну щІэмыпІащІэм и щхьэусыгъуэр щІэх-щІэхыурэ уигу къэгъэкІыж (Ис. 30:18). Иеговэ шыІэныгъэ егъэлъагъуэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм пэжыр къащІэу, абы гъунэгъу зыхуащІыну Іэмал яІэн щхьэкІэ (2 Пет. 3:9). Аращи, узыгъэнэщхъей гупсысэхэр къыщыптегуплІэм деж, Армагеддоныр къэмыс щІыкІэ, иджыри дапхуэдиз цІыху Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуфынуми егупсыс. Абыхэм уэ уи благъэхэм щыщ гуэр яхэтынкІэ хъунущ.
8. Узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр зэриІэм къыхэкІкІэ, ныбжь зиІэ цІыхум и щытыкІэм дапхуэдэу зэрызихъуэжынкІэ хъунур?
8 Дэ сыт хуэдэ ныбжьым димытми, дигу къыщыдэмыжым деж, иужькІэ дызыхущІегъуэжын гуэр жытІэфынущ е тщІэфынущ (Эккл. 7:7; Екъуб 3:2). Псалъэм папщІэ, Алыхьым хуэпэж Іэиуб гугъуехьышхуэ щытелъам, Библием зэритымкІэ, зэмыгупсыса псалъэхэр жиІэу щІидзат (Иов 6:1—3). Ныбжь зиІэ цІыхум иІэ узыфэм е зрихьэлІэ хущхъуэм къыхэкІкІэ, зэрыщымыт зищІынкІэ хъунущ. ДауикІ, Иеговэ и лэжьакІуэм ищІэр къыгурыІуэу нэгъуэщІхэм пхъашэу хущытынукъым икІи ныбжь зэриІэм е зэрысымаджэм щхьэкІэ пщІэ лей зыхуригъэщІынукъым. Аращи, зыгуэрым и жагъуэ зэрыпщІар къыбгурыІуэжамэ, къыпхуигъэгъуну занщІэу елъэІу (Мт. 5:23, 24, ДЩІ).
ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТАХЭМ Я ГУФІЭГЪУЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАХЪУМЭФЫНУР?
Ди ныбжьыр зэрыхэкІуэтам емылъытауэ, гуфІэгъуэр дапхуэдэу зэрытхъумэфынур? (9—13 абзацхэм феплъ.)
9. НэгъуэщІхэр къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ уелъэІуну уукІытэн щІыхуэмейр сыт? (Сурэтхэми феплъ.)
9 НэгъуэщІхэр зыдэгъэІэпыкъу (Гал. 6:2). ЯпэщІыкІэ ар къогугъуэкІынкІэ хъунущ. Гре́тел зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж къыздэІэпыкъун щхьэкІэ зыгуэрым селъэІуну къызогугъуэкІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъуэщІхэм закъытезгъэхьэлъэну сыхуейкъым. Си еплъыкІэр схъуэжын икІи дэІэпыкъуэгъу сызэрыхуэныкъуэм Іэдэбагъ схэлъу арэзы сытехъуэн щхьэкІэ, зэман дэкІын хуеящ». НэгъуэщІхэр къыбдэІэпыкъуну Іэмал щептым деж, ахэр абы насыпыфІэ ещІ (Апост. 20:35). Шэч хэмылъу къуэш, шыпхъухэм фІыуэ укъызэралъагъур зыхэпщІэну гуапэщ.
(9 абзацым феплъ.)
10. НэгъуэщІхэм фІыщІэ яхуэпщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Сурэтхэми феплъ.)
10 КъыбдэІэпыкъухэм фІыщІэ яхуэщІ (Кол. 3:15; 1 Фес. 5:18). Зыгуэрым фІы гуэр къыщытхуищІэм деж фІыщІэ хуэтщІыну тщыгъупщэнкІэ хъунущ. ЦІыхум «упсэу» жетІэу, абы дыхуэгуфІэмэ, ар фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ. Вефилым щыпсэу зи ныбжь хэкІуэтахэм ядэІэпыкъу ди шыпхъу Ли́я жеІэ: «СызыдэІэпыкъу ди зы шыпхъум фІыщІэ псалъэхэр иту тхылъымпІэ кІапэхэр къысхутренэ. Абыхэм седжэну сэ зыкІэ си гуапэщи! А шыпхъум сызэрыдэІэпыкъур лъапІэу зэрилъытэм сэ хуабжьу сегъэгуфІэ».
(10 абзацым феплъ.)
11. Зи ныбжь хэкІуэтахэр нэгъуэщІхэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур? (Сурэтхэми феплъ.)
11 НэгъуэщІхэм дэІэпыкъу. НэгъуэщІхэм дыщегупсысым икІи абыхэм дадэІэпыкъуну дыщыхущІэкъум деж, дэ ди гугъуехьхэм нэхъ мащІэу догупсыс. Африкэм къыщекІуэкІ псалъэжьхэм ящыщ зым, зи ныбжь хэкІуэтахэр Іущагъ зыхэлъ, чэнджэщ куэд зэрыт тхылъхэм ирегъэщхь. Ауэ тхылъхэм уемыджэу щылъу щытмэ, абыхэм зыми ухуагъэсэфынукъым. Аращи, фэ япэ зивгъэщи, фи щІэныгъэхэмкІэ нэхъ щІалэхэм фыдэгуашэ. Абыхэм упщІэхэр ефт икІи я жэуапхэм фІыуэ федаІуи, Иеговэ дапхуэдэу къывдэІэпыкъуами яжефІэж. ЩІалэгъуалэхэм быдэу я фІэщ фщІы Иеговэ и хабзэм ахэр тетмэ, нэгъэсауэ насыпыфІэ зэрыхъунур. Ахэр зэрывгъэгушхуэм фэ езыр нэхъ насыпыфІэ фищІынущ (Пс. 71:18).
(11 абзацым феплъ.)
12. Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэр сыткІэ къигъэгугъэрэ? (Исайя 46:4). (Сурэтхэми феплъ.)
12 Иеговэ къару къывитыну фелъэІу. Къару уимыІэжу е уи лъэр щІэхуауэ ущытынкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ «ешкъым икІи къарууншэ хъукъым» (Ис. 40:28). Абы и къарум гъунэ иІэкъым икІи ар къегъэсэбэп, зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэ пэжхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ (Ис. 40:29—31). Абыхэм зэрадэІэпыкъунум теухуауэ Иеговэ псалъэ быдэ итащ. (Къеджэ Исайя 46:4.) Ар и псалъэм сыт щыгъуи тетыжщ (Иис. Н. 23:14; Ис. 55:10, 11). Абы тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэмэ, ар Іэмал имыІэу къывдэІэпыкъунущ. Апхуэдэу фэ Иеговэ фІыщэу фыкъызэрилъагъур зыхэфщІэнущ, нэхъ насыпыфІи фыхъунущ.
(12 абзацым феплъ.)
13. Зи ныбжь хэкІуэтахэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр? (2 Коринф 4:16—18). (Сурэтхэми феплъ.)
13 ЩІалэ фыхъужу, фи узыншагъэр щызэтеувэжыну зэман къызэрыкІуэнур зыщывмыгъэгъупщэ. Фи гугъуехьхэм кІэух зэриІэнур зэрыфщІэр къывдэІэпыкъунущ абыхэм нэхъ тыншу фыпэлъэщыну. Библием дыкъегъэгугъэ: къэкІуэну зэманым псоми узыншагъэ быдэ яІэнущ икІи жьыгъэр щыІэжынукъым (Иов 33:25; Ис. 33:24). Зэман нэхъыфІ дыдэр къызэрыфпэщылъыр фигу ивгъэлъ. (Къеджэ 2 Коринф 4:16—18.) АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ къуэш, шыпхъухэр зи ныбжь хэкІуэтахэм дапхуэдэу ядэІэпыкъу хъунуми.
(13 абзацым феплъ.)
НЭГЪУЭЩІХЭР ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТАХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?
14. Зи ныбжь хэкІуэтахэм я деж укІуэным икІи звонить яхуэпщІыным сыт мыхьэнэ щІиІэр?
14 Зи ныбжь хэкІуэтахэм щІэх-щІэхыурэ я деж фыкІуэ икІи звонить яхуэфщІ (Евр. 13:16). Зи ныбжь хэкІуэтахэм закъуэныгъэр зыхащІэнкІэ хъунущ. Ками́лл зи цІэ ди къуэшым мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ махуэ псом унэм сыщІэсщ, Іуэху сщІэни бэлыхьу сиІэкъым. Абы сэ сыкъегъэгубжь икІи сегъэпІейтей». Зи ныбжь хэкІуэтахэм я деж дыщыкІуэкІэ, ахэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи зэрытщымыгъупщэр абыхэм зыхащІэ. Зэгуэр къэхъуауэ пІэрэ, уэ зи ныбжь хэкІуэтахэм я деж укІуэну е звонить пщІыну мурад пщІауэ, ар щыпІэщІэхужа? Апхуэдэу къыпщыщІамэ, ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми Іуэху куэд диІэщ. Сыт дэ къыддэІэпыкъунур «псом нэхърэ нэхъапэр» къыхэтхыну, зи ныбжь хэкІуэтахэм я деж дызэрыкІуэн хуейри абы хэту? (Флп. 1:10, ДЩІ). Псалъэм папщІэ, уи календарым къыхэбгъэщ хъунущ зи ныбжь хэкІуэтахэм щыщу хэт и деж икІи дапщэщ укІуэнуми, сообщение хуебгъэхьынуми е звонить хуэпщІынуми. Апхуэдэу пщІэмэ, ар уэ дауикІ, пщыгъупщэнукъым.
15. ЩІалэгъуалэхэмрэ зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ сыт зэгъусэу ящІэ хъунур?
15 Уэ угузэвэнкІэ хъунущ зи ныбжь хэкІуэта къуэшым е шыпхъум и гъусэу узытепсэлъыхьыныр е пщІэныр умыщІэмэ. Ауэ абы егъэлеяуэ уримыгузавэу, ныбжьэгъу узэрыхъуным хущІэкъу (Прит. 17:17). ЗэІущІэр щІидзэн ипэ е иуха иужь зи ныбжь хэкІуэта гуэрым убгъэдыхьэу, уеупщІ хъунущ Библием ит едзыгъуэхэм щыщу дэтхэнэр абы нэхъ игу ирихьми. Абы нэмыщІ и сабиигъуэм къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн гуэр жебгъэІэж икІи JW Broadcasting® зэгъусэу феплъыну къебгъэблагъэ хъунущ. Иджыри абыхэм дэІэпыкъуэгъу уазэрыхуэхъуфынум егупсыс. Псалъэм папщІэ, ди приложением щІэуэ къралъхьэхэр къахуих. Кэ́рол зи цІэ ди шыпхъум жеІэ: «Зи ныбжь хэкІуэтахэм уэ езым уигу ирихь Іуэху гуэр уи гъусэу ящІэну уелъэІу хъунущ. Сэ си ныбжьыр хэкІуэтами, гъащІэм гуфІэгъуэ хэсхыну сыхущІокъу. Сэ си фІэфІщ тыкуэнхэм сыкІуэну, си ныбжьэгъухэм я гъусэу шэджагъуашхэ сщІыну икІи паркым зыщызгъэпсэхуну». Ма́йрэ зи цІэ ди шыпхъури къыддогуашэ: «Си ныбжьэгъухэм ящыщ ди зы шыпхъур илъэс 90 мэхъу, сэ илъэс 33 сыхъуу аращ. Апхуэдиз ди зэхуаку зэрыдэлъыр сэ зыхэсщІэкъым. Дэ зэгъусэу зэманыр догъакІуэ, догушыІэ, додыхьэшх, фильмхэми доплъ икІи гугъуехь гуэрхэм дыщыпэщІэхуэхэм деж, дызочэнджэщ».
16. Зи ныбжь хэкІуэтахэр дохутырым деж щыкІуэкІэ, абыхэм я гъусэу дыкІуэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?
16 Зи ныбжь хэкІуэтахэр дохутырым деж щыкІуэкІэ, абыхэм я гъусэу фыкІуэ. Зи ныбжь хэкІуэтам и гуапэ хъунущ ар сымаджэщым е поликлиникэм машинэкІэ пшэмэ. Абы и гъусэу укъанэу, укІэлъыплъ хъунущ дохутырым гулъытэ тэмэм къыхуищІрэ къыхуимыщІрэ (Ис. 1:17). Къуэшым е шыпхъум и гъусэу дохутырым деж ущІыхьамэ, абы жиІэр тхы, апхуэдэу уэ нэхъыбэу сэбэп ухъуфынущ. Зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъу Рут къыддогуашэ: «Сэ поликлиникэм си закъуэу сыщыкІуэм деж, къызэузым теухуауэ дохутырхэм яжесІэм апхуэдэуи мыхьэнэ ираткъым. Абыхэм мыпхуэдэу къыщызжаІэ къохъу: „Зыри уи лажьэкъым, псори тэмэмщ, къомыгупсыс“. Ауэ сэ зыгуэр си гъусэмэ, абыхэм нэхъ гулъытэ къысхуащІ. Я зэманым щымысхьу, си гъусэу поликлиникэм накІуэ дэлъху, шыпхъухэм сэ фІыщІэшхуэ яхузощІ».
17. Зи ныбжь хэкІуэтахэм я гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ, сыт хуэдэ Іэмалхэр къэдгъэсэбэп хъуну?
17 Зи ныбжь хэкІуэтахэм я гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным фыхэт. Зи ныбжь хэкІуэта языныкъуэхэм узыншагъэм пыщІа гугъуехь зэраІэм къыхэкІкІэ, унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуну къатохьэлъэ. Стендыр къэбгъэсэбэпу, уи гъусэу хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ, зи ныбжь хэкІуэта шыпхъу гуэр къебгъэблагъэ хъунущ. ДауикІ, а шыпхъур куэдрэ щытыну къехьэлъэкІынкІэ хъунущи, ар зытетІысхьэн шэнт цІыкІу къыздэпщтэмэ нэхъыфІщ. Мыпхуэдэ Іэмали щыІэщ: зыгуэр Библие щебгъаджэкІэ, зи ныбжь хэкІуэта къуэшыр къебгъэблагъэ е езым и деж ебгъаджэр пшэуэ, Библие джыныр щебгъэкІуэкІ хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэІущІэ кІэщІхэр зи ныбжь хэкІуэтахэм я унэм щрагъэкІуэкІ хъунущ, ахэри хъыбарыфІ гъэІуным нэхъ тыншу хэтыфын щхьэкІэ. Иеговэ и гуапэ мэхъу зи ныбжь хэкІуэтахэм дащыдэІэпыкъум икІи пщІэ щахуэтщІым деж (Прит. 3:27; Рим 12:10).
18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
18 Мы статьям дигу къигъэкІыжащ, Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэр лъапІэу зэрилъытэр. Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэми ахэр фІыщэу ялъагъу. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш ди шыпхъу лъапІэхэ, фэ гугъуехь куэд фиІэми, гуфІэгъуэр ффІэмыкІуэдыну Иеговэ, Іэмал имыІэу, къывдэІэпыкъунущ (Пс. 37:25). Зыщывмыгъэгъупщэ: фэ зэман нэхъыфІ дыдэхэр иджыри къыфпэщылъщ. КъэкІуэну зэманым фэ фІыгъуэ куэд Иеговэ фхуигъэхьэзыращ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ щызэпкърытхынущ зи ныбжь хэкІуэтам, сабий зиІэм е сымаджэ хьэлъэу щыт и ныбжьэгъум кІэлъыплъ цІыхум и лъэр щІэмыхун щхьэкІэ сыт къыдэІэпыкъунуми.
30 УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!
a «Пожилые, ваша роль очень важна» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым е JW Library® приложением фыщеплъ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. ГуфІэгъуэр — Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гал. 5:22). ГуфІэгъуэ нэгъэсар зэлъытар Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыращ.