Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Иеговэ си гъусэмэ, сыщІэшынэн щыІэкъым!
СИ ГЪАЩІЭМ теухуауэ цІыхухэр къыщызэупщІым деж, сэ абыхэм яжызоІэ: «Сэ Иеговэ и Іэм ІэщІэлъ чемоданым сыхуэдэщ». Сыт абы къизгъэкІыр? ЗдэкІуэнум теухуауэ чемоданым езым унафэ ищІкъым, а унафэр зыщІыр ар зейращ. Апхуэдэ дыдэу, сэ сыхуейщ Иеговэрэ абы и организацэмрэ сэбэп сыщыхъуну щІыпІэм сагъэкІуэну. Си гъащІэм къриубыдэу сэ къалэн зэмылІэужьыгъуэ куэд згъэзэщІащ. Абыхэм гугъуи, шынагъэ зыпылъ нэгъуни хэтащ. Ауэ сэ къызгурыІуащ: Иеговэ дзыхь хуэсщІу щытмэ, сэ сыщІэшынэн щыІэкъым.
ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭСЩІУ ЗЫЗОГЪАСЭ
Сэ Нигерием щыІэ къуажэ цІыкІу гуэрым 1948-нэ гъэм сыкъыщалъхуащ. А зэманым си адэкъуэш нэхъыщІэ Мустафа́рэ си къуэш нэхъыжь Ваха́бирэ Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. Илъэсибгъу сыхъуу си адэр щылІам щыгъуэ, сэ дунейр къыстеункІыфІащ. Ауэ Вахаби къызжиІащ лІахэр къызэрытэджыжынур, ди адэри зэрытлъагъужынур. Ар къыщысщІам щыгъуэ, Библиер зджыну гукъыдэж сиІэ хъуащ. Сэ 1963-нэ гъэм псым зыщІэзгъэуащ, кІэщІу си ужьым иту си къуэшищри Иеговэ и Щыхьэт хъуащ.
1965-нэ гъэм сэ Ла́гос дэс си къуэш нэхъыжь Уи́лсон деж сыкІуащ. А къалэм щыІэ «Игбо́би» зи цІэ зэхуэсым хэт пионерхэр сэ ныбжьэгъу къысхуэхъуащ. Абыхэм яІэ гуфІэгъуэр икІи ахэр жыджэру Алыхьым зэрыхуэлажьэр сэ хуабжьу сигу ирихьати, 1968-нэ гъэм щІышылэм сэ пионер лэжьыгъэр къэсщтащ.
Вефилым щылажьэ ди къуэш А́льберт Олубе́йби щІалэгъуалэм щхьэкІэ зэІущІэ хэха иригъэкІуэкІащ. А зэІущІэм ди къуэшым щыжиІащ Нигерием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ зэхуэсхэр специальнэ пионерхэм хуабжьу зэрыхуэныкъуэр. Иджыри къэс сощІэж абы дызэригъэгушхуауэ щыта псалъэхэр: «Фэ фыщІалэщ, къаруи зэмани фиІэщ. Иеговэ щхьэкІэ ахэр къэвгъэсэбэп. Фэ лэжьыгъэшхуэ къыфпэщылъщ!» Сэ Ешайя бегъымбарым хуэдэу, Алыхьым дэнэ симыгъакІуэми сыкІуэну сыхьэзырт (Ис. 6:8). Арати, сэ специальнэ пионер лэжьыгъэм щхьэкІэ заявленэ стхащ.
1968-нэ гъэм, накъыгъэм, Нигерием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ Ка́но жыхуиІэ къалэм специальнэ пионеру сыщылэжьэну къалэн къысхуагъэфэщащ. А зэманым Биафрская война жыхуаІэр екІуэкІт (1967—1970). Къэралым и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ зауэр зэрехьэкІыху, ищхьэрэ лъэныкъуэмкІэ Іуэхур шынагъуэу щытащ. Зэхуэсым щыщ ди зы къуэш гуэр сэр щхьэ гузавэти, а щІыпІэм сымыкІуэну сыкъытригъэхьэну хэтт. Сэ абы мыпхуэдэу жесІащ: «Упсэу, сэр щхьэ узэрыгузавэм щхьэкІэ. Ауэ а щІыпІэм сыщылэжьэну Иеговэ хуейуэ щытмэ, сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым абы сыкъызэрихъумэным».
ЗАУЭР ЗДЕКІУЭКІЫМ ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЗОЩІ
Кано къалэм Іуэхур хьэлэчт. Зауэм и ягъэкІэ а къалэшхуэм цІыху щІагъуэ къыдэнэжатэкъым. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ иныкъуэхэм деж уэрамхэм цІыху лІахэр телъу дрихьэлІэт. А къалэм зэхуэс зыбжанэ щыІами, къуэшхэм и нэхъыбэр щІэпхъуэжын хуей хъуащ. Къалэм къуэш, шыпхъуу къыдэнэжар цІыху 15-и хъужтэкъым икІи ахэр псори шынауэ, ящІэнури ямыщІэу щытт. Ахэр хуабжьу гуфІат, спецпионеру цІыхуих абы дыщыкІуам щыгъуэ. Дэ абыхэм дадэІэпыкъуащ зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэмрэ ирагъэжьэжыну. Абы и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъухэм я лъэр къыщІэувэжри, филиалми отчётхэр ирагъэхьу, ди литературэри къыхурагъэшэну заявкэхэр яту щІадзэжащ.
А щІыпІэм цІыхухэр зэрыпсалъэ ха́уса жыхуаІэ бзэр зэдгъащІэу щІэддзащ. Я бзэмкІэ дыпсалъэу щызэхахкІэ, цІыхухэр хъыбарыфІым нэхъыфІу едаІуэт. Ауэ а къалэм нэхъ зыщызыубгъуа диным хэтхэм хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур ягу ирихьакъым. Абы къыхэкІкІэ дэ дызэрысакъыным иужь дитт. Зэгуэр зы къуэшымрэ дэрэ зы цІыхухъу гуэрым сэ къихакІэ дыкърихужьащ. Ди насыпти, дэ нэхъ псынщІэу дыжэти, ар къыткІэлъысакъым. Апхуэдэ Іуэхугъуэ шынагъуэхэм емылъытауэ, дэ зыхэтщІэт Иеговэ дыкъызэрихъумэр (Пс. 4:8). Къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр хуэм-хуэмурэ хэхъуэрт. Нобэ Кано къалэм зэхуэсу 11 щыІэщ, хъыбарыфІыр зыгъэІухэри цІыху 500-м щІегъу.
НИГЕР КЪЭРАЛЫМ ЗЭХЭЗЕХУЭН ДЫЩАЩІ
Ниамей къалэм (Нигерым) специальнэ пионеру сыщолажьэ
Кано къалэм сэ мазэ зыбжанэ фІэкІа сыщыІакъым. 1968-нэ гъэм, шыщхьэІум, сэрэ нэгъуэщІ спецпионеритІрэ Республика Ни́гер жыхуаІэм и къалащхьэ Ниаме́й дагъэкІуащ. Куэд дэмыкІыу дэ зыхэтщІащ Нигер егъэлеяуэ хуабэу щыт щІыпІэхэм зэрыщыщыр. Ауэ егъэлеяуэ хуабэу зэрыщытым нэмыщІ, дэ нэгъуэщІ гугъуехьи диІащ. Къэралым и официальнэ бзэр — французыбзэр — зэдгъэщІэн хуей хъуащ. Тыншу щымытами, дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІри, а щІыпІэм щыІэ къуэш, шыпхъу гуп цІыкІум и гъусэу къалащхьэм хъыбарыфІыр дгъэІун щІэддзащ. Куэди дэкІатэкъым, «Истина, ведущая к вечной жизни» жыхуиІэ тхылъыр Ниамей щыпсэу цІыху еджэфхэм щаІэрыхьам щыгъуэ. Уеблэмэ, а тхылъыр зыІарэгъэхьэн щхьэкІэ дыкъэзылъыхъуа цІыхуи щыІащ.
Къэрал Іэтащхьэхэм псынщІэу къыдгурагъэІуащ Иеговэ и Щыхьэтхэр ягу зэрыримыхьыр. 1969-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм, къэралым и япэ дыдэ районнэ конгрессыр едгъэкІуэкІыну дызэхуэсащ. Дэ цІыху 20 хуэдиз дыхъут. КъуэшитІым псым зыщІагъэуэн хуейуэ щытт. Ауэ япэ махуэм полицэр къакІуэри программэр къигъэувыІащ. Спецпионерхэмрэ районым и нэхъыжьымрэ участокым яшащ. Псоми къытпкърыупщІыхьри, етІуанэ махуэми дыкъэкІуэну унафэ къытхуащІри дыкъаутІыпщыжащ. Іуэхур зэрызэІыхьэр къыдгурыІуати, псым зыщІэзыгъэуэнухэм яхуэгъэза псалъэр унэ гуэрым щедгъэкІуэкІри, къуэшитІыр щэхуу псыежэхым тшэри псым щІэдгъэуащ.
Тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІри, министерство иностранных дел жыхуаІэм унафэ къытхуищІащ спецпионерихри къэралым дикІыжыну. Абыхэм зэману сыхьэт 48 къыдатат икІи къэралым дызэрикІыну ахъшэр дэ езым къэдгъуэтыжын хуейт. Дэ а унафэр дгъэзэщІащ икІи Нигерием щыІэ филиалым дыкІуэри, къалэныщІэ абы къыщыдатащ.
Сэ Нигерием щыІэ Орисунба́ре къуажэм сагъэкІуащ. Абы щыІэ къуэш, шыпхъухэр гуп цІыкІу хъууэ арат икІи а щІыпІэм хъыбарыфІыр щыбгъэІуну лъэщт. Ауэ илъэс ныкъуэ фІэкІ дэмыкІыу, филиалыр къызэлъэІуащ Нигер згъэзэжыну. Зы лъэныкъуэкІэ сэ ар згъэщІэгъуащ икІи хуабжьу сыгузэващ. Ауэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ Нигер щыІэ къуэшхэр слъагъуну хуабжьу сыхуейт.
Сэ Ниамей къалэм згъэзэжащ. ЕтІуанэ махуэм Нигерием щыщ зы бизнесмен гуэрым Иеговэ и Щыхьэту сызэрыщытыр къыщищІам щыгъуэ, Библием теухуауэ къызэупщІу щІидзащ. Абдеж щыщІэдзауэ сэ ар Библием езгъаджэу щІэздзащ. Зэман дэкІри, абы тутын ефэныр хыфІидзащ, фадэкІэ иримыгъэлеижу хъуащ, иужькІи псым зыщІигъэуащ. Нигер къэралым сыщыІэху, сэ щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэм хъыбарыфІыр щызгъэІуну Іэмал сиІащ. Сэ си гуапэт зэхуэсым хэтхэм я бжыгъэр хуэм-хуэмурэ зэрыхэхъуэр слъагъуну. Япэ дыдэу сыкъыщыкІуам щыгъуэ, мы къэралым Иеговэ и Щыхьэту цІыху 31 фІэкІа щыІакъым, сыщикІыжым абыхэм я бжыгъэр 69 хъут.
«ГВИНЕЕ КЪЭРАЛЫМ ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫР ЗЭРЕКІУЭКІЫМ ЗЫРИ ХЭТЩІЫКІКЪЫМ»
1977-нэ гъэм, дыгъэгъазэм, сэ Нигерием къэзгъэзэжащ, тхьэмахуищкІэ екІуэкІыну курсым сыщеджэну. Еджэныр къэдуха иужь, филиалым и комитетым и координатор Ма́лком Ва́йго зи цІэ ди къуэшым Сье́рра-Лео́не щыІэ филиалым къригъэхьа письмом седжэну къызитащ. Къуэшхэм Гвинее къэралым районым и нэхъыжьу ягъэкІуэн къалъыхъуэт. Ахэр зыхуейр фыз къэзымыша, узыншагъэ быдэ зиІэ икІи английскэбзэрэ французыбзэрэ зыщІэ къуэшт. Ди къуэш Вайго жиІащ сэ апхуэдэ къалэным сызэрыхуагъэхьэзырар. Абы иджыри къыхигъэщащ а къалэныр тыншу зэрыщымытыр. Аращ абы: «Псоми фІыуэ егупсыс», — къыщІызжиІар. Ауэ сэ абы занщІэу жэуап естыжащ: «СызыгъакІуэр Иеговэщи, сэ сыхьэзырщ».
Сэ Сьерра-Леоне сыкъэлъатэри, филиалым и комитетым щыщ къуэшхэм сахуэзащ. Абыхэм ящыщ зым къызжиІащ: «Гвинее къэралым хъыбарыфІ гъэІуныр зэрекІуэкІым дэ зыри хэтщІыкІкъым». Сьерра-Леоне щыІэ филиалым и къалэным хыхьэт Гвинее къэралым хъыбарыфІ гъэІуныр зэрекІуэкІым кІэлъыплъыныр. Ауэ а къэралым политикэм пыщІа гугъуехь къызэрекІуэкІым къыхэкІкІэ, къуэшхэм Іэмал яІэтэкъым абы щыІэ зэхуэсхэм зыпащІэну. Филиалым абы хэт игъэкІуэну хэмытами, зыри къикІакъым. Арати, сэ ахэр къызэлъэІуащ Гвинеем и къалащхьэ Конакри́ сыкІуэу, зэман гуэркІэ абы сыщыпсэуну къэралым хуитыныгъэ къеІысхыну.
«СызыгъакІуэр Иеговэщи, сэ сыхьэзырщ»
Конакри сыкъыщыкІуам, Нигерием и посольствэм сыкІуэри посолым зыхуэзгъэзащ. Сэ абы жесІащ Гвинее хъыбарыфІыр щызгъэІуну сызэрыхуейр. Абы къызжиІащ сэ сагъэтІысынкІэ е нэхъ Іеиж гуэр къызэрызащІэнкІэ хъунур. Абы чэнджэщ къызитащ: «КІуэжи Нигерием хъыбарыфІыр щыгъэІу». «Сэ мыбы сыкъэнэну зызогъэхьэзыр», — естыжащ абы жэуап. Апхуэдэу щыжысІэм, абы Гвинее къэралым и Іуэхухэр зезыхьэ министрым письмо хуитхри, къыздэІэпыкъуну елъэІуащ. А министрым гуапэу сыкъригъэблэгъащ.
Абы иужь сэ Сьерра-Леоне щыІэ филиалым згъэзэжри, Иеговэ и нэфІ къызэрысщыхуар къуэшхэм яжесІэжащ. Гвинеем зэман гуэркІэ сыщыпсэуну хуитыныгъэ къызэрызатар къуэшхэм къыщащІам щыгъуэ, ахэр хуабжьу гуфІащ.
Сьерра-Леоне районнэ лэжьыгъэм сыхэтщ
1978-нэ гъэм щыщІэдзауэ 1989-нэ гъэм нэсыху, сэ Гвинее, Сьерра-Леоне къэралхэм районым и нэхъыжьу икІи Либе́рие къэралым районым и нэхъыжьым и къуэдзэу сыщылэжьащ. ЯпэщІыкІэ сэ щІэх-щІэхыурэ сысымаджэт. Иныкъуэхэм деж си сымаджэгъуэр щІыпІэ пхыдзахэм сыщыІэу ирихьэлІэт. Ауэ къуэшхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІэт, сымаджэщым сашэн щхьэкІэ.
Зэгуэр малярие узыр хьэлъэу къызэуэлІат, абы нэмыщІыжи маркуэ сиІэт. Сыщыхъужам щыгъуэ, сэ къэсщІащ сыщыщІалъхьэжынум теухуауэ я фІэщу къуэшхэр зэрегупсысу щытар. Апхуэдиз гугъуехь сызэриІэм емылъытауэ, сигу къэкІыххэтэкъым си къалэныр къэзгъэнэну. Сэ быдэу си фІэщ хъут: Иеговэ си гъусэмэ, сыщІэшынэн щыІэкъым! Абы лІа нэгъуни къигъэтэджыжыфынущ.
ДЫЗЭГЪУСЭУ ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУДОЩІ
Дыщызэрыша махуэр. 1988-нэ гъэ
1988-нэ гъэм сэ пионеру лажьэ До́ркас зи цІэ шыпхъу зэзгъэцІыхуащ. А шыпхъур Іэдэбт икІи абы фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт. Дэ дызэрышэри, зэгъусэу районнэ лэжьыгъэм пытщащ. Доркас а лэжьыгъэм си гъусэу псэемыблэжу хэтащ икІи ар сыт щыгъуи хьэзырт Иеговэ щхьэкІэ куэдым зыхуигъэныкъуэну. Зы зэхуэсым дикІыу адрейм дыкІуэн щхьэкІэ, лъэсу километр 25-кІэ ди хьэпшыпу хъуар тІыгъыу дыщыкІуэн хуей къытхуихуащ. Нэхъ пхыдзауэ щыІэ зэхуэсхэм дынэсын щхьэкІэ, фІейуэ, быркъуэшыркъуэу щыт гъуэгухэм ирикІуэф машинэтедзэкІэ дыкІуэт.
Доркас игъэлъагъуэ лІыгъэр сыт щыгъуи згъэщІагъуэт. Псалъэм папщІэ, иныкъуэхэм деж крокодил хэзу здыхэс псыхэм дызэпрыкІын хуей хъут. Зэгуэр махуитху гъуэгуанэ дытеувауэ псым дызэпрыкІын хуейт, ауэ абы телъ лъэмыжыр къутати, кхъуафэжьейкІэ дызэпрысыкІын хуей хъуащ. Доркас кхъуафэжьейм къикІыну къыщытэджым псым хэхуащ. ТІуми есыкІэ тщІэтэкъым икІи а псым крокодил хэзу хэст. Ди насыпти, щІалэ зыбжанэм псым зыхадзэри, Доркас къыхалъэфыжащ. Абы иужь зэман гуэркІэ жэщкІэрэ пщІыхьэпІэ Іейхэм депщІыхьу щытащ, ауэ абы емылъытауэ, ди лэжьыгъэр къэдгъэнакъым.
Иеговэ къыдита тыгъэхэр: Джагифтрэ Эрикрэ
1992-нэ гъэм и пэщІэдзэм дэ сабий дызэриІэнур къэтщІащ. Ар ди дежкІэ икъукІэ тыгъэшхуэт! Сыт иджы тщІэнур? Абдежым спецпионеру дызэрылажьэр къэдгъэнэн хуейуэ ара? «Иеговэ тыгъэ къытхуищІащ!» — жытІэри, дипхъу цІыкІум Джа́гифт фІэтщащ (а цІэм къокІ «Йах и тыгъэ» жиІэу). ИлъэсиплІ дэкІри, Джагифт дэлъху цІыкІу къыхуалъхуащ. Абы Эрик фІэтщащ. Ди бынитІми нобэр къыздэсым дагъэгуфІэ. Джагифт зэман гуэркІэ Конакри щыІэ переводческий офисым щылэжьащ, Эрик зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум и къалэныр егъэзащІэ.
Зэман дэкІри, Доркас спецпионер лэжьыгъэр къигъэнэн хуей хъуащ. Ауэ сабийхэр къыдэкІуэтеиху, ар общэ пионеру лэжьащ. Сэ спецпионер лэжьыгъэм сыхэтащ. Сабийхэр ин хъуа иужь, Доркас спецпионер лэжьыгъэм пищэжащ. Иджыпсту дэ миссионеру Конакри дыщыІэщ.
ИЕГОВЭ — ХЪУМАПІЭ БЫДЭЩ
Иеговэ сыздиунэтІым сэ сыт щыгъуи сыкІуэу щытащ. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ абы дыкъызэрихъумэр икІи ар къызэрыддэІэпыкъур мызэ-мытІэу зыхэтщІащ. Уафэм щыІэ ди Адэм дзыхь зэрыхуэтщІым и фІыгъэкІэ мылъкум щыгугъ цІыхухэм яІэ гугъуехьхэм хуэдэ диІакъым. Доркасрэ сэрэ ди гъащІэмкІэ дгъэунэхуащ: нэгъэсауэ дыкъэзыхъумэр «сыт щыгъуи дыкъезыгъэл Алыхь» Иеговэщ (1 Лет. 16:35). Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым Иеговэ щыгугъ дэтхэнэ зыми абы и гъащІэр къызэрихъумэным (1 Сам. 25:29).